Рабочая программа для старшей группы по кабардинскому языку
календарно-тематическое планирование (старшая группа)

Урусмамбетова Марьяна Назировна

Пояснительнэ запискэ

Рабочая программа по кабардинскому языку разработана c учётом Федеральных государственных требований к структуре основной общеобразовательной программы дошкольного образования (приказ Министерства образования и науки РФ от 23.11.2009г №655) на основе «Программы воспитания и обучения детей дошкольного возраста «Анэбзэ» Авторы: Р..М. Ацканова , А.Х. Загаштоков, Р.Г. Урозаева, А.М Жиляев.
 

Скачать:

ВложениеРазмер
Microsoft Office document icon starshaya_o_kabardinskomu.doc234.5 КБ

Предварительный просмотр:

                   Муниципальное общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №1»

УТВЕРЖДАЮ

Директор МКОУ «СОШ №1»

Г.п.Залукокоаже

                                                                           /___________Т.К.Махошева ./

        

Рабочая программа

по кабардинскому языку в старшей группе 


 «СИ БЗЭ»

Возраст обучающихся – 5-6 лет

Срок реализации – 1 года

Авторы:

Берзекова Р.Р

Кумышева С.Р.

2018 г.

Содержание

  1. Целевой раздел.
    1.1. Пояснительная записка………………………………………..…….3
    1.2. Цели и задачи реализации Программы………………...…............. 3

1.3. Особенности Программы……………………………………………..4

1.4. Методы и направления, используемые для реализации Программы…………………………………………………………….5

1.5. Планируемые результаты…………………………………...……….5

  1. Организационный раздел.
    2.1. Особенности осуществления образовательного процесса……….6
    2.2. Организация режима…………………………………………….…....6
  2. Содержательный раздел.
    3.1. Перспективный план ………………………………..………………..6
  3. Список литературы…………………………………….………………………..…13
     

I. Целевой раздел

1.1. Пояснительная записка

Пояснительнэ запискэ

Рабочая программа по кабардинскому языку разработана c учётом Федеральных государственных требований к структуре основной общеобразовательной программы дошкольного образования (приказ Министерства образования и науки РФ от 23.11.2009г №655) на основе «Программы воспитания и обучения детей дошкольного возраста «Анэбзэ» Авторы: Р..М. Ацканова , А.Х. Загаштоков, Р.Г. Урозаева, А.М Жиляев.

При разработки рабочей программы учитывались:
- принцип гуманизации
- принцип дифференциации и индивидуализации
- принцип непрерывности системности образования. 
- бережного отношения к природе; 
-удовлетворение духовных потребностей личности.
Согласно требованиям СанПиН 2,4,1.26 66-10 продолжительность занятий
(по возрастным группам)

Программэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыдхэм ящыщ зыщ джэгукIэр. ДжэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм сабийм и акъылым, и бзэм зрегъэужь,нэхъ къулей ещI.

Программэм къигъэув къалэн нэхъ ин дыдэхэм щыщщ сабийхэм я бзэм зегъэужьыныр ныбжьым ельытауэ зэщхьэщыдзауэ зэрызэпаудыр.

А Iуэхуыгъуэхэм хохьэ:
-адыгэбзэм и макъ псори ягъэIуфу егъэсэныр;
-тэмэму псалъэмакъыр яухуэфыныр;
-дыкъэзыухъуреихь дунейм хащIыкIыр нэхъ куу щIыныр;
-художественнэ литературэм щыгъэгъуэзэныр
-псалъэ къэс мыхьэнэ зэриIэр я акъылым къегъэубыдыныр;
-псалъэухам гупсысэ пыухыкIа къызэриIуатэм гу лъегъэтэныр;
-сабийм и гуыпсысэкIэм зегъэужьыныр;
-зыхуей псалъэр къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.

1.2. Цели и задачи реализации Программы
Сабийхэм я бзэм зезыгъэужь дерсхэр (Цели)
Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэр бзэм и макъ псори псалъэхэм щызэхэцIыхукIыфу, щагъэIуфу, псалъэ зэкIэлъыхьыкIэ тэмэмкIэ къопсалъэфущытын хуейщ. Сабийхэм я бзэр нэхъ къулей хъун папщIэ, къэгъэсэбэпыпхъэщ мыпхуэдэ Iэмал: сабийхэм предмет гуэрым и щытыкIэр, и теплъэр, и плъыфэм, и инагъ-цIыкIуагъ, н. къахутэфын егъэсэныр, псалъэм папщIэ, мыр мэлщ, мэлым лъэкъуиплI щIэтщ,щхьэ пытщ,бжьакъуэ тетщ,и цыр фIыцIэщ, щабэщ,щынэ цIыкIу щIэсщ,щынэр хужьщ,щынэр цIыкIущ,мэлыр нэхъ инщ.

Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм сабийхэр набдзэгубдзаплъэу щытыным хурегъасэ.
Мазэ къэс егъэкIуэкIыпхъэщ бзэм и магъхэм теухуа зы дерсрэ грамотэ хуэзыгъэхьэзыр зы дерсрэ.
Сабийхэм я бзэм заужьын папщIэ,дерс кьэс макъхэм теухуа джэгукIэрэ лэжьыгъэрэ (упражненэнэ) къэгъэсэбэпыпхъэщ .

Макъхэр тэмэму,къабзэу къапсэлъыфу егъэсэным теухуауэ лэжьыпхъэщ: макъ нэхъ зэхагъэзэрыхьхэр зэхацIыхукIыу (дифференцированнэу) егъэщIэныр(б-п, в-ф, гу-ку, н.); бзэм и макъэхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу, езыхэр щыпсалъэкIи нэгъуэщIхэм щедаIуэкIи зэхах бзэр сабийхэм къагурыIуэу егъэсэныр;

- псалъэмакъкIэ яIэ есэныгъэмрэ зэфIкIхэмрэ егъэфIэкIуэныр, мыпIащIэу, зэпIэзэрыту псалъэным хуегъэджэныр,щыпсалъэкIэ хьэуар тэмэму жьэдашэным , ику ит макъкIэ (мыкIийуэ икIи мыщэхуу) псалъэу егъэсэныр;

- бзэм зыщрагъэужь, дыкъэзыухъуреихь дунейм щыгъуазэ щащI,художественнэ литературэр щрагъэцIыху,дерсхэм, дидактическэ джэгукIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ къагъэсэбэпурэ, сабийм псалэухар тэмэму иухуэфу игъэсэныр( псалъэм папщIэ мыIэрысэ- мыIэрысэр жыгым къыпокIэ; джэду- джэду шыр, ар щабэ цIыкIущ; цыжьбанэ- цыжьбанэм банэ куэд тетщ ар папцIэщ, къыпхуоуэ; топыр сысейщ, ууейщ ,сысейщ, дыдейщ, н.)

Сабий нэхъыжь гупхэм папщIэ жьэрыIуатэу жаIэжыфу хуезыгъысэ дерс хэха ирагъэкIуэкI(тепсэлъыхьыжыфу(пересказ), зэрыджэгу хьэпшыпым, предметым и зэхэлъыкIэр сюжетнэ сурэтым е сурэт зыбжанэ, езыр зыщыгъуазэ уэхугъуэ гуэрым теухуауэ) мазэм къриубыдэузы дерс, дерситI.

Абы сабийхэр зыщыгъуазэ псысэ цIыкIухэм ,рассказ кIэщIхэм щыщ егъэджакIуэр ядэмыIэпыкъуу езыр-езыру къаIуэтыжыфу ирегъасэ,хуиту,зэкIэлъыхьауэ,купщIэ нэхъыщхьэр къыхагъэщхьэхукIыфу,бзэр гъэщIэрэщIакIэ (образнэу) къэIуэтэжыфу.

Зэрыджэгу хьэпшыпым е предмет гуэрым теухуауэ щытепсэлъыхькIэ,

къэгъэсэбэп хъунущ дидактическэ джэгукIэхэр: « Тыкуэным щащэ зэрыджэгу хьэпшыпхэр», «Щыгъыныр щагъэлъагъуэ выстовкэм»,н. 

Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэм ялъэгъуа, зыщыгъуазэ Iуэхум теухуауэ рассказ цIыкIу къаIуэтэжыфу щытын хуейщ, зым къыщIидзэу, адрейм пищэу е зэгъусэу. Апхуэдэ рассказхэр щытыпхъэщ сабийхэм я гукъэкIыж нэхъыфIхэм щыщу, псалъэм папщIэ, «ЗыплъыхьакIуэ мэзым дыщыкIуам…», «ИлъэсыщIэр къыщихьэ пщыхьэщхьэм …», н.

А ныбжьым ит сабийхэм егъэджакIуэм таурыхъ, рассказ щажриIэжкIэ, къащыхуеджэкIэ, кассетэм тетуи иригъэдаIуэ хъунущ.

АнэдэлъхубзэмкIэ къэув къэлэнхэр (Задачи)

Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэм тхьэмахуэм дерситі яіэн хуейщ. Дерсыр егъэкіуэкіыпхъэщ дакъикъэ 20-25-кӀэ.

Зы илъэсым къриубыдэу егъэкіуэкіыпхъэщ сыхьэт 72-рэ.

А  ныбжьым  ит  сабийхэм  я  бзэр  къулей  щіынымкіэ,  зегъэужьынымкіэ,  бзэм  и  макъ  псори  къабзэу  къапсэлъыф  хъунымкіэ,  я  псэлъэкіэр  литературэбзэм  хуэшэным,  дыкъэзыухъуреихь дунейм хащіыкіыр нэхъ куу щіынымкіэ къэув къалэнхэр:

-  зыщыпсэу  къэралыр,  къэралым  игъэува  ціыхубэ  махуэшхуэхэм  (Мартым  и  8-м, Майм и 9-м,  Февралым и 23-м,  Илъэсыщіэм) теухуауэ гурыіуэныгъэ етын.  Къэралыр, абы и къалэ нэхъыщхьэр,  къыщалъхуа республикэр,  абы и къалэ нэхъыщхьэр фӀыуэ ялъагъуу, пщіэ хуащіу сабийхэр къэгъэтэджын;

- дыкъэзыухъуреихь предметхэм,  псэущхьэхэм,  къэкіыгъэхэм,  теухуауэ ящіэ псори къэхутэн,  икӀи абыкӀэ щӀэныгъэ куу етын;

- экологическэ культурэмкіэ, узыншагъэр хъумэнымкіэ гъэсэныгъэ етын;

- есэпымкіэ ящіэм пыщэн;

- дыкъэзыухъуреихь дунейм щалъагъу псоми кіэлъыплъыфу, зэрагъэпщэфу,  зэщхьхэр

къыхахыфу,  абыхэм тепсэлъыхьыжыфу,  оценкэ иратыфу егъэсэн;

- бзэм и лъэныкъуэ псори егъэфіэкіуэн: бзэм и макъхэр зэхамыгъэзэрыхьу псалъэхэм щызэхахыу,  къыщапсэлъыфу,  а  макъыр  здэщыт  пычыгъуэр  къагъуэтыфу  егъэсэн.  Сабийхэм  я  псалъалъэм  нэхъ  зегъэубгъун,  къулей  щіын,  диалогическэ  бзэм  зегъэужьын, хуэм-хуэмурэ монологическэ бзэм хуэшэн.  Упщіэ яхуэбгъэувам  к і э щ і   дыдэу,  мыпіащіэу, егупсысауэ жэуап иратыфу егъэсэн;

- я кум зэгурыіуэныгъэ,  пщіэ,  нэмыс дэлъу къэгъэтэджын;

- сабийхэм я акъылым, гулъытэм зегъэужьын, кърагъэжьа лэжьыгъэр и кіэм нагъэсыфу,  ар зыхуей хуагъэзэфу егъэсэн;

-  ялъагъу  дахагъэр  зыхащіэу,  щыгуфіыкіыу,  ар  зэрахъумэным  хущіэкъуу  къэгъэтэджын;

- лъэпкъым и культурэм,  и литературэм,  и искусствэм,  сабийхэр дегъэхьэхын,  фіыуэ егъэлъагъун;

- бзэр яіурымылъыжмэ, лъэпкъыр зэрыщымыіэжынур хьэкъыу япхыгъэкіын;

-  сабийхэм  хьэл-щэн  дахэ  яхэлъу,  нэхъыжьхэми  нэхъыщіэхэми  пщіэ  хуащіыфу  егъэсэн.

