Рабочая программа по кабардинскому языку в средней группе
рабочая программа (средняя группа) на тему

Ципинова Аида Ахмедовна

Данная программа рассчитана на детей 4-5 лет.

Скачать:


Предварительный просмотр:

ИЛЪЭСИПЛІ-ТХУ ЗИ НЫБЖЬХЭМ ПАПЩІЭ ПРОГРАММЭ

Тхьэмахуэм къриубыдэу илъэсипл1-тху зи ныбжь сабийхэм зы дерс я1эн хуейщ. Дерсыр егъэк1уэк1ыпхъэщ дакъикъэ 15-20-кІэ. Зы илъэсым къриубыдэу егъэджыпхъэщ сыхьэт 36-рэ. ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм я бзэр къулей щ1ынымк1э , зегъэужьынымк1э, адыгэбзэм и макъ псори дертыншэу (ныкъусаныгъэншэу) къапсэлъыфу егъэсэнымк1э, я псэлъэк1эр литературэбзэм хуэшэнымкіэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм хищ1ык1ыр нэхъ куу щ1ынымк1э къэув къалэнхэр: - псэлъэнымк1э я1э зэф1эк1ыр убзыхун, хэгъэхъуэн ик1и я бзэм псалъэ нэхъыбэ къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн; - адыгэбзэм и макъ псори псалъэхэм къабзэу къыщапсэлъыфу, щагъэ1уфу егъэсэн; - литературэбзэм темыхуэу сабийхэм я бзэм дызыщрихьэл1э диалект псэлъэк1эр зэрыгъэк1уэдыным иужь итын; - сабийхэр псалъэмакъ ек1уэк1ым хэтыфу, гъэсак1уэм игъэува упщ1эм жэуап иратыфу, езыхэми упщ1э ягъэувыфу егъэсэн; - щыпсалъэк1э мып1ащ1эу, гуры1уэгъуэу, егупсысауэ псэлъэфу егъэсэн; - я бзэр къулей хъун папщ1э, зы сурэт е сурэт зыбжанэ къагъэсэбэпурэ жьэры1уатэу рассказ ц1ык1у зэхалъхьэфу егъэсэн; - адыгэ Іуэры1уатэм щыщ Іыхьэхэм щыгъуазэ щ1ын; - дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм гу лъатэфу егъэсэн; - предметхэм я ц1эр къра1уэфу, хэт? Сыт? упщ1эхэр къагъэсэбэпыфу егъэсэн.

Бзэм зегъэужьын

Дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу-къыщыщ1эхэм гу лъегъэтэн, езыр-езыру абыхэм тегъэпсэлъыхьыжын, гу зылъамытэу къэнахэмк1э ядэ1эпыкъун. Щыджэгу пэшым щ1элъ предметхэм я ц1эхэр егъэщ1эн, ахэр зэпегъэплъыхьын, я зэхэлъык1эр, я теплъэр, я плъыфэр къыбжа1эфу егъэсэн. Сабийхэм къыжа1эжым едэ1уэн, бзэм и макъхэр къызэрапсэлъым, псалъэухар зэраухуэм к1элъыплъын, мытэмэму къапсэлъ макъхэм елэжьын. Сабийхэм я бзэм зегъэужьын папщ1э езыхэр гуапэу зэхущыту, зэдэджэгуфу, зэпсэлъыл1эфу егъэсэн.


Псалъалъэм хэгъэхъуэн

 Сабийхэм я псалъалъэр нэхъ къулей щ1ын папщ1э я зэф1эк1ыр къэхутэн, я бзэм предметхэм я ц1эр къыщагъэсэбэпыфу, абыхэм я пкъыгъуэхэм, Іыхьэхэм, плъыфэхэм, тепсэлъыхьыфу егъэсэн. Щыпсалъэк1э бзэм плъыфэц1э, щы1эц1э , глагол, наречие, предлог къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн. Сабийхэм я псалъалъэр нэхъ къулей щ1ын папщ1э Іэщ1агъэ къызэрык1 щы1эц1эхэр, лэжьыгъэ къэзыгъэлъагъуэ глаголхэр (мажэ, къежыхь, мэлажьэ, н.) бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн. Предметыр здэщылъ, здэщыт, здэгъэза лъэныкъуэр (и щхьэмк1э, и лъабжьэмк1э, и бгъумк1э, и щ1ыбагъымк1э, и гупэмк1э) къыбжа1эфу егъэсэн. Бзэм къыщагъэсэбэпыфын: зэпэщ1эуэ мыхьэнэ къызэрык1 псалъэхэр (къабзэ ф1ей,
хужь ф1ыц1э, щ1ы1э — хуабэ, н.). Къызэщ1эзыубыдэ мыхьэнэ къызэрык1 щы1эц1эхэр (пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэк1, унагъуэ хьэпшып, н.) бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн.


Бзэм и макъхэр

 Бзэм и макъ псори псалъэхэм щызэхамыгъэзэрыхьу тэмэму къапсэлъыфу егъэсэн. Артикуляционнэ аппаратым зегъэужьын. Сабийхэм я псэлъэк1эм к1элъыплъын, псалъэхэр, псалъэ зэпыщ1ахэр къабзэу къапсэлъыфу, и мыхьэнэр къагуры1уэу егъэсэн. Макъ ептар псалъэхэм щызэхахыу, къыхац1ыхук1ыфу, здэщыт щ1ып1эр къагъуэтыфу, къыбжа1эфу егъэсэн.


