Рабочая программа для младшей группы по кабардинскому языку
календарно-тематическое планирование (младшая группа)

Урусмамбетова Марьяна Назировна

I. Целевой раздел

1.1. Пояснительная записка

ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал Федеральнэ стандартхэм ипкъ иткIэ зэхэлъхьа программэ.

Зи ныбжьыр илъэсищ  –  блы хъу сабийхэм  еджапIэм къыщIэмытIысхьэ щIыкIэ бзэмкIэ (псалъэкIэмкIэ) ягъуэта есэныгъэхэр егъэфIэкIуэным, абыхэм зегъэужьыным, адыгэбзэм и макъхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэным я псалъалъэ гъэтIылъыгъэм хэгъэхъуэным, ар жыджэру къагъэсэбэпыфу егъэсэным,

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл prilozhenie_k_kabard.docx53.1 КБ
Microsoft Office document icon rabochaya_mladsh_kabar.doc157.5 КБ

Предварительный просмотр:

Зэман

(мазэ)

Дерс

егъэкIуэкIыпхъэхэр

Программэм къигъэув къэлэнхэр

ЗэрекIуэкI Iэмалхэр

Къигъэсэбэ

пыпхъэхэр

ЯхузэфIэкIыр

Пасэу екIуэкIа

лэжьыгъэхэр

Литературэ

ФокIадэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЩIэныгъэм и махуэ.

 

Темэ: «Дэ гъэмахуэр зэрыдгъэкIуар»

 

ЦIыкIухэмзыгъэпсэхугъуэ мазэхэр зэрагъэкIуам тегъэпсэлъыхьын; щIэныгъэм и махуэр зытеухуар къагурыгъэIуэн; щIэр зэгъэщIэным хущIэгъэкъун.

Рассказ кIэщIхэр зэхэлъхьэн, джэгукIэ «ПыIэ зэфIэхь» джэгун, лексическэ темэр зытеухуар цIыкIухэм яхуэIуэтэн, бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэр.

ПыIэ, карточкэхэр.

Нэгум къыщIэувэр бзэкIэ хуиту къаIуатэф, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хущIокъу, упщIэхэм жэуап иратыф.

Гъэмахуэм зэрагъэлъагъу-

фахэр къаIуатэ.

 

ФокIадэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Бзэр зэрызэпыщIар»

Сабийхэр диалог, монолог псэлъэкIэхэм щыгъэгъуэзэн; литературнэ тхыгъэ кIэщIхэр псалъэ зэпыщIакIэ , зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, къыжаIэжыфу егъэсэн.

Хэзышэ лэжьыгъэ, «Гъэмахуэм»-рассказым къеджэн икIи цIыкIухэм жегъэIэжын;псынщIэрыпсалъэ, бзэм зезыгъэужь джэгукIэхэр.

Хьэпшып сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр зит карточкэхэр.

Iэмал зимыIэу щыт псалъэмакъыр къыбдаIыгъыф, упщIэ къуатыф,гъэсакIуэм игъэува упщIэм тэмэму жэуап иратыжыф, щапхъэм тету рассказ жаIэжыф.

РассказкIэщIхэм дыкъоджэ.

Ацкъэн Р.М.

(н.40)

Багъ Н.А.

(н.113)

ФокIадэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Бжьыхьэ дыщэпс.

 

Темэр: Сурэт «Бжьыхьэр къэсащ».

Сурэтым итым теухуауэ рассказ зэхалъхьэфу егъэсэн; бжьыхьэ зэманым и нэщэнэхэр къегъэпщытэжын; бжьыхьэм и дахагъырзэхащIыкIыфу цIыкIухэр къэгъэтэджын.

Къуажэхьхэр къэщIэн, псалъэуха зэхэлъхьэн, сурэтымкIэ лэжьыгъэхэр, бзэм зезыгъэужь джэгукIэхэр.

Бжьыхьэм теухуа сурэт.

Щапхъэ ирагъэлъэгъуам тету езыр-езыру, сурэтым теухуауэ жьэрыIуэтэу рассказ зэхалъхьэф, джэгукIэхэм жыджэру хэтхэщ.

Бжьыхьэм дытопсэлъыхь.

 

ФокIадэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: Гъэунэ Б. «Бжьыхьэ»

Усэр гукIэ зэгъэщIэн; сабийхэр гурыхуэу къэгъэтэджын; цIыкIухэм я гупсысэм хэгъэхъуэн.

Бжьыхьэм теухуа псалъэмакъ, усэм егъэджакIуэр йоджэ, усэр псоми гукIэ зэрагъащIэ, зырызу къоджэ; псалъэжьхэм я мыхьэнэм псори йогупсыс.

Бжьыхьэм теухуа сурэт.

Усэ гукIэ ящIэ; гурыхуэщ; псалъэмакъым жыджэру хэтщ.

Бжьыхьэ зэманым и мазэхэркъыдощIэж, и нэщэнэхэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.102)

ФокIадэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Унэ хадэ. ХадэхэкI.

Жыг хадэ. Пхъэщхьэмыщхьэ.

 

Темэ: «Ди щIыналъэм къыщыкIыр»

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыкI хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ цIыкIухэм егъэщIэн, абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр я гум ирегъэубыдэн; цIыхухэм бжьыхьэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьын.

ХадэхэкI пхъэщхьэмыщхьэхэм теухуа къуажэхьхэр; унэ хадэ, жыг хадэ зит сурэтхэмкIэ лэжьыгъэхэр; цIыкIухэм я унэ къыщыкI къэкIыгъэхэм тегъэпсэлъыхьын; псалъэжьхэр;джэгукIэ «Ди щIыпIэ къыщыкI-къыщымыкI».

КъэкIыгъэ сурэт зит карточкэхэр. Хадэхэр зит сурэтышхуэхэр

ЦIыкIухэр здэщыпсэу республикэм къыщыкI хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ яцIыху икIи къырабжэкIыф; сурэткIэ тэмэму рассказ мыин зэхалъхьэф.

ЦIыкIухэм я унэ хадэм нэхъыжьхэм я гъусэу лэжьыгъэ ирагъэкIуэкI.

Багъ Н.А

(н.46)

ФокIадэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: Балъкъыз Б. «СиIэщ сэ жыг цIыкIу».

Усэр цIыкIухэм егъэцIыхун, зытеухуар къегъэщIэн; усэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къагурыIуэу егъэсэн; усэр гукIэ егъэщIэн; жыгхэм зэрыхущытын хуейм хуэгъэсэн.

Хэзышэ псалъэмакъ; усэм гъэхуауэ гъэсакIуэр йоджэ, упщIэкIэ ар зэпкъырах, гукIэ зэрагъащIэ, зырызу къыжаIэ; джэгукIэ «ЩIэш».

МыIэрысэ жыг зит сурэтхэр.

ЩIэряфIэгъэщIэгъуэнщ; усэр жэуапкIэ зэпкъырахыф, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къагуроIуэ; жыджэру упщIэхэм жэуап иратыф.

Унам жыг хадэзиIэ сабийхэм хъыбар жаIэж.

Багъ Н.А.

(н.90)

ФокIадэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Мэз. Iэгъэбэгу. МэракIуэ.

 

Темэ: «Мэзым къыщыкIзэмылIэужьыгъуэхэр»

Ди республикэм и мэзхэм къыщыкIкъэкIыгъэхэр цIыкIухэм егъэщIэн, абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр я гум ирегъэубыдэн; я анэдэлъхубзэм зегъэужьын.

Къуажэхьхэр къэщIэн, сурэтхэр зэпыплъыхьын, абыхэм тетым тепсэлъыхьын, гъэсакIуэм и хъыбар, псалъэщIэхэм елэжьын, джэгукIэ «Шыхъуэ щIакъуэ».

Мэзым къыщыкI къэкIыгъэхэм я сурэт.

ЦIыкIухэм щыпсэу республикэм ит мэзым къыщыкIхэр ящIэ, адыгэбзэкIэ къыраIуэф, топсэлъыхьыф; псалъэмакъыр даIыгъыф балигъыми сабийми.

Тхылъ плъыжьым ит къэкIыгъэхэм дытопсэлъыхь.

 

ФокIадэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ШыкъумцIий».

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къегъэщIэн; цIыкIухэм я анэдэлъхубзэм зегъэужьын; Iущу, Iэдэбу къэгъэтэджын.

Хэзышэ псалъэмакъ, къуажэхьхэр, таурыхъымкIэ лэжьыгъэ, бзэм зезыгъэужь джэгукIэхэр.

«Сабийгъуэ»-тхылъ.

Балигъыр тхылъщеджэкIэ цIыкIухэм я гупсысэр теухуауэ йодаIуэ; таурыхъым и мыхьэнэр къаIуэтэф, ар зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу жаIэжыф.

Зэныбжьэгъуны-

гъэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.144)

Жэпуэгъуэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Ди къуэжэ. Си лъахэ.

 

Темэ: «Мэртэзей къуажэ» (экскурс)

ЦIыкIухэр здэщыпсэу къуэжэм и хъыбар егъэщIэн: зэреджэу щытар, къызэрыхъуар, цIыху дэсахэмрэ къыдэтIысхьахэмрэ; я къуажэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъун.

Хэзышэ лэжьыгъэ,зыплъыхьакIуэ, гъэсакIуэм и хъыбар, унэ дэтхэм я мыхьэнэр жыIэн, къуажэм и къэбзагъ фIеягъым тепсэлъыхьын, къуажэр хэмыкIуадэжын папщIэ зэрыхущытын хуейм я гупсысэр бгъэдэшэн.

 

ЦIыкIухэм я къуажэм и къежьапIэр ящIэ; къуажэм фIы и лъэныкъуэкIэ хэхъуэным хущIокъу, абы дэт унэхэр здэщытымрэ я мыхьэнэмрэ нэгъэсауэ ящIэ.

Къуажэхэм яцIэхэр зыдогъащIэ.

 

Жэпуэгъуэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «МэкъумэшыщIэр, бажэр, дыгъужьыр»

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун; угупсысэм зэрынэхъыфIыр къагурыгъэIуэн; пщIэм ухущIемыгъуэжын папщIэ зэрыщытын хуейм тепсэлъыхьын; бзэм зегъэужьын.

Къуажэхьхэр къэщIэн, псалъэщIэхэр зэпкъырыхын, таурыхъым еджэн, упщIэкIэ зэпкъырыхын, жыIэжын зэрызыкIэлъыкIуэм хуэдэу,джэгукIэ «КъащIэт сщIэр».

Бажэ, дыгъужь зытет сурэтхэр.

Цiыху губзыгъэр зэрыгупсысэр ящIэ, таурыхъ жаIэжыф, къуажэхь къащIэ, псалъэ хэмыту ягъэлъагъуэр къащIэ.

Псалъэжьхэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.59)

Жэпуэгъуэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Унагъуэ.

 

Темэ: «Сэ си унагъуэр»

Унагъуэм хьэщIэ къихьэмэ зэрырагъэблагъэр егъэщIэн цIыкIухэм; я унагъуэр къызыхэкIа лъэпкъыр зэращIэр егэбыдылIэн; унагъуэм исхэмрэ благъэмрэ зэрыхущытын хуейм хуэгъэсэн.

Псалъэжь егъэщIэн, «унагъуэ» псалъэр къызытехъеикIар гъэсакIуэм еIуатэ;цIыкIухэм я унагъуэ сурэтым топсэлъыхь; адыгэ хабзэм щыщ зэгъэцIыхун;Iуэху зэхэлъыкIэ гъэсакIуэм къехь, ар сабийхэм тэмэму зэхагъэкIын папщIэ.

Унагъуэ зит сурэтхэр.

ЦIыкIухэм я лъэпкъыр яцIыху; адыгэ хэбзэм хащIыкI; нэхъыжьым пщIэ хуащI, нэхъыщIэхэм хосакъ.

УнэцIэхэм дытопсэлъыхь.

 

Жэпуэгъуэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Бынунагъуэ» (грамотэм щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ)

Псалъэухам теухуауэгурыIуэныгъэ етын; псалъэуха зэхалъхьэфу , абы схемэ хуащIыфу егъэсэн.

Бынунагъуэ зит сурэткIэ псалъэухахэр зэхэлъхьэн; псалъэухахэр псалъэу гуэшын, схемэ хуэщIын; схемэкIэ псалъэуха зэхэлъхьэн.

Бынунагъуэ зит сурэтышхуэ.

Грамматическэ определенэ ирамыту псалъэухам теухуауэгурыIуэныгъэ яIэщ; псалъитI е псалъиплI нэхъыбэ мыхъуу псалъэуха зэхалъхьэф, ар псалъэкIэ ягуэшыжыф.

ДжэгукIэ- «Псалъэр къафщIэ» доджэгу.

Ацкъэн Р.М.

(н.49)

Жэпуэгъуэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Удз гъэгъахэм я дуней.

 

Темэ: «Къэрабэ»

Удзхэм теухуауэцIыкIухэм ящIэм зегъэужьын, абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр егъэщIэн; удзхэм мыхьэнэ яIэр хуэIуэтэн; удзхэм теухуа усэхэм щыгъэгъуэзэн.

Удз зэмылIэужьыгъуэ зит сурэтхэр зэпыплъыхьын, абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр гум иубыдэн, удзхэм сэбэпынагъ пылъым теухуауэ псалъэмакъ, усэ къеджэн, джэгукIэ «Сэбэп-зэран».

Удз зэмылIэужьы-

гъуэ зит сурэт.

Удзхэм адыгэбзэкIэ я фэщыгъэцIэр цIыкIухэм ящIэ, жаIэф, сэрэп хъумрэ мыхъумрэ зэхагъэкIыф; псалъэуха мыхьэнэ къикIыу зэхалъхьэф.

ЩIыбымдыщыдэтым удзхэм дыкIэлъоплъ, дытопсэлъыхь.

Ацкъэн Р.М.

(н.52)

Жэпуэгъуэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Ан-дэ-гу-рэ».(грамотэм щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ)

Псалъэр пычыгъуэкIэ зэпаудыфу, пычыгъуэхэр псалъэурэ зэхуахьэсыжыфу цIыкIухэр егъэсэн; я псэлъалъэр псалъэщIэхэмкIэ хэгъэхъуэн;бжыгъэхэр адыгэбзэкIэ егъэщIэн( зэрабж, зэрызэкIэлъыкIуэ).

Удзхэм я фэщыгъэцIэхэр пычыгъуэу гуэшын; джэгукIэ «зэхуэхьэс псалъэ»; хьэпшыпхэр бжын(пщIым къриубыдэу); псынэщIэрыпсалъэхэр.

Удзхэр зит сурэт. Бжыгъэхэр зытет карточкэ.

ЦIыкIухэм псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпаудыф, пычыгъуэ зэхуахьысыж псалъэу; пщIым нэс ябжыф я бзэкIэ; псынщIэрыпсалъэ гъэхуауэ къапсэлъыф.

Бзэм зезыгъэужь джэгукIэ доджэгу.

Ацкъэн Р.М.

(н.49)

Жэпуэгъуэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЩIакхъуэ.

 

Темэ: «Гъавэ къэкIыгъэхэр»

Гъавэ къэкIыгъэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр цIыкIухэм егъэщIэн; гъавэм мыхьэнэуэ иIэр къегъэщIэн, абы телажьэм пщIэ хуащIыу къэгъэтэджын.