1.3. Особенности Программы

Бзэм зегъэужьыныр

Дыкъэзыухъуреихь  дунейм  хащіыкіыр  къэпщытэн,  сабийхэм  я  бзэм  зегъэужьын, псалъалъэр нэхъ къулей хъун папщіэ я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн:  щ ы і э ц і э   псалъэхэу ціыху Іэщіагъэ къызэрыкіхэр (егъэджакіуэ, дохутыр,  гъэсакіуэ, дэрбзэр,  ухуакіуэ,  мэкъумэшыщіэ,  жэмыш,  усакіуэ,  пщафіэ,  сурэттех,  н.);  плъыфэціэ,  предметым и  щытыкіэ къэзыгъэлъагъуэ  псалъэхэр  (хужь,  плъыжь,  фіыціэ,  ІэфІ,  дыдж,  быдэ,  н.);  лэжьыгъэ  къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр (ухуакіуэу мэлажьэ, дохутыру йоджэ,  н.).

Щыіэціэхэр,  плъыфэціэхэр,  глаголхэр  тэмэму  сабийхэм  я  бзэм  къыщагъэсэбэпыфу  егъэсэн (определенэ ирамыту). Щыіэціэрэ  плъыфэціэрэ  зэгъусэу  сабийхэм  я  бзэм  къыщагъэсэбэпыфу  егъэсэн:  (нап э і э л ъ э щ і   хужь, мыіэрысэ плъыжь,  н.).  КъикІ мыхьэнэр зэщхьу,  ауэ зэтемыхуэу къапсэлъ псалъэхэр  {дахэ, гуакіуэ, тхьэіухуд),  зэпэщіэуэ мыхьэнэ къызэрыкі псалъэхэр(къарууфіэ—къарууншэ, дахэ—Іей)  егъэщіэн.

Бзэм  имакъхэр

Адыгэбзэм  и  макъ  псори  тэмэму,  зэхэщіыкіыгъуэу  псалъэхэм  щагъэіуфу,  здэщыт пычыгъуэр къыбжаіэфу егъэсэн.  Бзэм нэхъыбэрэ щызэхагъэзэрыхь макъхэм елэжьын:

б — п,в — ф ,г — к ,г у — ку, гъ — хъ, гъу— хъу, д — т, дж —  ч, ж — ш , з — с, дз — ц , л — лъ—лі, жь—  щ(ш —  Щ,  X  — хь — хъ).

Нэхъ  къатехьэлъэ,  зэхагъэзэрыхь  макъхэр  нэхъыбэрэ  псалъэм,  псалъэухахэм,  къыщегъэпсэлъын.

Бзэм и грамматическэ ухуэкіэр

Сабийхэм псалъэуха  щаухуэкіэ щыіэціэрэ бжыгъэціэрэ ( Стіолым мыіэрысих телъш), щыіэціэрэ  плъыфэціэрэ  зэгъусэу  (къужь  гъуэжь)  я  бзэм  къыщагъэсэбэпыфу,  псэущхьэ щіэжьейхэм я ціэхэр куэд бжыгъэм иту жаіэфу егъэсэн:  шыщіэ — шыщіэхэр, щынэ  —  щынэхэр.

Псалъэ къызэрыхъу Іэмал зэмыліэужьыгъуэхэм щыгъэгъуэзэн:  фошыгъулъэ, шыгъулъэ,  щіакхъуалъэ; егъэджакіуэ, гъэсакіуэ,  еджакіуэ.

Зы лъабжьэ зиіэ псалъэхэр  къызэрыхъур егъэщіэн:  (шы-шыжь-шыщіэ).

Сабийхэм  я  бзэм  псалъэуха  къызэрыкіуэ ліэужьыгъуэхэр  къыщагъэсэбэпыфын  (зэ-раіуатэ (.),  зэрыупщіэ (?),  хэіэтыкіа (!).

Бзэр зэрызэпыщіар

Сабийхэр диалог (ціыхуиті е нэхъыбэ),  монолог (и закъуэуи)псэлъэкіэхэм щыгъэгъуэзэн:  Іэмал  зимыіэу  щыт  псалъэмакъыр  къыбдаіыгъыфу,  упщіэ  къуатыфу,  егъэджакіуэм игъэува упщіэм тэмэму жэуап иратыжыфу егъэсэн.

Литературнэ тхыгъэ мыинхэр  (таурыхъхэр,  рассказхэр) псалъэ зэпыщіакіэ зэрызэкіэлъыкіуэм хуэдэу къыжаіэжыфу егъэсэн.

Щапхъэ  ирагъэлъэгъуам  и  планым  тету  езыр-езыру,  мыин  дыдэу  предмет  гуэрым,сурэт е сурэт зыбжанэм теухуауэ жьэрыіуатэу рассказ зэхалъхьэфу егъэсэн.

Езы  сабийм  и  нэгу щіэкіауэ  е  зэныбжьэгъу  ціыкіухэм  зэдащіэ  ІуэхугъуэфІ гуэрым  теухуауэ,  щыжаіэжкіэ  я  гукъыдэжым  зыкъригъэіэту,  жьэрыіуатэу  рассказ  зэхалъхьэфу,жаіэжыфу егъэсэн.

Егъэджакіуэм ярита темэм теухуауэ сабий къэс езым и бгъэдыхьэкіэ иіэжу, зым жиіам адрейм  къытримыгъэзэжу,  бзэ  дахэ  гъэщіэрэщіакіэ  рассказ  ціыкіу  къаіуэтэжыфу  егъэсэн.

ЛЕКСИКЭ

Сэлам зэрызэрах, фіыщіэ зэращ! псалъэхэр: уи (фи) пщэдджыжь фіыуэ; уи (фи) махуэ фіыуэ;  уи (фи) пщыхьэщхьэ фіыуэ;  узыншэу ущыт (фыщыт);  упсэу,  насыпыфіэ ухъу. Инагъ-ціыкіуагъ  къызэрыкіхэр:  предметиті  зэрагъэпщэфу  (и  инагъкіэ,  и  кіыхьагъкіэ,  и бгъуагъкіэ,  и лъагагъкіэ).

Геометричесю  фигурэхэр:  хъурей  (круг),  зэбгъузэнатіэ  (квадрат),  щимэ  (треугольник).

Здэунэтіа  (здэгьэза), здэщыіэ лъэныкъуэ къызэрыкіхэр: сэмэгу,  ижь,  ищхьэ,  ищіагъ,  и гупэ,  и щіыбагъ,  ипэ.

Тхьэмахуэ зэхуакур: зэкіэлъыхьауэ тхьэмахуэ зэхуакур къыбжаіэфу  (блыщхьэ, гъубж,бэрэжьей,  махуэку,  мэрем,  щэбэт,  тхьэмахуэ).  Нобэ  сыт хуэдэ махуэ? Упщіэм  и жэуап  къуатыфу.  Нобэ щэбэт махуэщ.

Бжыгъэхэр (зэрабж, зэрызэкіэлъыкіуэ):  пщіым нэс бжэфу,  тхур пліым нэхърэ нэхъы-бэщ,  пліыр  нэхъ  мащіэщ тхум  нэхърэ,  къыбжаіэфу.  Мы  упщіэм  жэуап  иратыфу:  Дапщэ зэрыхъур? Щыщ зэрыхъур.

Плъыфэ  къэзыгъэлъагъуэхэр:  плъыжь  (красный),  гъуэжь  (желтый),  удзыфэ  (зеленый),  щхъуантіэ (голубой),  щіыху (синий),  хужь (белый),  фіыціэ (черный).

Зэман къызэрыкіхэр:  нобэ,  пщэдджыжь,  шэджагъуэ,  пщыхьэщхьэ, жэщ,  махуэ.

Гукъыдэж  (гукъыдэж  иіэныгъэ)  къызэрыкіхэр:  нэщхъыфіэщ,  нэжэгужэщ,  и  гурыфі  къикіауэ.

Гукъыдэжыншагьэ къызэрыкіхэр: нэщхъейуэ, къэгубжьауэ, къытехьауэ, зигъэгусауэ,  нэщхъ ищіауэ.

Хьэл-щэн кьэзыгъэлъагъуэхэр:  сабыр,  хьэлэл,  щабэ,  жыіэдаіуэ,  укіытэх,  гуапэ,  жыіэмыдаіуэ,  зыгъэгусэрей.

Бынунагъуэ:  бынунагъуэ,  адэ,  адэшхуэ  (дадэ),  анэ,  анэшхуэ  (нанэ),  бын,  къуэ,  пхъу,  шыпхъу, дэлъху.

Іыхьлыхэмрэ  благъэхэмрэ:  анэш,  адэ  къуэш,  адэ  къуэшым  и  къуэ,  адэ  къуэшым ипхъу,  анэ шыпхъу,  адэ шыпхъу,  анэ шыпхъум и къуэ (ипхъу).

Хэкумрэ  Хэкур  хъумэнымрэ:  хэку,  къыщалъхуа,  Хэкур  хъумэн,  мамырыгъэ,  зауэлі, екіуэныгъэ,  Іэщэ.

Псэупіэ унэ: блынджабэ,  бжэ, щхьэгъубжэ,  бжэщхьэіу, щхьэгъубжащхьэ, дэкіуеипіэ, щхьэгъубжэ абдж,  бжэкъу,  унащхьэ,  пэш,  хьэщіэщ,  унэ лъэгу.

    Унэлъащіэхэр (унэ хьэпшыпхэр):  шкаф,  гъуэлъыпіэ,  шэнт, диван,      

     пхъуантэ,  алэрыбгъу, щхьэгъубжэіупхъуэ,  бжэіупхъуэ,  сыхьэт,  зэрыдэ    

     машинэ,  стіолтепхъуэ.

Тепіэнщіэлъынхэр: уэншэку,  щхьэнтэ,  щащыху,  піэипхъуэ,  шхыіэн,  шхыіэнтебзэ.

Пщэфіапіэр,  хьэісьущыкъухэр:  пщэфіапіэ,  Іэнэ,  бэлагъ,  фалъэ,  дзасэ,  гуахъуэ,  сэ, кхъузанэ,  хупхъэ,  фошыгъулъэ,  шыгъулъэ,  бжэмышх,  тебэ. Адыгэ шхыныгъуэхэр:  щіакхъуэ,  лэкъум,  тхъурыжь,  джэдыкіэрыпщ,  дэлэн,  хьэлывэ, псыхьэлывэ,  піастэ,  мэжаджэ,  жэмыкуэ,  кхъуей  плъыжь,  лы  гъэгъуа  гъэжьа,  лыціыкіулыбжьэ, жэрумэ,тхьэмщіыгъукыбэ, джэд лыбжьэ,  кхъуейжьапхъэ, джэш лыбжьэ, къалмыкъ шей.

Псэуалъэхэр, пщіантіэр:  гуэщ,  бэкхъ,  джэдэщ,  куэбжэшхуэ,  куэбжэ ціыкіу,  пщіантіэ, бжэіупэ.

