Макъ хьэрф Къ къ
презентация урока для интерактивной доски по чтению (1 класс)
Предварительный просмотр:
Темэ : Макъ хьэрф Къ къ.
Мурадыр : Макъ Къ – р егъэц1ыхун, абы и тхык1эр и мыхьэхнэр , ар псалъэм хэту къызэрык1уэр, я бзэм, я къеджэк1эм, я тхык1эм, я зэхэщ1ык1ым зегъэужьын, къыщалъхуа Хэкум щ1ып1эм, къыдалъхуа я бзэм хуа1э лъэгъуныгъэ егъэф1эк1уэн..
Къэдгъэсэбэпхэр: азбукэ, хьэрф, 1эрытх, ИКТ, сурэтхэр.
Урокым и план:
- М. хь. Зэджахэр къэпщытэжын
Слайд 2
А, э, у, ы, и , е, о, я - сыт хуэдэ макъ мыхэр ,сыт абыхэм зэреджэр ?
- Макъзешэщ , шэщ1ауэ уэрэдым хуэдэу жып1э мэхъу.
Фи тхьэк1умэхэр фыубыди къэфсэлъ.
Жь, гу, дж, дз - сыт хуэдэ макъ мыхэр , сыт абыхэм зэреджэр?
- Макъ дэк1уашэ жьгъ. Шэщ1ауэ, къыумыпсэлъ, уэрэду жып1э мыхъумэ , 1эуэлъауэ щ1этмэ, щ1эжьу щ1эту къэппсэлъмэ м.д. жьгъ.
Ху, хь, 1у, ку, лъ – сыт хуэдэ макъ мыхэр, сыт абыхэм зэреджэр ?
- Макъ дэк1уашэ дэгущ даущ мащ1э щ1эту къапсэлъ.
2. Унэ лэжьыгъэ къэпщытэжын макъ хьэрф Лъ лъ.
Сабийхэр йоджэ.
Сыт Лъахэ Хэку жыхуа1эр ?
Дауэ Лъахэм хущытын хуей?
Сыт хуэдэ псалъэжьхэр тщ1эрэ Хэкум теухуау ?
1.Уи Хэкур лъэщмэ, уогушхуэ. (Зрумов Эльдар)
2.Хэку зимы1э псори щ1ы1э къыщохъу. (Балкаров Дамир)
3. Дунейр къэк1ухьи , уи унэ ихьэж. (Зихов Эльдар)
4.Дыщэ унэ нэхърэ уи унэжь. (Дамалаева Динара )
5.Бланэ щалъху йок1уэж. (Альботов Тембулат)
6. Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу. (Соблирова Илона)
7. Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхъ си Хэкужь сыщыл1э. (Алакадиева Дарина)
Доскам :
Лъагэ Лъа/--хэ
1 2
Лъэрыжэ Лъэ –ры /- жэ
1 2 3
У – р макъ дэк1уашу макъзешу къыщык1уэр
Уынэ бзу
Уыжьэ журнал
Къуэжэхь къафщ1э
Псалъэм и пэ пымыувэ
Псалъэм и к1эм щымыгувэ (Э )
Физ. минутка
3.Хэзышэ беседэ:
Слайд 3
Псалъэ пычыгъуэк1э зэпывуд макъ.хьэрф. зэхэвгъэк1.
Шы-накъ
Ш – м. д.дэгу
Ы- мз.
Н- м.д.жь.
А – мз.
Къ – м.д.дэгу
Сы хуэдэ пычыгъуэ макъ къ – р зыхэтыр ?
Къ – р макъ дэк1уашэ дэгущ. Псалъэм и пэ иту , ику иту, и ужь иту къэк1уэнк1и хъунущ .
Слайд 4.
Макъ къ-м псалъэм щиубыд щ1ып1эр къащ1э
къаз, къамэ , купкъ, къазмакъ , макъамэ
Псалъэр къащ1э. Къэзыщ1эм сэугъэт изот
Слайд 5.
1.К1э бэлацэ дыгъуэрей,
Ди джэдкъазхэм теуэрей (бажэ)
2.Бажэ бзаджэм
Сыт и ужьым итыр ?
