Гъэсэныгъэм и сыхьэт «Адыгэ хабзэкIэ зэджэр зищIысыр»
план-конспект урока (9, 10 класс) по теме

Кидакоева Лариса Умаровна

Мурадыр:

1) Хабзэм теухуауэ ебгъуанэ - епщ1анэ классым щ1эс ц1ык1ухэм я щ1эныгъэр здынэсыр къэпщытэжын.

2) Еджак1ухэм лъэпкъым и 1уэры1уатэр ф1ыуэ егъэлъагъун.

        3) Адыгэ лъэпкъым и щэн-хьэл дахэхэм щапхъэ къытрахыфу гъэсэн.

        4) Адыгэхэм я псэук1ар, ик1и щек1уэк1ар зэрытхъумэн хуейм къыхуеджэн.

     

          Еджак1уэхэм я къэлэн нэхъыщхьэхэр:

- ебгъуанэ - епщ1анэ классым щ1эс еджак1уэхэм хабзэмк1э я щ1эныгъэр здынэсыр къэхутэн;

-  хабзэм щыщ 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэр еджак1уэ нэхъыщ1эхэм зэращ1эр сэтей къэщ1ын.

 

          Зыхуэгъэза сабийхэм я ныбжьыр: илъэс 14-15

Скачать:

ВложениеРазмер
Microsoft Office document icon ГЪЭСЭНЫГЪЭМ И СЫХЬЭТ77.5 КБ

Предварительный просмотр:

КIэдэкIуей Ларисэ Умар и пхъур

Россием и лIыхъужь цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэ

Темэр:  «Адыгэ хабзэкIэ зэджэр зищIысыр»

Гъэсэныгъэм и сыхьэт

Темэр:  «Адыгэ хабзэкIэ зэджэр зищIысыр»

Мурадыр: 

1) Хабзэм теухуауэ ебгъуанэ - епщ1анэ классым щ1эс ц1ык1ухэм я щ1эныгъэр здынэсыр къэпщытэжын.

2) Еджак1ухэм лъэпкъым и 1уэры1уатэр ф1ыуэ егъэлъагъун.

        3) Адыгэ лъэпкъым и щэн-хьэл дахэхэм щапхъэ къытрахыфу гъэсэн.

        4) Адыгэхэм я псэук1ар, ик1и щек1уэк1ар зэрытхъумэн хуейм къыхуеджэн.

     

          Еджак1уэхэм я къэлэн нэхъыщхьэхэр:

- ебгъуанэ - епщ1анэ классым щ1эс еджак1уэхэм хабзэмк1э я щ1эныгъэр здынэсыр къэхутэн;

-  хабзэм щыщ 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэр еджак1уэ нэхъыщ1эхэм зэращ1эр сэтей къэщ1ын.

          Зыхуэгъэза сабийхэм я ныбжьыр: илъэс 14-15

          Зыхуэныкъуэну нэрылъагъу пособиехэр:

 псалъэжьхэр, адыгэ макъамэхэр: «Итамбылак1уэ», «Уэзы Мурат»; адыгэ къафэхэр : «Удж хэш», «Уэркъ къафэ»; презентацэ, лэжьыгъэ ягъэзэщ1ахэм я выставкэ;  Абдокъуэ (Гунжаф1э) Фатимэ и усэ сатырхэмк1э къагъэщ1а уэрэд «Тенджыз ф1ыц1э», Тхэгъэлэдж Светланэ и уэрэд «Си адыгэбзэ».

  1. Пэщ1эдзэ псалъэ. Егъэджак1уэ

Нобэ мыбдеж къызэхуэса ди хьэщ1э лъап1эхэм фэдгъэлъэгъуну, федгъэдэ1уэну дыхуейт «адыгэ хабзэр нобэ» зыф1этща ди урокыр. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ хабзэр ц1ыхухэм къадогъуэгурык1уэ.