Бзэм и грамматическэ ухуэк1эр

 Псалъэмк1э я1э гуры1уэныгъэр къэхутэн. Псалъэр къагъэсэбэпурэ псалъэуха тэмэму зэхалъхьэфу егъэсэн. Псалъэуха щаухуэк1э псалъэ лъэпкъыгъуэхэр тэмэму къагъэсэбэпыфу егъэсэн. Куэд бжыгъэм иту щы1эц1эхэр къапсэлъыфу, зыхуей падежым ирагъэувэфу егъэсэн.


Бзэр зэрызэпыщ1ар

Диалогическэ бзэр егъэф1эк1уэн: сабийхэр псалъэмакъ ек1уэк1ым хэтыфу, гуры1уэгъуэу псэлъэфу, упщ1э яхуэбгъэувам тэмэму жэуап къратыжыфу, езыхэми упщ1э къуатыфу егъэсэн. Сурэт ц1ык1ухэр къагъэсэбэпурэ хъыбар к1эщ1 зэхегъэлъхьэн, гъэм и к1эм сабийхэр монологическэ бзэм хуэшэн, таурыхъ ящ1эхэм хэт персонажхэм запегъэщ1ыжын, я бзэм зегъэужьын. Бзэ зэпыщ1ак1э псэлъэфу егъэсэн. Нэхъыжьхэм епсэлъыл1эну гукъыдэж етын.

ЛЕКСИКЭ


Сэлам зэрызэрах, ф1ыщ1э зэращ1 псалъэхэр: уи (фи) махуэ ф1ыуэ, уи (фи) пщэдджыжь ф1ыуэ, уи (фи) пщыхьэщхьэ ф1ыуэ, упсэу, насыпыф1э ухъу.


Инагъ-ц1ык1уагъ къызэрык1хэр: ин, ц1ык1у, ц1ык1унит1э, абрагъуэ.
Геометрическэ фигурэхэр: хъурей (круг), щимэ (треугольник).
Плъыфэ къэзыгъэлъагъуэхэр: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, хужь.
Здэунэт1а (здэгьэза), здэщы1э лъэныкъуэ къызэрык1хэр: ижь, сэм эгу, ищхьэк1э, ищ1агьк1э, занщ1эу, и гупэ, и щ1ыбагъ, бгъук1э. (Си гупэк1э ст1ол щытщ). 

Хьэл-щэн къызэрык1хэр: сабыр, щыпкъэ, жы1эда1уэ, жы1эмыда1уэ, ук1ытэх.

Бынунагъуэ: адэ, анэ, адэшхуэ (дадэ), анэшхуэ (нанэ), дэлъху, шыпхъу, къуэ, пхъу.

Іыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ: анэш, анэ шыпхъу, анэ дэлъху, адэ къуэш, адэ шыпхъу.

Псэуп1э, унэ: унэ, щхьэгъубжэ, щхьэгъубжащхьэ, бжэ, блын, унащхьэ, унэ лъэгу.

Уналъащ1эхэр: ст1ол, шэнт, гъуэлъып1э, диван.

Теп1энщ1элъынхэр: уэншэку, шхы1эн, щхьэнтэ, щащыху, п1эипхъуэ, шхы1энтебзэ.

Хьэкъущыкъухэр: фалъэ, тепщэч, бжэмышх, гуахъуэ, шейнык.

Адыгэ шхыныгъуэхэр; джэдлыбжьэ, п1астэ, щ1акхъуэ, лэкъум , дэлэн, кхъуейплъыжь,кхъуейжьапхъэ, лы гъэгъуа.

Щыгъынхэр (гъэм и зэманхэм теухуауэ): джанэ, гъуэншэдж , бостей, цыджанэ,ІэлъэщІ, вакъэ, бэлъто, Іэлъэ.

Зыхуэпэным ехьэл1а псалъэхэр: зыхуэпэн, зыщыт1эгъэн (джанэр), лъыт1эгъэн (вакъэр), щыхын, зыщхьэрыт1эгъэн (пыіэр), зытелъхьэн (Іэлъэщ1ыр), зы1эрыт1эгъэн (Іэлъэр).

Зэман къызэрык1хэр: пщэдджыжь, шэджагъуэ, пщыхьэщхьэ, махуэ, жэщ , нобэ.

Гьэм и зэманхэр

Гъатхэ (зэхъуэк1ыныгъэхэр): гъатхэ, тк1ун (уэсыр, мылыр), уэшх къешхын, къэт1эп1ын (жыгхэр), къыхэжын (удзхэр), абгъуэ ящ1ын, уэрэд жа1эн. Гьэмахуэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): хуабэ, дыгъэ, уэшх, псыхъуэ зыгъэпск1ак1уэ, пшахъуэ,лъапц1э, дыгъэм зегъэсын.
Бжьыхьэ (зэхъуэкіыныгъэхэр): уэлбанэ, пшагъуэ, щ1ы1эты1э, уэлбанэрилэ, къру, къуалэбзу лъэтэжын.

Щ1ымахуэ (зэхъуэк1ыныгъэхэр): щ1ы1э , уэс, мыл, уэс Іэшк1э, лъэрыжэк1э къэжыхьын, Іэжьэк1э къежэхын, жьапщэ, щтын, п1ыщ1эн , Уэс Дадэ, Илъэсыщ1э.