Щьзгъынхэр (гъэм и зэманхэм елъытауэ): джанэ, гъуэншэдж, бостей, ІэлъэщІ, джэдыгу, щхьэфіэпхыкі,  кіэпхын,  цыджанэ,  кіагуэ,  пщэдэлъ,  Іэлъэ,  кіэ,  пліэ,  бэлъто,  щіагъщіэлъ,  н.

Адыгэ ціыхубз фащэм хыхьэхэр: фащ э, бгъэіулъ (нагрудник), пыіэ, бгырыпх, гупэіулъ, эщхьэтхьэмпэ,  вакъэ.

Адыгэ ціыхухъу фащэм хыхьэхэр:  щіакіуэ  (бурка),  цей  (черкеска),  къэптал  (беш мет, род кафтана), джанэ,  гъуэншэдж,  бгырыпх,  хъурыфэ пыіэ,  шырыкъу,  бащлъыкъ (башлык).

Зыхуэпэным теухуа псалъэхэр: зыхуэпэн, зыщытіэгъэн, щытіэгъэн, лъытіэгъэн, зылъытіэгъэн, щыхын,  зыщхьэрытіэгъэн, телъхьэн, зытелъхьэн, зыщхьэрыхын, зылъыхын, тіэтэн, зыдэхын,  зыдэлъхьэн,  зыіэрытіэгъэн,  пхэн,  зыіэрыхын,  ЗЫЩІЭХЫН,  ЗЫЩІЭПХЭН.

Ціыху (псэущжьэ) Іэпкълъэпкъым теухуа псалъэхэр: щхьэ,  нэ,  пэ, жьэ, дзэ,  Іупэ,  бзэгу, дзэл,  тхьэкіумэ,  жьэпкъ,  пщэ,  натіэ,  набдзэ,  напэ,  нэбжьыц,  щхьэц,  бгъэ,  блэгъу,  Іэблэ, Іэпэ,  Іэпхъуамбэ,  Іэпхъуамбэшхуэ,  Іэпхъуамбапщэ,  Іэпхъуамбэжьакіэ,  Іэпкъынэ,  Іэдакъэ, Іэгу,  лъэгуажьэ,  лъэдий,  лъэкіэн,  лъакъуэ,  лъапэ,  лъэпхъуамбэ,  лъэдакъэ.

Къабзагъэм  ехьэліа  псалъэхэр:  къабзэ,  къабзэлъабзэ,  зыгъэкъэбзэн,  тхьэщіын,  зытхьэщіын,  лъэщіын  (дзэр,  напэр,  Іэр,  пэр),  зыгъэпскіын,  гъуджэ,  сабын,  дзэлъэщі,  дыху, напэіэлъэщі,  псы, лъэсын,  хьэуа къабзэкіэ бэуэн,  жьы щіегъэхуэн,  (унэм,  пэшым жьы щіегъэхуэн).

Ныбжьэгъугъэ: ныбжьэгъу пэж, зэныбжьэгъу, гъэныбжьэгъун, гъэпэжын, пэжу хущытын,  къыдэщіын,  къыщхьэщыжын,  дэіэпыкъун.

Унагъуэ Іуэхухэр:  унэ  зэлъыіухын,  пхъэнкіэн,  лъэсэн,  лъэщіын,  утхыпщіын,  пщэфіэн, шхын гъэхьэзырын,  Іэнэ къэщтэн (Іэнэм шхын къытелъхьэн),  Іэнэр Іухыжын,  хьэкъущыкъур тхьэщіыжын,  лъэщіыжын,  щыгъынхэр гъэкъэбзэн.

Хадэхэкіхэр:  балыджэ,  нащэ,  жэгундэ,  кіэртіоф,  бжьыныху,  бжьын,  къэбыстэ,  шыбжий,  пхъы.

Пхъэщхьэмыщхьэхэр:  мыіэрысэ,  кхъужь,  пхъэгулъ, дэ,  къыпціэ,  балий,  шэфтал.

Гъавэ къэкіыгъэхэр: гуэдз (пшеница), хьэ (ячмень), хьэпціий (рожь), ху (просо), нартыху (кукур уза),  зэнтхъ  (овес).

Удзхэр:  тхьэмпищ (клевер),  яжьащхъуэ  (марь),  тхьэрыкъуэф  (лопух),  хьэкъырш  (сурепа,  горчица  полевая),  шыпсыранэ  (крапива). Мэзым  къыщыкі  жыг  ліэужьыгъуэхэр:  пхъэхуей  (береза),  жыгей  (дуб),  уэздыгъей сосна),  бжей  (бук восточный),  кіей  (ясень),  зей  (кизил),  къущхьэмышхей  (мушмула германская),  щиху (тополь), дзэл (ива),  мей (яблоня дикая),  кхъужьей (груша).

Унэ  пеэущхьэхэр:  жэм,  шкіэ,  шы,  шыщіэ,  мэл,  щынэ,  бжэн,  чыці,  ажэ,  хьэ,  джэду,ьэпшыр, джэду шыр.

Мэз пеэущхьэхэр: дыгъужь, дыгъужь шыр,  мыщэ,  мыщэ  шыр,  уашхэ,  аслъэн,  бажэ, бажэ  шыр,  тхьэкіумэкіыхь,  тхьэкіумэкіыхь  шыр  (щіымахуэм  яшхыр,  щіымахуэ  мазищым жейхэр).

Джэдкъазхэр: джэд, джэдкъурт, джэджьей, адакъэ,  къаз,  къаз шыр,  бабыщ, бабыщ шыр.

Бдзэжьейхэр:  алабгъуэ  (плотва),  аргъей  (лосось),  хьэбдзэжьей  (щука),  пащіэкіапсэ усач).

Къуалэбзухэр: бгъэ (орел), къуаргъ (ворона), къанжэ (сорока), вынд (грач), тхьэрыкъуэ голубь),  бзу гъуабжэ (воробей),  къашыргъэ (ястреб),  хьэрхьуп  (удод),  жыгыуіу (дятел), жьынду (сова),  бжэндэхъу (скворец), пціащхъуэ (ласточка),  уэгунэбзу (жаворонок).

Хьэпщхупщхэр:  хьэмбылу (червь),  ціыв (жук),  шындырхъуо (ящерица),  шылъэгу (черепаха).

Гъудэбадзэхэр:  бадзэ  (муха),  гъудэ  (слепень),  аргъуей  (комар),  хьэндырабгъуэ  (бабочка),  хьэдзыгъуанэ (оса),  пкіауэ (кузнечик),  бжьэ (пчела).

Г ъэм и зэманхэр

Гъатхэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  псыхьэлыгъуэ,  ткіун  (уэсыр,  мылыр),  уэшх  къешхын,ъэтіэпіын  (жыгхэр,  къуацэ-чыцэхэр),  къыхэжын  (удзхэр),  щхъуантіэ  хъун  (хъупіэхэр,мэзхэр,  жыг хадэхэр).

Гъэмахуэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  хуабэ,  дыгъэ,  уафэгъуагъуэ,  уэшх,  гуэдз  Іухыжын,ыгъэпскіакіуэ,  пшахъуэ, лъапціэ, дыгъэм зегъэсын,  тенджызым кіуэн.

Бжьыхьэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): уэлбанэ, пшагъуэ, уэсэпс,  щ і ы і э т ы і э ,  жэп къехын, уэлбанэрилэ,  кърухэр, къуалэбзухэр лъэтэжын, гъавэ Іухыжын,  нартыху къехьэліэжын.

ЩІымахуэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  щ і ы і э ,  щ і ы і э   уае,  уэс,  мыл,  уэс  Іэшкіэ,  лъэрыжэ ъежэхын,  Іэжьэ,  жьапщэ,  щтын,  п і ы щ і э н ,  Уэс Дадэ,  Илъэсыщіэ.

Уэгум ехьэліа псалъэхэр:  мазэ - луна,  месяц;  уафэ - небо;  пшэ - облоко,  туча; дыъэ - солнце;вагъуэ - звезда.

Іэщіагъэхэр:  ухуакіуэ,  егъэджакіуэ,  дохутыр,  гъэсакіуэ,  дэрбзэр,  щіакхъуэгъажьэ,мэлыхъуэ,  сурэттех,  пщафіэ,  тыкуэнтет,  пощтзехьэ.

Адыгэ музыкальнэ Іэмэпсымэхэр:  пшынэ (гармонь), шыкіэ пшынэ (адыгская скрипка),пхъэціыч (трещетка), бжьамий (зурна),  къанціу (свирель).

Іэмэпсымэхэр:  Іэдэ (щипцы),  уадэ (молоток), джыдэ (топор), пхъэх (пила),  бел (лопа- та), хьэмфіанэ (тяпка), гуахъуэ (вилы), шэмэдж (коса), пхъэпс (рубанок), пхъэіэпэ (грабли), гъубжэ (серп),  сыдж (наковальня).

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэр: адыгэхэр, балъкъэрхэр, урысхэр,  осетинхэр,  журтхэр,  грузинхэр,  шэшэнхэр, ингушхэр,  н.

Къэбэрдей-Балъкэр  Республикэм  и  къалащхьэр,  бэракъыр,  гербыр,  презндентыр:Налшык,  Къанокъуэ Арсен Башир и къуэ.

Районхэр, къалэхэр, къуажэхэр, псыежэххэр, гуэлхэр, нэхъ  щ іы п іэ   дахэхэр  (нэгъуэщі мыхъуми езыхэр зыщыпсэур,  я адэ-анэхэр къыщалъхуар  )  Налшык,  Нарткъалэ,  Шэджэм, Бахъсэн,  Тырныауз,  Прохладнэ,  Майскэ,  Тэрч.

Адыгэ сабийм кіэлъызэрахьэ хабзэхэр:  гущэхэпхэ, лъэтеувэ.

Адыгэ тхьэлъэіухэр:  мафіащхьэтыхь,  вакіуэдэкі,  вакіуэихьэж.

Махуэшхуэхэр:  февралым  и  23-р  Хэкур  зыхъумэм  и  махуэщ.  Майм  и  1-р  гъатхэмрэ гуащіэдэкіымрэ  я  махуэщ.  Майм  и  9-р  Текіуэныгъэм  и  махуэщ.  Июным  и  1-р  Сабийхэр хъумэным и махуэщ.  Мартым и 8-р ЦІыхубзхэм я махуэщ.  Илъэсыщіэ.

1.4. Методы и направления, используемые для реализации Программы
Къэдгъэсэбэп Iэмалхэр (Методы и приемы).
- дидактическэ материалхэр (ребусхэр, кроссвордхэр, нэрылъагъу пособияхэр);
- Къуажыхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр;
- джэгукIэ, сюжет зиIэ сурэт гъэщIэгъуэн, егъэплъын, сабийхэм ящытхъун, тегъэгушхуэн, упщIэ етын, жэуап къыратыжыфу егъэсэн.