Сыт адыгэ хабзэр зищ1ысыр т1э? Адыгэ хабзэр – ар ц1ыхубэм, Кавказым ис адыгэхэм я дуней тетык1эщ. Адыгэ хабзэм ц1ыхум и хьэл-щэным зрегъэужь, нэмыс пхэлъу, нэхъыжьи, нэхъыщ1и пщ1э хуэпщ1у, укъыщалъхуа Хэкур пхъумэжу дунейм утетынырщ къигъэувыр. Гъэсэныгъэ ущииныгъэм теухуауэ икъук1э мыхьэнэшхуэ и1эщ адыгэ хабзэм. Адыгэхэр къэзымыц1ыху мы дунейм теттэкъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ, абыхэм я дуней тетык1эр, я хьэл-щэнхэр, я нэмысыр нэхъ лъагэт. Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ адыгэу мы ди щ1ып1эм щыпсэур мащ1эщ. Нобэ дэ вжет1эну, къывэдгъэщ1эжыну дыхуейт адыгэхэр дызэрыхъу бжыгъэр.

Ахэр къывжи1энщ ди еджак1уэ ныбжьыщ1э, 10-нэ классым щеджэ Ламкъуэ Мадинэ

Дапщэ –

Адыгэхэр нэхъ лъэпкъыжь дыдэу дунейм тетхэм ящыщ зыщ. Абы къыхэк1ыу сыт и лъэныкъуэк1и адрейхэм къахэщ лъэужьышхуи къыхашащ абыхэм ц1ыхухэм я тхыдэм. Ди эрэм и пэк1э IV л1эужьыгъуэм икухэм прото-адыгэхэм къыщызэрагъэпэщащ къухьэп1эмк1э гъэза Хы ф1ыц1э 1уфэм Синэ къэралыгъуэр. Ар иджырей Россие Федерацием нэхъ ныбжьышхуэ зи1э къэралыгъуэу къыщалъытэхэм ящыщ зыщ. Арщхьэк1э, адыгэхэр я хуитыныгъэм щ1эбэн зэпыту псэун хуей хъуащ. Ар къызыхэк1 щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ ахэр щыпсэу щ1ыналъэм и географическэ щытык1эр. Ди щ1ып1эм 1эмал щыбгъуэтырт Ипщэк1и, Ищхъэрэк1и, Къуэк1ып1эмк1и, Къухьэп1эмк1и щызэбгырык1 гъуэгухэм уак1элъыплъыну. Аращ зэман-зэманк1э къару шынагъуэк1э зыкъыпэщ1асэу щытахэр гуинхэр, булгархэр, монголхэр. Икъук1э леишхуэ къащытехьар илъэсищэк1э зэпымыууэ ек1уэк1а урыс-кавказ зауэрщ. А зауэм щыщ1идза лъэхъэнэм адыгэхэм я бжыгъэр мелуани 2-м нэсу щытамэ, и к1эухым зэрыхъужыр зы мелуант. VIX л1эщ1ыгъуэм и 60 гъэм и п1эщ1эдзэм а бжыгъэр зэрыхъужыр мин 100-т. Ауэ щыхъук1э псэууэ къэна ц1ыхум 10 къэс 9-нэ щалъхуа Хэкур залымыгъэ 1ейк1э ирагъэбгынащ. Адыгэхэм хуэдэу леишхуэ къызытехьа зы лъэпкъи къэгъуэтыгъуейщ. Ноби, фыщыгъуазэщи, абы лъандэрэ илъэси 130-рэ дэк1а пэтми, адыгэхэм нэхъыбэу я псэуп1эр хамэ щ1ып1эхэрщ. Нобэм къэса тхыгъэхэм къызэрыхэщымк1э, Хы Ф1ыц1э 1уфэм къыщыхута бгырысхэм я бжыгъэр 1858-1865 гъэм къриубыдэу ц1ыху мин 495-рэ мэхъу. Абы щыщу 413-р адыгэ лъэпкъым щыщщ. Депортацэ нэужьым щ1ып1эм къинэжар мини 100-щ. Ар лъэпкъым и процент 90-м нос. Иджы феплъыт адыгэхэр здэ1эпхъуа щ1ып1эхэм. Япэрауэ, Тыркум къыщагъэлъэгъуа бжыгъэхэр ц1ыху мин-600-м къыщыщ1идзауэ мелуан-3-нос. 1950-1983 гъ. къриубыдэу къэхутэныгъэ ирагъэк1уэк1ащ иужьырей илъэси 100-м адыгэхэр щыпсэу щ1ып1эхэм ехьэл1ауэ я бжыгъэхэр зэрыхэхъуам:

Тыркум – 2,5%, Сирием – 3,2%, Иорданием – 2,7% - к1э хэхъуащ. 1980 гъ. къык1элъык1уэ илъэс 15-м кръриубыдэу Иорданиемрэ Тыркумрэ щыпсэухэм хэхъуэшхуэ зэра1эр къэплъытэмэ, илъэс къэс бжыгъэр процент 1,5% - к1э дэк1уеящ. Абы ипкъ итк1э дыщыуэну къыщ1эк1ынкъым, иджыпсту Тыркум, Иорданием, Сирием щыпсэу адыгэхэр мелуан 4,5-м нэблагъэу зэрыщытыр.

Адыгэр нэгъуэщ1 лъэпкъыу мин зыбжанэ щы1эхэщ Восток Гъунэгъумрэ Африкэ Ищхъэрэмрэ хыхьэ къэралыгъуэхэу Иракым, Ираным, Сауд Хьэрыпым, Мысырым, Ливием, Туникым; Европэ къэралхэм, США-и, Канадэ, Германие, Австарлие, к1эщ1у жып1эмэ адыгэхэр зэрымыс къэрал къэгъуэтыгъуейщ. Зэрыфлъагъущи, Кавказым ик1ауэ нэгъуэщ1 къэралхэм щыпсэухэм я бжыгъэр мелуан 5-м зэрыф1эк1ым шэч хэлъкъым.

 2. Егъэджак1уэ

Зэрыфлъагъущи, Мадинэ къывжи1ахэр дэтхэнэ зыми фи гуапэ хъуащ, сыт щхьэк1э жып1эмэ, адыгэхэр иджыри допсэу, долажьэ, хабзэр дохъумэ, ик1и псом нэхърэ нэхъ гуапэу адыгэхэр ноби дымащ1экъым, бжыгъэр зэрыхъур иджыри тэмэму зэхэгъэк1а хъуакъым. Къык1элъык1уэу, дэ федгъэдэ1уэну дыхуейт адыгэхэм сыт щыгъуи псалъэ пэжхэр гъэсэныгъэ-ущииныгъэм ехьэл1ауэ къагъэсэбэпыр.

3. Сэ нобэ фезгъэдэ1уэну сыхуейт, ц1ыхум и Дуней еплъык1эр къэзыгъэлъагъуэ псалъэжьхэм:

а) «Акъыл зи1эм имы1э щы1эжкъэм»

б) «Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ»

в) «Ахъшэр пшахъуэщи, гъащ1эр пц1ащхъуэщ»

г) «Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ»

4. Сэ фезгъэдэ1уэнщ, хабзэм, ушииныгъэм, гъэсэныгъэм, щ1эныгъэм епха псалъэжьхэм:

а) «А сигу зы1эжьи, а си жьэ зыубыд»

б) «Акъылым и лъапсэр чэнджэщщ»

в) «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи т1ыс»

г) «Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ»

д) «Нэмысым насып къыдок1уэ»

5. Едж

а) «Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет»

б) «Удафэ и акъыл ирефыж»

в) «Уэшх блэк1ам щ1ак1уэ к1элъомыщтэж»

г) «Фадэ зи ныбжьэгъум жып гъуанэ щ1этщ»

6. Едж

Сэ фезгъэдэ1уэну сыхуейщ, тхыдэм, зауэм, мамырыгъэм, адэ хэкур ф1ыуэ лъэгъуным теухуауэ псалъэжьхэм:

а) «Дунейр къэк1ухьи, уи унэ ихьэж»

б) «Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь»

в) «Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хуохъуж»

г) «Зауэм и к1эр хьэдагъэщ»

д) «Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым»

7. Едж

Феда1уэ лэжьыгъэм епха псалъэжьхэм

а) «Гъэмахуэ тхьэмахуэр, щ1ымахуэ гъуэмылэщ»

б) «Бжьэ зыдэсым фо дещ1э»

в) «Улажьэмэ лэжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ»

г) «1уэху мыублэ, блэ хэсщ»

д) «Лэжьыгъэм хэзагъэр щ1эныгъэми хозагъэр»

8. Егъэджак1уэ

Зэрыфлъагъущи, адыгэ псалъэжьхэр сыт хуэдэ 1энат1эми ехьэл1ащ абы къегъэлагъуэ псалъэжьхэм ц1ыхум и хьэл-щэным зызэригъэужьыр.

Мыдэк1э федгъэдэ1уэнщ, адыгэ уэрэдыжь.

Адыгэхэм уэрэд куэд я1эщ, псалъэжьхэм хуэдэуи зэщхьэщок1: историческэ, лирическэ, сабий, социальнэ уэрэдхэу.

        

9. Едж

«Адыгэ уэрэдыжь» - Уэзы Мурат

        Мы уэрэдыр л1ыхъужь уэрэдщ, Мурат л1ыхъужьыгъэ зэрихьар къегъэлагъуэ:

Уэзы Муратк1э зэджэри,

Щ1алэ ф1ыц1э къуэгъукъэ 0 I I I

Шы гъурым тесри Маржэ!

Гъусэ пхуэхъунк1э 0 I I I

Уи шыпэ хужьри ой Маржэ!

Зэрыпхэщ1ыбгъуэ 0 I I I

Гумкъалэ губгъуэми ой Маржэ!

Мурат щозауэр ой.

Зыныбжьэгъу щ1алэхэр ой Маржэ!

Къызэрогъащтэр 000

Щ1алэр къахуэщтэми ой Маржэ!

Мурат къащтэнкъым 00

Уэ мэкъумэшыщ1эхэм ой Маржэ

Выр щ1огъэщ1этыр 00

Уэ уи жэгъуэгъухэри ой Маржэ!

Жейми къыхоск1э о1.

10. Къафэ: - «Удж хэш»

зыгъэзащ1эр еджап1эм и къафак1уэ гупщ.

11. Едж

«Лъэпкъым и уэрэд усэр»

Адыгэ тхыдэм къытхуе1уэтэжыр

Адыгэ лъэпкъым я псэук1ар,

Адыгэ хабзэр, я нэмыс пэжыр

Ямыгъэк1уэду зэрыхъумар.

Гуф1эгъуи, гуауи зэда1ыгъыфу,

Лъэпкъыр зыжылэу зэхэтыфащ,

Бий къатеуами, адыгэ лъэпкъыр

Ямыгъэк1уэду яхъумэжащ.

Нобэ зэманым зэридзэк1ауэ

Адыгэ тхыдэм дыхегъэплъэж

Адыгэ хабзэр дэ къэтщтэжауэ

Тхьэм дигъэлъагъуи дигъэ1уэтэж.

12. Егъэджак1уэ

Нобэ, дэ усэ зыбжанэ федгъэдэ1уэнущ. Иджыпсту зэхэфха усэр Къуийц1ык1у Жэнтыгъуэн ейщ. Мыбы и усэм къытхуе1уэтыж адыгэхэм я псэук1ар, ик1и щек1уэк1ар зэрытхъумэн хуейм дыхуреджэ.

Иджыпсту сценкэ к1эщ1 ц1ык1у федгъэплъынщ. Зыгъэзащ1эхэр К1эдэк1уей Умар 10кл.,  Шорэ Хьэсин 11 кл.

13.

Шорэ Хьэсин

- Ладно, ладно, хъэрэшо, зы псалъэ вжес1энщ.