Іэпкъпъэпкъым щыщхэр: щхьэ, щхьэц, нэ, пэ, жьэ , дзэ , тхьэк1умэ, Іупэ, напэ, Іэ, лъакъуэ, пщэ.

Кьабзагьэр – узыншагъэщ: къабзэ, зытхьэщ1ын, лъэщ1ын (дзэр, напэр, Іэр), зыгъэпск1ын, напэ1элъэщ1, сабын, дзэлъэщ1  щеткэ, жьыщ1эн, ету тедзэн.

Унагьуэ Іуэхухэр: унэр зэлъы1ухын, пхъэнк1эн, унэ лъэгур къэлъэсын, хьэкъущыкъур зэхэтхьэщ1эжын.
Хадэхэк1хэр: балыджэ, нащэ, бэдрэжан, к1эрт1оф, къэбыстэ, пхъы.
Пхъэщхьэмыщхьэхэр: мы1эрысэ, кхъужь, къыпц1э, балий, жызум.

Махуэшхуэхэр: Февралым и 23-р Хэкур зыхъумэм и махуэщ. Мартым и 8-р ЦІыхубзхэм я махуэ лъап1эщ. Майм и 9-р Тек1уэныгъэм и махуэщ. Илъэсыщ1э.


АДЫГЭ ЛИТЕРАТУРЭМКІЭ ПЛАН-ПРОГРАММЭ

    Сабийхэм адыгэ литературэр ф1ыуэ егъэлъэгъуным пыщэн: таурыхъхэм, псысэхэм, рассказхэм едэ1уэфу, ар яф1эгъэщ1эгъуэну, абыхэм хэт л1ыхъужьхэм я хьэл-щэнхэм гу лъатэфу егъэсэн. Усэ ц1ык1у гук1э зэрагъэщ1эным хущ1экъуу я бзэм дегъэхьэхын.

I квартал (сентябрь—ноябрь)

Таурыхъхэр: «Бажэмрэ Щыхьымрэ», «Іэмалищэрэ зырэ», «Хьэмрэ Мыщэмрэ», «ЧыцІ ерыщхэр» , «Адакъэ хахуэ», ( зытх. Къэрмокъуэ Хь.)
Тхыгъэ к1эщ1хэр: «ЦІыв», «Бжьыхьэ», «Пхъэгулъей».
Къызыхуеджапхъэ усэхэр: Хьэнфэн А. «ПІап1у ІэфІ»; Аф1эунэ Л . «Дэшхуей»; ПхытІыкІ Ю. «Жейнэд»; Хьэту П. «Сабий зегъакіуэ».

 Гук1э егъэщ1апхъэ усэхэр: КІэщт М. «Шырэ»; Аф1эунэ Л. «Ди Іэуа»; Къэрэмырзэ Ю. «Нанэ и пхъуантэ»; Хьэту П. «Бжьыхьэ».
Уэрэд: макъ.Хьэ1упэ Дж., пс.АфІэунэ Л. «Бабыщ шыр».


II квартал (декабрь—февраль)


Таурыхъхэр: «Адакъэ къэрабгъэ» (зытх. Акъсырэ 3.), «Унэ ц1ык1у» (зэзыдз. Ацкъан Р.), «Дыгъужьыжьымрэ хъыджэбз ц1ык1умрэ» (зытх. Хьэц1ык1у Хь).
Тхыгъэ к1эщ1хэр: «ЩІымахуэ», «Ди унагъуэр», «Цыжьбанэ», «Бадзэ».
Къызыхуеджапхъэ усэхэр: Аф1эунэ Л. «Уат1э ц1ык1у»; ПхытІыкІ Ю . «Сыт джэдыр щ1экъакъэр?»; Щоджэн Л. «Жьапщэ»; КІыщокъуэ А. «Бажэ пшынэ». Гук1э егъэщ1апхъэ усэхэр: Къэжэр П. «Илъэсыщ1э»; Уэрэзей А. «Бжэк1э зызогъасэ»; Іут1ыж Б. «Кхъы1э, и1э»; Хьэх С. «Си Сабинэ».
Уэрэд: макъ. Хьэ1упэ Дж., пс. Аф1эунэ Л. «Жьынду».


Ш квартал (март—май)


Таурыхъхэр: «Дыгъужьыжьымрэ Бажэмрэ»; «Нэгей и къуэ Лъапщагъуэ» (зытх. Къэрмокъуэ Хь.).
Тхыгъэ к1эщ1хэр: «Гъатхэ», «Жыг хадэ», «Гъэмахуэ», «Сэ гъэмахуэр зэрызгъак1уэр».
Къызыхуеджапхъэ усэхэр: ПхытІыкІ Ю. «Джэджьей шхэк1э»; КІэщт М. «Хъуэпсэнэ1у»; Хьэц1ыкІуХь. «Хьэрхьуп».
Гук1э егъэщ1апхъэ усэхэр: Нало 3. «Гъэрэ щ1ырэ зэхок1ыр»; Хьэц1ык1у Хь. «Вагъуэ шыр»; Къаныкъуэ 3. «Кхъужь1эрысэ».
Уэрэд: макъ. Жылау А ., пс. Къэзан Ф. «Мамэ»; макъ. Хьэ1упэ Дж., пс. Аф1эунэ Л. «Гъатхэ».