1.5. Планируемые результаты

Сабийхэм ящ1эн хуейщ: 
- сэлам зэрызэрах псалъэхэр
- гъэм и зэманым теухуа щ1эныгъэхэр
- бзэм и макъхэр къызэрыхъур, макъхэр псори ягъэ1уфу
- мэзым къыщыкI жыг лIэужьыгъуэхэр
- хабзэм, нэмысым теухуахэр 
- дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм теухуахэр
- тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур
- зэман къызэрыкI псалъэхэр
- хьэл-щэн къызэрыкI псалъэхэр
- гъавэ къэкIыгъэхэр
- цIыху Iэпкълъэпкъым хыхьэхэр
- адыгэ лъэпкъым я псэукIэр 
- усэхэр, рассказхэр зэпкъырахыфу, сурэтхэм тепсэлъыхьыфу
- къэзыухъурейхь дунейм тепсэлъыхьыфу.
Илъэсым и кіэм сабийхэм ящіэн хуейщ:

*гъэм и зэманхэр (къыщыхъу зэхъуэкіыныгъэхэр);

‘ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкіхэмрэ,  (къыщыкіыр,  хущхъуэгъуэ хэлъхэр);

*унагъуэ псэущхьэхэр,  шырхэр (щіэжьейхэр),  къапыкі хъерыр;

*мэз псэущхьэхэр,  хъер къапыкіыр;

*ди республикэм зэреджэр,  и къалэ нэхъыщхьэр,  президентыр;

*ди  республикэм  и  нэхъ  щіыпіэ  дахэхэу  3-4;  псыежэххэу 2 -3 ,  къалэціэхэр,  къуажэціэхэу 3-4; ‘ жыгыцӀэу 3-4;

* щіымахуэр изых бзууэ 3-4;

Сабийхэр щытын хуейщ:

*бзэм и макъ псори къабзэу къапсэлъыфу;

*ІэщІагъэ къызэрыкі щыіэціэхэр я псалъэмакъым къыщагъэсэбэпыфу;

*псалъэ лъэпкъыгъуэ псори псалъэухам къыщагъэсэбэпыфу;

*псалъэмакъ екіуэкіыр къыбдаіыгъыфу;

*щапхъэ ирагъэлъэгъуам тету предмет,  сурэт гуэрым теухуа  рассказ зэхалъхьэфу;

*усэ гъэхуауэ гукіэ къеджэфу;

*къызыхуеджа тхыгъэхэм теухуа упщіэхэм я жэуап къуатыфу;

*пщІым нэс бжэфу;

*езым и гъунэгъуу щылъ предметхэр здэщылъ щіыпіэр къыбжаіэфу;

Ѵеометрическэ фигурэ ебгъэлъагъухэм я фіэщыгъэціэр къыбжаіэфу;

‘ тхьэмахуэ зэхуакур зэрызэкіэлъыкіуэм хуэдэу къыбжаіэфу;

*зы жэщрэ махуэр сыхьэт дапщэ хъуми ящіэу.

Сабийхэр щытын хуейщ:

*бзэм и макъхэр къабзэу къапсэлъыфу;

*упщ1э яхуэбгъэувам жэуап иратыфу;

*геометрическэфигурэу хъурейр ящ1эу;

*зыщыгъуазэ таурыхъхэм, рассказхэм, усэхэм яф1эгъэщ1эгхуэну едэ1уэфу;

*зыщыгъуазэ таурыхъхэм щыщ 1ыхьэ инсценировкэ ящ1ыфу (егъэджак1уэр ядэ1эпыкъупхъэщ);

*тхылъым ит сурэтхэмрэ егъэджак1уэм и пщ1эхэмрэ къагъэсэбэпурэ зыщыгъуазэ тхыгъэхэм тепсэлъыхьэжыфу:

*усэ, къебжэк1 ц1ык1у гук1э къыбжа1эжыфу (мащ1э дыдэу фыдэ1эпыкъуми ягъэ к1ынукъым);

ГЪЭМ И КІЭМ САБИЙХЭМ ЯХУЗЭФІЭКІЫР КЪЫЗЭРАПЩЫТЭ  ЩІЫКІЭР

КъызэрыгуэкІш,  (хищіыкіышхуэ  щыізкъым). Сабийр  зэрыпсалъэ  бзэр  къогугъуэкі

Макъ  псори  тэмэму  къипсэлъыфыркъым,  Іэщіагъэ  къызэрыкі  щыіэціэхэр  къыбжиіэфыркъым. Псалъэуха нэхъ тыншхэр бзэм къыщегъэсэбэп. Езыр-езыру псалъэмакъым хэткъым.

Егъэджакіуэр дэіэпыкъуурэ сурэтым, предмет гуэрым теухуауэ рассказ кіэщі  зэхелъхьэф.

Упщіэ иратам дэіэпыкъуэгъуншэу жэуап иритыфыркъым, усэ ціыкіу гъэхуауэ къеджэфыркъым.

Ику  итвд.  Сабийр  зэрыпсалъэ  бзэр  къыгуроіуэ,  макъ  псори  тэмэму  къепсэлъыф, предметхэм я щытыкіэхэм тещіыхьауэ ахэр зэрызэгухьэ е зэрызэгуэкіыр къохьэлъэкі,  бзэ зэпыщіакіэ псэлъэфыркъым, езыр-езыру псалъэмакъым хэтыфщ, зы сурэт е сурэт зыбжанэ  къигъэсэбэпурэ  рассказ кіэщі  ціыкіу зэхелъхьэф,  упщіэ  хуагъэувам жэуап иретыжыф, усэ  гъэхуауэ  къоджэф,  псалъэуха  къызэрыкіуэкіэ  мэпсэлъэф,  ауэ  псалъэуха  убгъуакіэ  псэлъэныр къохьэлъэкі.

Фіыуэ ещіэ. Сабийр гугъу лъэпкъ емыхьу и бзэмкіэ мэпсалъэ, бзэм и макъ псори къабзэу къепсэлъ, и бзэм щыіэціэрэ плъыфэціэрэ зэгъусэу къыщегъэсэбэп, рассказ щызэхилъхьэкіэ,  псалъэуха убгъуахэр къегъэсэбэп,  предметхэм я плъыфэхэр ещіэ,  геометрическэ фигурэхэр  ещіэ,  упщіэ  хуэбгъэувам  жэуап  иретыф,  къыщалъхуа  къалэм  и  фэщыгъэціэр ещіэ,  усэ гъэхуауэ къоджэф,  гъэм и зэманхэр ещіэ, бзэ зэпыщіакіэ мэпсэлъэф.

Сабийхэм я зэфIэкыр къызэрапщытэ
(Формы контроля и учета движения воспитанников)
- Макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ къызэрапщытэ щIыкIэр (Диагностикэ);
- Есэпыр сабийм зэрищIэркъызэрапщытэ щIыкIэр;
- адыгэбзэ ьграмматикэм сабийм хищIыкIыр къызэрапщытэ щIыкiэр;

11.Организационный раздел.
2.1. Особенности осуществления образовательного процесса

ИЛЪЭСИТХУ-ХЫ ЗИ НЫБЖЬ САБИЙХЭМ Я БЗЭМ ЗЕГЪЭУЖЬЫНЫМКІЭ  МЕОДИЧЕСКЭ ЧЭНДЖЭЩХЭР

Дыкъэзыухъуреихь природэмрэ экологическэ гъэсэныгъэмрэ

Нэхъыжь  гупхэм деж дыкъэзыухъуреихь  природэмрэ  экологическэ  гъэсэныгъэмрэ теухуа дере тхьэмахуэм къриубыдэу зэ щатыпхъэщ, сентябрым къыщыщіэдзауэ май хъуху.

А ныбжьым  ит  сабийхэр  яфіэгъэщіэгъуэну  кіэлъоплъыф  природэм  къыщыхъу  зэхъуэкіыныгъэхэм.  Балигъхэм сабийхэр ирагъэсапхъэщ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ природэмрэ зэрызэпыщіар къахутэфу; къэкіыгъэхэмрэ пеэущхьэхэмрэ я псэукіэм щыгъуазэу, щыпеэу щіыпіэр адрейхэм къызэрыщхьэщыкіым гу лъатэфу.

Природэр ціыхум къыгуэхыпіэ имыіэу зэрепхар, узыншагъэр хъумэнымкіэ абы мыхьэнэшхуэ зэриіэр сабийхэм къагурыгъэіуэн хуейщ.

Егъэджакіуэм сабийхэр иригъэсэн хуейщ природэм къыщыхъу зэхъуэкіыныгъэхэм гу лъатэфу, мэз пеэущхьэхэмрэ абыхэм я щытыкіэмрэ кіэлъыплъыфу, щіымахуэр ди щіыпіэм щизых бзухэмрэ хуабапіэм лъэтэжхэмрэ зэхагъэкіыфу, жыг зэмыліэужьыгъуэхэр яціыхуу,

пеэ зыіут псоми гущіэгъу хуащіу.

Сабийхэр  щыгъуазэ  щіыпхъэщ языныкъуэ мэз  псэущхьэхэм  (дыгъужь,  мыщэ,  бажэ, тхьэкіумэкіыхь,  цыжьбанэ)  я  псэукіэм,  яшхым,  шхын  къызэралъыхъуэм,  щіымахуэ  жейм зэрызыхуагъэхьэзырым  (п.п.  цыжьбанэм  жыг  тхьэмпэ  зэхуехьэсри  хогъуалъхьэ,  мыщэр гъуэм щожей).

Языныкъуэ гъудэбадзэхэм, хьэпщхупщхэм я къэкіухьыкіэм гу лъегъэтапхъэщ (бжьэр, бадзэр мэлъатэ, пкіауэр мапкіэ, хьэмбылур мэпщ); яжеіэпхъэщ хъумпіэціэджхэмрэ бжьэхэмрэ гупышхуэу зэрыпеэур."

Гъэм и зэман къэс зэ зыплъыхьакіуэ шапхъэщ зы щіыпіэмд е ж , зэхъуэкіыныгъэ къэхъухэм кіэлъыплъыну.

Гъэм  и  зэманхэр  зэкіэлъыхьауэ  къапеэлъыфу,  къэхъу  зэхъуэкіыныгъэхэм  гу лъатэу, абыхэм тепеэлъыхьыжыфу егъэсапхъэщ.  Зы  жэщрэ  зы  махуэр сыхьэт тіощірэ пліырэ  зэрыхъур егъэщіапхъэщ. Дунейм и дахагъэр зыхащіэу, абы теухуа псалъэмакъ къыбдрагъэкіуэкіыфу сабийхэр егъэсэн хуейщ.

Сабийхэм ехьэліа адыгэ тхьэлъэіухэм яхутепсэлъыхьыпхъэщ.

Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэр Іуэрыіуатэм щыгъэгъуэзапхъэщ (псалъэжьхэм, псалъэ

шэрыуэхэм,  къуажэхьхэм,  псынщіэрыпсалъэхэм,  къебжэкіхэм,  нэщэнэхэм).

Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ природэмрэ теухуауэ зрагъэгъуэта щіэныгъэр дидакти-ческэ джэгукіэкіэ егъэбыдыліэжыпхъэщ: «Яшх-ямышх», «Къэп гъэщіэгъуэн ціыкіу», «Щхьэкіэмрэ лъабжьэмрэ»,  «Мэз псэущхьэ е унагъуэ псэущхьэ», н.

Гъэм и зэманхэм къыщыхъу зэхъуэкіыныгъэхэр

Вжьыхьэ. Бжьыхьэм дунейм и щытыкіэм зэрызихъуэжым кіэлъыгъэплъын. Пхъэщхьэмыщхьэр къыпачыж.  Языныкъуэ псэущхьэхэм щіымахуэ жейм зыхуагъэхьэзыр (хьэндыркъуакъуэр,  шындырхъуор,  шылъэгур).  ЩІыІэм  щышынэ  бзухэр  хуабапіэхэм  мэлъэтэж, адрей  бзухэм  ціыхухэм  нэхъ  пэгъунэгъу  зыхуащі,  яшхын  зэрагъэпэщ.  Пщэдджыжьымпшагъуэу,  щіым жэп къытехауэ,  щіыіэтыіэу нэху къокі.  Гъавэр іуахыж.