К1эдэк1уей Умар

- Пэжалыстэ, тхьэмадэ, сэ пагэу си жизым зы минути сыщытакъым.

Шорэ Хьэсин

- Тем более мы ресторанри адыгэ семьям хуэдэщ. А семьям уису, адыгэ блюдэ пшхыуэ къыбдалъхуа уи языкымк1э эы тост къыщыпхуэмы1этынум и деж, я дикэ извиняюсь, уи родым ухуэмыфэщэжу аращ. Аракъэ?

К1эдэк1уей Умар

- Точно

Шорэ Хьэсин

- Тем не менее, как ни странно, дэ постояннэу дыщрохьэл1э виступленэ куэд, я разговорым и формэк1и и содержанэк1и тхьэк1умэр ягъэвуу, нервыр къызэщ1агъэхъаеу. Слуши, что трудного уи языкк1э упсэлъэжыну?

К1эдэк1уей Умар

- Уей, пэжым, дегъафи абы нэхърэ.

Шорэ Хьэсин

- Хьэжмысост, иджьыри зы словэ жып1эмэ, клянусь, къевгъэжьауэ жыс1э тостыр, запрэстэу щызмыгъэтыжым. Нэхъыжьхэм уваженнэ хум1эн хуейщ.

Итак, док1уэр дальши. Дэ ди хьэщ1эщ ди литературэм и гъуэгур зыукъуэдия л1ы приятнэ гуп. Нт1э, я гъугур гладкэ фи гугъэа анэдэлъхубзэм и 1уэхумк1э? как бы не так. Тысич бжыгъэк1э пример къыфхуэтхьыфынущ ухуейм.

 К1эдэк1уей Умар

- уей къэтхьыфынум. Мисс мыс мыбы сыт илажьэр «аркъэ» убзэрабзэжу адыгэ псалъэ куэд жыуигъы1эк1э.

  Шорэ Хьэсин

- Хьэжмысост, уи жьэр гъэувы1уи, атк1э къеда1уэ. Например сыт дитхак1эхэм «самолот» щ1ыжа1эр. Ди1экъэ дэ абы и перевод? Пожалыстэ «кхъухьлъатэ». Или «стэчан» жып1эу щхьэ птхын хуей? Нэгъуэщ1 мыхъуми «кумбыгъэ» жы1э.

К1эдэк1уей Умар

- Кумбыгъэ жып1а? Уей сытк1э еджэ узыхуей аркъэр урефэ мэхъу.

Шорэ Хьэсин

- А зиунагъуэ, л1ыжь-фызыжьхэми «здрастирэ, дэсуданэрэ» ф1эк1а жа1эжкъым. А почему? – сыноупщ1ыр уэ Хьэжмысост. Уэ как ни как, Цушкэ и школыр къэбухыну пэпиткэ пщ1ауэ щытащ. Ар апхуэдэу щ1эхъур а уи щхъэ тупоим нэсрэ?

К1эдэк1уей Умар

        - Уей попиткэ не убыткэ жыс1эри Цушкэ и школыр къэзухын си гугъати убыткэм сык1уащ.

Шорэ Хьэсин

        - Инглыбзэк1э жып1эмэ «но», нэмыцыбзэк1э жып1эмэ «наин», хьэрпыбзэк1э жып1эмэ «мафий», урысыбзэк1э «нету» Нэскъым Нету значит. Вот где хьэр щызэритэ. Вот где глубокоуу, широкэу а причинэм щылъыхъуэн хуей. Къэдгъуэтым пусть, къэдмыгъуэтми-пускай.

Щи-шэ, си разговорым короче зезгъэщ1ын, ауэ ни дай боху, тхьэм дыщихъумэ апхуэдэ сорняк ди языкым къыхыхьэным. Слуши, Хьэжмысост зы слова жыс1эжын загруглят сщ1ынущ си тостыр, хъунумэ зы минут къытпэплъэжыф.

