Конспект занятия "Лиса и журавль" на кабардинском языке
план-конспект занятия (младшая, средняя группа)
Скачать:
Вложение | Размер |
---|---|
![]() | 25.16 КБ |
Предварительный просмотр:
Интегрированнэ НОД, урыс таурыхъ «Лиса и журавль» ипкъ иткIэ.
НОД-ым и щытыкIэр: ящIэр езыгъэбыдылIэ занятие.
Мурадыр: адыгэ IуэрыIуатэмрэ урыс творчествэмрэ зэхэпщауэ зэрыщытым щыгъуазэ щIын; а лъэпкъхэм я бзэм и дэхагъэм и шэрыуагъэм, абы узыхуийущийм кIэлъыплъын.
ЯщIапхъэхэр: 1. Бзэм зегъэужьын, фIыуэ зэралъэгъуным хущIэкъун.
2. лъэпкъ кулътурэм хэлъ хабзэ, нэмысым хэгъэгъуэзэн.
3. я гупсысэр къаIуэтэфу, щIэрыщIэ къызэрыпщIэну Iэмалхэр къахутэн псалъэм пщ1э хуащIыфыу егъэсэн, гуп-гупкIэрэ лэжьэфу егъэсэн.
Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: геометрическэ фигурэхэр, пхъэм къыхэщIыкIа баш цIыкIухэр, дэ зэмылIэужьыгъуэхэр, клей, сэхусэплъ, цIуугъэнэ зэмылIэужьыгъуэхэр, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр, хъэкъущыкъухэр.
Занятием и екIуэкIыкIэр: l. Хэзыгъэгъуазэ дэкъикъэ
( мэкъамэр къоуэ, сабийхэр къыщIохьэ)
В: зи бзэр зымыдэу зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи хэку епц1ыжу зы лъэпкъ щымыIэ,
Зи бзэр зыхъумэр мис ар лъэпкъ къабзэщ,
Бзэм пщIэ хуэщIыныр лъэпкъхэм я хабзэщ.
В: ИIэт, цIыкIухэ нобэ къытхуеблэгъахэм, сэлам гуапэ едывгъэхыт.
С: фи махуэ фIыуэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ!
ll. Iыхьэ нэхъыщхьэ
В: Нобэ ди Iуэхугъуэр зытеухуар адыгэ IуэрыIуатэмрэ урыс лъэпкъым и IуэрыIуатэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ зэхэухуэнауэ къызэгъуэгурыкIуэм. Абы ипкъ иткIэ дэ къыхэтхащ лъэпкъит1ыми щыц1эры1уэ таурыхъ гъуэзэджэ «Бажэмрэ кърумрэ» урыск1э «Лиса и журавль» жыхуи1эр.
И1эт, ц1ык1ухэ иджы къэдывгъэщ1эжыт таурыхъыр къызэрек1уэк1ар.
Бажэмрэ кърумрэ зэныбжьэгъу хъуащ.
Сыт бажэм гукъэк1 ищ1ар?
С: кърур хьэщ1ап1э къыригъэблэгъащ.
В: сыт хуэдэ шхыныгъуэ игъэхьэзыра бажэм и ныбжьэгъум папщ1э?
С: лисичка приготовила манную кашу.
В: сыт хуэдэ хьэкъущыкъум ирилъхьат ар?
С: тепщэч п1ащ1эм ирик1эри тригъэуващ.
В: Ишха кърум кашэр?
С: хьуэ!
В: сыт щхьэк1э? дауэ феплъырэ фэ абы?
С: кърум и пэ папц1эмк1э еу1ущ, еу1ури къыщы1эрымыхьэм щигъэтыжащ.
В: и1эт ар иджыпсту нэрылъагъу дывгэщ1ыт (предметхэм хызогъаплъэ)
Кърум и пэм ещхьыу мыбдеж щыфлъагъурэ? (опытыр йок1уэк1)
Бажэм ищ1ар зэхуагъэ?
С: хьэуэ, къуаншэщ.
В: адэк1э пыдывгъащэт.
С: кърум бажэр иригъэблгъэжащ езым и деж.
