Внеклассное мероприятие по кабардинскому языку "Наша речь"
методическая разработка
Внеклассное мероприятие по кабардинскому языку "Наша речь"
Скачать:
Вложение | Размер |
---|---|
vneklassnoe_meropriyatie_po_kabardinskomu_yazyku_nasha_rech.docx | 41.73 КБ |
Предварительный просмотр:
Пэублэ псалъэ (егъэджак1уэм) : Дэтхэнэ зы лъэпкъми ижь – ижьыж лъандэрэ пщ1э хуащ1у къок1уэк1 ц1ыху губзыгъэм, ущияк1уэм, гъащ1эм къыхиха 1ущагъхэр бэм я пащхьэм изылъхьэжыфым. Апхуэдэу адрей лъэпкъхэм къахэщырт я акъылыф1агък1э адыгэхэр. Я акъылыф1агъэр къызэрагъэлъагъуэр ди анэдэлъхубзэрт, адыгэбзэрт. Къэплъытэ хъунущ, адыгэбзэр нэхъ тэмэм дыдэу убзыхуа бзэхэм ящыщу, абы и щыхьэтщ псалъэ хьэулей куэд зэрыхэмытыр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди анэдэлъхубзэм гулъытэ щ1агъуэ щыхуэдмыщ1 куэдрэ къохъу. Мы зэпеуэмк1э дэ къалэну дгъэувыр ди бзэм и дахагъыр зэхэтщ1эу ди пщэдейр зи 1эмыщ1э илъыну фэ ц1ык1ухэм абы пщ1э хуэфщ1у, фегугъуу фхъумэнырщ. Нобэ зэпеуэнухэщ 8-нэ «а» классым щ1эс еджак1уэхэу «Гуащэ и псынэ» зи ф1эщыгъэц1эхэмрэ 8-нэ «б» классым и еджак1уэхэу «Хэкужь» гупымрэ. Аращи фыкъыдогъэблагъэ ди зэпеуэм : зывгъэпсэху, ди зэпеуэм фыкъыхыхьэ, ди адыгэбзэм и дахагъыр, шэрыуагъэр зэхэфщ1э. Утыкум къыдогъэблагъэ гупит1ыр. Аращи «Гъуэгу махуэ» вжыдо1э
«Гуащэ и псынэ « гупым «Гуащэ и псынэ» . мы псынэ гъуджэ дахэк1ейр къыщыщ1ож къуак1э зэвипл1ым я дыхьэп1эм къыщежьэрэ уэх мащ1эм деж мэз курыкупсэ дыдэм хуэзэу . Алътогу ауз къыщыщ1эж Алтогу псышхуэм и ф1эщыгъэц1эр мы псынэ телъыджэм и деж къызэрысу ихъуэжын хуей мэхъури, адэк1э Къулъкъужын хэхуэжыху « Гуащэ и псынэк1э» йоджэ.А лъэныкъуэмк1э мы гупым хэтхэр дыщопсэу.а псы ц1ык1уращ Щоджэнц1ык1у Алий и «Къулъкъужын и зы махуэ» усэр зытеухуар: Къуэ щхъуант1э уэхым и лъащ1эм Псы гъуджэ ц1ык1ур щопщ1ыпщ1э; Тк1уэпс щ1ы1э щыгъэхэр 1уфит1ым Я удз щ1эращ1эхэм хеутхэ. Псынэ абджыфэм и 1уфэм Жыг хьэлэмэтхэр тожьауэ, Дыгъэ нур гуащ1эм пэлыду Зишэщ1 – зи1уант1эу мэк1уасэ Махуэр хуабейщи бгы нэк1ухэм Удз епэр тхьэмпэхэр щолалэ. Къуалэбзу ц1ык1ухэри бэмп1ауэ Псы щабэ 1уфэми щохуарзэ. | |||