Сурэт гъавэ цIыхухэм къызэрырахьэлIэжым теухуауэ егъэплъын сабийхэр,гъавэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр я гум ирегъэубыдэн, бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэ егъэкIуэкIын, псалъэжьхэм елэжьын, джэгун.

Бжьыхьэ лэжьыгъэ иту сурэтышхуэ. Гъавэ жылэ.

АдыгэбзэкIэ гъавэм и цIэр ящIэ; псалъэмакъыр балигъми сабийми даIыгъыф; упщIэм жэуап тэмэму иратыф; сурэткIэ мэлэжьэф.

Къуажэхьхэр къыдощIэ.

Ацкъэн Р.М.

(н.52)

Жэпуэгъуэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Бзэм и макъэхэр»

Сабийхэм я дикцэм елэжьын; зэхах макъым гулъытэ хуащIу, гъэсакIуэм ярита макъыр псалъэхэм, псалъэухахэм къыщагъуэтыфу егъэсэн.

ДжэгукIэ «Быдэ-щабэ», псалъэуха зэхэлъхьэн, джэгукIэ «Макъыр къэвгъуэтыж», псынщIэрыпсалъэхэр жегъэIэн.

Джэгум папщIэ зэмыфагъу тхылъымпIэ хъурейхэр.

Бзэм и макъхэр тэмэму къапсэлъыф я закъуэуи псалъм хэтууи; псалъэм деж макъым и увыпIэр къыщагъуэт; макъ жьгъжьгъхэмрэ дэгухэмрэ зэхагъкI.

Макъ къэпсэлъыным теухуа гимнастикэ дощI.

Ацкъэн Р.М.

(н.48)

ЩэкIуэгъуэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Псалъэ гуапэхэр.

 

Темэ: «Адыгэбзэ этикет».

Адыгэхэр щызэпсалъэкIэ къагъэсэбэп псалъэхэр егъэщIэн ;адыгэ нэмысым къикIыр къагурыгъэIуэн;гуапагъэ яхэлъу къэгъэхъун.

Этикет псалъэм теухуа псалъэмакъ; усэ «Зэпсалъэфакъым»; джэгукIэ «Адыгэ-урыс»;Джэурджий Хь. и рассказ «Гуапагъэ»; джэгукIэ «Хэт нэхъ гуапэ».

 

Адыгэбзэ псалъэхэу гуапагъэ зыпылъхэр я бзэм къыщагъэсэбэп; нэхъыжьым пщIэ хуащI; джэгукIэхэм шэрыуэу хатщ.

Махуэм къыриубыдэудыщызэпса-

лъэкIэ псалъэ гуапэхэр зыжыдоIэ.

Ацкъэн Р.М.

(н.61,66)

ЩэкIуэгъуэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: Джэурджий Хь «ЛъэIуэкIэ».

Гуапагъ зыпылъ псалъэхэр къэпщытэжын; адыгэ хабзэм щыгъэгъуэзэн; рассказыр егъэцIыхун,жегъэIэжын; нэхъыжьым пщIэ хуащIу къэгъэтэджын.

ТхакIуэр егъэцIыхун;Iуэху зэхэлъыкIэм елъытауэ жыIыпхъэ псалъэхэр къэщIэн; диалог егъэкIуэкIын; рассказым къеджэн, упщIэкIэ зэпкъырыхын; рассказыр цIыкIухэм жаIэж.

Рассказыр зит тхылъ.

Адыгэ хабзэм щыгъуазэщ; диалог ирагъэкIуэкI гъэсакIуэм и щапхъэкIэ; планым тету рассказыр жаIэжыф.

Сабийхэм диалогирагъэкIуэкI.

Ацкъэн Р.М.

(н.65)

ЩэкIуэгъуэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Джэдкъазхэр. Къуалэбзухэр.

 

Темэ: «Адакъэ» Нало З.

Усэр егъэцIыхун; цIыкIухэм я бзэм зегъэужьын; джэдкъазхэмрэ къуалэбзухэмрэ аыгэбзэкIэ зэреджэр я гум ирегъэубыдэн.

ТхакIуэр зэгъэцIыхун;къуажэхь-усэхэркъэщIэн; бзухэр зэрыт сурэтхэм еплъын, тепсэлъыхьын; усэм еджэн, зытеухуар къэIуэтэн, псоми зэгъусэу жыIэн; джэгукIэ «Жьынду цIыкIу».

Бзухэр зытет сурэт-карточкэхэр.

Джэдкъазхэмрэ къуалэбзухэмрэяцIыху; усэр тэмэму къапсэлъыф; гъэсакIуэм и упщIэхэм гъэхуауэ жэуап иратыф; джэгукIэхэм жыджэру хэтщ.

ЩIыбымдыщыдэтым деж бзухэм дыкIэлъоплъ.

Багъ Н.А.

(н.96)

ЩэкIуэгъуэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Зы къазыхъу, зы адакъэжь, зыщIалэжь цIыкIу» Нало З.

Рассказыр цIыкIухэм егъэцIыхун; я бзэм зегъэужьын; джэдкъазхэм хущытыкIэ нэхъыфI яIэу къэгъэхъун.

Джэдкъазхэмрэ къуалэбзухэмрэ адыгэбзэкIэ зэреджэр къэпщытэжын; рассказым къеджэн, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къэщIэн; рассказыр цIыкIухэм къазэрыгурыIуам хуэдэу жегъэIэжын;джэгукIэ «Iэбэдзыуэ».

Джэдкъаз къуалэбзухэр зит сурэтхэр.

ГъэсакIуэм и ущиехэм я гупсысэр теухуауэ йодаIуэ; упщIэхэм жыджэру жэуап ират; щIэр зырагъэщIэным хущIокъу.

Видеофильм бзухэм теухуауа доплъ.

Багъ Н.А.

(н.125)

ЩэкIуэгъуэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Бжьыхьэ кIасэ.

ЩIыпIэ хуабэ лъэтэж бзухэр.

 

Темэ: «Къуалэбзу лъэтэжхэр»

Къуалэбзу лъэтэжхэмрэ,щIымахуэр изых къуалэбзухэмрэ зэхагъэкIыфу егъэсэн; щIымахуэр изых бзухэм зэрыдэIэпыкъун хуейм щыгъэгъуэзэн; я псалъалъэм хэгъэхъуэн.

Сурэтхэр зэпыплъыхьын, абы тетым я цIэр къиIуэн;къуажэхьхэр; гъэсакIуэм и хъыбар; къызэщIэзыубыдэ дэжэгукIэ «Лъэтэж-мылъэтэж», къуалэбзу сурэт цIыкIухэм егъэщIын.

Къуалэбзухэр зытет сурэт.

Къуалэбзухэр тэмэмуяцIыху, лъэтэжымрэ къанэмрэ зэхагъэкIыф; дерсыр зытеухуам елъытауэ сурэт ящIыф.

ЩIыбым бзухэм дыщыкIэлъоплъ.

Ацкъэн Р.М.

(н.108-109)

ЩэкIуэгъуэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Дыщэ кIанэ».Жаным Б.

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къегъэщIэн;Iэдэбу, Iущу цIыкIухэр къэгъэхъун.

Таурыхъым гъэсакIуэр къоджэ, упщIэкIэ псоми зэгъусэу зэпкъырах; сабийхэм таурыхъыр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу жаIэж; псалъэжьхэмкIэ лэжьыгъэ.

Таурыхъым и пычыгъуэ зит сурэт.

ЦIыкIухэм щIэр яфIэгъэщIэгъуэнщ; зыхахар тэмэму жаIэжыф; упщIэхэр ят. Абыхэм жэуап иратыф.

Таурыхъ жыдоIэж.

Багъ Н.А.

(н.62)

ЩэкIуэгъуэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Унэ псэущхьэхэр.ХьэкIэкхъуэкIэхэр.

 

Темэ: «Хьэмрэ Мыщэмрэ» Къэрмокъуэ Хь.

Унэ псэущхьэхэмрэхьэкIэкхъуэкIэхэмрэ теухуауэ цIыкIухэм ящIэр къызэщIэубыдэн; таурыхъыщIэ егъэцIыхун; я бзэм зегъэужьын.

СурэткIэ бзэм зегъэужьын; къуажэхьхэр къэщIэн; таурыхъым къеджэн, упщIэкIэ ар зэпкъырыхын; таурыхъыр цIыкIухэм жаIэж;джэгукIэ «Мыщэр сыт хуэдэ?».

Унэ псэущхьэхэмрэ,хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ зытет карточкэхэр.

ЦIыкIухэм я республикэм щыпсэу псэущхьэхэр яцIыху; абыхэм теуха таурыхъхэр ящIэ; я бзэм зырагъэужь.

Псэущхьэхэр зитсурэтхэмкIэ долэжьэ.

Багъ Н.А.

(н.151)

ЩэкIуэгъуэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: Щоджэн Л. «КIэпхъ».

Псэущхьэхэм теухуауэ цIыкIухэм ящIэр къызэщIэубыдэн; усэр егъэцIыхун, я гум ирегъэубыдэн; псэущхьэхэм зэрыхущытын хуейм хуэгъэсэн.

Псэущхьэхэм теухуа псалъэмакъ; усэмгъэсакIуэр йоджэ, ар упщIэкIэ зэпкъырах; усэр псоми я гум ираубыдэ;джэгукIэ «Дзыгъуэ-джэду»

КIэпхъ зит сурэт.

ЦIыкIухэм усэ гукIэ ящIэ; ямыщIэм укIытэ хэмылъу щIоупщIэ; гупсысауэ мэпсалъэ; джэгукIэхэм жыджэру хэтщ.

Усэ зэгъэщIэным зыхудогъэ-

хьэзыр: псалъэ гугъухэр тэмэму къыдопсэлъ.

Багъ Н.А.

(н.74)

Дыгъэгъазэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Жыг зэмылIэужьыгъуэхэр.

ЩIымахуэр тхыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.

 

Темэ: Бэрэгъун Л. «Жыгхэм я дохутыр».

Жыг зэмылIэужьыгъуэхэр цIыкIухэм егъэцIыхун, абыхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр я гум ирегъэубыдэн; усэр егъэщIэн, зытеухуар къагурыгъэIуэн; къэкIыгъэхэм зэрыхущытын хуейм хуэгъэсэн.

Жыг зэмылIэужьыгъуэхэр зит сурэтхэм еплъын, абыхэм тепсэлъыхьын; усэм гъэсакIуэр йоджэ, псоми зэгъусэу упщIэкIэ зэпкърах, гукIэ зэрагъащIэ.

Жыгхэр зит сурэтхэр.

Жыгхэм я цIэр адыгэбзэкIэ ящIэ; усэ программэм къриубыдэр гукIэ ящIэ; я бзэм зеужь.

ЩIымахуэмдытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.82)

Дыгъэгъазэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Сыщалъхуа щIыпIэ»

ЦIыкIухэм щалъхуа щIыпIэм щыгъэгъуэзэн, ар картэм деж егъэлъэгун; щIыпIэм къыриубыдэ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ егъэцIыхун;цIыхубэу щыпсэур егъэщIэн.

КартэкIэ лэжьэн; упщIэхэм жэуап етын; щIыпIэ щалъхуам илъ культурэм тепсэлъыхьын; адыгэ бэракъыр, гербыр гум иубыдэн.

КБР-м и президентым и сурэт, бэракъ, герб сурэт.

ЦIыкIухэр щалъхуа щIыпIэр ящIэ; КБР-м и бэракъымрэ гербымрэ яцIыху; картэм деж я щIыпIэ ит къалэхэр, къуажэхэр къагъуэтыф.

КъалэцIэхэр, къуажэцIэхэр зыдогъащIэ.

 

Дыгъэгъазэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЩIымахуэ. ЩIымахуэбзухэр.

 

Темэ: «ЩIымахуэ» (сурэт)

 

СурэткIэ гъэлэжьэн; цIыкIухэм я бзэм зегъэужьын, сурэтым къыщыгъэлъэгъуам теухуауэ хъыбар кIэщI зэхалъхьэфу егъэсэн.

Сурэтыр зэпыплъыхьын;гъсакIуэм и упщIэхэмкIэ сурэтым тепсэлъыхьын, абы хъыбар кIэщI хузэхэлъхьэн; къуажэхьхэр къэщIэн; щIымахуэ нэщэнэхэр къебжэкIын.

ЩIымахуэ зэманым теухуа сурэтышхуэ.

Сурэтым итым теухуауэ хъыбар зэхалъхьэф; упщIэ ятыф, абы жэуап иратыжыф; щызэпсалъэкIэ псалъэ мыхьэнэкIэ зэщхьхэмрэ, зэпэщIэуэхэмрэ къагъэсэбэп.

ЩIыбымзыщыдоплъыхь, щIымахуэ нэщэнэхэр къыдогъуэт.

 

Дыгъэгъазэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: АфIэунэ Л. «Япэ уэс»

Гъэм и зэманхэр къэпщытэжын; усэр гукIэ зэгъэщIэн; гупсысэм зегъэужьын.

Гъэм и зэманхэм теухуа псалъэмакъ;псалъэщIэхэмкIэ лэжьыгъэ; усэм теухуа лэжьыгъэхэр.

Сурэт гъэм и зэманхэр зит.

Усэм интонация яIэу жаIэф; ялъэгъуам гъэхуауэ топсэлъыхьыф; къэлъыхъуэныгъэ хьэл зыхэлъ упщIэхэр ят.

Уэсым дытопсэлъыхь, зэрыщытым къыщыщIым дыкIэлъоплъ.

Багъ Н.А.

(н.91)

 

Дыгъэгъазэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Северым и гъащIэ.

 

Темэ : «Тхьэмахуэ зэхуакур»

ЗэкIэлъыхьауэ тхьэмахуэ зэхуакур жаIэфу егъэсэн; «Нобэ сыт хуэдэ махуэ?»-упщIэм и жэуап ятыфу, я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.

Суткэр зэрыхъур яжеIэн; тхьэмахуэ зэхуакур урысыбзэкIэ жегъэIэн, ар адыгэбзэкIэ зэдзэкIыжын, гум иубыдэн; упщIэхэм жэуап етын; джэгукIэ «Хэт уи гъунэгъум и цIэр?».

Фибл хъу тхылъымпIэкIапэхэр.

Тхьэмахуэ зэхуакур къырабжэкIыф; упщIэхэм шэрыуэу жэуап ират; адыгэбзэм и макъхэр тэмэму къапсэлъыф.

Махуэм къыриубыдэу упщIэхэм жэуап къырат суткэм теухуауэ.

Ацкъэн Р.М.

(н. 49)

Дыгъэгъазэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: Нало З.«Iэпэзадэ»

Нало заур и рассказырцIыкIухэм егъэцIыхун; цIыхум къыпхуищIэм пщIэ зэрыхуэщIын хуейм хуэгъэсэн; я гупсысэм зегъэужьын.

Хэзышэ псалъэмакъ; рассказым гъэсакIуэр йоджэ, ар упщIэкIэ зэпкърах, зытеухуар къаIуэтэ; цIыкIухэм къащыщIа хъыбар жаIэж.

Рассказыр зэрыт тхылъ.

ГъэсакIуэр зэджэм я гупсысэр теухуауэ йодэIуэф; рассказым хэт персонажхэм хуогузавэ; щыпсалъэкIэ плъыфэ къызэрыкI псалъэхэр къагъэсэрэп.

Рассказхэм доджэ.