Нэхъыбэ ебгъэщ1эну ухуеймэ, егъэщ1апхъэхэр


Таурыхъ: «Зыри зимы1эм выжьит1 и1эт».
Тхыгъэ к1эщ1хэр: «Кхъуэщын», «ПІастэ».
Къызыхуеджапхъэ усэхэр: Сонэ А. «Зек1уагъащ1эм и уэрэд»; Аф1эунэ Л. «ЧыцІ ц1ык1уит1»; Хьэту П. «Дыгъэ еджэ»; Нало 3. «Щхьэхынэ».
Іуэры1уатэ Псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, къебжэк1хэр.
Сабий джэгук1эхэр «Зу-зу, баринэ», «Бажэ», «Жьынду ц1ык1у», «Дзыгъуэ-джэду», «Си хьэм бажэ къеубыд», «Упщ1э пы1э», нэгъуэщ1хэри.


Гъэм и к1эм сабийхэм яхузэф1эк1ыпхъэр:

  • унагъуэ псэущхьэхэр яцІыхуу(къапыкІ хъерыр);
  • мэз псэущхьэхэу 2-3 ящ1эу (абыхэм я псэук1эр);
  • щыпсэу къалэм, къуажэм и ц1эр ящ1эу;  
  • жыгыцӀэу 2 -3 ящ1эу; ‘
  • къуалэбзу 2-3-м. зэреджэр ящ1эу;
  • гъэм и зэманхэм къызэрыгуэк1ыу щыгъуазэу.


Сабийхэр щытын хуейщ:

  • къыдалъхуа бзэм и макъ псори къабзэу къапсэлъыфу;
  • я псалъэмакъым Іэщ1агъэ къызэрык1 псалъэхэр къыщагъэсэбэпыфу;
  • зы псалъэк1э къапсэлъ щы1эц1эхэр ящ1эу: хадэхэк1хэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, н.
  • литературнэ текст мыинхэр къыбжа1эжыфу;
  • сюжет зи1э сурэтк1э, зэрыджэгу хьэпшыпк1э рассказ ц1ык1у зэхалъхьэфу;
  • къэзыухъуреихь предмет зэмыл1эужьыгъуэхэм я ц1эр къыбжа1эфу, къызэрагъэсэбэпыр, къызыхэщ1ык1ар ящ1эу;
  • яфІэгъэщІэгъуэну сурэт зэрыт тхылъ ц1ык1ухэм еплъыфу;
  • фІыуэ ялъагъу таурыхъыр къыбжа1эфу, усэ ц1ык1у, къебжэк1 ц1ык1у къеджэфу (гук1э); ‘
  • зыщыгъуазэ тхыгъэхэм теухуа упщ1эхэм жэуап къратыжыфу: «Фигу ирихьа тхыгъэр?», «Сыт нэхъ фигу ирихьар, сыт щхьэк1э?», «Сыт хуэдэ Ӏыхьэм сыкъыфхуеджэн иджыри?»
  • таурыхъ ц1ык1у инсценировкэ ящӀыфу (егъэджакӀуэр дэӀэпыкъупхъэщ).

ГЪЭМ И КӀЭМ САБИЙХЭМ ЯХУЗЭФӀЭКӀЫР

КЪЫЗЭРАПЩЫТЭ ЩӀЫКӀЭР

КъызэрыгуэкӀщ (хищӀыкӀышхуэ щыӀэкъым). Сабийм зэрыпсалъэ бзэр къыгурыӀуэръым. Езыр къэзыухъуреихь, махуэ къэс зэрыджэгу предметхэр ецӀыху, егъэджакӀуэр дэ1эпыкъуурэ абыхэм я ц1эр къре1уэ. Сэлам зэрызэрах псалъэхэр ещ1э, ф1ыщ1э зэращӀ псалъэхэр и бзэм къыщегъэсэбэп. Езыр-езыру псапъэмакъ ек1уэк1ым хыхьэркъым, и бзэр хурикъуркъым. Усэ гукӀэ зэригъэщӀэфыркъым икӀи къыбжиӀэжыфыркъым.


Ику ит. Бзэм и макъхэр тэмэму къипсэлъыфыркъым. Зэрыпсалъэ бзэр къыгуро1уэ, ауэ и бзэр хуэкъутауэ псэлъэфыркъым. Предмет зыщыгъуазэхэм я ц1эр тэмэму къре1уэ, къызэрагъэсэбэп щ1ык1эр ещ1э. Егъэджак1уэр дэ1эпыкъуурэ предметым и пкъыгъуэхэр же1эф, езыр-езыру псалъэмакъым хыхьэркъым, къебжэк1 ц1ык1у къыбжи1эжыфыным хущ1окъу.


ФІыуэ ещ1э. Зэрыпсалъэ бзэр къыгуро1уэ, зыщыгъуазэ предметхэм я ц1эр къре1уэ, къебжэк1 ц1ык1у ещ1э, сэлам зэрызэрах, ф1ыщ1э зэращ1 псалъэхэр и бзэм къыщегъэсэбэп, гъэм и зэманхэм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм хещ1ык1. Усэ гъэхуауэ къоджэф.

ИЛЪЭСИПЛІ-ТХУ ЗИ НЫБЖЬ САБИЙХЭМ Я БЗЭМ
ЗЕГЪЭУЖЬЫНЫМКІЭ МЕТОДИЧЕСКЭ ЧЭНДЖЭЩХЭР


Предмет къэзыухъуреихьхэм щыгъуазэ щ1ын.

   ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм къэзыухъуреихь предметхэр ирагъэц1ыхуным пащэ. Къалэным хохьэ предметхэр къызэрагъэсэбэпыр, я фэр, я теплъэр, къызыхэщ1ык1ар егъэщ1эныр. А ныбжьым ит сабийхэм хьэпшып лъэпкъыгъуэхэр зэрагъащ1э (нэрылъагъуу ебгъэлъагъумэ); ирагъасэ зэхадзыфу, къызэрагъэсэбэпыр ящ1эу (хьэкъущыкъу, щыгъын, унэлъащ1э, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэк1, н.); гуп-гупу ягуэшыфу (хьэкъущыкъу - шей зэрефэ, зэрышхэ; щ1ымахуэ, гъэмахуэ щыгъынхэр, н.) Предметым и фэ нэхъыщхьэр къахутэфу, абы хыхьэ Іыхьэхэм я зэхэлъыкіэр къыбжаіэ- фу егъэсапхъэщ (Мыщэ ц1ык1ум и фэр ф1ыц1эщ, и пщэм хужь Іэпап1э хэтщ). Илъэсым къриубыдэу сабийхэм къац1ыхупхъэщ ят1агъуэм, пхъэм, тхылъымп1эм, хъыданым, гъущ1ым къыхэщ1ык1а предметхэр. А ныбжьым ит сабийхэм я псалъалъэр нэхъ къулей ящ1 мыпхуэдэ псалъэхэмк1э: ижь, сэмэгу, ди зэхуакум, къызбгъурыту, си гъусэу, ищхьэк1э, ищ1агък1э, ихъуреягък1э, н. Ахэр ягу нэхъ ираубыдэн папщіэ, дидактическэ лэжьыгъэхэр къагъэсэбэп: «Къызже1эт, сыт у и ижьырабгъумкіэ щылъыр?», «Сыт ищхьэмк1э щыплъагъур?», «Хэт дэнэ зыщигъэпщк1уа?»


Природэм щыгъуазэ щ1ын.

  ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм природэр ф1ыуэ ялъагъуу, ар зэрахъумэн хуейр ящ1эу къэгъэтэджыным пащэ. Природэм къыщыхъу зэхъуэк1ыныгъэхэм гу лъатэфу егъэсапхъэщ (нэхъ щ1ы1э хъуащ, псыр щтыри мыл хъуащ.) Гъэм и зэманхэм къызэрыгуэк1ыу щыгъэгъуэзапхъэщ, зэхъуэк1ыныгъэ къэхъухэм гу лъегъэтапхъэщ (щ1ымахуэ, гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ). Къэк1ыгъэхэм (пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэк1хэмрэ) щыгъуазэ щыфщ1к1э, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым ахэр къэк1ын папщ1э зыхуеинухэр: нэху, хуабэ, псы, щ1ы. Нэхъ убгъуауэ тепеэлъыхьыпхъэщ унагъуэ пеэущхьэхэм, мэз пеэущхьэхэм, абыхэм я щ1эжьейхэм (шырхэм). Дерсыр щек1уэк1к1э сабийхэм яже1эпхъэщ псэущхьэхэр зыщыпсэур (хьэк1экхъуэк1эхэр – щ1ым, бдзэжьейхэр - псым, хьэмбылухэр – щ1ы щ1агъым). А ныбжьым ит сабийхэм ящ1апхъэщ хьэпщхупщит1-щым я ц1э (хьэмбылу, шындырхъуо), ахэр я теплъэк1э зэхагъэк1ыфу егъэсапхъэщ. Гъудэбадзэхэри егъэц1ыхупхъэщ: (бадзэ, аргъуей, хьэндырабгъуэ, Ахэр я теплъэк1э зэхагъэк1ыфу егъэсапхъэщ. Псэущхьэхэри къэк1ыгъэхэри природэм щыщ Іыхьэу зэрыщытыр сабийхэм къагурыгъэуапхъэщ.


Гъэм и зэманым зыщихъуэжк1э къэхъу зэхъуэк1ыныгъэхэр.

 Бжьыхьэ. КъызэрыгуэкІ дыдэу бжьыхьэ зэхъуэк1ыныгъэхэм гу лъегъэтэн, хадэхэк1хэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ теухуауэ ящ1эр егъэбыдыл1эжын, тхьэмпэхэм я плъыфэр жегъэ1эн хуейщ (гъуэжь, удзыфэ,
гъуэжь-плъыжьыфэ).
ЩІымахуэ. ЩІымахуэм пеэущхьэхэм, бзухэм я псэук1эм к1элъыгъэплъын, абыхэм ц1ыхухэр зэрыдэ1эпыкъун хуейр яже1эн.
Гъатхэ. Гъатхэм япэ дыдэ къэлъэтэж бзум яхутепсэлъыхьын, сурэту егъэлъагъун. Дыгъэр къопс, ц1ыхухэм щыгъын хуабэхэр зыщахыж. Уэшх нэхъыбэрэ къешх хъуащ. Удзхэр къогъагъэ, ихъуреягък1э щхъуант1агъэщ. Жыгхэм я гулъхэр къэт1эп1ащ.
Гъэмахуэ. Уафэр къабзэщ, дыгъэр гуаш)эу къопс, жьы хуабэ къопщэ, ціыкіухэм псым зыщагъэпск1. Псым, пшахъуэм, мывэм, ят1эм теухуауэ ящ1э щ1эныгъэр егъэбыдыл1эжын хуейщ.