« Хэкужь» гупыр « Хэкужь». Аращ нэхъапэм зэреджэу щытар псынэ гъуджэ куэд къыщыщ1эж Абзуан хьэблэ щ1ыналъэ телъыджэм. Хэкужь жылэжьым щыпсэу адыгэл1хэр шууей 1эк1уэлъак1уэу, зэуэным хуэ1эзэу, шынэ жыхуа1эр ямыщ1эу, шэрыуагък1э къапэхъун гъуэтыгъуейуэ щысабийм къыщыщ1эдзауэ щ1эблэр ягъасэрт. Мы щ1ыналъэр пасэрей ц1ыхухэр зыхуэныкъуэу щыта псынэ къабзэхэмрэ хъуп1э хъарзынэхэмк1э къулейщ. 1917 гъэм ек1уэк1а революцэ хьэлъэм и ужьк1э Къуэнхьэблэрэ Абзуанхьэблэрэ «Къулъкъужын» ф1эщыгъэц1эмк1э зэрахъуэк1ащ,ауэ «Хэкужьк1э» нобэр къыздэсым йоджэ къуажапщэмк1э къыщыс хьэблэм. А хьэблэм дэ гупыр дыщопсэу а хьэблэм щыпсэуащ Балъкъыз Батий.Ик1и ди гуапэу федгъэдэ1уэнщ и къуажэгъухэм яхуиуса усэм: Фхуэс1уэтэнщи си гухэщ1ыр – Гуауэ хьэлъэм сыполъэщыр. Нывжес1энщи си гуф1эгъуэр – Сэ щ1эрыщ1эу си гур хохъуэ. Сщ1экъым сэ ар къызыхэк1ыр, Фи губгъэным сыф1ол1ык1ыр. Гугъэу си1эм я нэхъ лъап1эр – Къэсхьэхунырщ фи гур гуапэу. Фи гуф1эгъуэм и пшынэбзэр Зэхэсхыну сыщ1охъуэпс, Ауэ гуауэм хишмэ гъыбзэ Къысф1ыщ1ок1ыр сэри нэпс. Сыхъуу щытми нэхъ фпэжыжьэ, Си псэр нэхъри фпэгъунэгъущ. Фэрщ и нит1ыр си Хэкужьым, Фи гурыщ1эр си 1эпэгъущ. Егъэджак1уэм: Фыпсэу! Дахэу зыкъэдвгъэц1ыхуащ. Иджы яужь дихьэнщ ди зэпеуэм .Унэ лэжьыгъэу фи1а «Си бзэ – си адыгэбзэ» 1ыхьэм дедэ1уэнщ. « Хэкужь» гупым къыщ1едзэ. | |||
« Хэкужь» гупым: Лъэпкъым сыт хуэдэ гуф1эгъуэ къэхъуами зэраублэу щытар хъуэхъущи - Ди зэпеуэр идохьэжьэри Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу, Губгъуэу ди1эр бэвылъэу, Лъэуджыджэ тхэмыту. 1ей тхэтыныр ди жагъуэу, Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу, Ди гукъеуэр здэтшэчу, Ди чэт гъэлъэхъу щымыщ1эу, Ди хъыджэбзхэр щ1ык1аф1эу, Ди щ1алэхэр гъущ1ыпсэу, Псыблэм хуэдэу заупц1у Пц1ащхъуэ лъатэм къадэжэу, Я жэрагък1э алъпыжьхэу, Ди щ1эблэщ1эр Тхуэпсэуну сохъуахъуэ! - Ди бзэр зэзмыпэсыжу Ар 1эщ1ыб ищ1ыну ек1э и ужь ихьэхэм Дахуохъуахъуэ мыпхуэдэу: Гъэ мэш ищ1эну губгъуэм щихьам деж, И хьэсэм ихъуреягъыр хьэкъыршу, И кур шыпсыранэу, Зрагъэзыхмэ, и нэм къыщ1эуэу, Хэ1эбэмэ, и 1эр къису, Дзыгъуэ тхыц1эр щ1имыгъанэу – Апхуэдэ гъэ «бэв» тхьэм кърит! Адыгэбзэм теухуа усэхэмрэ уэрэдрэ ягъэзащ1э:
- Адэжь щ1ыналъэ, Си нэр зыгъаплъэ, Си лъэр здэбыдэ, Зыми хуэмыдэ, Уэ уи жьэгу дыщэм Щызек1уэ хабзэм Анэдэлъхубзэр ныдобзэрабзэр. | |||
