Хьэрф 1у, Макъ 1у 1у
план-конспект урока (1 класс)

Ойтова Асият Мухамедовна

Хьэрф 1у, Макъ 1у  1у

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл herf_1u_mak_1u_1u.docx35.76 КБ

Предварительный просмотр:

Темэр: Макъ , хьэрфхэу Iу, 1у .

Мурадыр : Макъ (1)-р къэпщытэжын, егъэбыдыл1эн; макъыщ1э 1у-р егъэц1ыхун, макъ Iу –мрэ абы и Iу, 1у хьэрфхэмрэ щыгъэгъуэзэн,  ар зыхэт псалъэхэр щапхъэу къахьыфу  егъэсэн, 1у, 1у зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм егъэджэн, сабийхэм я бзэм зегъэужьын, я зэхэщ1ык1ым , я щ1эныгъэм хэгъэхъуэн, я еджэк1эр егъэф1эк1уэн.

                 Еджап1эр ф1ыуэ ялъагъуу еджэным хущ1экъуу, Хэкум, абы                                и хъугъуэф1ыгъуэхэм иригушхуэу, лъэпкъ зэмыл1эужьыгъуэм къыхэк1а зэдеджэхэм пщ1э зэхуащ1у, зэгуры1уэу зэдэпсэуным еджак1уэхэр хуэзыгъасэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын. Еджак1уэхэр егьэсэн тэмэму зэф1эсыфу.

Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр: 1у, 1у –хьэрфхэр, ар зи ц1эм хэт предметхэр                е абыхэм я сурэтхэр, пычыгъуэ таблицэр, хьэрф зэпыупщ1ахэр.

                     

Урокыр зэрекIуэкIыныр:

  1. КъызэщIэзыкъуэ дакъикъэ. 

Урок блэк1ам щаджар къазэрыгуры1уар къэпщытэжын.

Напэк1уэц1 58-м ит тхыгъэхэм макъ I-р къыхагъэщхьэхук1, хьэрфхэр пычыгъуэурэ зыпагъэувэурэ къоджэхэр.

Макъ I хэту  псалъэ къахьри а макъыр здэщытыр къахутэ.

  1. Макъ Iу -м щыгъэгъуэзэн.

Макъ –р псалъэм къыхагъуэтэфу идогъасэ.  Егъэджак1уэми еджак1уэхэми къахь псалъэухам хэт макъ 1у-р къыхагъуатэ, а макъыр здэщыт щ1ып1эри къахутэ. 1унат радиом едэ1уащ. Ди уэрэдыр ину мэ1у. Хадэм 1ущхьэ хасэ. Жэмым 1ус ират. Бжэ1упэм жыг ин 1утщ.

Макъ –р макъзешэрэ макъ дэк1уашэрэ зэхагъэк1.

  1. Зыгъэпсэхугъуэ дэкъикъэ.(Физминутка)

  1. Хьэрфхэу Iу,-хэр егъэц1ыхун.

Напэк1уэц1 59-м  къыщыхьа тхыгъэхэм  зэк1элъык1уэуи хэчыхьауи къегъэджэн.

  1. Бзэм теухуа гурыIуэныгъэ егъэгъуэтын.

Псалъэм и пкъыгъуэхэр тэмэму жа1эфу  егъэсэн.  

Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIын.

  1. Егъэбыдыл1эн.

Урокым къыщащ1ам пхырыплъыжын.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Макъ хьэрф Къ къ

открытый урок...

Макъ дж, хьэрфхэу Дж,дж-хэр

Макъ к, хьэрфхэу Дж, дж-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гу...

Хьэрф З,з

Хьэрф З,з...