Бзэм зегъэужьын.

ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм я бзэр псэлъэным нэхъ хуэщ1ащ. А ныбжьым итхэм къебгъэжьа псалъэмакъыр къыбда1ыгъыну хуожьэ, езыхэр зыщыгъуазэ Іуэхугъуэр къыбжа1эжыну мэп1ащ1э. Егъэджак1уэм и къалэнщ сабийхэм жа1эм и к1эм нэсу едэ1уэну. Сабийхэм я псалъалъэр хэгъэхъуапхъэщ хабзэм, нэмысым, хьэл-щэным теухуа псалъэхэмк1э. Къыдалъхуа бзэмк1э сабийхэр шэрыуэу псэлъэфу егъэсэн папщ1э, Іэмал нэхъыф1у къагъэсэбэпхэм ящыщщ диалогыр. Сабийхэм щапхъэ зытрахыр егъэджак1уэрщ. Абы ипкъ итк1э егъэджак1уэм и бзэм псалъэ лъэпкъыгъуэ зэмыл1эужьыгъуэхэр, антонимхэр, синонимхэр къищигъэсэбэпу гуапэу, щабэу псалъэу щытын хуейщ. Зи гугъу тщ1ы ныбжьым ит сабийхэм нэхъыбэрэ ящытхъупхъэщ, абы сабийхэр трегъэгушхуэ мыук1ытэу псэлъэным. Я псалъалъэр нэхъ къулей хъун папщ1э къалэн хэхарэ дидактическэ лэжьыгъэрэ гъэзэщ1апхъэщ. Нэхъыбэрэ къагъэсэбэпхэр къедбжэк1ынщ:

  • егъэджакІуэм къытригъэзэжурэ псалъэщ1эр псалъэухам хигъэувэн («Мы фалъэр кхъуэщыным къыхэщ1ык1ащ.» «Кхъуэщыныр къутэгъуафіэщ.» «Дахэ дыдэщ кхъуэщыным къыхэщіыкіахэр». н.); 
  • упщІэ зэмыл1эужьыгъуэхэм жэуап ирегъэтын: (Хэт? Сыт? Дэнэ? Сыт хуэдэ? Сыт щхьэк1э? ); 
  • егъэджакІуэм нимыгъэса псалъэухар нагъэсыжын («Мамэ тхылъ...» «и1ыгъщ»)', 
  • джэгукІэ: «Къызже1эт псалъэ» (джэду джэду ц1ык1у, Іэгъэбэгу Іэгъэбэгу ц1ык1у, н.); 
  • Мы упщ1эхэм жэуап иратыфын: Сыт пхъэм къыхащ1ык1ыр?» (лошк1э, хупхъэ, бэлагъ, н.) Сыт ядыр? ( бостей, кіэ, пліэ, гъуэншэдж, н.) 

Бзэм и макъхэр егъэщ1эныр.

 Бзэм и макъхэр щрагъэдж дерсхэр къыщ1эдзапхъэщ макъыр къызэрапсэлъ щ1ык1эр жра1эурэ, ирагъэлъагъуурэ: егъэджак1уэм сабийхэм я гулъытэр хуешэ макъхэр къыщапсэлък1э Іупэр, бзэгур, дзэр, тэмакъыр зэрыхэлэжьыхь щ1ык1эм . Сабийхэм ягъэзэщ1эфынущ евгъэлъэгъуа лэжьыгъэр (Фи Іупэ ц1ык1ур къы1уфшиикі, хуэм дыдэу фи дзэ ц1ык1ухэр зэтефкъузэ, фи бзэгу кіапэр ищхьэм тет дзэм евгъэ1усэ н.) А лэжьыгъэр тынш дыдэу ягъэзэщ1эфынущ джэгук1эм хэту евгъэлъагъумэ. Макъ къэс елэжьыныр этап зыбжанэк1э егъэк1уэк1ыпхъэщ:

  • я Іук1эк1э зэщхь макъхэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъыпхъэщ, а макъыр къыщапсэлъкіэ тэмэму бэуэфу егъэсапхъэщ;
  • макъ фызэлэжьыр псалъэхэм, псынщ1эрыпсалъэхэм, усэ пычыгъуэхэм, къебжэк1 ц1ык1ухэм, джэгук1эхэм, дидактическэ джэгук1эхэм, инсценировкэ джэгук1эхэм хэту къегъэпсэлъыпхъэщ. Апхуэдэ Іэмалхэм сабийхэр хурегъасэ егъэджак1уэм мащ1э дыдэу къыхигъэщхьэхук1а макъыр псалъэхэм, усэ пычыгъуэхэм къыхац1ыхукыфу. Абы ипкъ итк1э к1эщ1-к1эщ1урэ дерсхэм хэгъэхьапхъэщ мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр: «Къыхэц1ыхук1ыт пц1ыху макъыр мы усэм, къуажэхьым»; «Мы псалъэм дызыхуей макъыр зэхэщ1ык1ыгъуэу къыщысхуэпсэлъыт»; «Къысхуэгъуэтыт сурэт ц1ык1у (предмет) дызыхуей макъыр хэту». Нэрылъагъу пособие щывгъэхьэзырк1э зэрыджэгу хьэпшып, предмет къыхэхыпхъэщ макъ евгъащ1эр и пэм, и кум, и к1эм, хэту (щ1ы, джэдыщ1э, ІэлъэщІ). Ахэр къэлъытауэ псалъалъэ зэхалъхьэ егъэджак1уэм и рассказхэм, инсценировкэ-джэгук1эхэм, драматизацэ- джэгукӀэхэм папщӀэ. Ар зытепсэлъыхьыр теухуауэ щытыпхъэщ нравственнэ гъэсэныгъэм: зыгуэрым дэӀэпыкъун, къыщхьэщыжын, гущӀэгъу хуэщӀын.


