Хабзэр хъумэ,лъэпкъыр гъэпэж.
материал на тему
Литературно-музыкальная композиция ко Дню Адыгов.
Скачать:
Вложение | Размер |
---|---|
habzer_humelepkyr_gepezh.docx | 755.88 КБ |
Предварительный просмотр:
Хабзэр хъумэ, лъэпкъыр гъэпэж!
Адыгэм и махуэм ирихьэл1эу ек1уэк1а пшыхь.
2017гъ.
Хабзэр хъумэ, лъэпкъыр гъэпэж!
Езыгъ.-Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.
Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.
-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.
Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.
Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину...
дэ абык1э дохъуахъуэ!
Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.
Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.
Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.
Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ «Хабзэ»
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар,
Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,
Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.
Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,
А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,
Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар
Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,
Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Езыгъэк1уэк1ым
Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Уэрэд «Си Къэбэрдей»
Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.
Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.
Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,
Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,
Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,
Хабзэм хъурэ удэджэгу.
Дади Нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,
Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,
Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.
Мамхэгъ Рае «Адыгагъэ» усэр
Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым
Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм,
Игъэпэжым, игъэлъап1эм –
Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,
Нэгъэсауэ адыгагъэщ.
Адыгагъэр – ар дахагъэщ,
Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.
Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,
Губзыгъагъэщ, щэныф1агъэщ.
Адыгагъэр ди адыгэм
Къыдалъхуауэ къыдок1уэк1ыр.
Адыгэпсэм ар и фащэщ,
Адыгэбзэм ар и щэнщ.
Нэхъыжьыф1хэу дади, нани,
Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –
Псори, псори зыгъэдахэр,
Зыгъэбжьыф1эр адыгагъэрщ.
Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,
Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,
Ныбжьэгъугъэр къуэшыныгъэм
Тек1уэжауэ зыгъэбыдэр
Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.
Адыгагъэр бэшэчыгъэщ,
1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.
Адыгагъэр – ар къарущ.
Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.
Адыгагъэр адыгэм и фэщ,
Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,
Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,
Адыгагъэр адэм и псэщ…
Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.
Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.
«Дыадыгэщ» уэрэд
-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.
Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ
Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.
Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм
Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.
-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.
Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.
(КЪАФЭ)еджак1уэхэм ягъэзащ1эу
Езыгъ. - Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.
Усэ «Адыгэ напэ»
- Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.
Пщ1э зыхуэтщ1ыр нэхъыжьу
Ди нэхъыжьхэр губзыгъэу
Тлъэк1ыр длэжьу, дытхъэжу,
Гущ1эгъуншэ тхэмыту,
дызэкъуэту, ф1ым дыхущ1экъуу
Пщ1э зэхуди1эу, ф1ым и гъуэгум дытету
дызыхуей гъуэгухэр хэтшыфу
дызыхуейм ди 1эр лъэ1эсу
Адыгэ нэмысым дыдэбжьыф1эу
Ди балигъхэр акъылыф1эу
Л1ыф1щ хужа1эу ди сабийхэр насыпыф1эу
Ди хъыджэбзыр щ1ык1афэу
Ди щ1алэф1хэр л1ы хахуэу
«1уэху щ1эн» жа1эм, къэжанхэу
Дядэжьхэр жьант1эм къыдэсу
Дянэжьхэр п1эку хуабэм къису
Сабийхэр таурыхъ щ1эдэ1уу
Нэхъыжь жи1эр ди гъуэгу гъуэмылэу
Хъуэхъуф1хэр ди гъащ1э 1усу
Дызэ1усэм псэ къыхэдгъак1эу
Ди к1эныр сыт щыгъуи къик1ыу
Дыгъэр ди щхьэгум иту
Дыпсэуну дохъуахъуэ.
Щ1алэгъуалэр лэжьыгъэ 1энат1эм пэрыту
Хабзэр, бзэр , нэмысыр яхъумэну
Ди щэн хабзи 1эщ1ыб ямыщ1ыну
Жьыщхьэмахуэу нэхъыжьхэр псэуну
Зы сабии зеиншэ мыхъуну
Дипсхэри ди псэхэри къабзэну
Ер зигу илъым и лъри жэбзэну
Нэпс къек1уэнур нэм гуф1эгъуэ нэпсу
Зэмыбийуэ ц1ыхухэр зэнэзэпсэу
Зэдэпсэухэм яку пэжыгъэ дэлъу
Щыпсэуну псори мы ди щ1ылъэм
Зылъысын дищ1ыну Тхьэм и хъуэхъур
Мис абык1э псоми дывохъуэхъур.
«Адыгэ хэку» уэрэдым къыдофэ.