Багъ Н.А.

(н.120)

Дыгъэгъазэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ИлъэсыщIэ. ЩIымахуэсабий джэгукIэхэр.

 

Темэ: «ИлъэсыщIэ» Къэжэр П.

 

Усэр гукIэ егъэщIэн; я бзэм зегъэужьын; усэ гъэхуауэ еджэфу егъэсэн; щIымахуэ сабий джэгукIэхэм щыгъэгъуэзэн.

ИлъэсыщIэм теухуауэ псалъэмакъ; усэр гукIэ зэгъэщIэн; щIымахуэ сабий джэгукIэхэр зит сурэтым еплъыу тепсэлъыхьын.

Сурэт сабийхэр джэгуу иту.

Куэд бжыгъэ къызэрыкI псалъэхэр я бзэм хэтщ; цIыхум и щытыкIэм топсэлъыхьыф; усэ гукIэ ящIэ.

ИлъэсыщIэм зыхудогъэхьэзыр: усэ, уэрэд зыдогъащIэ.

Багъ Н.А.

(н.86)

Дыгъэгъазэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ИлъэсыщIэр къыдогъэблагъэ» (сурэт)

СурэткIэ хъыбар зэхалъхьэфу егъэсэн; я бзэм зегъэужьын; илъэсыщIэр цIыхухэм къызэрырагъэблагъэр къегъэщIэн.

ИлъэсыщIэр къызэрырагъэблагъэм теухуауэ псалъэмакъ; сурэтыр зэпыплъыхьын, абы итыр къэIуэтэн, хъыбар кIэщI зэхэлъхьэн; цIыкIухэм илъэсыщIэр къызэрырагъэблэгъэнур жаIэж.

ИлъэсыщIэр сабий садым къызэрыщыра-

гъэблагъэр зит сурэт.

Сурэтым хуиту топсэлъыхьыф, абы хъыбар хузэхалъхьэф; бзэмплъыфэцIэ, глагол къыщагъэсэрэп.

Усэ, уэрэд зыдогъащIэ.

 

ЩIышылэ

1 тхьэмахуэ

Зыгъэпсэхугъуэ.

 

 

 

 

 

 

ЩIышылэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Унэ. УхуакIуэ IэщIагъэхэр.

 

Темэ: «ЛIымрэхъумпIэцIэджымрэ» Нало З.

 

УхуакIуэ IэщIагъэр цIыкIухэм егъэцIыхун; таурыхъым и мыхьэнэр къагурыгъэIуэн; IэщIагъэхэм пщIэ хуащIыу къэгъэхъун.

Къуажэхьхэр къэщIэн; унэ яухуэу иту сурэт еплъын, тепсэлъыхьын; таурыхъыр гъэсакIуэм жеIэж; цIыкIухэр зыщIэхъуэпс IэщIагъэм тегъэпсэлъыхьын; джэгукIэ «Хэт сыт къигъэсэрэпрэ?»

Унэ яухуэу иту сурэтышхуэ,IэщIагъэ зэмылIэужьы-

гъуэхэм къагъэсэрэп хьэпшыпхэр.

ЩIэряфIэгъэщIэгъуэну зэрагъащIэ; сурэткIэ хъыбар зэхалъхьэф; дерсхэм жыджэру щолажьэ.

Адэ анэхэм я IэщIагъэхэм дытопсэлъыхь.

 

ЩIышылэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ПсынщIэрыпсалъэхэр»

ПсынщIэрыпсалъэ гукIэ зэгъэщIэн; макъхэр тэмэму къапсэлъыфу егъэсэн; бзэм зегъэужьын; адыгэ тхыдэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъун.

ПсынщIэрыпсалъэр зищIысым гъэсакIуэр топсэлъыхь; зы-тIу гукIэ псоми зэгъусэу зэрагъащIэ; макъ цIыкIухэм къахуэмыпсэлъхэм елэжьын.

ПсынщIэрыпса

лъэхэр зэрыт тхылъ.

Тэмэму макъхэр къапсэлъ;щымыуэу псалъэхэр жаIэ; жыджэру лэжьыгъэхэм хэтщ; я бзэм псалъэуха убгъуа къыхагъэхуэф.

ДжэгукIэ «Псалъэухар и кIэм нэгъэс» доджэгу.

Багъ Н.А.

(н108)

ЩIышылэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

УнэлъащIэ.

 

Темэ : «Дзыгъуэр псыхьэ зэрыкIуар»

Ди зэманым щыIэ унэлъащIэхэр къамыгупсыс щIыкIэ щыIахэр къегъэщIэн; усэр егъэцIыхун; я гупсысэм хэгъэхъуэн.

УнэлъащIэхэр зит сурэтхэм еплъын, абыхэм я цIэхэр къиIуэн; усэм гъэсакIуэр йоджэ; ижь зэманым цIыхум и дэIэпыкъуэгъуу щытар гъэсакIуэм и хъыбарым къыхегъэщ; джэгукIэ «Япэм-иджы».

УнэлъащIэхэр зит сурэтхэр.

Ижь зэманымщыIахэм цIыкIухэр щыгъуазэщ; усэ зэмылIэужьыгъэхэр ящIэ; хьэпшыпхэр псалъэкIэ къатхыхьыф.

Группэм и уголокхэм щоджэгу.

Багъ Н.А.

(н.84)

ЩIышылэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Аслъижан и щхьэхыкIэр» Нало З.

Рассказыр цIыкIухэм егъэцIыхун, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къегъэщIэн; щхьэхынэу щымытыу, Iэдэбуу къэгъэхъуным хущIэкъун.

Iуэху щIэным теухуауэ псалъэмакъ; рассказым гъэсакIуэр йоджэ, ар упщIэкIэ псоми запкърах; рассказыр цIыкIухэм жаIэж; персонажым и пIэм итам езыхэм ящIэныр жаIэ.

Рассказыр зэрыт тхылъ.

ЦIыхум и щытыкIэм топсэлъыхьыф, шэрыуэу псалъэмакъхэр ирагъэкIуэкIыф, я бзэм псалъэ къызэщIэзыкъуэхэр къыщагъэсэрэп.

Группэр къызэщIыдокъуэ.

Багъ Н.А.

(н.131)

ЩIышылэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЗыхэпсэукIхьэпшыпхэр.

 

Темэ: «Сэ дэрбзэру зызогъасэ» Къармэ Хь.

ЗыхэпсэукI хьэпшыпхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр егъэщIэн; усэр гукIэ егъэщIэн; хьэпшыпхэр тэмэму зэрызехьэн хуейм хуэгъэсэн.

Унэ хьэпшыпхэр зит сурэтхэр зэпыплъыхьын, тепсэлъыхьын; усэр гукIэ зэгъэщIэн; джэгукIэ «Хъуну- хъунукъым».

Унэ хьэпшыпхэр зит сурэтхэр.

ЦIыкIухэм адыгэбзэр фIыуэ ящIэ; усэ программэм къыриубыдэхэр зэрагъащIэ; балигъым жиIэхэр ягъэзащIэ.

Группэм щIэт хьэпшыпхэр псалъэкIэ къыдотхыхь.

Багъ Н.А.

(н.31)

 

Ацкъэн Р.М.

(н.50)

ЩIышылэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ФIыцIэ цIыкIу къыщыщIахэр» Нало З.

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун, ар жэIэжыфу егъэсэн; я бзэм зегъэужьын, псэлъалъэм хэгъэхъуэн; таурыхъхэр яфIэгъэщIэгъуэну къэгъэхъун.

Къуэжэхь къэщIэн; таурыхъым гъэсакIуэр йоджэ, ар упщIэкIэ псоми зэпкъырах; цIыкIухэм таурыхъыр жаIэж; джэгукIэ «ПыIэ къуэдзэ».

Бабыщ унагъуэ зит сурэт.

ТаурыхъырзэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу жаIэжыф, упщIэхэм тэмэму жэуап иратыф, псалъэуха убгъуахэр щызэпсалъэкIэ къагъэсэрэп.

Къэбзагъэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.48)

Мазае

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Щыгъын. Вакъэ. ПыIэ.

 

Темэ: «Адыгэ фащэ»

Адыгэ фащэр цIыкIухэм егъэцIыхун; фащэм тет тхыпхъэ-щIыпхъэхэр егъэлъэгъун; я лъэпкъыр фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъун.

Псалъэжьхэм елэжьын;фащэ зэрыт сурэтхэм еплъын,фащэкIэ хуэпа гуащэхэр зэпыплъыхьын; тхыпхъэхэм тепсэлъыхьын, фащэ тхылъымпIэм тещIыхьын.

Адыгэ фащэкIэ хуэпа гуащэхэр, фащэ зит сурэт.

ТхылъымпIэ напэ, къэрэндащ.

Ижь зэманым адыгэхэм щыгъын щыгъар яцIыху; псалъэщIэхэр я гум ираубыдэ, щыпсалъэкIэ къагъэсэрэп; упщIэ ятыф; зым ищIэр адрейм къыхуеIуэтэф.

ЩыгъынзэмылIэужьыгъуэхэм дытопсэлъыхь.

Ацкъэн Р.М.

(н.51)

Мазае

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Зэуэнур къэзыщIэ баш»

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун, жегъэIэжын;фIы ящIэм зэрынэхъыфIыр къагурыгъэIуэн.

Башыр сыткIэ сэрэп хъуми тепсэлъыхьын; таурыхъым гъэсакIуэр йоджэ, упщIэкIэ зэпкъырах; цIыкIухэм жаIэж; пэжу къэхъумрэ къагупсысымрэ зэхагъэкI.

Баш зэмыщхьхэр.

Пэжымрэ пцIымрэ зэхагъэкIыф; балигъ зэджар жаIэжыф; макъхэр тэмэму къапсэлъыф; фIы ящIэным хущIокъу.

ФIымрэ Iеймрэ дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.147)

Мазае

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЦIыхумрэ и Iпкълъэпкъымрэ.

Темэ: «ЦIыхуIэпкълъэпкъым теухуа псалъэхэр»

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым адыгэбзэкIэ зэреджэр егъэщIэн; абыхэм теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн; дыкъэзыухъуреихьым щыгъэгъуэзэн.

Сурэтым ит цIыхур зэпыплъыхьын, зыхуэгъэдэн; Iэпкълъэпкъ къэс сэрэпынагъ яIэр къебжэкIын; къабзагъэм тепсэлъыхьын; джэгукIэ «Сыт сыткIэ?».

ЦIыху иту сурэтышхуэ.

ЦIыкIухэр я Iэпкълъэпкъым кIэлъоплъыжыф; адыгэбзэкIэ Iэпкълъэпкъхэр къырабжэкIыф.

Зыр зым и теплъэм дыкIэлъоплъ.

Ацкъэн Р.М.

(н.51)

Мазае

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Нарчу щIэгъар» Нало З.

Рассказыр цIыкIухэм егъэцIыхун, абы и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къагурыгъэIуэн; я бзэм зегъэужьын; фIым хуэгъэсэн.

Хэзышэ лэжьыгъэ; рассказым гъэсакIуэр йоджэ, упщIэкIэ запкърах; псалъэжьхэр къапщытэж; рассказым хэт персонажхэм зыпащIыж.

Рассказыр зит тхылъ. МылымцIыхухэм къыщажыхьыу зит сурэт.

Балигъым жиIэм гъэхуауэ йодаIуэ; ныбжьэгъум зэрыхущытын хуейр ящIэ; инсценировкэ ирагъэкIуэкIыф.

ЩIыбым дыщоджэгу, мылым къыщыдожыхь.

Багъ Н.А.

(н.127)

Мазае

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Хэку хъумакIуэхэм я махуэ.

 

Темэ: «Мыщэ и къуэ Батыр» КIэрашэ Т.(япэIыхьэ)

Хэку хъумакIуэкIэ зэджэр къегъэщIэн; хэкур хъумэным хущIэгъэкъун; хъыбарыр цIыкIухэм егъэцIыхун.

Хэзышэ лэжьыгъэ; адыгэхэм я хэкур зыхъумауэ Нарт эпосым къыхэщхэм тепсэлъыхьын; хъыбарым и япэ Iыхьэм къеджэу упщIэкIэ зэпкъырыхын.

Хъыбарыр зэрыт тхылъ.

ЛIыхъужьыгъэзезыхьахэр цIыкIухэм ящIэ; гъэсакIуэм и ущием щIодэIу; хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр ящIэ.

Хэку хъумакIуэхэм я махуэр къызэрырагъэблагъэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.132)

Мазае

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Мыщэ и къуэ Батыр» КIэрашэ Т. (етIуанэ Iыхьэ).

Хэку хъумакIуэкIэ зэджэр къегъэщIэн; хэкур хъумэным хущIэгъэкъун; хъыбарыр цIыкIухэм егъэцIыхун.

Хэзышэ лэжьыгъэ; адыгэхэм я хэкур зыхъумауэ Нарт эпосым къыхэщхэм тепсэлъыхьын; хъыбарым и етIуанэ Iыхьэм къеджэу упщIэкIэ зэпкъырыхын.

Хъыбарыр зэрыт тхылъ.

ЛIыхъужьыгъэзезыхьахэр цIыкIухэм ящIэ; гъэсакIуэм и ущием щIодэIу; хъыбар зэмылIэужьыгъуэхэр ящIэ.

Хэку хъумакIуэхэм я махуэр къызэрырагъэблагъэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.136)

Мазае

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Спорт.

 

Темэ: «Цыжьбанэмрэ Щыхьымрэ»

Узыншагъэм папщIэ спортыр зэрысэрэпыр къагурыгъэIуэн; таурыхъыр егъэцIыхун; я бзэм зегъэужьын.

Спортым теухуа псалъэмакъ; цIыкIухэр спортым и зы теплъэ тегъэпсэлъыхьын; таурыхъым къеджэн, инсценировкэ щIын.

Таурыхъым теухуа сурэт.

Спортым и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэряцIыху; адыгэбзэм хуэшэрыуэщ; макъхэр тэмэму къапсэлъ.

ЩIыбым топ дыщоджэгу.

Багъ Н.А.

(н.69)

Мазае

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Темэ: «Шы шэсыкIэ» Нало З.зегъэужьын.

Шы зыхэт спорт теплъэр егъэцIыхун; усэр гукIэ зэгъэщIэн; псалъалъэм хэгъэхъуэн; гупсысэм

Шы спортым теухуа псалъэмакъ; адыгэхэм шым пщIэу хуащIым гъэсакIуэр топсэлъыхь; усэр псоми зырагъащIэ; джэгукIэ «Шы зытес».

Шы зытет сурэт.

Спортым и теплъэ зэмылIэужьыгъуэхэряцIыху; усэ гъэхуауэ тэмэму йоджэ; псэущхьэхэр фIыуэ ялъагъу.

Спортым дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.104)

Гъатхэпэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Бдзэжьей зэмылIэужьыгъуэхэр.

 

Темэ: «Лиуан и бдзэжьей ещэкIэр» Нало З.

Рассказыр цIыкIухэм ябгэдэлъхьэн; упщIэхэм псалъэуха нэскIэ жэуап иратыфу егъэсэн; рассказ жаIэжыфу егъэсэн.

Бдзэжьей зэмылIэужьыгъуэхэм тепсэлъыхьын, ахэр зит сурэтхэр зыпыплъыхьын; рассказым еджэн,жыIэжын; бзэм зезыгъэужь джэгукIэхэр.