Бзэм и грамматическэ ухуэк1э.

Илъэситху зи ныбжь сабийхэм папщ1э бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэм ехьэл1ауэ, гу зылъытапхъэхэм щыщщ псалъэхэр къагъэсэбэпурэ псалъэуха зэхалъхьэфу, унафэ щ1ыныгъэ наклоненэм иту глаголхэр къагъэсэбэпыфу егъэсэныр. Сабийхэм псалъэухар тэмэму яухуэф хъун папщ1э, дидактическэ джэгук1эрэ лэжьыгъэрэ къэгъэсэбэпыпхъэщ, дерсым и зэхэлъык1эм (структурэм) хэгъэхьапхъэщ бзэм теухуа материалхэр къэпщытэжыныр.

Монологическэ псэлъэк1эм хуегьэджэн.

   Сабийхэм я психическэ зыужьыныгъэм щыщ1идзэр а ныбжьым щитым дежщ. Илъэсипл1рэ мазихым и ужьк1э сабийхэр нэхъ щ1эхыу балигъ хъууэ щ1адзэ. А ныбжьым къыщыщ1эдзапхъэщ зэрыджэгу хьэпшыпым тегъэпсэлъыхьыныр. Зэрыджэгу хьэпшыпым тегъэпсэлъыхьыныр гугъущ, ар зыкъомк1э елъытащ къыхах предметым. Сабийм къищта зэрыджэгу хьэпшыпыр ф1эгъэщ1эгъуэну, дихьэхыу щытын хуейщ. П.п. дерсыр инсценировкэ джэгук1эк1э щ1эдзапхъэщ. Джэду ц1ык1у егъэджак1уэм и ст1олым тетар сабийхэр т1ысыху к1уэдащ. - Дэнэ джэду ц1ык1ур здэк1уар? – щ1оупщ1э егъэджак1уэр. – Зигъэпщк1уащ, - жэуап къатыж сабийхэм. – Фщ1эрэ абы зыщ1игъэпщк1уар? Зыкъывигъэлъыхъуэнущи аращ. Феджэт джэду ц1ык1ум: «къыкъуэк1!» (сабийхэм къраджэ джэду ц1ык1ур). Ат1э мис мыпхуэдэу феджэт: «Джэду нащхъуэ ц1ык1у, къак1уэ ди деж!» (псори зэгъусэу, зэрызурэ йоджэ.) Джэду ц1ык1ур къохутэж, сабийхэм зэпрегъэплъыхь, и цым и зэхэлъык1эм гу лърегъатэ, трегъэпсэлъыхь. Аргуэру джэдур мэбзэхыж. Сабийхэм ягу зэрыраубыдам хуэдэу джэду ц1ык1ум топсэлъыхь. Адэк1э егъэджак1уэр сабийхэм ядо1эпыкъу, джэду ц1ык1ум и теплъэм щытепсэлъыхьыжк1э къагъэсэбэпыну псалъэхэр яжре1э: « Джэду ц1ык1ум и цыр сыту дахащэу ц1урэ! Абы и нит1ыр нащхъуэщ. И фэ ц1ык1ур къуэлэну зэхэлъщ». Егъэджак1уэр ядэ1эпыкъуурэ сабийхэр джэду ц1ык1ум топсэлъыхь. Сабий нэхъыжьхэр сюжет зи1э сурэтхэр зэпаплъыхьыфу, тепсэлъыхьыжыфу ирагъасэ. Япэ щ1ык1э, езы егъэджак1уэм рассказ к1эщ1 ц1ык1у зэхелъхьэ, фразэ-связкэхэр къыхигъэщурэ сабийхэм я гулъытэр хуешэ зытепсэлъыхьым. «Джэдум джэду шырхэр щ1эсщ. Ахэр ин хъуащ, езыхэм я щхьэ Іуэху зэрахуэжыфынущ. Пэжкъэ?» (Сабийхэр топсэлъыхь джэду шырхэм. Гукъыдэж зи1э псори тевгъэпсэлъыхь хъунущ.) - Джэду анэр и джэду шырхэм яхэплъэурэ щогуф1ык1, пэжкъэ? Фытепсэлъыхьыт абы. Япэ илъэс ныкъуэм сурэтк1э рассказ зэхегъэлъхьэныр сабийхэм къегугъуэк1ынущ. Я ныбжьэгъу ц1ык1ухэм къыжа1эж рассказми едэ1уэфынукъым темыхьэулеикіыу. Адрей илъэс ныкъуэм тепсэлъыхьыжыным гукъыдэж хуа1эу хъунущ. Сабийхэм фразэ-связкэхэр ягу къомыгъэк1ыжмэ, абыхэм я рассказыр зэ жа1ам къытрагъэзэжурэ зэхэзэрыхьа хъунущ. Фразэ-связкэхэр сабийхэм ядо1эпыкъу сурэтыр щызэпаплъыхьк1э, зэк1элъыхьык1э хэха зэра1эм гу лъарегъатэ. Апхуэдэ лэжьэк1эм сабийхэр бзэ зэпыщ1ак1э псэлъэф ещ1. Курыт гупым литературнэ тхыгъэхэр жа1эжыну лэжьыгъэ етыпхъэкъым, ар сабийхэм къехьэлъэк1ынущ. Абы нэхърэ нэхъыф1щ дерсым ц1ыхубэм зэхалъхьа таурыхъхэм щыщ пычыгъуэ драмматизацэ-джэгук1э хэвгъэхьэмэ.


