КъБР - м и ЦIЫХУБЭ ТХАКIУЭ НАЛО АХЬМЭДХЪАН
методическая разработка
Предварительный просмотр:
КъБР - м и ЦIЫХУБЭ ТХАКIУЭ
НАЛО АХЬМЭДХЪАН
Зыхэзылъхьар
МКОУ «Гимназие №29 » - м
и егъэджакIуэ Ефэнды М.Ф.
Налшык, 2021 гъ
1 еджакIуэм: Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр Лэсчэн жылагъуэбэм щыщ Старэ Урыху (Хьэтуей) къуажэм 1921 гъэм августым и 10-м къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIар мэкъумэшыщIэ унагъуэщ. 1937 гъэм къуажэ школыр къиухри Къэбэрдей-Балъкъэр педрабфакым щIэтIысхьащ. Ар 1941 гъэм къиухащ. 1941 гъэм дзэм къулыкъу щрагъэщIэну ираджащ. А гъэ дыдэм и июнь мазэм Ахьмэдхъан фронтым кIуащ. Зауэ гуащIэм лIыхъужьыгъэ къыщигъэлъагъуэу хэтщ саперу.1942 гъэм къыщыщIэдзауэ 1943 гъэм нэсыху Ленинград дэт Военно-инженернэ училищэм щоджэ.1943гъэм май мазэм лейтенант Нало Ахьмэдхъан фронтым Iуохьэжри, зауэр иухыхукIэ хэтщ.
«Телъхьэ уанэм си шыр» - уэрэд
2 еджакIуэм: 1946 гъэм и щIыналъэм къегъэзэж. Нало Ахьмэдхъан наградэу къратащ «Орден Отечественной войны» япэ степену зы, 2-нэ степену орденитI, Александр Невский и орденыр, «Красная звезда» орденыр, СССР-м и медалу 14, Польскэ народнэ республикэм и медаль. 1947 гъэм ВКП(б) и Обкомым и парткурсхэр къеухри а гъэм педагогическэ институтым щIотIысхьэ. Ар 1951 гъэм къеух. Нало Ахьмэдхъан бзэщIэныгъэхэмкIэ кандидатщ. Илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доценту лэжьащ.
«Дауэ нэху укъекIа?» Нало Ахьмэдхъан теухуауэ Бицу Анатолэ итха усэ
«Дауэ нэху укъекIа?» —
Ар сэламу къысфIэщIырт.
ЖаIэ хабзэу фIэкIа
НэгъуэщI къикIыу
сымыщIэт.
«Дауэ нэху укъекIа?» —
КъысщIоупщIэ
нэхъыжьыр.
«Мыхэр си фэм дэкIащ», —
СхужымыIэ нэхъыщIэм.
Ауэ фIыуэ сощIэж
Згъэва псор сэ а жэщым.
Си сабийм зимыщIэжт,
НэкIэ слъагъуурэ
жэщIырт.
И псэм еджэу
плъыржьэрт,
СимыIэжт зы гугъапIэ.
Си псэр Iэджэми жэрт.
Зэтезмылъхьэт си напIэ.
Си гум щэхуурэ къэкIт:
«Я нэхъ гуауэр
къысщыщIым,
Сыт слъэкIын абы фIэкI, —
Сыкъеджэнщ си
нэхъыжьым».
Гузэвэгъуэр токIуэт,
ЗыкъещIэжыр си щIалэм.
ЛIыгъэр сэ къыстокIуэж,
ЖызмыIэж зы тезгъалэу…
«Дауэ нэху укъекIа?» —
Си нэхъыжь
къысщIоупщIэ.
ЩыIэ, абы фIэкIа,
КъикIыр зыщIэ
а упщIэм?
3 еджакIуэм: Нало Ахьмэдхъан ящыщщ зи тхыгъэхэр цIыхубэм гунэс ящыхъуа тхакIуэхэм. Ахьмэдхъан ТхакIуэхэм я союзым и членщ. Абы и творчествэм щынэрылъагъущ психологизмэр щытепщэ иджырей адыгэ рассказым и гъэпсыкIэр. ЩIалэ дыдэу Хэку зауэшхуэм хэта Ахьмэдхъан игъащIэкIэ щымыгъупщэжыну игу къинауэ щытащ а зэман гуащIэм ди цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр, сыт хуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ ямыгъэвами, цIыхухэр зыгъэдахэ гурыщIэ къабзэр, цIыхугъэр яфIэмыкIуэду, а зэман гугъур зэрырахьэкIар. Налом и рассказхэр гуимыхуж ящI а псори пэжу, къабыл пщыхъуу уи нэгу къыщIэзыгъэувэж образхэм.