БдзэжьейзэмылIэужьыгъуэхэр зит сурэт.

Хьэпшыпхэм я теплъэр псалъэкIэ къатхыхь;я бзэм псалъэ зэщхьхэмрэ зэпэщIэуэхэмрэ къыхагъахуэ.

Аквариумым ис бдзэжьейхэм дакIэлъоплъ.

Багъ Н.А.

(н.131)

Гъатхэпэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «КБР-м и псыхэр»

Хэкум хуаIэ гупсысэм хэгъэхъуэн; абы ит псы нэхъыщхьэхэр егъэцIыхун: Терек, Малкэ, Баксан; картэм деж къыщагъэлъэгъуэфу егъэсэн; хэкум итхэр исхэр зырагъэцIыхуным хущIэгъэкъун.

Хэзышэ лэжьыгъэ; псыхэр гъэсакIуэмцIыкIухэм ярегъэцIыху; Блэнауэ Л. и рассказ «Псынэхэр къызэрагъуэтар»;псыхэр тхылъымпIэм деж тещIыхьын.

КБР-м и картэ, тхылъымпIэ напэ, къэрэндащ.

Хэкум итымрэ исымрэяцIыху,жаIэф; картэкIэ мэлэжьэф.

Псым и щытыкIэм зэрызихъуэжым дыкIэлъоплъ, опыт идогъэкIуэкI.

Багъ Н.А.

(н.115)

Гъатхэпэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЦIыхубзхэм я махуэ.

 

Темэ : «ЦIыхубзхэм я махуэ лъапIэ»

ЦIыхубзхэм я махуэр щIагъэлъапIэр къегъэщIэн;цIыкIухэм я анэхэм пщIэ хуащIу егъэсэн; бзэм зегъэужьын.

ЦIыхубзхэм махуэ щIыхухаха зэманым топсэлъыхь; цIыкIухэм езыхэм а махуэм зэрызыхуагъэхьэзырыр жаIэж; Джэурджий Хь. и «Нанэ» рассказ.

Махуэ лъапIэм теухуа сурэт.

Ижь зэманым щыщIидзэу къекIуэкIа хабзэхэр ящIэ; анэхэр фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI;рассказ зэмылIэужьыгъуэхэр ящIэ.

Усэ, уэрэд зыдогъащIэ.

Ацкъэн Р.М.

(н.64, 66)

Гатхэпэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Мамэ уэ тIэкIу зыгъэпсэху» Джэдгъэф Хъ.

Усэр гукIэ егъэщIэн; анэхэм дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъун хуейм хуэгъэсэн; гупсысэм зегъэужьын.

ЦIыкIухэм я анэхэм къыхуащIэм теухуауэ псалъэмакъ; усэм елэжьын; джэгукIэ «Сэ нэхъыбэ»

Усэр зэрыт тхылъ.

Анэхэм я гугъуехьырзэхащIыкI, пщIэ хуащI; усэ зэмылIэужьыгъуэ гукIэ ящIэ; нэрылъагъур жьэрыIуэтэ ящI.

Усэ, уэрэд зыдогъащIэ.

Багъ Н.А.

(н.34)

Гъатхэпэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

IэщIагъэхэр.

 

Темэ: «ДохутырцIыкIу» Хьэгъундокъуэ Р.

IэщIагъэхэм адыгэбзэкIэ зэреджэр егъэщIэн; усэр егъэцIыхун; дэхтэнэ зы IэщIагъэми пщIэ хуащIу егъэсэн.

IэщIагъэхэм теухуа псалъэмакъ; усэм елэжьын, упщIэхэм жэуап етын; къуажэхьхэр къэщIэн; джэгукIэ «Хэт сыт къигъэсэрэпрэ?»

IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зит сурэт.

IэщIагъэхэр фIыуэ яцIыху; усэ зэмылIэужьыгъуэ ящIэ; зыр зым доIэпыкъу; гупу зэдолэжьэф.

ЦIыкIухэм ягу ирихь IэщIагъэхэм зыщыдогъэ-

гъуазэ

Багъ Н.А. (н.88)

Ацкъэн Р.М.

(н.54)

Гъатхэпэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «МэкъумэшыщIэр, бажэр, дыгъужьыр»

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун; IэщIагъэхэм теухуауэ ящIэр егъэбыдылIэн; пэжыгъэм хуэгъэсэн.

Къуажэхьхэр; сурэтым ит хьэкIэкхъуэкIэхэрпсалъэкIэ къэтхыхьын; таурыхъым елэжьын; псалъэжьэхэм елэжьын.

Дыгъужь, бажэ зит сурэт.

Зыр зым пэжу зэрыбгъэдэтынымхущIокъу; псалъэжьхэр ящIэ; жыджэру дерсым щолажьэ.

Ди зэманымIэщIагъэщIэ къыхыхьахэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.59)

Гъатхэпэ

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Хьэкъущыкъу. Шхыныгъуэхэр.

 

Темэ: «Адыгэ Iэнэ»

Адыгэ Iэнэм ехьэлIа хабзэм щыгъэгъуэзэн; адыгэ шхыныгъуэхэр егъэцIыхун;зэрыпщафIэ хьэкъущыкъухэр егъэцIыхун.

Хэзышэ псалъэмакъ;сурэтхэмкIэ лэжьыгъэ; адыгэ шхыныгъуэхэм и упщэфIыкIэ; цIыкIухэм я хъыбар.

Хьэкъыщыкъу, адыгэ шхын зит сурэтхэр.

Адыгэхэм я хабзэм щыгъуазэщ; псалъэуха убгъуакIэ мэпсалъэ; ямыщIэм щIоупщIэ; хъыбар кIэщI зэхалъхьэф.

Унэм цIыкIухэм хуаупщэфI шхыныгъуэхэм дытопсэлъыхь.

Ацкъэн Р.М.

(н.51)

Гъатхэпэ

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Псы ефэнми хабзэ хэлъщ» Джаурджий Хь.

Рассказыр цIыкIухэм егъэцIыхун; нэхъыжьым пщIэ хуащIу егъэсэн; я бзэм зегъэужьын; псалъэжь егъэщIэн.

Нэхъыжьхэм цIыIкIухэр зэрыхущытым тегъэпсэлъыхьын; рассказым гъэсакIуэр йоджэ, упщIэм жэуап къыратуурэ мыхьэнэ иIэр къащIэ; псалэжьхэм елэжьын; бзэм зезыгъэужь джэгукIэ.

ЗэмылIэужьыгъуэ Iуэхугъуэ зит сурэт.

Нэхъыжьхэм пщIэ хуащI; рассказ зэмылIэужьыгъуэ ящIэ, жаIэжыф; бзэм и макъхэр тэмэму къапсэлъ; гупу мэлэжьэф.

Унагъуэм ис нэхъыжьым зэрыхущытын хуейм дытопсэлъыхь.

Ацкъэн Р.М.

(н.66)

Мэлыжьыхь

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Гъатхэ лэжьыгъэхэр.

 

Темэ: «Гъатхэ»

АфIэунэ Л.

Гъатхэ лэжьыгъэхэм щыгъэгъуэзэн; усэрегъэцIыхун; макъхэр тэмэму къапсэлъу егъэсэн; гупсысэм хэгъэхъуэн.

Гъатхэ нэщэнэхэр къэпщытэжын; гъатхэ лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьын; усэм елэжьын; джэгукIэ «Лъэф».

Гъатхэ лэжьыгъэ зытет сурэт.

Усэ гъэхуауэ йоджэ; я бзэм плъыфэцIэ, цIэпапщIэ къыхагъахуэ;куэд бжыгъэ зиIэ псалъэ-хэр къагъэсэрэп.

Унэ хадэмщекIуэкI лэжьыгъэхэм дыкIэлъоплъ, абыхэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.42)

Мэлыжьыхь

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ЩхьэкIэрэ лъэдакъэрэ»

Гъатхэ лэжьыгъэмхащIыкIым зегъэужьын; таурыхъыр егъэцIыхун и мыхьэнэр къагурыгъэIуэн; псалъалъэм хэгъэхъуэн.

Гъатхэ лэжьыгъэм теухуауэ ящIэр къэпщытэжын; таурыхъыр гъэсакIуэм жеIаж, псалъэщIэхэр къагурегъаIуэ; цIыкIухэм таурыхъыр жаIэж, инсценировкэ ящI.

Таурыхъым теухуа сурэт.

ЦIыкIухэм я бзэр псалъэщIэкIэ хагъахъуэ; таурыхъ яфIэфIу йодаIуэ; Iущагъ яхэлъу къохъу.

ХьэкIэкхъуэкIэхэр зыхэт таурыхъ доджэ.

 

Мэлыжьыхь

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Уэгу.

 

Темэ: «Кхъухьлъатэхэр»

Уэгум теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн; кхъухьлъатэр къызэрежьар къегъэщIэн; рассказ кIэщI егъэцIыхун.

Хэзышэ лэжьыгъэ; уэгум теухуа псалъэмакъ; кхъухьлъатэхэм я сурэт; рассказым елэжьын,цIыкIухэм жегъэIэжын; тхылъымпIэм кхъухьлъатэ къыхегъэщIыкIын, иригъэджэгун.

Кхъухьлъатэ зытет сурэт; тхылъымпIэ напэ.

Уэгум щыгъуазэщ, кхъухьлъатэхэм якъежьапIэр ящIэ; зыгуэр ящIэн япэ мэгупсысэ; псалъэухахэр зэкIэлъыхьауэ рассказ жаIэж.

Космонавтхэм я махуэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.114)

Мэлыжьыхь

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Дыгъужьым икIуэдыкIар».

Таурыхъыр егъэцIыхун; я бзэм зегъэужьын; гупсысэм хэгъэхъуэн.

Къуажэхьхэр; сурэтхэм тепсэлъыхьын; таурыхъым еджэн, упщIэхэмкIэ зэпкъырыхын, цIыкIухэм жегъэIэжын, джэгукIэ «Ин-цIыкIу».

Дыгъужь, мэл, бжэн, ажэ зытет сурэтхэр.

Таурыхъ зыбжанэящIэ; адыгэбзэм и макъэхэр хуиту къапсэлъ; псалъэ зэпэщIэуэхэр къагъуэтыф.

Псэущхьэхэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н.55)

Мэлыжьыхь

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

ЩIыпIэ хуабэ щыпсэу псэущхьэхэр.

 

Темэ: «Пыл»

Башнигъэ А.

ЩIыпIэ хубэ щыпсэу псэущхьэхэм теухуау ящIэм хэгъэхъуэн; усэр гукIэ егъэщIэн; усэ еджэкIэм зегъэужьын.

Псэущхьэхэм теухуа псалъэмакъ; сурэткIэ лэжьыгъэ; джэгукIэ «ЗэхэвгъэкI»

ЩIыпIэ хуабэ щыпсэу псэущхьэхэр зытет сурэт.

Псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр яцIыху; усэ гъэхуауэ йоджэ; цIэпапщIэхэр псалъэухам къыщагъэсэрэп.

ЩIыпIэ хуабэхэм дытопсэлъыхь.

Багъ Н.А.

(н77)

Мэлыжьыхь

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ПцIащхъуэ цIыкIу»

Таурыхъыр цIыкIухэм егъэцIыхун; фIы пщIэм фIы узэрыхуэзэнур къегъэщIэн; фIым хуэгъэсэн.

Къуажэхьхэр; таурыхъыргъэсакIуэм жеIэж; псалъэжьхэр; таурыхъыр цIыкIухэм жаIэж; джэгукIэ «ТIыс-тэдж»

 

Сабийхэм зэпащIэу макъхэр псалъэм пэжу къыхагъэщхьэхукIыф, щагъэIуф, къыщапсэлъкIэ зэхагъэкIыф.

Дунейм и теплъэм зэрызихъуэжым дытопсэлъыхь, дыкIэлъоплъ.

 

Мэлыжьыхь

4 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Япэ удз гъэгъа.

 

Темэ: «Ажэгъуэмэ»

Таджик уэрэд адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ егъэщIэн; япэу удз гъагъэхэр къэпщытэжын; хьэпшыпхэр псалъэкIэ къатхыхьыфу егъэсэн.

Удз гъэгъахэм теухуа псалъэмакъ; нэгъуэщIхэкухэм я тхыгъэхэм тепсэлъыхьын; усэм еджэу упщIэкIэ зэпкъырыхын; джэгукIэ «Къыдоубыд топыр»

Удз гъэгъахэм я сурэт.

Усэ гъэхуауэ къоджэф; удз гъэгъахэм адыгэбзэкIэ зэреджэр ящIэ; бзэ зэпыщIакIэ мэпсэлъэф.

Япэу удз гъэгъахэм дыкIэлъоплъ.

Багъ Н.А

(н.79)

Мэлыжьыхь

4 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Псынэ»

АфIэунэ Л.

Удз гъэгъахэм теухуауэящIэм хэгъэхъуэн; усэщIэ егъэщIэн; псалъалъэм хэгъэхъуэн.

БлэкIар къэпщытэжын; псым теухуа псалъэмакъ; усэм теухуа лэжьыгъэ; джэгукIэ «Зэпыч»(пычыгъуэ)

Псынэ зытет сурэт.

ГъэсакIуэм и упщIэхэм жэуап иратыф, езыхэм упщIэх ятыф; псалъэхэр пычыгъуэу ягуэшыф.

Адыгэ джэгукIэ зэмылIэужьы

гъуэ доджэгу.

Багъ Н.А.

(н.81)

Накъыгъэ

1 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Гъудэбадзэхэр.

 

Темэ: «Аргъуей»

АфIэунэ Л.

Гъудэбадзэхэм теухуауэящIэм хэгъэхъуэн; усэр егъэщIэн; усэ еджэкIэм хуэгъэсэн.

Гъудэбадзэхэм теухуа псалъэмакъ; сурэтхэр зэпыплъыхьын, абыхэм тепсэлъыхьын; усэм елэжьын; гъэхуауэ зырызу еджэн.

Гъудэбадзэхэр зытет сурэт-карточкэхэр.

Гъудэбадзэхэр тэмэму яцIыху; усэ гъэхуауэ дахэу йоджэф; дерсым жыджэру щолажьэ.

ЩIыбымгъудэбадзэхэм дыщыкIэлъоплъ.

Багъ Н.А.

(н.83)

Накъыгъэ

1 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «ПкIауэмрэ цIывымрэ»

ТаурыхъыщIэ егъэцIыхун; таурыхъ зэкIэлъыхьауэ жаIэжыфу егъэсэн; я бзэм хэгъэхъуэн; зыр зым дэIэпыкъуным хущIэгъэкъун.

Къуажэхьхэр; пкIауэ, цIыв зытет сурэтхэм елэжьын; таурыхъым теухуа лэжьыгъэ; джэгукIэ «Сэ уэ пхуэсщIэнщ»

ПкIауэрэ цIыврэ зытет сурэт.

ТхыгъэхэрзэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу жаIэжыф; псалъэуха убгъуакIэ мэпсалъэ; гупу зэдэIуэжу зэдолажьэ.

ЦIывхэмдыкIэлъоплъ щIыбым дыщыдэтым деж.

Багъ Н.А.

(н.155)

 

Накъыгъэ

2 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Транспорт.

 

Темэ: «Мамышэ и маршынэр» Нало З.