Сыт и к1апэм пытыр? (Э)
3.Банэ зытет удз гъэгъа ? (розэ)
4. Жьырытэджу
Пасэу къаджэ
Сабий ц1ык1ухэм яхуэбзаджэ? (адакъэ)
5.Джанэ зи куэд
Бгырыпх зимы1э (къэбыстэ)
БЭРАКЪ
Тхылъымк1э н. 74
4. Бэракъым тепсэлъыхьын
Мыр ди Къэбэрдей – Балъкъэрым Республикэм и бэракъщ – флаг . Мы ди бэракъыр щыуэ зэхэлъщ. Щ1ыхум къегъэлъагъуэ ди уафэм и къабзэгъэр и дахагъэр. Хужьым къегъэлъагъуэ ди уэсыщхьэ 1уащхьэмахуэмрэ, къабзагъэмрэ, мамырагъэмрэ. Удзыфэм къегъэлъагъуэ д и щ1ым и къулеягъыр и къарур. Абы и кум итыр КБ – р зэрыгушхуэ зэрыпагэ 1уащхьэмахуэщ.
Тхылъым къахуеджэн псалъэ гугъухэр яже1эн.
Слайд 6.
КБР тепсэлъыхьын .
КБР Урысейм и зы 1ыхьэщ и зы республикэщ . Ди республикэр щ1ып1э дахэщ . Ар Кавказым и кум хуозэ . Ди республикэм районипщ1 и1эщ. Дэ дыщопсэу Аруан районым.
Абыхэм щыпсэу ц1ыхухэр лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэк1ащ. Ахэр куэд щ1ауэ зэгуры1уэу зэдопсэу. КБ Республикэм и къухьэп1э лъэныкъуэмк1э щы1эщ псори дызэрыгушхуэ , дызэрыпагэ 1уащхьэмахуэ. Ар Европэ псом щынэхъ бгы лъагэщ. 1уащхьэмахуэ бгыщхьэ дыкъуакъуэщ. Ар мыл 1увк1э щ1эгъэнащ. Гъэмахуи щ1ымахуи уэсыр телъщ. Хамэ къаралхэм щыщ хьэщ1эхэри къок1уэ. Абыхэм ф1ыуэ ялъэгъу ди лъэпкъ шхыныгъуэхэри .
Ди Лъахэм псы куэд щожэх: Тэрч, Бахъсэн, Шэрэдж, Урыху нэгъуэщ1хэри. Гуэл зыбжани ди1эщ.
Ди КБР-м и къалащхьэр Налшыкщ. А къалэр инщ, дахэщ, щхъуант1эщ.
Тхылъм къахуджэн псалъэ гугъухэр яже1эн.
Усэ Ашибоков Астемир
«1уащхьэмахуэ» Щоджэн Леонид.
1уащхьэмахуэ
Пы1э хужь,
Ди бгыжь инхэм
Янэхъыжь.
Дыгъэ нурхэр
Зи 1эпэгъу,
Пшэ гуэрэнхэр
Зи гъунэгъу
1уащхьэ Дадэу
1уащхьэмахуэ
Узогъэщхь
Си Дадэ махуэ!
Слайд 7
Кластер щ1ын
Къ-м и тхык1эр егъэлъэгъун Слайд 8.
Слайд 9.
Егъэбыдыл1эн .
Сыт хуэдэ макъ зэщхь хэтыр мы сурэтхэм
я ф1эщыгъэц1эхэм? Къэб, къэбыстэ, къаз, къанжэ.
Хьэрф дэгъэхуахэр дэгъэуважын
Нарт. алэ, . эбыстэ, . афэ, куп . , ма . амэ, . аплъэн.
1эрытхк1э гъэлэжьэн .
Унэ лэжьыгъэ етын
Н. 74 ф1. еджэн
1эр. нэгъ.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
Макъ дж, хьэрфхэу Дж,дж-хэр
Макъ к, хьэрфхэу Дж, дж-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гу...
Хьэрф З,з
Хьэрф З,з...
Поурочный план по черкесскому языку " Макъ ж,хьэрф Жж"
В помощь учителю родного языка...
Хьэрф 1у, Макъ 1у 1у
Хьэрф 1у, Макъ 1у 1у...
- Мне нравится (1)