Щіымахуэ. ЩІымахуэр изых бзухэр егъэціыхун. Зэхъуэкіыныгъэ къэхъухэм гу лъегъэтэн.  Дунейр  щ і ы і э   уае  мэхъу,  ціыхухэм  щыгъын  хуабэ  щатіагъэ.  Уэс  куу  къос,  псыхэр мэщт. Жьы щ і ы і э   къопщэ, щіыр Іумыл мэхъу. Дунейр дыгъэм къигъэхуэбэжыркъым. Усэ, къуажэхь, нэщэнэ щіымахуэм теухуауэ егъэщіэн. Илъэсыщіэ махуэшхуэр къызэрыблагъэр яжеіэн, хуэгъэхьэзырын.

Гъатхэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  псыхьэлыгъуэ,  ткіун  (уэсыр,  мылыр),  уэшх  къешхын, к ъ э т і э п і ы н   (ж ыгхэр,  къуацэ-чыцэхэр),  къыхэжын  (удзхэр),  щхъуантіэ  хъун  (хъупіэхэр, мэзхэр, жыг хадэхэр).

Гъэмахуэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  хуабэ,  дыгъэ,  уафэгъуагъуэ,  уэшх,  гуэдз  Іухыжын, зыгъэпскіакіуэ, пшахъуэ, лъапціэ, дыгъэм зегъэсын,  тенджызым кіуэн.

Бзэм зегъэужьын

Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэм я лексикэм фіыуэ зиужьауэ щытщ.  Абыхэм я бзэм къыхагъахуэ синонимхэр,  зрагъэпщэф антонимхэр.

Я псалъэмакъым къыщагъэсэбэпыф псалъэ куэд бзэм и псалъэ лъэпкъыгъуэ зэмыліэужьыгъуэхэу ціыхухэм я лэжьыгъэм, яку дэлъ зэхущытыкіэм, я хьэл-щэным, я гукъыдэжхэм теухуауэ.

Сабийхэм я наглядно-образнэ мышленэм зыщиужьыр илъэситху нэужьыращ.  А ныбжьым ит сабийхэм ялъагъу псори ягу ираубыдэф,  топсэлъыхьыжыф.

Нэхъыжь гупхэм папщіэ мазэ къэс егъэкіуэкіыпхъэщ бзэм и макъхэм теухуа зы дерс.

Абы  н э м ы щ і к і э   бзэм  зыщрагъэужь  дерсхэм  хагъэхьэ  джэгукіэрэ  лэжьыгъэрэ,  сабийхэр щыпсалъэкіэ тэмэму хьэуар жьэдашэу бзэм и макъхэр зэхэщіыкіыгъуэу къапсэлъыф хъун папщіэ. А ныбжьым ит сабийхэр ирагъасэ нэхъыбэрэ зэхагъэзэрыхь макъхэр зэхагъэкіыфу (дифференцировать):  жьгъыжьгъхэмрэ  дэгухэмрэ  (б-п,  в-ф,  г-н.,  гу-ку,  гъ-хъ,  гъу-хъу,д-т, дж -ч, ж -ш , з-с, дз-ц, л-лъ, жь-щ).

Макъхэр къабзэу, зыхэщіыкіыгъуэу къапсэлъыфу егъэсэным теухуа дерсхэм хохьэ:

- макъ нэхъ зэхагъэзэрыхьхэр зэхагъэкіыфу егъэсэныр  (ш-щ, х-хь-хъ, л-лъ-лі, н.);

- бзэм и макъхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу, езыхэр щыпсалъэкіи нэгъуэщіхэм щедаіуэ-кіи зэхах бзэр сабийхэм къагурыіуэу егъэсэныр;

- псэлъэкіэмкіэ яіэ есэныгъэмрэ зэфіэкіхэмрэ егъэфіэкіуэныр, мыпіащіэу, зэпіэзэрыту псэлъэным хуегъэджэныр,  щыпсалъэкіэ хьэуар тэмэму жьэдашэным,  ику ит макъкӀэ (мыкӀийуэ икӀи мыщэхуу) псалъэу егъэсэныр;

- сабийм псалъэухар тэмэму иухуэфу егъэсэныр.

Бзэм зыщрагъэужь, дыкъэзыухъуреихь дунейр щрагъэціыху, художественнэ литературэм  щыгъуазэ  щащі дерсхэм  бзэм  и  грамматическэ  ухуэкіэм  щызыгъэгъуазэ дидактическэ джэгукіэрэ лэжьыгъэрэ хэгъэхьэн хуейщ.

Нэхъыжь гупхэр тепсэлъыхьыжыным (пересказ) щыхурагъасэ дерс (зэрыджэгу хьэпшыпым,  предметым,  сурэт  зыбжанэм,  езыр  зыщыгъуазэ  Іуэхугъуэ  гуэрым  теухуауэ) ирагъэкіуэкі мазэм къриубыдэу тіэу-щэ.

Егъэджакіуэр  ядэмыіэпыкъуу  езы  сабийхэр  зыщыгъуазэ  псысэ,  рассказ  ціыкіухэр хунту,  зэкіэлъыхьауэ,  гупсысэ  нэхъыщхьэр  къыхагъэщхьэхукіыфу,  бзэ  гъэщіэрэщіакіэ къаіуэтэжыфу егъэсэн хуейщ.

Егъэджакіуэм  сабийхэр  щыгъуазэ  зыхуищіыну  тхыгъэр  зытепсэлъыхьыр  езым  зэпкърихауэ,  езыр-езыру  къагурыіуэныр  къихутауэ,  къагурымыіуэну  къыщыхъуу  къагурыгъэіуапхъэмрэ тхыгъэм и  гупсысэ  нэхъыщхьэр зытеухуар къагурызыгъэіуэну упщіэхэмрэ игъэхьэзырауэ щытын хуейщ.

Зэрыджэгу  хьэпшыпым  е  предмет  гуэрым  щытепсэлъыхькіэ,  къэбгъэсэбэп  хъунущ дидактическэ джэгукіэхэр:  («Тыкуэным  щащэ зэрыджэгу хьэпшыпхэр»,  «Щыгъыныр  щагъэлъагъуэ выставкам»,  н.)

Илъэсым къриубыдэу блыным фіэлъ сурэтхэм щыщу 3 -4 тепсэлъыхьыжыфу егъэсапхъэщ: («Бжьыхьэ мэз», «Гъатхэ», «Цыжьбанэ», «Унагъуэ», «ЩІымахуэ», «Бжэндэхъухэр къэлъэтэжащ», «Мэз псэущхьэхэр», н.). Абыхэм щытепсэлъыхьыжкіэ, егъэджакіуэм упщіэ яритурэ, рассказ ціыкіу къахуеджэурэ сабийхэр хуишапхъэщ ялъагъумрэ зэхахымрэ зэрагъэпщэфу,  зэщхьыныгъэ хэлъхэм гу лъатэфу.

Илъэситху-хы зи ныбжь сабийхэм зыщыгъуазэ іуэхум теухуауэ рассказ ціыкіу къаіуэ-тэжыфу  щытын  хуейщ,  зым  къыщіидзэу  адрейм  пищэу  е  зэгъусэу.  Апхуэдэ  рассказхэр щытыпхъэщ сабийхэм  я  гукъэкіыж  нэхъыфіхэм,  псалъэм  папщіэ,  Зыплъыхьакіуэ  мэзым ды щ ы кіуам ..., Илъэсыщіэр къыщихьа пщыхьэщхьэм  н.

А ныбжьым ит сабийхэм таурыхъ рассказ яжефіэжи факъыхуеджи хъунущ,  абы щынэмыщіа,  кассетэм тету евгъэдаіуэмэ,  евгъэплъмэ нэхъ гъэщіэгъуэн ящыхъунущ.

Сабийхэр дыкъэзыухъуреихь дунейм щыгъуазэ щащікіэ, зыщалъхуа къалэр (къуажэр), нэхъ щіыпіэ дахэхэр,  сабий усакіуэ-тхакіуэхэу (зы-тіу),  Щоджэнціыкіу Алий и ціэр зезыхьэ музейр,  театрыр, Лъэпкъ музейр ирагъэціыхупхъэщ, зыплъыхьакіуэ шапхъэщ.

Сабийхэм я бзэр нэхъ къулей щіынымкіэ, бзэ зэпыщіакіэ къопсэлъэфын, псалъэухахэр тэмэму  яухуэф  хъунымкіэ  къэгъэсэбэпыпхъэщ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр,  псалъэм  папщіэ, «Зым къыщіедзэ - адрейм пещэ»,  «Гуащэ театр» («Кукольный театр»).

Адыгэ художественнэ тхыгьэхэм щыгъуазэ щіын

Илъэситху-хы  зи  ныбжь  сабийхэр  щыгъуазэщ литературэбзэ  тхыгъэ  зэмыліэужьыгъуэхэм,  зэхагъэкіыф  таурыхъымрэ  рассказымрэ,  щыуагъэншэу  къахутэф  усакіуэм, тхакіуэм итха тхыгъэхэр.

А ныбжьым ит сабийхэр нэхъ куууэ щыбгъэгъуазэ хъунущ псалъэжьхэм,  нэщэнэхэм, псынщіэрыпсалъэхэм, къебжэкіхэм,  къуажэхьхэм,  гущэкъу уэрэдхэм,  н.

Илъэсихым  ит  сабийхэм  махуэ  къэс  зыгуэр  къахуеджэн  хуейщ,  абы  ипкъ  иткіэ  адэ- анэхэм я пщэм илъхьэн хуейщ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм деж я бынхэм тхылъ къахуеджэну, къазыхуеджэну тхыгъэхэри яжеіапхъэщ.

Япэщіыкіэ сабийхэр  хуэгъэхьэзырын  хуейщ  щыгъуазэ  зыхуэщіыпхъэ  тхыгъэхэм,  абы ипкъ иткіэ мы Іэмалхэр къэбгъэсэбэп хъунущ тхылъ уголокым ялъэгъун хуэдэу Т Х Ы Л Ъ Ы Щ ІЭ тралъхьэ. Езы сабийхэм иллюстрацэхэр зэпаплъыхь, тхыгъэхэр сыт хуэдэ жанрым хыхьэми

къахутэ (таурыхъ,  рассказ,  усэ),  зытепсэлъыхьыр къащіэ. Дерсым щіимыдзэ щіыкіэ егъэджакіуэр  сабийхэм  упщіэкіэ  захуигъэзапхъэщ,  икіи  къихутапхъэщ,  тхылъыщіэм  теухуауэ къащіар.  Нэхъ набдзэгубдзаплъэу къахэкіахэм щытхъупхъэщ,  фіыщіэ яхуищіыпхъэщ.

Егъэджакіуэм тхыгъэхэм сабийхэр зыщрихьэліэну предмет ямыціыхухэр ярегъэлъагъу, къызэрагъэсэбэпыр яжреіэ.

Тхылъым и ціэр къигъэсэбэпурэ егъэджакіуэм тхыгъэр зытеухуар яжреіэ.

Тхыгъэм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкіуэкіын хуейщ. Тхыгъэр зытеухуар нэхъыфіу ягу ираубыдэнымкіэ сэбэп хъунущ мыпхуэдэ Іэмалхэр:

- егъэджакіуэм и упщіэхэр;

- тхыгъэм теухуа иллюстрацэхэр зэпегъэплъыхьыныр;

- тхыгъэм хэт ліыхъужьхэм жьэрыіуатэу сурэт хуегъэщіыныр;

- сабийхэм я лъэіукіэ текстым щыщ Іыхьэхэм къахуеджэныр.