Транспорт зэмылIэужьыгъуэегъэцIыхун; хъыбарыщIэ егъэщIэн, тегъэпсэлъыхьын; зыр зым дэгуэшэфу къэгъэхъун.

Транспорт зытет сурэт зэпыплъыхьын, ахэрпсалъэкIэ къэтхыхьын, я сэрэпынагъыркъэщIэн; хъыбарымкIэ лэжьыгъэ; зэрыджэгу хьэпшыпкIэ гъэджэгун.

Транспорт зытет сурэт, зэрыджэгу хьэпшып.

Транспортым фIыуэ хащIыкI; хъыбар зыбжанэ ящIэ; гупу зэдоджэгуф.

Щiыбым транспортым дыщыкIэлъоплъ.

Багъ Н.А.

(н.118)

Накъыгъэ

2 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

Темэ: «Дэ дощIэ»

Гъэ еджэгъуэм къыриубыдэу дызэджам и Iыхьэ къэпщытэжын; псалъэухахэм елэжьын; гупсысэм хэгъэхъуэн.

АдыгэбзэкIэ псэущхьэхэм я цIэр, хьэпшыпхэм я цIэр къыдопщытэж;

КБР-м итымрэ исымрэ къыдощIэж; лIыхъужьыгъэ зезыхьахэм дытопсэлъыхь; адыгэ хабзэм щыщ къыдоIуэ.

Сурэт зэмылIэужьы-

гъуэхэр.

Псалъэуха убгъуахэр къагъэсэбэп; упщIэ хуэбгъэувам жэуап иратыф; усэ гъэхуауэ къоджэф; гъэм и зэманхэр ящIэ; бзэ зэпыщIакIэ мэпсэлъэф.

Школым цIыкIухэр зэрыкIуэнум дытопсэлъыхь.

 

Накъыгъэ

3 тхьэмахуэ

(1 лэжьыгъэ)

Школ. Школым яхь хьэпшыпхэр.

 

Темэ: «Сабий садыр къыщызухкIэ»

Джэдгъэф Хъ.

 

Школым яхь хьэпшыпхэр егъэцIыхун; усэм и мыхьэнэм щыгъэгъуэзэн; хъыбар зэхэлъхьэкIэм зегъэужьын; гупсысэм хэгъэхъуэн.

Школ хьэпшыпхэр зыпыплъэхьын, абыхэм тепсэлъыхьын; усэм елэжьын, и мыхьэнэр къэщIэн; «Школым сыкIуэм» жиIэу хъыбар цIыкIухэм зэхегъэлъхьэн.

Школым яхь хьэпшыпхэр.

Школым цIыкIухэр хуэхьэзырщ; гугъу лъэпкъ емыхьу я бзэмкIэ мэпсалъэ; бзэм и макъ псори къабзэу къапсэлъ.

Школым экскурсщыдогъэкIуэкI.

Багъ Н.А.

(н.95)

Накъыгъэ

3 тхьэмахуэ

(2 лэжьыгъэ)

 

Темэ: «Школым дыхьэзырщ»

Гъэ еджэгъуэм къыриубыдэу дызэджам и Iыхьэ къэпщытэжын; псалъэухахэм елэжьын; гупсысэм хэгъэхъуэн.

Усэ, таурыхъ, хъыбар зыбжанэ къэщIэжын; тхакIуэ- усакIуэхэм я цIэ къиIуэн; псалъэуха зэхэлъхьэн, ар псалъэкIэ гуэшын, псалъэхэр зэпыудын, джэгукIэ «ГъуэрыгъуапщкIуэ»

Сурэт зэмылIэужьыгъуэхэр.

Псалъэуха убгъуахэр къагъэсэбэп; упщIэ хуэбгъэувам жэуап иратыф; усэ гъэхуауэ къоджэф; гъэм и зэманхэр ящIэ; бзэ зэпыщIакIэ мэпсэлъэф.

Школым цIыкIухэр зэрыкIуэнум дытопсэлъыхь.

 

Накъыгъэ

4 тхьэмахуэ

 

Диагностика.

 

 

 

 

 



Предварительный просмотр:

                   Муниципальное общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №1»

УТВЕРЖДАЮ

Директор МКОУ «СОШ №1»

Г.п.Залукокоаже

                                                                           /___________Т.К.Махошева ./

        

Программа по кабардинскому  языку

«СИ БЗЭ»

Возраст обучающихся – 3-4 лет

Срок реализации – 1 года

Авторы:

Мурзаканова Р.С

Плоева Г.Ч

2018 г.

Содержание

  1. Целевой раздел.
    1.1. Пояснительная записка………………………………………..…….3
    1.2. Цели и задачи реализации Программы………………...…............. 3

1.3. Особенности Программы……………………………………………..4

1.4. Методы и направления, используемые для реализации Программы…………………………………………………………….5

1.5. Планируемые результаты…………………………………...……….5

  1. Организационный раздел.
    2.1. Особенности осуществления образовательного процесса……….6
    2.2. Организация режима…………………………………………….…....6
  2. Содержательный раздел.
    3.1. Перспективный план ………………………………..………………..6
  3. Список литературы…………………………………….………………………..…13
     

I. Целевой раздел

1.1. Пояснительная записка

ЩIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал Федеральнэ стандартхэм ипкъ иткIэ зэхэлъхьа программэ.

Зи ныбжьыр илъэсищ  –  блы хъу сабийхэм  еджапIэм къыщIэмытIысхьэ щIыкIэ бзэмкIэ (псалъэкIэмкIэ) ягъуэта есэныгъэхэр егъэфIэкIуэным, абыхэм зегъэужьыным, адыгэбзэм и макъхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэным я псалъалъэ гъэтIылъыгъэм хэгъэхъуэным, ар жыджэру къагъэсэбэпыфу егъэсэным,

Иужьырей  зэманым  егъэджэныгъэм  и  кIуэцIкIэ  зэхъуэкIыныгъэ  куэд  йокIуэкI.  ФГОС-р  къызэращтэрэ  абы  дэ  ди  пащхьэ къригъэуващ къалэныщIэхэмрэ, мурадыщIэхэмрэ. Урысейм щIэныгъэ зэрыщрагъэгъуэтыр модернизацэ щIынымкIэ концепцэм ди лъэхъэнэм псоми ирагъэгъуэт щIэныгъэм и мурадхэр еубзыху. Абы къыхощ щIэныгъэр еджэхэм щIэныгъэ пыухыкIа гуэр бгъэдэлъхьэным имызакъуэу езы цIыхуми зиужьыным, зыгуэр зригъэщIэнымрэ ищIынымрэкIэ абы и зэфIэкIхэм хэгъэхъуэным зэрыхуэунэтIыпхъэр.

Сабий садым щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэм, адрей ядж предметхэм къадэкIуэу, адыгэбзэм увыпIэ пажэ щеубыд, езым иIэ зэфIэкIхэм  тещIыхьауэ,  сабийм  зиужьынымрэ  ар  езыр  зи  дуней  еплъыкIэ,  зи  хьэл-щэн  зиIэж  цIыхуу  зэфIэувэнымкIэ, къэтэджынымкIэ.

Гъэсэныгъэ мыхьэнэуэ предметым иIэр бзэм гъащIэм къыхуигъэув къалэнхэм къахокI, ягъэбелджылы, цIыхур зэрызэгурыIуэ, дыкъэзыухъуреихь  дунейр  зэрызэхащIыкI,  лъэпкъ  культурэм  зэрырашалIэ,  зэрыхашэ  Iэмалу,  Iэмэпсымэу  зэрыщытым къыхэкIыу.

ЗэрызэгурыIуэ  Iэмэпсымэу  бзэр  къигъэсэбэпкIэрэ  сабийр  абы  ирипсалъэ  цIыхухэм  яхэша  мэхъу,  абыхэм  зарегъэщхь,  цIыху зэхущытыкIэхэр  зыхуэдэм  щогъуазэ.  Бзэм  и  фIыгъэкIэ  абы  къещIэ  дяпэкIэ  псэуахэм  яIа  IуэхущIафэхэр, дунейпсо  культурэм хэша мэхъу, ар къещIэ. Бзэр щымыIамэ, цIыхум социальнэ (дуней тетыкIэрэ гъащIэ хэтыкIэрэ) и лъэныкъуэкIэ зиужьын, ипэкIэ кIуэтэн лъэкIынутэкъым.  

Бзэм и сэбэпкIэ сабийм къещIэ, зэхещIыкI дыкъэзыухъуреихь дунейр. ЗэрызэгурыIуэ Iэмэпсымэу щыткIэрэ, бзэм цIыхум езым и  гупсысэкIэ  иIэж  ещI,  и  зэхэщIыкIым  зрегъэужь,  нэгъуэщIу  жыпIэмэ,  сабийм  акъыл,  гупсысэ,  зэхэщIыкI  и  лъэныкъуэкIэ зиужьыныр къызэфIегъэкI.

Анэдэлъхубзэм  и  сэбэпкIэ  сабийм  езыр  зищIысыр  къыгуроIуэж,  езым  лъэкIыр  къигъэлъэгъуэнымкIэ  зыхуеинухэр  къещIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ ар езым и Iуэху еплъыкIэ, хьэл-щэн зиIэж цIыхуу къохъу.

Псоми  зэращIэщи,  цIыхум  и  зэхэщIыкIри,  гупсысэри,  гурыгъу-гурыщIэхэри  зэрызэфIэувэр,  абыхэм  зэрызаужьыр дыкъэзыухъуреихь дунейр, абы зэрызихъуэж хабзэхэр зэхащIыкIкIэрэщ, къащIэкIэрэщ, къагурыIуэкIэрэщ.

ЗэрызэгурыIуэ  Iэмэпсымэу  щыткIэрэ,  цIыхум  и  щIэныгъэм,  абы  и  IуэхущIафэ  зэхуэмыдэхэм  Iэмал  зимыIэ  Iуэхугъуэу  хохьэ бзэм и къэгъэсэбэпыкIэри. Апхуэдэу щыщыткIэ, сабийхэм я бзэм зрагъэужькIэрэ, абы и зэхэщIыкIыр, гупсысэкIэр, гурыгъу-гурыщIэхэр, хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIэ, зыхэпсэухь гъащIэм жыджэру хэтыфынымкIэ зыхуеину Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэща  мэхъу.

ИЛЪЭСИЩ-ПЛІЫ ЗИ НЫІЖЬЖЭМ ПАПЩ1Э ГІРОГРАММЭ

Илъэсищ-пліы зи ныбжь сабийхэм тхьэмахуэм къриубыдэу зы дерс яіэн хуейщ. Дерсыр егъэкіуэкіыпхъэщ дакъикъипщі-пщыкіутхукіэ.

Зы илъэсым къриубыдэу егъэкіуэкіыпхъэщ сыхьэт 36-рэ.

1.2. Цели и задачи реализации Программы

МУРАДХЭР

Илъэсищ – пл1ы зи ныбжь сабийхэм я бзэм зегъэужьынымк1э, къулей щ1ынымк1э, тэмэму псалъэфу егъэсэнымк1э къэув  къалэнхэр:

- псалъэк1эмк1э я1э зэф1эк1ыр къэхутэн, я бээм зегъэужьын, псалъалъэр нэхъ къулей щ1ын;

- сэлам зэрызэрахпсалъэхэр, ф1ыщ1э зэращ1 псалъэхэр я1урылъу гъэсэн;

- сабийхэм я бзэм и1э ныкъусэныгъэхэр къэхутэн, мытэмэму къапсэлъ макъхэр гъэзэк1уэжыным елэжьын;

- бзэм и макъхэр кабзэу къапсэлъыфу егъэсэн;

- унэлъащ1эм, щыгъыным, джэдкъазым, хьэкъущыкъум, хьэк1экхъуэк1эхэм, бзухэм, хадэхэк1ым, пхъэщхьэмыщхьэхэм я  ц1эхэр адыгэбзэк1э жа1эфу егъэсэн;

- художественнэ тхыгъэ к1эщ1хэм едэ1уэфу егъэсэн;

- таурыхъхэм, рассказхэм къыщыхъухэм к1элъыплъыфын, эгъэджак1уэр дэ1эпыкъуурэ усэ, къебжэк1 ц1ык1ухэр

зэрагъэщ1эфын;

- унагъуэм исхэм я зэхущытык1эм тепсэлъыхьыфу егъэсэн;

- есэпымк1э къызэрыгуэк1 щ1эныгъэ етын;

- экологическэ гъэсэныгъэ етын;

- дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм гу лъатэфу, тепсэлъыхьыфу егъэсэн;

- нэрылъагъу пособиехэр къэгъэсэбэпын, сабийхэр дерсхэм дегъэхьэхын;

- 1еймрэ ф1ымрэ зэхагъэк1ыфу, якум зэгуры1уэныгъэ дэлъу, гущ1эгъу я1эу къэгъэтэджын;

- хьэл – щэн дахэ яхэлъу, нэхъыжьхэми нэхъыщ1эхэми пщ1э хуащ1ыфу егъэсэн;

- езыр – езыру зэдэджэгуфу егъэсэн.

1.3. Особенности Программы

Бзэм зегъэужьын

Сабийхэр щыджэгу пэшым щіэлъ хьэпшыпхэр, сурэт ціыкіухэр, тхылъ гъэщіэгъуэнхэр, щыгъынхэр,  хьэкъущыкъухэр,  н.  езыр-езыру  зэпаплъыхьыфу,  абыхэм  тепсэлъыхьыфу, щыджэгукіэ  ахэр  къагъэсэбэпыфу  егъэсэн.  Я  бзэм зиужьын  папщіэ,  сабийхэр  нэхъыбэрэ зэгъэпсэлъыліэн,  зэдэгъэджэгун.  Щызэпсэлъыліэкіэ я псалъэмакъым  кіэлъыплъын,  ядэіэ-пыкъун.

Егъэджакіуэр  къызыхуеджэ,  яжриіэж  таурыхъхэм,  рассказхэм  едэіуэфу,  зэхахыр къагурыіуэу егъэсэн.

Псалъадъэм хэгъэжъуэн

Дыкъэзыухъуреихь  дунейм  хащіыкіыр,  псэлъэкіэмкіэ  яіэ  зэфіэкіыр  къэхутэн,  я  бзэмзегъэужьын.  Я  псалъалъэр  нэхъ  къулей  щіын  папщіэ,  щыгъынхэм,  хьэпшыпхэм,  хьэкъу-щыкъухэм я ціэхэр зэращіэр къэщіэн,  ахэр псори хуэсакъыу зехьэн зэрыхуейр егъэщіэн.

Дэтхэнэ пкъыгъуэри,  къызыхэщіыкіам елъытауэ,  Іыхьэ-Іыхьэурэ зэрызэхэтыр яжеіэн, егъэщіэн,  ахэр ліэужьыгъуэ зыбжанэу зэрызэщхьэщыкіым гу лъегъэтэн.  Псалъэм папщіэ, бостейм  Іэщхьэ пытщ,  пщампіэ тетщ,  жып  щіэтщ,  щіыіу итщ,  чэсыргей  къуэлэным  къыхэ- щіыкіащ.  Хьэфэм, абджым, ятіэм, тхылъымпіэм, н.  къыхащіыкі пкъыгъуэхэри куэду зэрыщыіэр яжеіэн,  егъэлъагъун.