В: сытыт кърум бажэм хуигъэхьэзыра шхыныр зэрытыригъэувар?
С: кхъуэщыным ирик1эри тригъэуващ.
В: бажэм къыщыщ1ар къэдывгъэ1уатэт.
С: кхъуэщын щхьэ зэвым бажэм и щхьэр имыхуэу и хъуреягъыр къик1ухьыурэ , кърум и пэ к1ыхьыр иригъэлъадэри ишхыжащ.
В: пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ! Дауэ феплъырэ, а т1ур зэныбжьэгъуу къэнахэ? Хьэмэрэ?
С: хьэуэ, абдежым я зэныбжьэгъуныгъэм к1э игъуэтащ.
(джэгук1э ц1ык1у)?
В: фигу ирихьрэ ди таурыхъыр зэриухар?
С.:хьэуэ! Зэк1ужыну дыхуейщ!
В.:Къыдэхъулэну п1эрэ ар? Сыт абы щхьэк1э дэ тщ1эн хуейр, ц1ык1ухэ?
С1: гуащэ хьэпшып здэдгъэджэгунщ.
С2: хьэуэ, саугъэт иредгъэтынщ.
С3: может лисичка в гости пойдет?
В: псори 1эмал хъэрзынэщ, фыщ1алэф1хэщ, фыхъыджэбзыф1хэщ, тэмэму фегупсысащ. Ауэ мис мы 1эмалхэр къыхэтхынщ – саугъэт матэм илъыр хуедгъэхьынщ бажэм кърум деж.
Мис Ясминэ дахэ бажэ ц1ык1уу тщ1ынщ. Мыдэк1э Эльдар кърум и къэлэныр едгъэгъэзэщ1энщ.
Гъуэгу тедгъэувэнщ бажэ ц1ык1ур. Гъуэгуанэ къыпэщылъыр щы мэхъу. Ар нэхъ псынщ1эу нэсын папщ1э сыт хуэдэра къыхэтхын хуейр?
Ц1ык1ухэ, япэ гъуэгур сыт хуэдэ плъыфэ?
С: гъуэжьщ, к1ыхьщ.
В: ет1уанэр щэ?
С: ет1уанэр щхъуант1эщ.
В.: бгъузэ хьэмэрэ бгъуэ?
С.: бгъузэщ
В: ещанэр щэ?
С: ещанэр плъыжьщ, к1эщ1щ.
В: ныт1э сыт хуэдэ гъуэгуанэ къыхихым нэхъыф1 абы?
С: ещанэ гъуэгур.
В: пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ! И1э т1э, бажэ ц1ык1у, уи 1уэху ф1ы ирик1уэ!
С: гъуэгу махуэ, бажэ ц1ык1у! (мэкъамэр къоуэ)
Матэр 1эпоху, дэхэр къощэщ. Бажэ ц1ык1ур мэгузавэ.
Б: сыт иджы сщ1энур? Мыхэр къысхуэщыпыжыну?
В: еууей мы сыту щ1эщхъу бзаджэ къыщыщ1а мы ди бажэ ц1ык1ум. Ц1ык1ухэ, и1эт дыдэвгъэ1эпыкъут.
(матэм дэхэр иралъхьэжри и ц1эхэр къырабжэк1)
В: мыр сыту хъугъуэф1ыгъуэ куэд хузэрилъхьа мыбы. Феплъыт мыр сыт?
С: дэ
В: мыр щэ?
С: мышхумп1э
В: мыдэ мыр щэ?
С: шык1урт1ым
В: мыр щэ?
С: пщ1ий
В: мыр сыт?
С: мэзыдэ.
В: дэтхэнэр нэхъ ин, дэтхэнэр нэхъ ц1ык1у.
(Бажэр йожьэжри унэм 1уохьэ, зыщ1ыхьэнур имыщ1эу мэчэнджащэр)
В: ц1ык1ухэ, бажэм дыдэвгъэ1эпыкъут, дэ дыхуейкъэ ахэр зэк1ужыну?
Дауэ феплъырэ мы унит1ым дэтхэнэра кърур зыщ1эхуэнур?