- Дэ ди гуф1эгъуи Ди нэщхъеягъуи Тхузэбгъэзахуэу Утетщ гъуэгу махуэ. Анэдэлъхубзэ, адыгэ жьабзэ, Уздэщымы1э сыщремы1э. - Уэ ди нэ ди псэ лъэпкъым и гупсэ, Анэм и жьабзэ Анэдэлъхубзэ, уэ узижагъуэр Хэтми мыщ1агъуэ, Узыгъэик1эр акъыл тхьэмыщк1эщ. - Си гум и хъущхъуэ Псэм и 1эф1ыщэ, Пхузощ1 сыт щыгъуи Адыгэ ф1ыщ1э. Анэдэлъхубзэ,анэм и жьабзэ, Уздэщымы1э сыщремы1э! - Адыгэбзэр жа1э к1уэдыжыну Ар уи ф1эщ уэ хъурэ, си ныбжьэгъу? Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ, Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущ1эгъу. -Бзэр т1эщ1эк1мэ, дылъэпкъкъым. Акъыл ин ухуэмей Къыбгуры1уэу а т1эк1ур Утетыну дунейм. -Бзэм и макъхэм ди тхыдэр, Ди лъыр, ди псэр хэпщащ. Бзэр тхъумэну зымыдэр Ди биям къагъэщ1ащ. -Бзэр т1эщ1эк1мэ, досык1ыр, Т1эщ1эк1ами дрикъунт К1уа л1эщ1ыгъуэм лъык1псык1ым Хипщэжар сыт хъужын -Бзэр т1эщ1эк1мэ, док1уэдыр, Лъы зыщ1этыр фысакъ Псы зыщ1этыр тек1уэту, Вгъэ1у бзэ хуабэм и макъ. |
-Си бзэ дахэу адыгэбзэ, Си бзэ дахэу уэ си нэху! Уэращ си анэдэлъхубзэр, Сф1эбэмащ1эщ сыпсэлъэху! Упсэу, си бзэ, Хьет жегъэ1э! Уэрэд «Си бзэ - си псэ, си дуней. псалъэхэр Джэдгъэф Борис макъамэр Молэ Владимир яйщ.
Хасэшхуэ щызэхуос. Къапсэлъыр нобэ Къэбэрдейм Си гущ1эм нылъо1эс Ежьу: Си бзэ – си псэ, си Дуней. Анэбзу си уэрэд Лъагъуныгъэу сигу мыжейм, Сигу мыжейм укъолъэт Адыгэу тетым щ1ы хъурейм, Ей, маржэ, жыф1эрей: Си бзэ- си псэ, си Дуней. Си бзэ – си Дуней!
Схуэхъуахъуэу джэрпэджэж. Уэрэдыр хуэдэщ дыгъэ бзийм, Псэм нурыр щеукъуэдий. Ежьу «Гуащэ и псынэ» гупым. - Сэ хъуэхъуэн си фарзщи, Фарзыщ1агъ тхэмылъу, Къэралыгъуэу дыщыпсэум И псэук1эр еф1ак1уэу, Къэралу щы1эм драпашэу, Шэуэ къелъэлъэхыр тпэ1эщ1эу, Лъэпкъыу исыр зэгуры1уэу Зэдэ1уэжрэ зэрылъытэу Зым 1эпыхур зым къищтэжу Зы унафэм дыщ1эту Ди лъэпкъ анэдэлъхубзэр дгъаф1эу Ар 1эщ1ыб дымыщ1у Гъавэр, псыр, шыгъур, гъущ1ыр, хугур Берычэту ди1эу Гум и щ1асэу Гухэщ1 дымылъагъуу, | ||||||
Гъащ1эрэ щ1эныгъэрэ Нэмысрэ насыпрэ ди куэду Гъэ минк1э псэун лъэпкъ тхьэм дищ1! -Ди анэдэлъхубзэр къуилъхьэжыну Ек1э ди ужь къихьэм Я пк1эунэм жумэрэн щыущу, Я хьэщ1эщым дзыгъуэ щит1 щыджэгуу, Я шхы1эныжьым бацэ къилэлу, Ц1амыщхъейр и гуфэу, Гупхъэт1эк1уншэу, Гулъэмыж къуаншэу, Л1ит1 зы уэщу, л1ищ зы хьэму, Я хьэмэщ щэджыншэу, Хьэншэ унэу, Мэрамысэ бэщ1рэ, унэлъащ1э ф1ейуэ Тхьэм игъэпсэу! -Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм Иропсалъэ мо си къуршыжь