Бзэм и макъхэр

Сабийхэр  бзэм  и  макъзешэхэр  (а,  э,  у,  и, о,  ы,  е  ) псалъэхэм  зэхэщіыкіыгъуэу  къы- щапсэлъыфу егъэсэн.  Къапсэлъ макъыр я тхьэкіумэкіэ зэхахыу,  псалъэхэм щызэхамыгъэ- зэрыхьу,  къыщапсэлъым деж тэмэму бэуэфу егъэсэн.  Мыкіийуэ икіи  мыщэхуу,  гъэхуауэ псэлъэфу егъэсэн.

Адыгэбзэми урысыбзэми къыщыдгъэсэбэп макъхэр я къэпсэлъыкіэкіэ зэрызэщхьэщы-кіым сабийхэм гу лъегъэтэн.

Бзэм и грамматическэ ухуэкіэр

Щыіэціэрэ плъыфэціэрэ (терминхэр къэмыгъэсэбэпауэ) зэгъэкіуауэ я бзэм къыщагъэсэбэпыфу  сабийхэр  егъэсэн.  Щыпсалъэкіэ,  закъуэ,  куэд  бжыгъэ  къызэрыкі  псалъэхэр  я псалъэмакъым къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.  Псалъэуха тэмэму яухуэфу егъэсэн.

Бзэр зэрызэпыщіар

Сюжет зиіэ сурэт гъэщіэгъуэнхэм щебгъэплъкіэ, ар зытеухуа таурыхъхэр щажепіэкіэ, сабийхэр псалъэмакъым хэшэн,  езыр-езыру  зэгъэпсэлъыліэн,  зэрыпсалъэ  бзэр  къазэрыгурыіуэр  къэхутэн,  упщіэ  яхуэбгъэувмэ,  зэхэщіыкіыгъуэу  жэуап  къуатыжыфу  егъэсэн.

ЗыхащІыкІ  Іуэхугъуэхэм,  я нэгу щіэкіа  гуэрым теухуа  псалъэмакъыр  къыбдаіыгъыфу сабийхэр егъэсэн. Дэнэ щымыіами сабийхэр щыпсалъэкіэ и чэзум деж фіыщіэ зэращі, сэлам зэрах,  сэлам  зэрызэрахыж  псалъэхэр  я  бзэм  къыщагъэсэбэпыфу  егъэсэн.  Езыр-езыру щызэпсэлъыліэкіэ,  гуапэу зэхущыту егъэсэн.

ЛЕКСИКЭ

Сэлам зэрызэрах, фіыщіэ  зэращі  псалъэхэр: уи (фи) пщэдджыжь фіыуэ; уи (фи) махуэ фіыуэ;  уи (фи) пщыхьэщхьэ фіыуэ; узыншэу ущыт (фыщыт);  упсэу.

Зэрыджэгу хьэпшыпхэр:  гуащэ,  гущэ,  топ,  гуащэ хьэпшып.

Инагъ-ціыкіуагъ къызэрыкіхэр: ин, ціыкіу, ціыкіунитіэ, инышхуэ.  (Сэ топиті сиіэщ. Зыринщ,  адрейр ціыкіущ.)

Здэунэтіа-здэгъэза  лъэныкъуэ къызэрыкіхэр:  ижь,  сэмэгу.  (Мис  си  Іэ  ижьыр,  сэмэгур)

Геометрическэ фигурэм и фіэщыгьэціэр:  хъурей (круг).

Зэманкіэзэлъытыныгъэ къызэрыкІхэр:пщэдджыжь, пщыхьэщхьэ,  махуэ, жэщ.  (Пщэд-джыжьым  сабий садым сокіуэ. Махуэм  соджэгу,  соджэ.  Жэщым сожей.)

Плъыфэ къызэрыкіхэр:  плъыжь,  гъуэжь,  удзыфэ.  (МыӀэрысэр плъыжыц,  кхъужьыр гъуэжыц.)

Хьэл-щэн къызэрыкӀхэр:  укіытэх,  зыгъэгусэрей, жыіэдаіуэ,  жыіэмыдаіуэ.

Бынунагъуэ:  анэ,  адэ,  шыпхъу,  дэлъху,  анэшхуэ (нанэ),  адэшхуэ (дадэ).

Унэ хьэпшыпхэр:  стӀол,  шэнт,  гъуэлъыпӀэ.

ТепӀэнщӀэлъынхэр:  шхыӀэн,  щхьэнтэ,  уэншэку.

Хьэкъущыкъухэр:  тепщэч,  сэ,  гуахъуэ,  бжэмышх.

Адыгэ шхыныгъуэхэр: лэкъум, джэдлыбжьэ,  пӀастэ, дэлэн.

Щыгъынхэр (гъэм и зэманхэм теухуауэ): джанэ,  гъуэншэдж, бостей,  пщэдэлъ,  Ӏэлъэ,  цыджанэ.

Зыхуэпэным теухуа псалъэхэр:  зыщытіэгъэн (бэлътор), лъытӀэгъэн (вакъэр), зыщхьэрытіэгъэн (пыіэр), зыіэрытіэгъэн (Ӏэлъэр),  зыдэлъхьэн (пщэдэлъыр).

Ӏэпкълъэпкъым  ехьэліа псалъэхэр:  щхьэ,  щхьэц,  нэ,  пэ,  жьэ,  нэкіу,  Ӏупэ,  лъакъуэ,  Ӏэ, ныбэ.

Къабзагъэм ехьэліа псалъэхэр:  зытхьэщіын,  лъэщӀын  (дзэр,  напэр,  Ӏэр),  зыгъэпскӀын, сабын,  напэӀэлъэщӀ.

Хадэхэкіхэр:  бэдрэжан,  нащэ,  пхъы  (и  плъыфэр,  и  Іэфіагъыр,  и  инагъ-ціыкіуагъкіэ зэхагъэкӀыфын).

Пхъэщхьэмыщхьэхэр:  мыіэрысэ,  кхъужь, балий (и теплъэр,  и Іэфіагъыр, и плъыфэр).

Унэ псэущхьэхэр:  жэм (корова), шкіэ (телёнок), хьэ (собака), хьэпшыр (щенок), джэду (кошка), джэду шыр  (котёнок),  шы  (лошадь),  шыщіэ (жеребёнок).

Мэз псэущхьэхэр: бажэ (лиса), тхьэкіумэкіыхь (заяц), мыщэ (медведь).  Бажэри, тхьэ-кіумэкіыхьри,  мыщэри мэзым щопсэу.

Джэдкъазхэр: джэд (курица), джэджьей (цыплёнок),  адакъэ (петух).

Къуалэбзухэр:  къуаргъ (ворона),  тхьэрыкъуэ (голубь),  бзугъуабжэ (воробей).

Хьэпщхупщхэр:  хьэмбылу (червь),  хьэндыркъуакъуэ (лягушка).

Гъудэбадзэхэр:  хьэндырабгъуэ (бабочка),  бжьэ (пчела),  аргъуей (комар).

Іэщіагъэхэр:  пщафіэ (повар), дохутыр (доктор),  гъэсакіуэ (воспитатель)

Гъэм и зэманхэр

Гъатхэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): ткіужын (уэсыр, мылыр), уэшх къешхын, къыхэжын (удзхэр),  щхъуантіэ хъун (мэзхэр,  жыг хадэхэр),  абгъуэ ящіын, уэрэд жаіэн.

Гъэмахуэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): хуабэ, дыгъэ, уэшх, псыхъуэ, зыгъэпскіакіуэ, пшахъуэ, лъапціэ.

Бжьыхьэ  (зэхъуэкіыныгъэхэр):  уэлбанэ,  пшагъуэ,  къуалэбзухэр лъэтэжын.

ЩІымахуэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): щіыіэ, уэс, мыл, уэс Іэшкіэ, лъэрыжэ, къежэхын, Іэжьэ, п і ы щ і э н ,  Уэс Дадэ,  Илъэсыщіэ.

Махуэшхуэхэр: Илъэсыщіэ.  Мартым и 8-р ЦІыхубзхэм я махуэщ.

Адыгэбзэр сабийхэм ябгъэдэлъхьэным  хэзыгъэгъуазэ тхыгъэ
Дэхтэнэ зы лъэпкъыми и бзэ иIэжщ - и анэдэлъхубзэ, ирипсалъэу, цIыху къэс и гупсысэхэр, и гурыгъу-гурьпцIэхэр къырриIуатэу. Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъым и лъэпкъыгъэр зыхъумэр - тхыдэ гъуэгуанэр, и лIыгъэр, и хабзэ- нэмысыр, и зэхэщIыкIыр, и экономикэ, политика, культурнэ зыужьыныгъэр зыдынэсыр зыгъэбелджылыр,а псоригъуджэм хуэдэу IупщIу кызэрыщыр. Бзэр къулеигъэшхуэщ. Ар,нэр напIэм зэрихъумэм хэдэу, хъумэн хуейщ. «Бзэ зимыIэм, лъэпкъ иIэкъым», -жеIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIэ адыгэ псэлъэжьым. Адыгэ лъэпкъым иIэжщ и бзэ - адыгэбзэ. Ар ди республикэм щызекIуэ къэралыбзэхэм ящыщ зыщ. Абы иригущхуапхъэщ.
Iэмалу щыIэр къэгъэсэбэпын хуейщ, анэдэлъхубзэр хъума хъуным, абы адэкIэ зегъэужьыным папщIэ. Псом нэхърэ нэхъапэр ар къытщIэхъуэ щIэблэм егъэщIэнырщ, фIыуэ егъэлъагъунырщ, егъэджэнырщ. Адэ-анэхэм я ужькIэ, абыкIэ къэлэнышхуэ я пщэ къыдохуэ егъэджакIуэхэм. Псом хуэмыдэу сабий садым щылажьэхэм. Абы къыхэкIкIэ, программэщIэ зэхалъхъащ. Ар сабий садым кIуэхэм я ныбжьым елъытауэ, Iыхьэ-Iыхьэрэ гуэшащ: илъэси 3-4, илъэси 4-5, илъэси 5-6, илъэси 6-7 зи ныбжьхэм папщIэ.

  • еджапIэм хуагъэхьэзырхэм сабий садым къыщыщIэкIкIэ граматикэмкIэ, анэдэлъхубзэмкIэ ящIапхъэхэр;
  • программэхэр;
  • методическэ чэнджэщхэр;
  • махуэрыбжэ (календарнэ) планхэр;
  • дидактическэ материалхэр (ребусхэр, кроссвордхэр, нэрылъагъу пособиехэр);
  • сабийхэм я зэфIэкIыр къызэрапщытэ диагностика;
  • псалъэ кIэщI.

Анэдэлъхубзэр сабийхэм зэрыбгъэдэтлъхьэм елъытащ я бзэр фIуэ ящIэу, абы ипщIэр яIэту, щалъхуа щIыпIэр фIыуэ ялъагъуу, дыкъэзыухъуреихь дунейм щыгъуазэу, Iеймэрэ фIымэрэ къагурыIуэу, нэхъыжьри нэхъыщIэри зэхащIыкIыу, гулъытэ яIэу, хьэл-щэн дахэ яхэлъу тэмэму гъэсауэ ахэр балигъ гъащIэм хэша хъуныр.

1.4. Методы и направления, используемые для реализации Программы
Нэхъыбэ ебгъэщ1эну ухуеймэ, егъэщ1апхъэхэр


Таурыхъ
Тхыгъэ к1эщ1хэр
Къызыхуеджапхъэ усэхэр.
Іуэры1уатэ
Сабий джэгук1эхэр 

1.5. Планируемые результаты

Сабийхэр щытын хуейщ:

*бзэм и макъхэр къабзэу къапсэлъыфу;

*упщІэ яхуэбгъэувам жэуап иратыфу;

*  геометрическэ фи гур эу хъурейр ящіэу;

*зыщыгъуазэ таурыхъхэм,  рассказхэм,  усэхэм  яфіэгъэщ іэгъуэну едэіуэфу;

*зыщыгъуазэ  таурыхъым  щыщ  Іыхьэ  инсценировкэ  ящ іыфу  (егъэджакіуэр  ядэіэпыкъупхъэщ);

*тхылъым  ит  сурэтхэмрэ  егъэджакіуэм  и  упщіэхэмрэ  къагъэсэбэпурэ  зыщыгъуазэ тхыгъэхэм тепсэлъыхьыжыфу:

*усэ,  къебжэкі  ціыкіу  гукіэ  къыбжаіэжыфу  (мащіэ  дыдэу  фыдэіэпыкъуми  ягъэ  кіынукъым);

Гъэм и кіэм деж сабийхэм яхузэфЬкІыр къызэрапщытэ щіыкіэр

Къызэрыгуэкіщ  (хищіыкіышхуэ  щыіэкъым).Езыр къэзыухъуреихь,  махуэ къэс зэрыджэгу хьэпшыпхэр еціыху; абыхэм я ціэр пэжу къреіуэ,  егъэджакіуэр дэіэпыкъуурэ сэламзэрызэрах  псалъэхэр  ещіэ,  фіыщіэ  зэращі  псалъэхэр  и  бзэм  къыщигъэсэбэпыркъым,  зэрыпсалъэ бзэр тэмэму къыгурыіуэркъым.

Ику  ит.  Тэмэму  пкъыгъуэ  зыщыгъуазэхэм  я  ціэр  къреіуэ,  къызэрагъэсэбэп  щіыкіэр ещіэ.  Егъэджакіуэр дэіэпыкъуурэ пкъыгъуэхэр зэрызэхэлъыр жеіэф,  езыр-езыру псалъэмакъым хыхьэркъым,  къебжэкі ціыкіу къыбжиіэжыфыным хущіокъу.

ФІыуэ ещіэ.  Зэрыпсалъэ  бзэр  къыгуроіуэ,  зыщыгъуазэ  пкъыгъуэхэм  я  ціэр  къреіуэ, къебжэкі ціыкіу ещіэ,  сэлам зэрызэрах,  фіыщіэ зэращі псалъэхэр и бзэм къыщегъэсэбэп, гъэм и зэманхэм къыщыхъу зэхъуэкіыныгъэхэм хещіыкі.

11.Организационный раздел.

2.1. Особенности осуществления образовательного процесса


ИЛЪЭСИЩ-ПЛІЫ ЗИ НЫБЖЬ САБИЙХЭМ Я БЗЭМ ЗЕГЪЭУЖЬЫНЫМКІЭ

МЕТОДИЧЕСКЭ ЧЭНДЖЭЩХЭР

Дыкъэзыухъуреихь природэмрэ экологическэ гъэсэныгъэмрэ

Природэмрэ  экологическэ  гъэсэныгъэмрэ  щыгъуазэ  щащі  дерсхэр  илъэсищ-пліы  зи ныбжьхэм деж мазэм къриубыдэу  1-2 ирагъэкіуэкіыпхъэщ - сентябрым къыщыщіэдзауэ май пщіондэ.

Егъэджакіуэм  сабийхэр  иригъэсапхъэщ природэм  къыщыхъу  зэхъуэкіыныгъэхэм  гу  лъатэфу, къэкіыгъэхэм, псэущхьэхэм пщіэ хуащіу, удз гъэгъахэр ямыутэу, жыг тхьэмпэхэр  къыпамыфыщіыкіыу,  къудамэхэр  ямыкъутэу,  хьэндырабгъуэхэр,  ціывхэр,  хьэмбылухэр ямыукіыу.

Сабийхэр  щыгъуазэ  щіыпхъэщ псэущхьэхэр  къэхъун,  къэкіыгъэхэм  заужьын  папщіэ,  Іэмал имыіэу зыхуеинухэм ( хуабапіэ,  псы,  шхын,  нэху).