    К1эдэк1уей Умар

        - Хъунщ, уи къэвэбжэр зэхуэщ1 иджы.

Шорэ Хьэсин

- Терпении уи1эжкъым слуши. Каждэм и дежк1и яснэщ. Адэк1э зы словэ жыс1эн я ни я! Мо Хьэжмысостыжьым кончать ирещ1 си тостыр. Си гъащ1эм зэ анэдэлъхубзэк1э тост произносит сщ1ынщ жыс1эри желанэ сщ1ати, совести, уважении, терпении и1эжкъым, слуши мыбы.

Будь здоров Хъэжмысост. Все.

К1эдэк1уей Умар

- Зэ къэувы1э, мыбы иджыри къинащ е   е   е…

14. Егъэджак1уэ

Зэрыфлъагъущи, си сценкэр зытеухуауэ щытар зи бзэ зымыщ1эж ц1ыхухэм хуэунэт1ащ, ауан ещ1.

Къафак1уэ гупым зы къафэ къащ1.

15. Егъэджак1уэ

«Истамбылак1уэ» макъамэр къоуэ.

Бемырзэ Мухьэдин итхауэ зы усэ федгъэдэ1уэнщ «Лъэ1у».

Мыр зытеухуар адыгэхэр и Хэкум хуимытыжу, щ1ып1э хамэм зэрырашарщ. Усак1уэм къыдгуригъэ1уэну хуейщ зауэ ди нэгу щ1эмык1ыу дыпсэуну.

Адыгэ лъэпкъым и 1эпкълъэпкъ пщык1ут1-
Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ,
Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт,
Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэк1э.
Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр,
Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр,
Ит1анэ абазэхэр, къэбэрдейр,
Адэмей л1акъуэр, к1эмыргуейр, бжьэдыгъур.
Кавказым и дахэп1эр фэ фи хэкут,
Щ1ыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щ1ап1эт,
Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу,
Фи тенджыз 1уфэр я1эт кхъухьтедзап1эу.
Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ…
Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр,
Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар
Мэкъуауэ бадзэу, маф1э нэпц1к1э мэсхэр.
Адыгэ лъэпкъым и лъакъуэ пщык1ут1,
1эпкълъэпкъыу ц1ыхум фэ фхуэдизщи и1эр,
Зыгуэр фыхэщ1у и гур ивмыуд,
Фи псэуныгъэр гурыф1ыгъуэу зи1эм.

18. Къафэ «Уэркъ къафэ»

зыгъэзащ1эхэр 9,10,11 классым щеджэ еджак1уэхэрщ.

          19.  Абдокъуэ (Гунжаф1э)  Фатимэ и «Тенджыз ф1ыц1э» уэрэдым фыкъеда1уэ. Мы уэрэдым и псалъэхэм куэдым урегъэгупсысыж. Ди адыгэхэм я блэк1ар нэгум къыщ1егъэхьэж.

                             Тенджыз Ф1ыц1э

  1. Ди лъэпкъ тхыдэм сыроплъэж

         Блэк1ар нэгум къыщ1охьэж

         Тырку кхъухьыжьхэм ззэдагъазэу

         Тенджыз ф1ыц1эр ягъэгызт

         Истэмбылым си лъэпкъ уардэр

         Хъурмей жыгхэм щигъэгугът

         Адэжь Хэкур зыбгынэжхэм

         Жэнэт щ1ып1эу ар къащыхъут.

             П-ев

Теджыз Ф1ыц1э, Теджыз Ф1ыц1э,

Къэхъуа псори уэ плъэгъуащ.

Си лъэпкъ уардэр щагъэк1уэдым

Жом1аф1ауэ угызащ.

Теджыз Ф1ыц1э, Тенджыз Ф1ыц1э

Уи толъкъунхэр зэуэ лъыщ.

Тенджыз Ф1ыц1э,  зи гур ф1ыц1э

Уэ блэк1ам уриуэчылщ.

     

     2. Си гур узу со1уэтэжыр

         А махуэжьхэр сыт махуейт.