Мыр сыт хуэдэ унэ?
С: лъагэщ
В: мыр щэ?
С: лъахъшэщ
В: кърур дэтхэнэра зыщ1эхуэныр
С: лъагэм
В: сыт хуэдэ ар?
С: лъагэщ, лъакъуитк1э щытщ
В: бажэр щэ?
С: бажэр лъахъшэщ, лъакъуипл1к1э къек1ухь.
(тоу1уэри кърур къыщ1ок1)
Б: уузыншэм си ныбжьэгъу. Сыкъыпхуэк1уащ, саугъэту мэзыдэхэр къыпхуэсхьащ.
Къ: упсэу, си ныбжьэгъу лъап1э, псори сщыгъупщэжащ!
В: ныт1э, ц1ык1ухэ ди мурадыр къыдэхъул1ащ, псори тэмэму зэф1эк1ащ.
Ди таурыхъым к1эух дахэ еттыфа?
С: ныт1э, к1эух дахэщ.
(поделкэхэр)
В: бажэмрэ кърумрэ я зэран къызэрык1а хьэкъущыкъухэм мис мыбдеж телъщи фыкъыбгъэдыхьэт. Ахэр дэ дгъэщ1эрэщ1эн хуейщ адыгэ тхыпхъэщ1ыпхъэхэр къэдгъэсэбэпурэ. (столхэр яхуэугуэшын)
lll. Езыгъэбыдыл1э лэжьыгъэ.
В: нобэрей ди лэжьыгъэм сытым дыхуригъасэрэ?
С: ныбжьэгъур гъэпэжын, ф1ыуэ хущытын.
В: сыт хуэдэ псалъэжь фщ1эрэ ныбжьэгъум теухуауэ? ( псалъэжь зы-т1у жа1эр, урысыбзэк1и)
Аращ, ди дерсыр абдежым щызыхуэтщ1ыжынщ. Фигу ирихьамэ дигуапэщ! Узыншэу фыщытхэ!
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
![](/sites/default/files/pictures/2020/02/01/picture-765892-1580545708.jpg)
Рабочая программа по кабардинскому языку в средней группе
Данная программа рассчитана на детей 4-5 лет....
![](/sites/default/files/pictures/2018/06/12/picture-1043180-1528811527.jpg)
Рабочая программа для средней группы по кабардинскому языку
1.1. Пояснительная запискаЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал Федеральнэ стандартхэм ипкъ иткIэ зэхэлъхьа программэ.Зи ныбжьыр илъэсищ – блы хъу сабийхэм еджапIэм къыщIэмытIысхьэ ...
![](/sites/default/files/pictures/2018/06/12/picture-1043180-1528811527.jpg)
Рабочая программа для средней группы по кабардинскому языку (Приложение)
1.1. Пояснительная запискаЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал Федеральнэ стандартхэм ипкъ иткIэ зэхэлъхьа программэ.Зи ныбжьыр илъэсищ – блы хъу сабийхэм еджапIэм къыщIэмытIысхьэ ...
![](/sites/default/files/pictures/2018/06/12/picture-1043180-1528811527.jpg)
Рабочая программа для старшей группы по кабардинскому языку
Пояснительнэ запискэРабочая программа по кабардинскому языку разработана c учётом Федеральных государственных требований к структуре основной общеобразовательной программы дошкольного образования (при...
![](/sites/default/files/pictures/2018/06/12/picture-1043180-1528811527.jpg)
Рабочая программа для подготовительной группы по кабардинскому языку
Рабочая программа по кабардинскому языку разработана c учётом Федеральных государственных требований к структуре основной общеобразовательной программы дошкольного образования (приказ Министерства обр...
![](/sites/default/files/pictures/2018/06/12/picture-1043180-1528811527.jpg)
Рабочая программа для младшей группы по кабардинскому языку
I. Целевой раздел1.1. Пояснительная запискаЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал Федеральнэ стандартхэм ипкъ иткIэ зэхэлъхьа программэ.Зи ныбжьыр илъэсищ – блы хъу сабийхэм еджапIэм...