Сабийхэр зыщыпсэу  ЩІЫПІЭМ  къыщыкі къэкіыгъэхэм  къызэрыгуэкі дыдэу щыгъэгъуэзапхъэщ  (жыгхэм,  удз  гъэгъахэм).  Ахэр дидактическэ джэгукіэхэр  («Пліым  языр  лейщ»,

«Сыт хуэдэ жыгым и тхьэмпэ?») къэгъэсэбэпауэ егъэбыдыліэжыпхъэщ.

Гъэм и зэманхэм къыщыхъу зэхъуэкіыныгъэхэм къызэрыгуэкіыу щыгъэгъуэзэн:  бжьы-хьэм  уэшх  къошх,  жыгхэм  тхьэмпэхэр  похуж;  щіымахуэр  щіыіэщ,  уэсыр  куууэ  телъщ;  гъатхэм  жыгхэм я гулъхэр къотіэпі, япэ удз гъэгъахэр къыхопщ, бзухэр къолъэтэж;  гьэма-хуэм дыгъэр гуащіэу къопс,  пхъэщхьэмыщхьэр,  хадэхэкіыр мэхъу, хьэпщхупщхэр куэдщ.

А псоми уащыхутепсэлъыхькіэ къэгъэсэбэпыпхъэщ усэ,  уэрэд,  къуажэхь.

Унагъуэ псэущхьэхэмрэ  абыхэм я шырхэмрэ  (щіэжьейхэмрэ)  зэхаціыхукіыфу,  я  ціэр къыбжаіэфу, щышхэкіэ кіэлъыплъыфу егъэсапхъэщ: жэм - шкіэ, бжэн - чыці, шы - шыщіэ,  хьэ - хьэпшыр, джэду - джэду шыр. Ахэм ягъэіу макъым гу лъегъэтапхъэщ (шь/р — мэщыщ, жэмыр—  мэбу,  бжэныр—  мэчэчэ, мэлыр —магъуэ).

Мэз  псэущхьэхэм щыщу тхьэкіумэкіыхьыр,  бажэр,  мыщэр,  нэгъуэщіхэри  егъэціыху-  пхъэщ,  яшхым,  я теплъэм гу лъегъэтапхъэщ.  А псори щебгъэбыдыліэжкіэ  «Зоологическэ  лото» джэгукіэр,  нэрылъагъу пособиехэр къэбгъэсэбэп хъунущ.

Илъэсищ-пліы  зи  ныбжь  сабийхэм  папщіэ  тхьэмахуэм  къриубыдэу  зы  дере  егъэкіуэ- кіыпхъэщ: дыкъэзыухъуреихь дунейм,  адыгэ художественнэ литературам теухуауэ, бзэм  зезыгъэужь лэжьыгъэу.

Зэрыпсалъэ  бзэр  сабийхэм  къазэрыгурыіуэм,  абы  и  зыхэщіэр  къызэраіуатэ  бзэм  мыхьэнэшхуэ  иіэщ  психическэ  илъэныкъуэкіэ  ныкъусаныгъэншэу  и  чэзум  деж  сабийхэм  заужьынымкіэ.  Адрей  психическэ  фіагъхэр  сабийхэм  щызэрагъэгъуэт  унагъуэм  иехэм, яціыху нэхъыжьхэм ящіэм кіэлъыплъурэ,  абыхэм щапхъэ трахыурэ.

Егъэджакіуэхэм  я  къалэн  нэхъыщхьэхэм  хохьэ  а  ныбжьым  ит  сабийхэм  я  бзэр  нэхъ  къулей щіыныр,  егъэфіэкіуэныр.  Ар гъэзэщіэнымкіэ дэіэпыкъуэгъу хъунущ:

- литературэбзэ къабзэкіэ псалъэу сабийхэм зэхегъэхыныр;

- зэрыпсалъэ бзэм и къулеягъыр, дахагъыр сабийхэм зыхегъэщіэныр.

Егъэджакіуэм и  бзэм и  къулеягъым,  литературэбзэ  къабзэкіэ  зэрыпеалъэм  елъытащ сабийхэри зэрыпеэлъэнур.  Бзэ къулей гъэщіэрэщіакіэ сабийхэр пеэлъэф хъун папщіэ,  щапхъэ зытрахыр егъэджакіуэращ,  абы ипкъ иткіэ езы егъэджакіуэр гурыіуэгъуэу,  шэщіауэ, мыпіащіэу, къагурымыіуа псалъэм къытригъэзэжурэ сабийхэм епсэлъыліапхъэщ. Сабийхэм  кърат упщіэхэр къигъэсэбэпурэ екіуэкі псалъэмакъым хишапхъэщ.

ИлъэсиплІ зи  ныбжь сабийхэр  я  бзэм  къыхуэт  щымыіэу псэлъэф  хъун  папщіэ тэмэму  къызэгъэпэща псалъэмакъ зэмыліэужьыгъуэхэр зэхегъэхыпхъэщ.  Абы хыхьэхэр:

- езы егъэджакіуэм и бзэр;

- бзэр зыхегъэщіэным хухэхауэ ( махуэ блэкіахэм е къэхъун хуей Іуэхугъуэхэм теухуауэ) егъэджакіуэм зэхилъхьа рассказхэр.

Сабийхэр  егъэджакіуэм  яжриіэж псоми яфіэгъэщіэгъуэну едэіуэнущ.  Абы  къыхэкікіэ іэмал имыіэу къэгъэсэбэпыпхъэщ мыпхуэдэ темэхэр, сюжетхэр: зыщіэс группэм, къэхъуну зэжьэ Іуэхугъуэхэм,  сабийхэм,  езы егъэджакіуэм теухуа рассказхэр.

Бзэм  зезыгъэужь  дере  хэхам  нэмыщі,  сыт  хуэдэми  щегъэкіуэкіыпхъэщ  бзэм  зезыгъэужь лэжьыгъэ.

Гулъытэ  нэхъыбэ  зыхуэщіыпхъэхэм  ящыщ  зыщ  сабийхэм  я  псалъалъэр  нэхъ  къулей щіыныр. Абы сабийхэм я бзэм зрегъэужь, нэхъ бзэ гъэщіэрэщіакіэ псэлъэф ещі. А ныбжьым ит сабийхэм я псалъалъэр нэхъ къулей хъун папщіэ мыпхуэдэ Іэмалхэр къагъэсэбэп:

-  къэзыухъуреихь  предметхэр  ирагъэлъагъу,  зэреджэхэр  жрагъэіэ,  къызэрагъэсэбэпыр ирагъащіэ.  Ар ирагъэбыдыліэж дидактическэ джэгукіэ къагъэсэбэпурэ. («Пхъуантэ гъэщіэгъуэн» (щыгъын,  вакъэ,  пыіэ,  пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкі);

- сабийхэм яіыгъ предметхэр зэпрагъэплъыхь, къызэрагъэсэбэпыр ирагъэлъагъу, къызыхэщіыкіар жрагъэіэ, дидактическэ джэгукіэкіэ ирагъэбыдыліэж.  Псалъэм папщіэ,  «Къэп хьэлэмэт  ціыкіу»:  сабийм  и  Іэпэмкіэ  къещіэ  икіи  къыбжеіэ  предметыр  къызыхэщіыкіар,  и хьэлъагъыр,  и инагъ-ціыкіуагъыр.

Илъэсищ-пліы зи ныбжь сабийхэм епт лэжьыгъэр зэрагъэзащіэм елъытащ яжепіэ псалъэм къикі мыхьэнэр  къазэрыгурыіуэр,  абы кіэлъыплъыпхъэщ,  псалъэм папщіэ:  къысхуэхьыт,  къысхуэгъуэтыт, сыгъэлъагъут,  н.

Сабийхэм зэхах нэхъ псалъэщіэхэр зэрагъэщіэнущ зыбжанэрэ абы егъэджакіуэм къытригъэзэжмэ,  а псалъэхэр хэту псалъэуха захригъалъхьэмэ.

Бзэм и макъхэр.  Квартал къэс бзэм и макъхэм теухуа дере щэ егъэкіуэкіыпхъэщ. Мазэм тіэу-щэ бзэм зезыгъэужь дерехэм и етіуанэ Іыхьэу бзэм и макъхэм теухуа джэгукіэрэ лэжьыгъэрэ (упражненэрэ) хэгъэхьапхъэщ.

А ныбжьым ит сабийхэм бзэм и макъ псори, нэхъ гугъу дыдэхэм нэмыщі, къапеэлъыфу щытын хуейщ. Лэжьыгъэр егъэкіуэкіыпхъэщ зэрызыкіэлъыхьа хабзэм тету: япэщіыкіэ Іупэкіэ къэхъу макъхэр (м, б, п, ),итіанэ Іупэрэ дзэкіэ (в,ф),бзэгупэкіэ (н, д, т), бзэгулъэдакъэкіэ (к, г, х).Я бзэр нэхъ гурыіуэгъуэ, зэхэщіыкіыгъуэ хъун папщіэ, сабийхэм гу лъегъэтапхъэщ макъзешэхэр къыщапсэлъкіэ пэрыуэншэу, хуиту шэщіауэ макъыр къызэрыжьэдэкіым, макъ дэкіуашэхэр къыщапсэлъкіэ я Іупэ ціыкіухэр зэрыхэлэжьыхьым. Абы и ужьым иту сабийхэр егъэсапхъэщ бзэм и макъхэр зэхагъэкіыфу,  мыщэхуу икіи мыкіийуэ пеэлъэфу.

Бзэм  и  макъхэр  тэмэму  къапеэлъыф  хъун  папщіэ,  этапищу  елэжьыпхъэщ:  артикуляционнэ  аппаратым,  бзэм  и  макъхэр  тэмэму  къапеэлъыфыным,  ящіэ  макъхэр  псалъэхэм къыхаціыхукіыфыным.

Бзэм и макъзешэхэр (о-м нэмыщі), макъ дэкіуашэхэу в,  ф, с, з, п-рщебгъащіэкіэ, зыгуэрым и образым ебгъапщэурэегъэщіапхъэщ: ааа — сабийціыкіур мэіущащэ, ууу— мэфіэгур мэкіий,  ффф — жьы  щ і ы і э   къопщэ,  ззз — аргъуейр мэву. Апхуэдэ джэгукіэхэр къагъэсэ- бэпмэ,  сабийхэм нэхъыфіу ягу ираубыдэнущ.

Бзэм и макъхэр къыщрагъэпсэлъкіэ,  мыпхуэдэ Іэмалхэри щыіэщ:

- зэгъусэуи я закъуэуи жаіам къытребгъэгъэзэж хъунущ щэ-пліэ;

-  къагъэсэбэпыну  щхьэпэщ  «Кубик  гъэщіэгъуэн»  джэгукіэр,  сабийхэм  ебгъэщіэну макъымкіэ къыщіидзэу сурэт тегъэпщіауэ е мы тхылъым ит нэрылъагъу пособиер,  н.

Псалъэм  хэту  ирагъэщіа  макъхэр  щрагъэбыдыліэжкіэ  мы  Іэмалхэр  къэгъэсэбэпыпхъэщ:

1. Егъэлъагъупхъэщ инсценировкэ-джэгукіэ. Инсценировкэр екіуэкіыху сабийхэм къапщытэж макъ зэрагъэщіар зыхэт псалъэр, абы къыдэкіуэу я бзэмкіэ нэхъ къабзэу псэлъэф мэхъу, псалъэуха зэмыліэужьыгъуэхэр бзэм къыщагъэсэбэпыф - къэіуэтэныгъэ, щіэупщіэныгъэ,  хэіэтыкіа,  мыхьэнэ къызэрыкіхэр.

А  инсценировкэ-джэгукіэхэм  фланелеграф къыщагъэсэбэп  хъунущ.  Бзэм  теухуа  инсценировкэ щагъэхьэзыркіэ къыхэхыпхъэщ лэжьыгъэ,  мыпхуэдэ  щ іы кіэм   тету:

-  бзэм  и  макъ  нэхъ  къегугъуэкіхэр,  япэ щ іы кіэ ,  псалъэхэм  щегъэлэжьыпхъэщ пычгъуэу  (макъ  дэкіуашэрэ  макъзешэу)  зэгъусэу,  ауэ  макъ  дэкіуашитірэ  макъзешэу  щытыпхъэкъым,  ар сабийхэм къехьэлъэкіынущ;

- макъзешэ зэлэжьыр псалъэ зыхэтым ударенэ щытехуэу щытыпхъэщ;

- макъ ирагъащіэр псалъэм и пэм е и кіэм щытыпхъэщ.

2.  Дере  блэкіам  сабийхэм  зэрагъэщіа  усэ  ціыкіум  и  зы  пычыгъуэ  къыжаіэж.  Егъэджакіуэм  ягу  къегъэкіыж текстыр,  итіанэ тіэу-щэ  сабийхэм кърегъэпщытэжри,  яригъэщіа макъыр ирегъэбыдыліэж.

3. Дидактическэ лэжьыгъэ «Къащіи къызжеіэ». Псалъэм папщіэ, къэп ціыкіум сабийхэм кърах  игрушкэ,  сурэт  ціыкіу,  макъ  ептар  хэту  (уадэ,  джэду,  хъэуан—  макъ  у).  Кърахар  къыжаіэ.

4.  Макъ ирагъащіэр зыхэт псынщіэрыпсалъэхэр къегъэпеэлъыпхъэщ.

Бзэм  и грамматическэ ухуэкіэр.  ИлъэсиплІ зи  ныбжь  сабийхэр  хуиту мэпсалъэ,  бзэм и грамматическэ щытыкіэ нэхъыщхьэхэр ящіэ.  Ауэ лексическэ щыуагъэ ящі,  псалъэуха тэмэму яухуэфыркъым. Сабийхэм псалъэуха тэмэму яухуэф хъун папщіэ, къапеэлъ псалъэм къикі мыхьэнэр къазэрыгурыіуэр къэхутапхъэщ. Псалъэ ящіэхэр къагъэсэбэпурэ псалъэуха

тэмэму зэхалъхьэфу егъэсэн папщіэ,  къэгъэсэбэпыпхъэщ абы егъэщіыліа лэжьыгъэрэ дидактическэ джэгукіэрэ.  Ахэр бзэр зезыгъэужь дерехэм я Іыхьэу щытщ.

Тхьэмахуэм  къриубыдэу  зы  дере  фіэкіа  зимыіэ  сабийхэм  зыри  пхуегъэщіэнукъым, дерсым  щрагъащіэ  псори  махуэ къэе  емыгъэбыдыліэжамэ.  Абыкіэ дэіэпыкъуэгъу  щіын хуейщ гъэсакіуэхэри адэ-анэхэри. Езы егъэджакіуэм щригъэбыдыліэжкіэ сабийхэр нэхъыбэрэ игъэпсэлъапхъэщ, псалъэмакъ екіуэкіым хишапхъэщ, темэ зэмыліэужьыгъуэхэм ехьэліа упщіэхэр къигъэсэбэпурэ абы жэуап къратыфу иригъэсапхъэщ (п.п. Дауэ?, Дапщэщ?,  Сыт щхьэкіэ?,  н.).  Езы ціыкіухэми упщіэ къуатыфу,  нэхъыжь щыпсалъэкіэ зэпамыуду,  и лъэіур жыджэру ягъэзэщіэфу егъэсапхъэщ. Сабийм зыщыгъуазэ Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ къопсэлъыліэну дзыхь зыхуегъэщіыпхъэщ. Апхуэдэ Іэмалхэм сабийхэр набдзэгубдзаплъэ ящі, я ныбжьэгъу ціыкіухэми балигъхэми епсэлъыліэну гукъыдэж яіэу мэхъу.