плъагъухэр, Къалъхуащ ахэр щ1ыр щымыджэмыпц1эм, Щ1ыщ1игъэнар арщ я щыгур тхъугъэм. -Зэхэпхынущ си анэдэлъхубзэ Зыхуэбгъэщхърэ уеда1уэмэ псынэм… Си жылагъуэ 1эджэу нэм къы1уидзэм Нэрэ нап1эу я1эр а нэщэнэрщ. -Яхь я гъащ1эр, си бзэк1э нэщхъыф1эу, Си тенджыз толъкъунхэу емышыжхэм, Си бзэк1э мэгу1э е мэгуф1э Сэ си лъахэу сыкъызыщхьэщыжыр. -Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр И куэдагък1э хъуркъым мелуан бжыгъэ, Ауэ, си лъэпкъ мащ1эу си псэм хэлъым Къыдок1уэк1ыр ар имыщ1эу жьыгъэ -Си анэдэлъхубзэ хэмытауэ Сигу къеуэк1эр фэ зэхэвмыщ1эну, Си анэм и бзэр си къызимытамэ Къыщ1эк1ынт сэ бзагуэу сыкъэнэну. Си бзэу си лъэпкъыц1э. Бахъуэ Бет1ал. -Уэ уи къежьап1эр, адыгэ хабзэ, Си анэм къыздилъхуа си бзэрщ, Си Хэкуу си нэм уэ уринабдзэщ, Си лъэпкъым урищ1ыхь гъуазэщ. -Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыадыгэжкъым. Пшагъуэбэщ пщащэнэ ф1ыц1эр, Нысэм щхьэрыгъри дыщэ пы1эжкъым, Щ1элъыжкъым пшынэбзэм ди ц1эр. -Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди щауэишэр Къутауэ зы нарт шабзэшэщ, 1эщ1элъри щауэу зи пащ1эр пхъашэм Дзэху къамэ лъэпкъ саутыншэщ . -Ди бзэр к1уэдыжмэ, ди уэредадэр Бжьыхьэпэм и зы жэп налъэщ, Махъсымэ к1адэр, ди дыщэидэр Пшэк1ухьым и сыхьэт п1алъэщ. -Ди бзэр к1уэдыжмэ, дыбзу дамэншэщ, Мыл губгъуэм иту шу налыншэщ, Гъатхэ уэлбанэу щхьэншэ техъуанэм Щытк1ужу дызышыгъу к1анэщ. -Ди бзэр к1уэдыжмэ, хуэзэм дыкъищтэу Дыхъуак1эщ хамэ жыхапхъэ, Я 1уэху зэф1эк1мэ драхьэгъащтэу Дгъэф1энущ я боужь дапхъэ. -Ущык1уэдынум, си адыгэбзэ. Здэпхьынущ, сощ1э, ди хабзэр, Нэмысу, щ1ыхьу, уи л1ыгъэ хасэу Къинэнур хэкум зы гъыбзэщ. -Ди адыгэбзэ! Упсэу уэ куэдрэ! Уэрщ лъэпкъым и лъабжьэр! Упсэу уэ куэдрэ1 уэ дыбдэпсэунщ! Удигуф1эгъуэщ, уэ уди1эщ набдзэу, упсэу! Упсэумэ ди лъэпкъыр псэунщ. Классщ1ыб лэжьыгъэ Темэр: Джэгу – зэпеуэ «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ»
Мурадхэр: я бзэр ф1ыуэ ялъагъуным я гур къыхуэгъэушын; Анэдэлъхубзэм хуа1э гулъытэм хэгъэхъуэн; Бзэр шэрыуэу къагъэсэбэпыфу егъэсэн. Зэпеуэр зэрек1уэк1ынур: 1 Пэублэ псалъэ. 2 Унэ лэжьыгъэ «Си бзэ, си адыгэбзэ» а) хъуэхъу б) усэ в) уэрэд
8 Капитанхэм я зэпеуэ. Псалъэрыджэгу. 9. Псалъэзэблэдз. | ||||||
Уэрэд «Адыгэбзэ»
псалъэр Щоджэн Аслъэнджэрий макъамэр Къэбэрдокъуэ Борис яйщ.