         Сабий хьэдэхэм уалъахъэрт

         Кхъухь тедзап1эхэм я дей.

         Къыщ1идзауэ маф1э лыгъэр

         Адыгэщ1ыр игъэст бийм.

         Мыжурэпэм ф1элъу ныпу

         Игъэдалъэрт ц1ыху к1эт1ийр

     3. Мык1ыжын у1эгъэу си гум,

         Телъщ, си лъэпкъ, уэ къыуащ1ар.

         Кхъухь жагъуэжьхэр щ1эт1ысык1ыу

         Бдзэжьей 1ус узэращ1ар.

         Ирец1ыху адыгэ къэск1э

         Адыгэщ1ым ишэчар.

         Ирец1ыху ди щ1эблэ къэхъум,

         Мащ1э дыдэ дыщ1эхъуар.

20. 1эщ1агъэл1хэм я выставкэ

(6-7 классым щ1эс еджак1уэхэм я лэжьыгъэхэр)

  • вышивка                                   – хэдык1 зэмыл1эужьыгъуэхэр
  • плетение                                   – уагъэ зэ1ущахэр
  • корзина для цветов                  – чы матэ ц1ык1ухэр

21. Егъэджак1уэ

Нобэрей ди зэ1ущ1эр зэхуэсщ1ыжын ипэ къихуэу жыс1эну сыхуейт: «Адыгэ тхыдэр, хабзэр дывгъэхъумэ, ди бзэр дывгъэдж. Уи бзэр умыщ1эжмэ, уи лъэпкъри щы1энукъым».

Зэи зыщыдывмыгъэгъупщэ мы псалъэхэр:

«Лъэщ дищ1ыну къыдитащ ди лъэпкъым бзэ шэрыуэ, хабзэ хьэлэмэт».

22. Тхьэгъэлэдж Светланэ и уэрэд «Си адыгэбзэмк1э» зъхуэщ1ыжын ди  сыхьэтыр


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Темэр: «Адыгэ бзылъфыгъэм лъэпкъ зэхэтык1э хабзэхэр зэрэзэрихьэрэр»

Урок-семинар:Темэр:«Адыгэ бзылъфыгъэм лъэпкъ зэхэтык1э хабзэхэр зэрэзэрихьэрэр»...

Исторический урок на адыгском языке «Адыгэ мэмлюкхэр. Пщышхуэ Инал Нэху». «Черкесские мамлюки. Князь Инал Светлейший».

Исторический урок на адыгском языке «Адыгэ мэмлюкхэр. Пщышхуэ Инал Нэху». «Черкесские мамлюки. Князь Инал Светлейший». ...

Темэ: «Пасэ зэманым адыгэ ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у Алий и «Мадинэ» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуар »

Учитель:Мамиева Альбина Артуровна.Урок: Кабардинская литература.Тип урока: Подготовка к сочинению.Цель урока: Активизация учебной и творческой деятельности учащихся средствами литературы, народного фо...

Презентация «Пасэ зэманым адыгэ ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у А. и «Мадинэ» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуар»

Презентация «Пасэ зэманым адыгэ ц1ыхубзым и образыр Щоджэнц1ык1у А. и «Мадинэ» поэмэм къызэрыщыгъэлъэгъуар»...

Адыгэ ныпым и махуэ

Уи  Хэкум  куэдрэ  уэ  хуомыщ1  тхьэлъанэ«Сылъэнщ  уэрщхьэк1э» - жып1эу  умыув,1уэхуншэу  упэмыплъэу  ущ1ыл1эным,Уи1эхук1э  гъащ1э  –  Хэкум...

Адыгэ 1анзр

Разработка урока по адыгейскому языку...

Стихотворение собственного сочинения "Щэрэ1у Республикэм адыгэ макъэр"

Стихотворение написала ученица 8 класса МБОУ "СОШ №2" а. Ассоколай, Хатко Фатима. Оно посвящено родному языку. Автор призывает всех не забывать свой родной язык, а приумножать его....