 Тхыгъэм и жанрыр нэхъыфіу къагурыіуэн папщіэ къэгъэсэбэпыпхъэщ мыхэр:

а)  нэхъ дыхьэшхэн,  зыгъэнэщхъеин,  шынагъуэ  къащыхъуа  теплъэгъуэхэм  яхутепсэлъыхьыжын,  итіанэ ахэр зыхэт пычыгъуэхэм къахуеджапхъэщ;

б) зы эпизод гуэрым нэхъ гурыіуэгъуэу яхутепсэлъыхьыпхъэщ (егъэджакіуэм къызэрыхихым хуэдэу). Иужькіэ егъэджакіуэр текстым къахуеджэурэ, псалъэухам и кіэр сабийхэм  негъэгъэсыжыпхъэщ;

в) я псалъалъэм зегъэужьын папщіэ гъэщіэгъуэн къащыхъуа пычыгъуэхэр теплъэгъуэ ціыкіу егъэщіын хуейщ.

Фигу къэдгъэкіыжыну дыхуейщ усэр гукіэ зэрегъэщіапхъэ дерсым и структурэр: гукіэ зэрагъэщіэн хуейуэ зэрыщытыр яжевмыіэу усэм къахуеджэн; зэрызэрагъэщіапхъэр ящіэу къахуеджэн; пычыгъуэхэр зэрызэкіэлъыкіуэм хуэдэу яхузэпкърыхын; сабийхэм я гулъытэр хуэшэн  усэм  къызэреджэн  хуейм;  сабиищ-пліы  къегъэджэн;  егъэджакіуэр  усэм  къахуеджэурэ иухыпхъэщ дерсыр.

Дере блэкіам ящіар къапщытэжурэ къыщіэдзэн хуейщ художественнэ тхыгъэхэр щрагъэціыху дерсхэр.

Бзэм  зыщрагъэужь,  дыкъэзыухъуреихь  псори  щрагъэціыху  дерехэм  нэхъыбэрэ  ягу къыщыгъэкіыжын хуейщ программам хыхьэ тхыгъэхэр абы щыщ пычыгъуэхэр, ирагъэкіуэкіыпхъэщ литературнэ викторинэхэр.

Іэмал  имыіэу  къэщіапхъэщ,  тегъэпеэлъыхьыжыпхъэщ зыщыгъуазэ  таурыхъхэм,  рассказхэм  щыщу  нэхъ  ягу  ирихь  пычыгъуэхэм;  фіыуэ  ялъагъу  усэм  къегъэджапхъэщ,  езы егъэджакіуэри гъэхуауэ,  бзэ къабзэ щабэкіэ усэ къахуеджапхъэщ.


2.2. Организация режима

Согласно требованиям СанПиН 2,4,1.3049-13 продолжительность занятий в подготовительной группе 5-6 лет 20-25 минут.

ИЛЪЭСЫМ КЪРИУБЫДЭУ ЕГЪЭКІУЭКІЫПХЪЭ ДЕРСХЭР

Программам къигъэув къалэнхэр

Дерс егъэкіуэкіыпхъэхэм я бжыгъэр

1кв

2кв

3кв

Ды къэзыухъуреихьхэм  щыгъэгъуэзэн:

дунейм 3

3

3

4

предм етхэм

2

4

3

природэм

2

2

2

Бзэм зегъэужьыныр:

псалъалъэм  хэгъэхъуэны р,  бзэм  и  грам матическэ ухуэкіэр

Тхьэмахуэ  къэс  ирагъэкіуэкі  д ж э гу к іэ р элэж ьы гъэрэ дерсы м  и  Іыхьэу

бзэм  и  макъхэр

3

3

бзэр зэрызэпыщіар

4

1

2

Ады гэ худож ественнэ тхыгъэхэм щ ыгъуазэ  щіын

яж еіэж ы пхъэхэр,  къы зы хуеджапхъэхэр

7

6

6

гукіэ  зэрагъэщіапхъэхэр

4

3

4

Илъэс

Бжыгъэр

Дерсхэр зэрекіуэкіыну зэманыр

(дакъикъэр)

Тхьэмахуэ  зэхуакум

къриубыдэу

егъэкіуэкіыпхъэ

дерсхэр

Зы илъэсым къриубыдэу

егъэкіуэкіыпхъэ

сыхьэт бжыгъэр

4-6

20-25

2

72

111.Содержательный раздел.
3.1. Перспективный план

АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭМКІЭ ПЛАН-ПРОГРАММЭ

Адыгэ литературэр фіыуэ ялъагъуу,  егъэджакіуэр къызыхуеджэ тхыгъэхэр  къагурыІуэу, абы къыхэщліыхъужьхэм я щытыкіэхэм зэрыхущытыр къыжаіэфу, Іеймрэ фіымрэ зэхагъэкіыфу,  купщіэ нэхъыщхьэр къыщагъуэтыфу,  ирикъуу упщіэхэм я жэуап къуатыфу.

I квартал  (сентябрь—ноябрь)

Хъыбархэр,  псысэхэр:  «Хьэуазэр,  дэпыр,  джэшыр»,  «КІыгуугу»,  «Бажэмрэ  Дыгъужьымрэ».

Таурыхъхэр:  «Бажэмрэ  Мэз  джэдымрэ»  ( зытх.  Балъкъэр  Къ.);  «Ныбгъуэ  ціыкіумрэ Бажэжь ціыкіумрэ»  (зытх. Къардэн Б).

Рассказхэр:  Д.  К.  Ушинский  «Бжьыхьэ»;  Журт  Б.  «Джэджьей  щіыху  ціыкіу»;  Шэджыхьэщіэ Хьэмыщэ «Сыт джэдум шха нэужь зыщіитхьэщіыр?»

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Афіэунэ Лиуан  «Дыгъэ»,  «Псыхьэ лъагъуэ»;  КІэщт Мухьэз«Жыгхэр мэіущащэ»;  Хьэціыкіу Хьэсэн  «Хьэфэ пыл».

Гукіэ  егъэщіапхъэ  усэхэр:  Щомахуэ  Амырхъан  «Ди  Хэкур»;  Къагъырмэс  Борис«Кхъужьей жумарт»;  КІэмыргуей Толэ «ПІэтІэ»;  Бэч Фатіимэ «Фащэ».

Уэрэд:  макъ. Хьэіупэ Дж.,  пс. Афіэунэ Л.  «Удз гъэгъа сэ къэсщыпа».

II квартал  (декабрь—февраль)

Къызыхуеджапхъэхэр, жегъэіэжыпхъэхэр, яжеіэжыпхъэхэр

Таурыхъхэр:  «Хьэм  ныбжьэгъу  къызэрилъыхъуар»;  «Дыщэ  кіанэ»  (зытх. Жаным Б.);«ЛІыжь ціыкіумрэ Дыгъужьымрэ»  КъардэнгъущІ 3.

Рассказхэр:  Нало 3.  «Аслъижан и щхьэхыкіэр»;  Щоджэнціыкіу А.  «ЩІымахуэ»;  ЦІагъуэ Н.  «Хьэндыркъуакъуэ»;  Журт Б.  «Уэ ухэт?» Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Хьэціыкіу Хьэсэн «Къуаргъ»;  Нало Заур «Залинэ и уэрэд»; ПхытІыкІ Юрэ «Нанэ сэрэ».

Гукіэ  егъэщіапхъэ  усэхэр:  Афіэунэ  Лиуан  «ЩІымахуэ»;  Нало  Заур  «Джэду  ціыкіу»; Бейрэмыкъуэ Іэминат «Цыджанэ».

Уэрэд:  пс.  Афіэунэ Л.,  макъ. Жылау А.  «Илъэсыщіэ псей».

III квартал  (март—май)

Таурыхъхэр: «Кърумрэ Бажэмрэ», «Бжьахъуэ» Къэрмокъуэ Хь.; «Ужьэ ціыкіумрэ Уашхэ нэкіутіэрэ» (Тау Н.).

Рассказхэр:  Нало 3.  «Зулий  и жыг»;  Хьэнфэн А.  «Къэхутакіуэ ціыкіу»;  Къагъырмэс  Б. «Щихум и жэуап».

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Афіэунэ  Лиуан  «Тузик»,  «Гъатхэ»;  КІэмыргуей  Толэ  «Уэс  кіэкъинэ»,  «ТІу зопсалъэ»;  КІэщт Мухьэз  «Мэзым».

Гукіэ егъэщіапхъэ усэхэр:  КІэщт М.  «Гъатхэ губгъуэм»; Афіэунэ Л.  «Хьэрхьуп»; Хьэмгъуэкъу Лидэ «Пціащхъуэ ціыкіу»;  Гъубжокъуэ Лиуан  «Къэрабэ».

Уэрэд:  пс. Уэхъутэ  А .,  макъ. Жылау  А.  «Гъатхэм  и  пщэдджыжь»;  пс. Щомахуз  А., макъ. Жылау А.  «Гъатхэ».

Нэхъыбэ ебгъэщіэну ухуеймэ, къэгъэсэбэпыпхъэхэр

Таурыхъхэр: «Хъумпіэціэджымрэ Тхьэрыкъуэмрэ»; «ЛІыжьымрэ Джэдумрэ» Елбэд Хь.; «Іупэ дыкъуакъуэ»;  «Ди къаз ціыкіу абыкіэ некіуэкіа?»  КІуантІэ I.

Рассказхэр:  Къагъырмэс Б.  «Псори зыщіэ Болэт»;  Журт Б.  «ЩІэщхъу».

Къызыхуеджапхъэ  усэхэр:  Балъкъыз  Батий  «Уафэр  мэгъуагъуэ»;  Сонэ  Абдулчэрим

«Адакъэ»;  Жылэтеж Сэлэдин  «Нанэ и нэгъуджэ»;  Хьэціыкіу Хь.  «КІуркІунау».

Гукіэ егъэщіапхъэ усэхэр:  Къагъырмэс  Борис  «Гъэмахуэ»;  Іутіыж Борис  «Гуащэіэпэ»; Афіэунэ Лиуан  «Аргъуей»,  «Си бзу ціыкіухэр»;  Жаным  Борис  «Бажэ ціыкіу».

Іуэрыіуатэм щыщ Іыхьэхэр

Псынщіэрыпсалъэхэр,  къуажэхьхэр,  нэщэнэхэр,  псалъэжьхэр,  къебжэкіхэр  (егъэджакіуэм къызэрилъытэм хуэдэу).

Сабий джэгукіэхэр:

«Чыбжьэ  зэпекъу»,  «Пыіэ  хуэжэ»,  «Пыіэ  зэіэпых»,  «Къру-къру»,  «Лъэф»,  «Гъуэрыгъуапщкіуэ»,  «Зэкъуэт»,  «Пыіэкъуэдзэ».

Календарнэ-тематическэ план


Темэр


Темэм и мыхьэнэр


Къэдгъэсэбэп литературэр


Темэм и бжыгъэр

1.Сэлам зэрызэрах псалъэхэр сабийхэм ягу  къэгъэкIыжын.

1.Сэлам зэрызэрах псалъэхэр сабийхэм ягу къэгъэкIыжын.
2.Cабийхэм езыр-езыру зэгъэпсэсылIэн,зэрыгъэцIыхун: 
-цIэр, унэцIэр зэгъэщIэн. 
3.ФIыщIэ зэращI псалъэхэр къэпщытэжын;
-бзэм къызэрыщагъэсэбэпын кIэлъыплъын,егъэфIэкIуэн. 



Ацкъан Ритэ
Стр.14 


2.«Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр зэрызгъэкIуар»: 
-темэм теухуа рассказ цIыкIу сабийхэм зэхегъэлъхьэн;
- псалъэухар зэраухуэм 
кIэлъыплъын, егъэфIэкIуэн.