4 еджакIуэм: Я нэхъ Iуэху гуауэми гузэвэгъуэми щытепсэлъыхькIэ, тхакIуэм зэи IэщIыб ищIыркъым цIыхугъэмрэ гущIэгъумрэ. Апхуэдэщ зауэм и мафIэм
хэтми я нэхъ псэзэпылъхьэпIэм къихутами, лIыгъэм щIыгъуу цIыхугъэр, псэ
къабзагъэр зыфIэмыкIуэд ди зауэлIыр. А гупсысэмкIэ узэщIащ зауэм
теухуауэ Налом итха тхыгъэхэр. Абы къыдэкIуэу, тхакIуэм къегъэнахуэ
гъащIэм и налъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэманым и нагъыщэу щыт цIыхухэр
зыгъэпIейтей Iуэхушхуэхэр. ТхакIуэм и тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм я дуней
тетыкIэмкIэ, я гурыщIэ-гупсысэхэмкIэ нэрылъагъу мэхъу а псори. ЦIыху гъащIэр, цIыхупсэр, абы къыпкърыхьэ гурыгъу-гурыщIэ зэхуэмыдэхэр тэмэм дыдэу, жану къызэрихутэр, къихутэ къудейм къыщымынэу, тхакIуэм и образ купщIафIэхэмкIэ, гупсысэшхуэ хэлъу гукъинэж зэрищIыфыр ягъэбелджылы Налом и произведенэхэм.
5 еджакIуэм: Нало тхакIуэм и гулъытэр зэтар зауэм и мафIэм хэт сэлэтым зэрихьэ лIыгъэм и закъуэкъым. ТхакIуэм телъыджэу къегъэлъагъуэ зауэм и бэIутIэIур щызу зыгъэунэхуа сэлэтым и нэгу къыщIыхьэж гукъинэжхэр, абы и гум къыдрихьей гупсысэ-гурыщIэхэр, а зэсэжа зауэм абы гугъуехьу щигъэвхэм къадэкIуэу абы и нэгу щIэтщ и жьэгу пащхьэри, куэд щIауэ имылъэгъуа бынунагъуэри, и щхьэгъусэри, абы дигъэщIа гъащIэри. Апхуэдэ гукъэкIыжхэм зэщIаIыгъэ сэлэтхэр зыхэт зауэ мафIэм къихь гуIэгъуэри, зэхэуэр зэтесабырэу «пщIыхьэпIэ мамыр» зылъагъуу жея сэлэтхэр
къызыхэуша гъащIэр зэрыгужьеигъуэри - а псори зауэм къызэрыщыхъу
хабзэм хуэдэу тхакIуэм уи нэгу къыщIегъэувэ.
«Псыхьэ нанэ » - м щыщ теплъэгъуэ къагъэлъагъуэ.
1 еджакIуэм: ТхакIуэм зауэм и пэжыр зэи щIиуфэркъым, зауэм и теплъэр, и лъапсэр, абы хэт цIыхухэм я щхьэм илъыр, я гум щыщIэр, гупсысэу яIэр гум нэс псалъэкIэ, художественнэ деталь шэрыуэхэмкIэ уегъэлъагъу, уигъэлъагъу къудейм къыщымынэу, псори зи фэ дэкI цIыхур, уи нэкIэ плъагъум хуэдэу, зыхыбощIэ, абы удогузавэ, удопIейтей, гухэхъуэ щиIэм деж удогуфIэ, удогушхуэ, а цIыхум и псэм нэIуасэ ухуохъу.
Налор зи акъылрэ зи гурыщIэкIэ жану гъащIэм и къэхъукъащIэ дэтхэнэми куууэ кIэлъыплъыфу щыта цIыхущ. Абы къилъагъур нэм къыIуидзэ къудейртэкъым, атIэ «тепхъуэ» зыгъуэта дунеягъэ Iуэхухэр къыщIигъэщт, иухуэ образхэм псэ хилъхьэт.
ЦIыхубэм яIурылъ бзэм и дахагъри, и IэфIагъри, и къабзагъри
мыгъэкIуэдауэ, зытетхыхь Iуэхум тэмэму тегъэпсыхьауэ къэгъэсэбэпыныр
тхакIуэм и тхыгъэхэм я фащэщ. Аращ Налом и тхыгъэхэм гъунэжу
щIыхэбгъуатэр псалъэ купщIафIэхэр, гушыIэ дахэкIэ узэда псалъэ
шэрыуэхэр.
Ауан зыщIэлъ, адыгэ хабзэм хуэхей цIыхубзым теухуауэ Налом итха «Бостей упIышкIуа» рассказым щыщ гушыIэ теплъэгъуэ
2 еджакIуэм: Налом и прозэр нэгъуэщIхэм хэзымыгъэгъуащэщ зы цIыхум и образым, и гъащIэм, и хьэл-щэнхэмкIэ лъэпкъ псом, цIыхубэм яйр къызэрызэщIикъуэфыр. Зауэм теухуа и рассказхэмрэ повестхэмрэ къыхэщыж лIыхъужьхэм гъащIэ мамырыр я нэгу щIэт зэпытщ, я хъуэпсапIэхэрщ зэрыпсэур. Ахьмэдхъан и тхыгъэхэр тхылъеджэхэм гунэс щIащыхъур тхыдэри, гъащIэм къыхихари, къигупсысари зэрыщызэхэухуэнарщ.