Бахъсэн уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ, Мы ди Хэкужьыр Дуней телъыджэщ, Ди адыгэбзэр абы и гъуджэщ.
Зы бзэм хуэлажьэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ, Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ, Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ
Илъэс мин куэдрэ абы и тхыдэщ, Псы къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ, Ди лъэпкъ гъэф1эну дызэрыгуф1эщ.
Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымы1э, Зы бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ, Бзэм пщ1э хуэщ1ыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.
Зи бзэм хуэсакъхэр зэманым ток1уэ, Гъащ1э хъуэпсэгъуэр щ1ылъэм щаухуэ. Апхуэдэ щапхъэм дэ дегъэгушхуэ.
Блэк1а зэманхэр дэ къыдегъащ1э, Ди нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр, Ди лъэпкъ хъыбархэр дэни нехьэсыр.
Зи бзэм хуэлажьэхэр ар лъэпкъ уэхътыншэщ. Адыгэ лъэпкъыр дызэкъуэтынщ, Ди бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.
| ||||||
3 1ыхьэ Егъэджак1уэм (езыгъэк1уэк1ым): 1уэры1уатэ нэхърэ – нэрылъагъу Ди адыгэ псалъэжьхэр и ухуэк1э и зэхэлъык1эк1э фочыкум хуэдэу захуэщ, топышэм хуэдэу лъэщщ, икъук1э шэрыуэщ, маисэу жанщ, дахэу зэгъэк1уащ, гупсысэ куук1э псыхьащ, купщ1аф1эщ, мыубзэщхъужщ. Ди адыгэ псалъэжьхэр гъэхуащ, гурыхуэщ, зэщ1экъуащ, зэк1ужщ. Хэбдзыни хэплъхьэни хэлъкъым. Ди адыгэ псалъэжьхэр апхуэдизк1э 1у щабэщи, анэ 1э щабэу ц1ыхум и гумрэ и псэмрэ 1э далъэ, зэми ар зэзу дыджщ, ену гуащ1эщи, шэуи ц1ыхум тохуэ. Псалъэжьхэм гъащ1эр лъэныкъуэ куэдк1э къагъэлъагъуэ: хабзэм, ущииныгъэм, гъэсэныгъэм, щ1эныгъэм нэгъуэщ1 куэдми. Къык1элъык1уэ 1ыхьэм зэреджэр «1уэры1уатэ нэхърэ - нэрылъагъу», псалъэжьк1э фызэпеуэнущ, зэпывдзыжурэ, хэт къэувы1эми ар хэнащ. Аращи дедэ1уэнщ. (Гупит1ыр зэпоуэ) 4 1ыхьэ Егъэджак1уэм Лъэпкъыр щыузыншэр и бзэр убзэрабзэмэщ. Ди къык1элъык1уэ 1ыхьэм зэреджэр «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ», псынщ1эрыпсалъэк1э фызэпеуэну аращ. Сэ тхауэ фэстынущ псынщ1эрыпсалъэхэр, фоджэри гъуэрыгъуэурэ жыво1э. Щ1ыдодзэ.