1.Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр «зэры
згъэкIуар»:
- темэм теухуа рассказ цIыкIу сабийхэм зэхегъэльхъэн;
- псалъэухар зэраухуэм.
2.Гъэмахуэ нэщэнэхэр ягу къэгъэкIыжын,жегъэIэн:
- Бабыщхэм уцзым зыхакухьмэ,
уэлбанэ хъунущ,жаIэрт.
«ГъуэрыгъуапщкIуэ» гъэджэгун.



3.Бзэм и макъхэр къызэрыхъум щыгъэгъуэзэн:
- абы хэлэжьыхь органхэр яжеIэн (тэмакъыр, жьэ, пэ кIуэцIхэр, н.)

1. Бзэм и макъхэр къызэрыхъум щыгъэгъуэзэн:
абы хэлъэжьыхь органхэр яжеIэн (тэмакъыр,жьэ,пэ кIуэцIхэр, н)
2.Макъзешэхэр псалъэхэр щагъэIуфу егъэсэн.
3.Сабийхэр я псалъэхэм хагъэхъуэн папщIуэ, «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.



4. «Псы» тхыгъэ кIэщI цIыкIуым къахуеджэн:
-упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын.

1. «Псы тхыгъэ кIэщI цIыкIуым къахеджэн:
-упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын.
2.АфIэунэ Л. «Псыхьэ лъагъуэ»:
-усэм къахуеджэн,словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
3.Псыр псэ хэлъхьэжщ».



5. «Гъэм и зэманхэр» сурэтымкIэ гъэлэжьэн:
-бжьыхьэм хыхьэ мазищыр сабийхэм егъэщIэн;
-дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъыгъэплъын:

1. «Гъэм и зэманхэр» сурэтымкIэ гъэлэжьэн:
-бжьыхьэм хыхьэ мазищыр сабийхэм егъэщIэн;
-дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъыгъэплъын:
2.Плъыфэ къызэрыкI псалъэхэр сабийхэм ягу къэгъэкIыжын:
- ахэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.
3. «Сыт хуэдэ плъыфэ?» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.



6.Мэзым къыщыкI жыг лIэужьыгъуэхэр егъэцIыхун:-
пхьэхуей, жыгей, уэздыгъей, бжей,псей,н.

1.Мэзым къыщыкI жыг лIэужьыгъуэхэр егъэцIыхун:
-пхьэхуей, жыгей, уэздыгъей, бжей, псей,н.
2.КIэщт М. «Жыгхэр мэIущащэ».
-усэм къахуеджэн словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын ;
-зытепсэлъыхьыр упщIэкIэ къэхутэн.
3. «Сыт хуэдэ жыг?» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.



7.ЖуртБ. «Джэджьей щIыху цIыкIу»:-рассказым къахуеджэн, купщIэ нэхъыщхьэр къыхахыфу егъэсэн;
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын. 

1. ЖуртБ. «Джэджьей щIыху цIыкIу»:-рассказым къахуеджэн, купщIэ нэхъыщхьэр къыхахыфу егъэсэн;
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2. Рассказым зытепсэлъыхьыр сабийхэм къегъэIуэтэжын:
-я псалъэухар зэраухуэм кIэлъыплъын,ядэIэпыкъун:
-сабийхэм я бзэр зиужьын папщIэ,нэхъыбэрэ гъэпсэлъэн.



8.Хабзэм, нэмысым теухуа 
Псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын.

1.Хабзэм,нэмысым теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын.
2.Джаурджий Хь. «Псы ефэнми хабзэ хэлъщ»:
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
-тхыгъэм купщIэ нэхьыщхьэ щIэлъыр къагурыгъэIуэн.
3. «Нэмыс пщIымэ,уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр»псалъэжьыр егъэщIэн.



9.Тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур сабийхэм егъэщIэн:
-махуэхэм зэреджэр егъэщIэн, жегъэIэн.

1.Тхьэмахуэ зэхуакур зэрыхъур сабийхэм егъэщIэн:
-махуэхэм зэреджэр егъэщIэн,
жегъэIэн.
2.Зэрабж бжыгъэхэр егъэщIэн:
-пщIым нэс бжэфу егъэсэн.
3. «Ребус» гъэджэгун:
-сабийхэм я гупсысэм зегъэужьын.



10. «Дыгъэ къепсыр сыт къытхуихьыр?»:-темэм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын;
-дыгъэм и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэнкIэ яжеIэн.

1.«Дыгъэ къепсым сыт къытхуихьыр?»: 
-темэм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын;
- дыгъэм и мыхьэнэр къазэрыгурыIуэнкIэ яжеIэн.
2.АфIэунэ Л. «Дыгъэ»:
-усэм къахуеджэн ,уэпщIэкIэ зэпкърегъэхыжын; 
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
3.ПсынщIэрыпсалъэ егъэщIэн:
-«Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр ткIуэпс-ткIуэпсу къыщIигъэлъэлъащ».



11.Дерс блэкIар 
къэпщытэжын.

1.Дерс блэкIар къэпщытэжын
2.Макъ дэкIуашэ къамыпсэлъыфхэм ельэжьын щIэдзэн.
3.Макъхэм теухуа усэ цIыкIухэр къэгъэсэбэпын. 


Ацкъэн Ритэ.


12.Гъэ еджэгъуэр зэрыщIидзэрэ яджар хэчыхьэуэрэ къэпщытэжын:
- сабийхэм я бзэм зэрызиужьар, псалъалъэм хэгъэхъуар къэхутэн икIи егъэфIэкIуэн;
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

1.Гъэ еджэгъуэ зэрыщIидзэрэ яджар хэчыхьауэ къэпщIытэжын:
- сабийхэм я бзэм зэрызиужьар,псалъалъэм хагъэхъуар къэхутэн икIи егъэфIэкIуэн;
- словарнэ лъэжьыгъэ егъэкIуэкIын. 
2.Макъхэр къызэрыпсэлъым кIэлъыплъын.
3.Къуажэхь гъэджэгун.



13 . Журт Б. «Хьэм ныбжьэгъу къызэрилъыхъуар»:
- таурыхъым щIэлъ купщIэ нэхъыщхьэр сабийхэм зыхегъэщIэн, къегъэгъуэтын;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

1.Журт Б. «Хьэм ныбжьэгъу къызэрилъыхъуар»:
- таурыхъым щIэлъ купщIэр сабийхэм зыхегъэщIэн,къегъэгъуэтын;
-словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2.Мэз псэущхьэхэр я цIэхэр къэпщытэжын:
- нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын;
- шырхэр егъэцIыхун,яшхыр яжеIэн.
3.Таурыхъым хэт персонажхэм зыпегъэщIыжын,тегъэпсэлъыхьыжын, гъэджэгун.


Ацкъэн Ритэ

Стр.19.

14.Нало З. «Аслижан и щхьэхынэкIэр»:
- рассказым къахуеджэн, упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

1.Нало З. «Аслижан и щхьэхынэкIэр»:
- рассказым къахуеджэн, упщIэкIэ
Зэпкърегъэхыжын;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2.Рассказым ехьэлIа псалъэжь егъэщIэн:
- «ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж». 


Ацкъан Ритэ

Стр.19.


15.Дерс блэкIар къытегъэзэжын.

1.Дерс блэкIар къытегъэзэжын.
2.Бзэм нэхъыбэрэ щызэхагъэзэрыхь 
макъхэм елэжьын:
б- п, в- ф, ахэр псалъэм хэту къегъэпсэлъын.
3. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.20.


16.ИлъэсыщIэ махуэшхуэ къэблэгъам теухуа 
псалъэмакъ сабийхэм
ядегъэкIуэкIын:

- япэ уэсым яхутепсэлъыхьын.

1.ИлъэсыщIэ махуэшхуэ къэблэгъам
теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын:
- япэ уэсым яхутепсэлъыхьын.
2.АфIэунэ Л. «ИлъэсыщIэ»:
- усэр гукIэ егъэщIэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
3.Сабийхэр утренникым хуэгъэхьэзырын :
- усэ, уэрэд егъэщIэн.


Ацкъан Ритэ

Стр.20.


17.Зэман къызэрыкI
псалъэхэр сабийхэм
егъэщIэн.
- нобэ, пщэдджыжь,
шэджагъуэ, пщыхьэщхьэ, жэщ, н.;
- ахэр сабийхэм я бзэм
къыщагъэсэбэпыфу
егъэсэн.

1.Зэман къэзэрыкI псалъэхэр сабийхэм егъэщIэню
- нобэ, пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ, жэщ, н.;
- ахэр сабийхэм я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.
2. «Сыхьэт» тхыгъэ кIэщI цIыкIум къахуеджэн:
- упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын, словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
3.Сыхьэтым теухуа къуэжыхь егъэщIэн, гъэджэгун:
- « Жэщи махуи кIэрахъуэ , а зы гъуэгуми темыкI».


Ацкъан Ритэ

Стр.20.


18.Хьэл-щэн къызэрыкI псалъэхэр:
- сабийхэм ягу къэгъэкIыжын, я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.

1.Хьэл-щэн къызэрыкI псалъэхэр:
- сабийхэм ягу къэгъэкIыжын, я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.
2.Нало З. «Залинэ и уэрэд»:
- усэм къахуеджэн , словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
- Залинэ и хьэл-щэным гу лъегъэтэн ,тегъэпсэлъыхьын .
3. «Су-су баринэ» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.21.


19. «Бынунагъуэ» сурэтымкIэ гъэлэжьэн:
- сурэтым щалъагъухэр жегъэIэн;
- езыхэм я унагъуэм
тегъэпсэлъыхьын;
- я унагъуэм щIэсхэр
яцIыхун.

1.«Бынунагъуэ» сурэтымкIэ гъэлэжьэн:
- сурэтым щалъагъухэр жегъэIэн;
- езыхэм я унагъуэм тегъэпсэлъыхьын ; 
- я унагъуэм щIэсхэр яцIыхун.
2 .Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ егъэцIыхун:
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
- Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ хыхьэхэр егъэщIэн.
3. «Бынунагъуэ « джэгукIэмкIэ 
гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Сьтр.21.



20.ЩоджэнцIыкIу А.«ЩIымахуэ»:
- тхыгъэм къахуеджэн , словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;

- упщIэкIэ зэпкърегъэхын.

1.ЩоджэнцIыкIу А. «ЩIымахуэ»:
- тхыгъэм къахуеджэн,
словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
- упщIэкIэ зэпкърегъэхын.
2.ЩIымахуэ мазэхэр къэпщытэжын
- зэхъуэкIыныгъэ ялъэгъухэр жегъэIэн;
- сабийхэм я бзэм зиужьын папщIэ, нэхъыбэрэ гъэпсэлъэн.
3.Къуэжэхь егъэщIэн, гъэджэгун:
- «ЩабэрыкIуэ мэз кIуэрей».


Ацкъан Ритэ

Стр.21.


21.Елбэрд Хь. «Джэду
цIыкIу»:
- усэр гукIэ егъэщIэн.

1.Елбэрд Хь. «Джэду цыкIу»:
- усэр гукIэ егъэщIэн.
2.Джэдум и щIыб мафIэм хуигъазэмэ,
Уае хъунущ, жаIэрт.
3.Къуажыхь егъэщIэн:
- «Зи бын псори дзыгъуащэ».


Ацкъан Ритэ

Стр.22.



22. ПсэупIэ унэм яхутепсэлъыхьын. 