Бзэ зэпыщіам зегъэужьын. ИлъэсиплІ зи ныбжь сабийхэм я псалъэмакъым кіэлъыплъыпхъэщ.  Сабийхэр егъэсапхъэщ:

- упщіэ зэмыліэужьыгъуэхэр къагурыіуэу,  абы жэуап иратыфу;

- упщіэ зэмыліэужьыгъуэхэр къуатыфу;

- псалъэмакъ екіуэкіым хыхьэфу;

- театр теплъэгъуэ ціыкіухэм хэтыфу;

- сурэтыр зытепеэлъыхьыр  къыбжаіэфу,  зэрыджэгу хьэпшып гуэрым  и  зэхэлъыкіэм тепеэлъыхьыфу.

А ныбжьым ит сабийхэр тепеэлъыхьыжыным (рассказыванию) хурагъаджэ.  Етіуанэу, егъэджакіуэр зытепеэлъыхьыжа предметыр сабийхэм гукъыдэж яіэу къыбжаіэжыф, егъэ- джакіуэм  къригъэжьа  псалъэухар  нагъэсыж  («Топыр  инщ  икіи  плъыжыц.  Ар...»  —  «Архьэфэ топщ». —  «Топымкіэ пхъэбгъулъэгум уеуэмэ...» —  «Ар дэлъеинущ»,  н.)

Бзэ зэпыщіакіэ сабийхэр псэлъэф хъун папщіэ сэбэпышхуэ хъунущ мазэ къэс ирагъэкіуэкі сюжет зыщіэлъ сурэтхэр  къыщагъэсэбэп дерсхэр.  Илъэсищ-пліы зи  ныбжь сабийхэм папщіэ къэбгъэсэбэп хъунущ мыпхуэдэ сюжет зыщіэлъ сурэтхэр:  «Автобусым дису докіуэ»,  «Ны-бжьэгъум дыдоіэпыкъу», «Сабий садым сокіуэ», «ЩІымахуэм щіыбым», «Гъэмахуэ». Апхуэдэ дерсхэр егъэджакіуэм къехъуліэн папщіэ, езым абы фіы дыдэу зыхуигъэхьэзырын хуейщ.

Сабийхэр  иригъэлэжьэну  къыхиха  сурэтымкіэ  езы  егъэджакіуэм  рассказ  зэхилъхьэпхъэщ, упщіэ яритынухэр игъэхьэзырыпхъэщ.  Іэмал имыіэу рассказыр зэпхауэ, удихьэхыу сабийхэм щажепіэжкіэ,  яфіэгъэщіэгъуэну къедаіуэу,  езы ціыкіухэми  жаіэжыну гукъыдэж етыпхъэщ.

Егъэджакіуэм  и  рассказым  къыщигъэсэбэпыпхъэщ  псалъэуха  зэмыліэужьыгъуэхэр: хэіэтыкіа,  зэрыупщіэ,  зэраіуатэ.

Адыгэ  художественна  тхыгъэхэм  щыгъуазэ  щіын.  Сабий  нэхъ  ціыкіухэр  ирагъасэ: таурыхъ  едэіуэфу,  рассказ  кіэщі,  усэ,  зэдэіуахэр  зэрызэкіэлъыхьар  къаубыдыфу,  мыин дыдэу усэ ціыкіу гукіэ къеджэфу. Апхуэдэ Іэмал зэмыліэужьыгъуэхэр сэбэп мэхъу сабийхэр зэдаіуэ литературнэ тхыгъэхэр нэхъ куууэ зыхащіэнымкіэ.

Нэрылъагъу пособиехэр сэбэпышхуэ мэхъу сабийхэм я гулъытэр зэхуэхьэсауэ лэжьы- гъэм хэшэнымкіэ. Икіи Іэмал имыіэу дерсыр щіэдзапхъэщ нэрылъагъу пособиекіэ. Тхыгъэм и жанрыр яжеіэпхъэщ.Іуэрыіуатэм къыхэщыж таурыхъхэр егъэджакіуэм сабийхэм яжриіэжыпхъэщ.Зыщагъэгъуэза  тхыгъэм  теухуа  псалъэмакъ  щрагъэкіуэкікіэ  упщіэ  етыпхъэщ:  «Сыт зэреджэр  тхыгъэм?»  Егъэджакіуэм  щыгъупщэн  хуейкъым  а  упщіэм  тэмэму  жэуап  зэри- мыгъуэтынур.  А ныбжьым  ит сабийхэм абы  щыщу зы  Іыхьэ  гуэр къыбжаіэжыфмэ,  уи уп- щіэм жэуап къратауэ убж хъунущ. Жэуапым и ужькіэ тхыгъэм зэреджэр ягу къигъэкіыжу, езыхэми къригъэпщытэжын хуейщ.

Егъэджакіуэм мызэ-мытіэу къытригъэзэжурэ къахуеджэ хъунущ тхыгъэм щыщ пычыгъуэ нэхъ гъэщіэгъуэнхэм. Ар зытепсэлъыхьыр сабийхэм нэхъ тыншу къагурыіуэнущ, апхуэдэ бгъэдыхьэкіэхэр къагъэсэбэпмэ.

Апхуэдэ дерсхэр нэгъуэщіуи уухуэ хъунущ,  тхыгъэм, таурыхъым и кіэуххэм магнитофонкіэ ирагъэдаіуэ, инсценировкэ ирагъэщі, абыхэм теухуа иллюстрацэ ирагъэплъ хъунущ.

Къыкіэлъыкіуэ  дерсхэм  егъэджакіуэм  тхыгъэм  щыщ  пычыгъуэхэр  тіэу-щэ  ягу  къигъэкіыжыпхъэщ.

Усэ  гукіэ  щызэрагъащіэм  деж  къагъэсэбэп  зэрыджэгу  хьэпшып,  предмет  зыбжанэ, сурэт  ціыкіу,  сюжет  зиіэ  сурэт.  Иныкъуэм  деж  нэрылъагъу  пособиер  къагъэсэбэпурэ инсценировкэ  ящі  усэр.  Апхуэдэ  Іэмалхэр  къагъэсэбэпмэ,  сабийхэм  нэхъ  тыншу  усэр  ягу ираубыдэфынущ.

Сабийхэр зыщыгъуазэ тхыгъэхэр къыщрагъэпщытэжкіэ, литературнэ викторинэ хуэдэу ирагъэкіуэкі  хъунущ.  Іэмал  зэмыліэужьыгъуэхэр  егъэджакіуэм  къигъэсэбэпурэ  сабийхэр зэджа псори къазэрыгурыіуар къипщытэжыпхъэщ («Къащіэт мы тхылъ ціыкіум и теплъэмкіэ зытеухуар»,  «мы  сурэт ціыкіур сытыт зыхэтар»,  «мы  пычыгъуэр дэнэт щызэхэфхар»).

Апхуэдэ дерсхэр квартэл къэс зэ(1) ирагъэкіуэкі

ИЛЪЭСЫМ КЪРИУБЫДЭУ ЕГЪЭКІУЭКІЫПХЪЭ ДЕРСХЭР

Программам  къигъэув  къалэнхэр

Дере  егъэкіуэкіыпхъэхэм  я  бжыгъэр

I  кв.

 II  кв

III  кв.

Дыкъэзыухъуреихьхэм  щ ы гъ эгъ уэзэн :

дунейм

1

1

1

пкъыгъуэхэм (предметхэм)

2

2

2

природэм

1

1

1

Бзэм зегъэужьыныр:

псалъалъэм хэгъэхъуэныр,  бзэм и  грамматическэ ухуэкіэр  (тхьэмахуэ  къэс дерсым  и етіуанэ  Ӏыхьэу  хэгъэхьэн)

бзэм  и  макъхэр

1

1

1

б зэр зэрызэпыщіар

1

1

1

Адыгэ художественнэ тхыгъэхэм  щ ыгъуазэ  щіын:

яжеіэжыпхъэхэр,  къызыхуеджапхъэхэр

3

3

3

гукіэ зэрагьэщ іапхъэхэр

2

2

2

2.2. Организация режима

Илъэс Бжыгъэр

Д ер схэр зэрекіуэкіыну

зэманыр

(дакъикъэр)

Тхьэмахуэ зэхуакум

къриубыдэу

егъэкіуэкіыпхъэ

дерсхэр

Зы илъэсым

къриубыдэу

егъэкіуэкіыпхъэ  сыхьэт

бжыгъэр

3 - 4

10-15

1

36

111.Содержательный раздел.

3.1. Перспективный план

АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭМКІЭ ПЛАН-ПРОГРАММЭ

Илъэсищ-пліы  зи  ныбжь  сабийхэр  литературэм  щыгъуазэ  щіыныр  етіуанэ  гъэ  еджэгъуэм къыщыщіэдзапхъэщ.

Япэу сабий садым къэкіуа сабийхэр езыр-езыру зэрагъэціыху, зэрагъасэ; сэлам зэрызэрах,  фіыщіэ  зэращі псалъэхэмкіэ я бзэм зегъэужьыныр къыщіэдзапхъэщ.  А сабийхэр иджыри  тэмэму зэрымыпсалъэм,  я  гупсысэр,  гулъытэр дерсым  зэрыхуумышэфым къыхэкіыу хыумыгъэзыхьыщэу,  бгъэджэгу щіыкіэу зыщымыгъуазэ псалъэхэр егъэщіапхъэщ.

Етіуанэ  гъэ  еджэгъуэм  къыщыщіэдзауэ  егъэщіапхъэщ:  къебжэкі,  таурыхъ,  рассказ, усэ хуэдэхэр (3-4).

Мазэм  къриубыдэу зы  таурыхъ,  зы  рассказ,  зы  усэ,  зы  къебжэкі  ціыкіу  къахуеджапхъэщ,  зэрагъэщіэфыну къыфщыхъумэ,  усэ егъэщіапхъэщ.

I квартал  (сентябрь—ноябрь)

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  КІэмыргуей Т.  «ТІымрэ  Лутірэ»;  Жылэтеж С.  «Адакъэш»;

Афіэунэ Л.  «Си бзу ціыкіухэр».

Гукіэ егъэщіапхъэ усэхэр:  Афіэунэ  Л.  «Щхьэнтэ»;  Іутіыж  Б.  «Си  гуащэ»;  ПхытІыкІ  Ю. «Маринэ-гъыринэ».

Уэрэд:  пс. Тау Н.,  макъ.Жылау А.  «Дзыгъуэ ціыкіу».

II квартал  (декабрь—февраль)

Таурыхъхэр:  «Балыджэ»,  «Дыщэ джэдыкіэ»,  «Джэджьей ціыкіу» (зэзыдз.  Нало 3.)

Тхыгъэ кіэщіхэр:  «Псей ціыкіу»,  «Гуащэ»,  «Джэду».

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Щоджэн А.  «Хэт сыт жиіар?»; Жылэтеж С.  «Гуэгушыхъу»;

КІэщт М.  «Лъабэдий».

Гукіэ егъэщіапхъэ усэхэр:  Къэжэр  П.  «Псы  ціыкіу»;  Афіэунэ  Л.  «Ныбжь»;  Замбур  А.

«Гуащэ ціыкіу».

Уэрэд:  пс.Ахъмэт М.,  макъ. Жылау А.  «Дадэ».

II квартал  (март—май)

Таурыхъхэр:  «Бажэмрэ Дзыгъуэ ціыкіумрэ» (Бианки Виталий);  «Бажэмрэ Къазхэмрэ»

(зэзыдзэкіар Журт Бибердщ);  «Дзыгъуэ шырымрэ Джэду ціыкіумрэ»  (зытх. Уэзы Мухьэ- мэдщ).

Тхыгъэ кіэщіхэр:  «Пхъэщхьэмыщхьэхэр»,  «Хадэхэкіхэр»,  «Дей жыг».

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Жылэтеж С.  «ПІырыпІ»;  Тоз Ф.  «Динэ»; Сонэ А.  «Ди-ди».

Гукіэ егъэщіапхъэ усэхэр: Афіэунэ Л.  «Гъуэгу»; Къэжэр П.  «Маринэ и хьэ»; Къаныкъуэ 3.

«Си нэ, си жьэ, си пэ...»

Уэрэд:  макъ.Хьэіупэ Дж.,  лс.  Афіэунэ Л.  «Анэш нанэ».

Нэхъыбэ ебгъэщіэну ухуеймэ, къэгъэсэбэпыпхъэхэр

Къызыхуеджапхъэ усэхэр:  Мысачэ Петр  «Ди Хьэмыщэ»; Хьэх Сэфэрбий «Уэс».

Сабий джэгукіэхэр, гущэкъу уэрэд ціыкіухэр, къебжэкіхэр

«Адэ-мыдэ узогъаплъэ»,  «Мэл щохъу»,  «Си хьэм бажэ къеубыд»,  нэгъуэщіхэри.

Нало Заур:  «Ло, ло, ло»,  «Дири, дири, ди-ди!».

Къэжэр Петр:  «Іэбэдзыуэ»,  «ЗэкІ».

Гъэм и кіэм сабийхэм яхузэфіэкіыпхъэр:

‘ жыгыціэу зытіущ ящіэу;

‘ унагъуэ псэущхьэхэмрэ мэз псэущхьэхэмрэ зэхаціыхукіыфу;

*дунейм и  щытыкіэр  (хуабэщ,  щ іы іэ щ ,  уэшх къошх,  уэс  къос,  н.)  къыбжаіэфу;

*къэзыухъуреихь  пкъыгъуэхэр  (предметхэр)  зэхаціыхукіыфу  (и  теплъэкіэ,  и  инагъціыкіуагъкіэ,  и  плъыфэкіэ);

*пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкіхэмрэ зэхагъэкіыфу;

*езыхэм гукъыдэж яіэу ялъэгъуамрэ ящіамрэ тепсэлъыхьыжыфу.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Рабочая программа по изучению русского языка для иноязычных детей средней группы.

Рабочая программа по изучению русского языка для иноязычных детей в средней группе....

Рабочая программа кружка по английскому языку для детей 5-6 лет "Английский для малышей"

Кружок "Английский для малышей" предназначен для детей 5-6 лет. Весь материал преподносится в легкой игровой форме, доступной детям....

Рабочая программа по обучению английскому языку для детей дошкольного возраста 4 – 7 лет «Говорим по-английски»

Знание иностранных языков является неотъемлемым навыком в современном мире. В связи с этим возникает актуальность обучания языкам уже в дошкольном возрасте...

рабочая программа по обучению русскому языку в ДОУ

Содержание, пояснительная записка, календарное планирование, перспективное планирование, работа с родителями, диагностические задания...

Рабочая программа по обучению английскому языку детей 5-7 лет.

Пояснительная запискаВозможности иностранного языка как учебного предмета в реализации стратегической направленности детского сада на развитие личности поистине уникальны. Известно, что дошкольный воз...

Рабочая программа по обучению коми языку

Рабочая программа по обучению коми языку (государственному) детей 4 – 7 лет на 2017 – 2018 учебный год...

Рабочая программа по обучению английскому языку детей 5 – 7 лет «Английский язык»

Рабочая программа по обучению английскому языку детей 5 – 7 лет «Английский язык»...