4. Мыщэ. мыщ1э мащ1э. 5 1ыхьэ. Егъэджак1уэм. Адыгэхэм ди1эщ хъыбар зи1э псэлъафэ гъэщ1эгъуэнхэр, псалъэм папщ1э «Ер вы бжьакъуэм къок1» жыхуи1эр, къызытек1ар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я 1эхъушэхэр псыефап1эм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ ягуур Анзорхэ я вым епыджри иук1ащ. абы къыхэк1ыу лъэпкъит1ыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псэлъафэр абы къытек1ащ. Псэлъафэр вжызо1э, фэ къызытек1а хъыбарыр жыво1эж. Нэхъыбэ жызы1эфыр тек1уащ.
Ахъмэтк1э еджэу бгы лъагэ, бгъуэнщ1агъ зищ1ыжу, Къущхьэхъу щ1ып1эм щы1эщ. А бгышхуэм и джабэм апхуэдизк1э куэду бжьэр исщи, абы ящ1 фор гъэми щ1ыми бгы гъуанэхэм изу жа1э. Ауэ апхуэдизк1э бгыр лъагэщи, къипхыну 1эмал хуэбгъуэтыркъым: и лъабжьэк1э ущежьэу удэк1ыфыркъым, ищхьэмк1э к1апсэк1э укъехмэ, бгыр хуэбгъуэнщ1агъщи, фор зэрылъ гъуанэм улъэ1эсыркъым. «Ахъмэт и фо изщ» псалъэжьыр абы къытек1ащ. Улъэмы1эсмэ, сыт и мыхьэнэ жыхуи1эщ
Щамыр и ц1эт, езыр Астемырхэ ящыщт. Щам хьэрычэт, зэф1эгъэк1рэ имы1эу, и гъащ1эр тхьэмыщк1эу ирихьэк1ащ. Щ1ымахуэ гуэрым пхъэгъэсын имы1эу унэм къыщ1энэри, гузэвэху чыху 1эпл1э къыдичурэ и щ1ап1эр къызэрыхухьа бжьыхьыр игъэсыжати, псэлъафэр абы къытек1ащ.
Парипыхыр щ1ып1эц1эщ. Балъкъ 1уфэрэ Псыхъурей къуажэ щ1ыбымрэ я зэхуакурщ. Къэбэрдейм къытеуауэ щыта тургъуэтхэр Парипых деж хьэлэч зэрыщащ1ыгъам псалъэжьыр къытек1ащ.
Дзасэм пы1уауэ лъагап1эм пылъ жэрумэхэр ишхыну джэдур дэлъейщ – дэлъейри, щылъэмы1эсым: «Бэрэзджщ», - жи1эурэ 1ук1ыжащ. И мурадым зэрылъэмы1эсыфар и щхьэ тримылъхьэу щхьэусыгъуэ лъыхъуам ауаныщ1у хужа1э.
Л1ыжь тхышэр блэк1 пэтрэ, щ1алэ бзаджэ гуэрым щилъагъум: «Уэ, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?» - жи1эри ещащ. «Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс, уэри си ныбжьым унэсмэ, зыри щ1умыту къуатынщ», - жи1ащ л1ыжьым.
- А уи бийм и щхьэр къозгъэхьынщ, си щ1алэ!» - жи1эри Сэтэней Сосрыкъуэ зэщ1иузадэри дигъэк1ащ. Сосрыкъуэ Тотрэш и щхьэр къихьри къэк1уэжащ. И анэ Сэтэней гуащэ деж щхьэр щыщ1ихьам, къеуэри и къуэр къыщ1ихуащ: «Щхьэр къэхь жа1амэ, пы1эр къэхь!» - жи1эри. 7 1ыхьэ Егъэджак1уэм. Иджыпсту джэгунур фэращ. Дэрэжэгъухэм я 1ыхьэщ зи чэзур. Адэк1э къыпыщэ… Аращ зэреджэр ди 1ыхьэм. Гупит1ым ядэщ1хэр зэпоуэ нэщэнэхэмк1э, егъэджак1уэм кърегъажьэ, ц1ык1ухэм яухыж.