Нало Ахьмэдхъан теухуауэ ди щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэхэмрэ хужаIахэмрэ хуаусахэмрэ щыщхэр:
3 еджакIуэм: Налом и прозэм философие куу щIэлъщ. ГъащIэм и пэжым щIыгъуу, абы цIыхухэм я хъуэпсапIэхэри къегъэлъагъуэ. Адыгэ къуажэ цIыкIум щыщIэдзауэ Берлин нэс пхыкI гъуэгуанэ гугъур икIури, рейхстагым адыгэбзэкIэ тхыгъэ тритхащ Хьэгъундокъуэ Барэ. НэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу абы лIыгъэшхуи зэрихьакъым, атIэ совет цIыхухэм ещхьу езыри зэуащ, ауэ къикIуа гъуэгуанэр зэрыщыту ехъулIэныгъэрэ текIуэныгъэкIэ гъэнщIауэ щытащ.
Нало Ахьмэдхъан адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ, зригъэужьащ. Аращ ар цIыхухэм я гум щIилъынур, и фэеплъыр щIахъумэнур.
Мусукаевэ Анжелэ,филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
3 еджакIуэм: Адыгэ интеллигенцэм щыщ псоми пщIэрэ щIыхьрэ зыхуащI я нэхъыжьыфIт Нало Ахьмэдхъан. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Адыгейми Шэрджэсми щыцIэрыIуэт. Налом и зэчий иным пщIэшхуэ щыхуащIырт, цIыху Iущу, щэджащэу, тхакIуэ Iэзэу, акъыл щыпкъэу зэ- рыщытым, абы хэлъ цIыхугъэм, Хэку зауэшхуэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм, адыгэ лъэпкъыр игъэдахэу, игъэлъапIэу дунейм зэрытетым папщIэ.
МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей- Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ.
4 еджакIуэм: Ахьмэдхъан и рассказхэр художественнагъ и лъэныкъуэкIэ гу зылъатапхъэщ — ди рассказхэм иджыри къэс ямыIа гъэпсыкIэ зиIэ яхэтщ: ахэр символичнэщ, рассказыр зытеухуа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр умыщIэххэу щIагъыбзэкIэ къызэкIуэцIех. Ауэ щыхъукIи, рассказым щызэкIэлъыхьа Iуэхугъуэхэм узыIэпашэ, Iэпэдэгъэлэл умыщIыфу, нэхъыщхьэм урашалIэ. Ар классикэ рассказхэм я гъэпсыкIэм щыщ зыщ.
ЕтIуанэу, Налом и рассказхэр риторикэншэщ. ГъащIэм и къэхъукъащIэ пыухы-кIахэм ахэр апхуэдизу нэрылъагъуу тепсэлъыхьащи, уэр-уэру рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэм ухуокIуэж.
Бзэ и лъэныкъуэкIи рассказхэр гъэхуауэ тхащ, шэрыуэщ, къеджэгъуафIэщ, зэрызелъафэ жыIэгъуей я мащIэщ, псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ зэщыщхъуу къыщыгъэсэбэпащ. Мис абыхэм жан ящI а рассказхэр. Ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Налом и зэфIэкIыр нэхъри зыузэщIыр абы гъащIэм хуиIэ гуапагъэрщ, цIыхухэм дзыхь яхуищIу зэрахуэхьэлэлырщ. А хьэлэлыгъэм и макъщ Ахьмэдхъан и рассказ нэхъыфIхэр.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
5 еджакIуэм: Нобэ Ахьмэдхъан тхэтыжкъым. Абы и кхъащхьэм щхьэщыт жыг баринэр Урыху акъужь гуапэм щIи-упскIэху и къудамэ цIыкIухэмкIэ йоубзэ лъэпкъым фIы дыдэу илъэгъуа и къуэ щэджащэм: къуажэбгъум хъущIэу щежэх Урыхупс и Iуфэм Iут унэ цIыкIуу Ахьмэдхъан и фэр зраплъри сакъыу зэрахьэ и къуэш бынхэм; тхакIуэшхуэм и цIэр фIащащ къалэ, къуажэ уэрамхэм; Ахьмэдхъан и тхылъхэр щIаджыкI ноби зэIэпахыу. Псоми ящхьэжращи, ар ягу илъынущ зи щIалэгъуэм щIэныгъэ зыбгъэдилъхьа, IэщIагъэ зригъэгъуэту гъащIэ гъуэгу махуэ тригъэува и лъэпкъэгъуищэхэм, и хэкуэгъу минхэм: цIыхур зэралъытэр и Iэужьщ.
Къэмбэчокъуэ Iэдэм, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
5 еджакIуэм: Нало Ахьмэдхъан дунейм ехыжащ 2010 гъэм июным и 5 - м. Ар
щыщIалъхьэжащ къыщалъхуа къуажэм. Ауэ, Ахьмэдхъан псэущ, псэуащ, псэунущ зы адыгэ цIыху дунейм тетыху.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
Башҡорт теле һәм әҙәбиәте аҙналығы
Башҡорт теле аҙналығы...
Башҡорт теле һәм әҙәбиәте аҙналығы программаһы
Программа...