1.ПсэупIэ унэм яхутепсэлъыхьын.
2.УнэлъащIэхэр егъэцIыхун:
- къызарагъэсэбэпыр яжеIэн;
- нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын.
3.ТепIэнщIэлъынхэр егъэцIыхун:
уэншэку, щхьэнтэ, щащыху, пIэипхъуэ,шхыIэн, н.;
- темищыр зэпыщIауэ сабийхэм ябгъэдэлъхьэн.


Ацкъан Ритэ

Стр.22.



23.ПхытIыкI Ю. «Нанэ сэрэ»:
- усэм къахуеджэн, упщIэкIэ зэпкърегэхыжын ;
- словарнэ лэджыгъэ 
егъэкIуэкIын.


1.ПхытIыкI Ю. «Нанэ сэрэ»:
- сэм къахуеджэн, упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2.Я адэшхуэ-анэшхуэхэм тегъэпсэлъыхьын :
- щыпсэу щIыпIэр егъэщIэн, жегъэIэн.
3. «Уи адэ-анэм яхуэпщI нэмысыр уи быным къыпхуащIыжынщ».


Ацкъан Ритэ

Стр.23.


24.Цым къыхащIыкI
щыгъынхэм яхутепсэлъыхьын:
- цыджанэ, лъэпэд, пыIэ.бэлъто,н.;
- нэрылъагъу пособие, къэгъэсэбэпын.

1 .Цым къыхащIыкI щыгъынхэр яхутепсэлъыхьын:
- цыджанэ, лъэпэд, пыIэ, бэлъто,н.;
- нэрылъагъу пособие , къэгъэсэбэпын.
2 .Бейрэмыкъуэ I. «Цыджанэ»
- усэр гукIэ егъэщIэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
3. «УпщIэ пыIэ» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.23.


25.Зыщыпсэу къуажэм , къалэм теухуа псэлъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын :
- абыхэм я цIэхэр егъэщIэн.

1.Зыщыпсэу къуажэм , къалэм теухуа псэлъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын:
- абыхэм я цIэхэр егъэщIэн.
2.Ди республикэм и къалащхьэр сабийхэм егъэщIэн:
- абы и щIыпIэнэхъ дахэхэм, и уэрамхэр яхутепсэлъыхьын , егъэлъэгъун.
3.Сурэтхэр, альбомхэр къэгъэсэбэпын. 


Ацкъан Ритэ

Стр.23.


26.Мартым и 8-р ЦIыхубзхэм я махуэщ:
- абы теухуа псэлъэмакъ сабийхэм
ядегъэкIуэкIын.

1.Мартым и 8-р ЦIыхубзхэм я махуэщ
- абы теухуа псэлъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын.
2.Макъ. Дж.,пс. АфIэунэ Л. «Удз гъэгъа сэ къэсщыпа»:
- уэрэдыр егъэщIэн, жегъэIэн.
3.Сабийхэр утренникым хуэгъэхьэзырын: 
- усэ уэрэд егъэщIэн.


Ацкъан Ритэ

Стр.24.


27.Гъавэ къэкIыгъэхэр:
- ахэр егъэцIыхун, къыщыкIыр яжеIэн;
- нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын.

1.Гъавэ къэкIыгъэхэр: - ахэр егъэцIыхун, къыщыкIыр яжеIэн;
- нэрылъагъу пособие къэгъэсэбэпын.
2.КIэщт М. «Гъатхэ губгъуэм»:
- усэр гукIэ егъэщIэн , словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
- упщIэкIэ зэпкърегъэхыжын .
3. «Дэнэ къыщыкIыр?» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.24.


28. Дерс блэкIам къытегъэзэжын.

1.Дерс блэкIам къытегъэзэжын.
2.
Д-т, дж-ч макъхэм елэжьын:
- псалъэхэм къыхэцIыхукIыфу, щагъэIуфу егъэсэн.
3. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.24.


29. ЦIыху Iэпкълъэпкъым хыхьэхэр къэпщытэжын:
Iэблэ, Iэпэ, Iэдакъэ,
Iэгу, лъэкIэн, Iэпкъынэ,н.;

1.ЦIыху Iэплъэпкъым хыхьэхэр къэпщытэжын: - Iэблэ, Iэпэ, Iэдакъэ,
Iэгу, лъэкIэн, Iэпкъынэ,н.;
2. Къэбзагъэр ехьэлIа псалъэхэр егъэщIэн:- къэбзэлъабзэ, зытхьэщIын,
лъэщIын, зыгъэпскIын, н.;
- ахэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфу
егъэсэн.
3. Езыр-езыру сабийхэр зэдэгъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.25.


30.Хьэнфэн А. «КъэхутакIуэ цIыкIу»:
- рассказым къахуеджэн, едэIуэфу егъэсэн.

1.Хьэнфэн А. «КъэхутакIуэ цIыкIу»:
- рассказым къахуеджэн, едэIуэфу егъэсэн.
2.Рассказыр сабийхэм къегъэIуэтэжын:
- купщIэ нэхъыщхьэр къехегъэхын,
я псалъэухахэр зэраухуэм кIэлъыплъын, егъэфIэкIуэн.
3. Гъатхэм теухуа псэлъэжь егъэщIэн:
«Гъатхэ дыгъэм фIамыщIыпс еутхри, бжьыхьэ дыгъэм сэхусэплъ 
еутх».


Ацкъэн Ритэ

Стр.25.


31.Дерс блэкIар
къэпщытэжын.

1.Дерс блэкIар къэпщытэжын.
2.Ж-ш, з-с макъхэм елэжьын:
- ахэр зэхамыгъэзэрыхьу псалъэхэм щагъэIуфу егъэсэн.
3. «Псалъэрыджэгу»


Ацкъан Ритэ

Стр.25.


32. «ВакIуэихьэж «
тхьэлъэIу:
- абы теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэкIуэкIын.

1. «ВакIуэихьэж «тхьэлъэIу:
- абы теухуа псалъэмакъ сабийхэм 
ядегъэкIуэкIын.
2. «ВакIуэихьэж « бэракъыр «зищIысыр егъэщIэн.
3. «Закъуэт» джэгукIэмкIэ гъэджэгун.


Ацкъан Ритэ

Стр.25.


33.Дерс блэкIар къэпщытэжын.

1.Дерс блэкIар къэпщытэжын.
2.Ж- ш, з- с макъхэм елэжьын:
- ахэр зэхамыгъэзэрыхьу псалъэхэм щагъэIуфу егъэсэн.
3. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.

  1. Ж 


Ацкъан Ритэ

Стр.26.


34.Сабий усакIуэхэр 
егъэцIыхун:
- абыхэм теухуа псэлъэмакъ сабийхэм
ядегъэкIуэкIын.

1.Сабий усакIуэхэр егъэцIыхун:
– абыхэм теухуа псэлъэмакъ
сабийхэм ядегъэкIуэкIын.
2.Езы усакIуэхэм щыщ сабий садым къегъэблэгъэн..
3.УсакIуэхэм ятеухуа, сабийхэм ящIэ усэхэр жегъэIэн .


Ацкъан Ритэ

Стр.26.


35. Тау Н. «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэкIутIэрэ»:
- таурыхъым едэIуэфу, къаIэтэфу егъэсэн;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

1. Тау Н. «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэкIутIэрэ»:
- таурыхъым едэIуэфу, къаIэтэфу егъэсэн;
- словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2.Таурыхъым хэт персонажхэр зэрагъэпщэфу егъэсэн:
- абы теухуауэ сорэт егъэщIэн.
3.- «Таурыхъым и Iуэху блэкIыркъым».


Ацкъэн Ритэ

Стр.27.


36.Гъуэбжокъуэ Л. «Къэрабэ»:
- усэр гукIэ егъэщIэн,
словарнэ лэжьыгъэ
егъэкIуэкIын.

1.Гъуэбжокъуэ Л. « Къэрабэ»:
- усэр гукIэ егъэщIэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.
2.Макъ къ- р къызэрапсэлъым кIэлъыплъын .
3.ПсынщIэрыпсалъэ жегъэIэн:
- «Къажэ,къажэ, си къэбыжь,
Къажэ,къажэ, си къэбыжь». 


Ацкъэн Ритэ

Стр.27.


37.Сабийхэр Краеведческэ музеим шэн :

- адыгэ лъэпкъыр я 
псэукIэр нэрылъагъуу
сабицхэм егъэщIэн;
- адыгэ бэракъым тет дамыгъэхэр егъэцIыхун;
- Майм и 21-р адыгэхэм я щыгъуэ 
махуэу щIыщытыр
яжеIэн, н.

Сабийхэр Краеведческэ музеим шэн :
- адыгэ лъэпкъыр я 
псэукIэр нэрылъагъуу
сабицхэм егъэщIэн;
- адыгэ бэракъым тет дамыгъэхэр егъэцIыхун;
- Майм и 21-р адыгэхэм я щыгъуэ махуэу щIыщытыр
яжеIэн, н.


Ацкъан Ритэ

Стр.27.


38.Хабзэм, нэмысым 
теухуауэ сабийхэм
ящIэ псори къызэщIэкъуэжын.
Диагностикэ

1.Хабзэм, нэмысым теухуауэ сабийхэм ящIэ псори къызэщIэкъуэжын.
2. «Гуапагъэ»:
- тхыгъэм къахуеджэн, словарнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын;
- егъэджакIуэр зэрыдэIэпыкъу щмыIэу, тхыгъэр езы сабийхэм зэпкърегъэхыжын;
- сабийхэм ягъуэта щIэныгъэм кIэлъыплъын, егъэфIэкIуэн.
3.Хабзэм, нэмысым теухуауэ ящIэ
псалъэжьхэр жегъэIэн.


Ацкъан Ритэ

Стр.28.


1V.Список литературы

Литературэ къэдгъэсэбэпхэр

  1. Жиляев Н.Х. - «Щэнгъасэ»
  2. Мафедзова С.Х. – «Адыгэ сабий джэкукIэхэр»
  3. Налоев З.М. – «Сабий щэнгъасэ»
  4. Ацканова Р.М. – «Анэбзэ»
  5. Шхагапсоев С.Х, Слонов Л.Х – «Кабардинские названия растений»
  6. Кардангушев З.П. – «Адыгэ псалъэжьхэр»
  7. Шадова Л.И., Штепа Т.Ф. – «Национально-региональный компонент дошкольного образования».
  8. Кишев Х.С. – «Лъэпкъ IэщIагъэхэр».


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Рабочая программа дополнительного образования по английскому языку для детей 4-5 лет.

Программа составленя на основе Федерального государственного образовательного стандарта дошкольного образования.Цель программы:-способствовать всестороннему развитию личности дошкольников через воспит...

Рабочая программа по курсу занимательный английский язык для подготовительной группы детского сада

Программа рассчитана на детей  6-7 лет.Содержит большое количество песен,стихотворений,считалок.Прошла успешную опробацию....

Рабочая программа кружковой работы по английскому языку в ДОУ

Рабочая программа кружковой работы по английскому языку в ДОУ, основанная на программе обучения дошкольников английскому языку  Штайнепрайс М.В. "Английский язык и дошкольник"...

Рабочая программа подготовительной группы по английскому языку

Рабочая программа  подготовительной группы по английскому языку...

Рабочая программа по обучению детей бурятскому языку в детском саду

Настоящая рабочая программа разработана на основе  общеобразовательной программы дошкольного образования «Детство». / Под ред. Т. И. Бабаевой, А.Г. Гогоберидзе, З.А. Михайловой, Образ...

Рабочая программа по образовательной деятельности "Бурятский язык"

Рабочая программа по обучению детей старшего дошкольного возраста разработа в соответствии:- С основной образовательной программой дошкольного образования МБДОУ г. Улан – Удэ «Детский сад ...