14.Уи щхьэц налъэ къыхэжмэ …( ф1ыуэ плъагъу у1уощ1э) 15.Бжьыным фэ куэд телъмэ …(щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу) 16. Блэ щ1ымахуэм плъагъумэ…(тхьэм ущ1елъэ1ур къыпхуещ1э 8 1ыхьэ Егъэджак1уэм. Иджыпсту гупым фи капитанхэр зэпедгъэуэнщ. Адыгэбзэр мыхьэнэншу, къулейсызу жа1эр. Ар пэжкъым. Иджыпсту ар зэрыкъулейр на1уэ къащ1ыну абыхэм «Анэдэлъхубзэ» псалъэм хэт псалъэ нэхъыбэ къыхимыгъэк1рэ. Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэри хъунущ. -Анэ, нэ, дэ, нэд, дэлъху, бзэ, баз, банэ, ху, дэху, данэ, лъэданэ, захуэ, хуабэ, далъэ. 9 1ыхьэ Егъэджак1уэм. Иужьрей 1ыхьэм Псалъэзэблэдз фэстынурэ гупым вгъэзэщ1энущ. Хэт япэ иухми тек1уащ. Къехыу укъызэджэ псалъэр къафщ1э?
Къехыу укъызэджэ псалъэр – Анэдэлъхъубзэ. Тек1уар на1уэ хъухук1э, къуажэхь дыджэгунщ: | ||||||
Аращи ди зэпеуэр и к1эм нэсащ. Ц1ык1ухэ, зыфхуэзгъэзэну сыхуейщ мыпхуэдэ псалъэхэмк1э. гу зэрылъыфтащи ди адыгэбзэр къулейщ, шэрыуэщ. Куэдрэ псэуну зыхуэфащэ, мык1уэдыжын бзэуэ ди лъэпкъым къигъэщ1а бзэщ. Хуэмыхущ абы иримыпсэлъэфыр, иримытхэфыр, пщ1э хуэзымыщ1ыр. Хуэмыхум къыщымынэу, гугъущ абы адыгэк1э уеджэну ик1и хуэфащэкъым. Иуан Бубэ и усэмк1э духынщ нобэрей ди зэ1ущ1эр. Уи анэбзэр гъаф1э Ар бгъэ дамэу шэщ1. Адэжь и жьэгу маф1эу Тхуахъумам ар пэщ1. Тхуахъумащ адэжьхэм Бзэм я нэхъ къулейр Зи бзэ зымыдэжхэм Зэи уадэмыплъей. Зи бзэ хуэмеижыр Ар лъэпкъыншэ мэхъу Зи лъэпкъ 1уэху еижыр Гъащ1эм къегъэщ1эхъу Бзэр 1эщ1ыбмэ – йобэ, Мэхъу тэджыжыгъуей Ар хъумэныр нобэ 1ущагъ псом я лейщ. Адыгэбзэр гуапэщ, Лант1эщ ик1и лъэчщ. Дыгъэ налъэу хуабэщ, Уи псэм и дэнлъэчщ. Уи анэбзэр гъаф1э, Ар бгъэ дамэу шэщ1. Адэжь и жьэгу маф1эу Пхуахъумам ар пэщ1. |
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
Сценарий внеклассного мероприятия на тему "Культура речи"
Сценарий внеклассного мероприятия на тему "Культура речи" Цели: профилактика проблемы в речи слов-паразитов, бра...
Внеклассное мероприятие на кабардинском языке.
Внеклассное мероприятие про национальные блюда адыгов....
Сценарий внеклассного мероприятия по теме "Культура речи"
Материал может быть использован классным руководителем для внеклассной работы в 7 - 10 классах...
Внеклассное мероприятия по теме «Культура речи»
Внеклассное мероприятия по теме «Культура речи». Лексическая игра «Слово не воробей»....
Внеклассное мероприятие по теме «Культура речи».
Внеклассное мероприятие по теме «Культура речи». «В мире слов»....
Внеклассное мероприятие по теме «Культура речи». 5 класс
Внеклассное мероприятие «Учимся говорить правильно, точно, выразительно» 5 класс...
Внеклассное мероприятие на тему : «Русской речи Государь по прозванию Словарь»
Внеклассное мероприятие на тему :«Русской речи Государь по прозванию Словарь»...