Адыгэ художественнэ тхыгъэхэм щыгъуазэ щ1ын.

 ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм адыгэ литературэм гулъытэ хуащ1у, ф1ыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным пащэ. Ахэр егъэсэн хуейщ упщ1э яхуэбгъэувам жэуап къуатыжыфу, тхыгъэр (текстыр) зытепсэлъыхьым елъытауэ, абы хэт л1ыхъужьхэм оценкэ иратыфу, нравственнэ щытык1эхэм тепсэлъыхьыжыфу (лэжьак1уэшхуэщ, гуапэщ, л1ыгъэ хэлъщ), къебжэк1 ц1ык1ухэм, усэ ц1ык1ухэм къеджэфу (гук1э). Таурыхъыщ1эхэмрэ рассказыщ1эхэмрэ сабийхэр щыгъуазэ ящ1 мазэм къриубыдэу зэ- т1эу. Тхыгъэ зыщывгъэгъуэзахэмк1э ядевгъэк1уэк1 псалъэмакъхэм ( беседэхэм) нэхъ зэман нэхъыбэ егъэхьыпхъэщ, илъэсищ-пл1ы зи ныбжьхэм хухэфхам нэхърэ. Ар сэбэп хъунущ сабийхэм нэхъыф1у къагуры1уэнымк1э тхыгъэр зытепсэлъыхьыр, абы хэт л1ыхъужьхэм я зэф1эк1ыр, тхыгъэм и бзэр зыхуэдэр. Илъэсым и пэм деж егъэджак1уэм упщ1э яритурэ сабийхэр хуишапхъэщ жэуап щатк1э къагъэсэбэпыну псалъэхэм (Мы таурыхъым хэт хьэк1экхъуэк1эхэр сыт хуэдэ: губжьахэ, бзаджэхэ, хьэлэлхэ?). Хуэм-хуэмурэ езы сабийхэм тхыгъэм хэт персонажхэм характеристикэ иратыфу егъэсапхъэщ. Гъэм и ет1уанэ Іыхьэм и к1эм деж сабийхэм таурыхъым хэт персонажхэм характеристикэ иратыфу щытын хуейщ, определени 4-5 нэхъ мыхъуу. А ныбжьым ит сабийхэм таурыхъхэм, рассказхэм оценкэ иратыну хущ1экъуу щытщ. Егъэджак1уэри абык1э ядэ1эпыкъупхъэщ. Илъэситху зи ныбжь сабийхэм я бзэм зебгъэужьыну нэхъ тыншщ. Егъэджак1уэр тхыгъэм къыщеджэк1э, къыхигъэщын хуейщ нэхъ псалъэ, жы1эгъуэ гъэщ1эгъуэнхэр. Ахэр, сабийхэм къапсэлъыф хъун папщ1э, куэдрэ къытрагъэзэжурэ къегъэпсэлъыпхъэщ. Егъэджак1уэм сабийхэр ек1уэк1  Іуэхугъуэм к1элъыплъыфу иригъасэ къудейкъым, ат1э псалъэщ1эхэми, зэгъэпщэныгъэхэми гу лърегъатэ, Гъэм ипэм къыщыщ1эдзауэ сабийхэр егъэсапхъэщ нэхъ ягу ирихьа пычыгъуэр къыхахыфу. Апхуэдэ пычыгъуэхэр къыхэпхыну сабийхэм дежк1э тыншкъым, ауэ сэбэпщ. А лэжьыгъэр зэрагъэзащ1эмк1э егъэджак1уэм къыгуро1уэ сабийхэм я зэф1эк1ыр здынэсыр. ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм усэр гук1э щрагъащ1эк1э, ебгъапщэ хъунущ къэ1уэтэжыныгъэ (пересказ) дерсым и зэхэлъык1эм (структурэ): ягу ираубыдэн хуэдэу гъэувауэ(установкэ) къахуеджапхъэщ; усэр къагуры1уэн хуэдэу псалъэмакъ (беседэ) ядегъэк1уэк1ыпхъэщ; псалъэмакъым и ужьк1э егъэджак1уэр усэм къахуеджапхъэщ; сабийхэри усэм къегъэджапхъэщ (гук1э). Зыщыгъуазэ тхыгъэхэмк1э псалъэмакъ (беседэ) ядегъэк1уэк1ыпхъэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэр дэ1эпыкъуэгъушхуэ хъунущ: сабийхэм къагурымы1уэу, ягу ирамыубыдэфу, гулъытэ зыхуамыщ1у благъэк1ахэр къащ1эжынымк1э. Псалъэмакъ сабийхэм щыдебгъэк1уэк1к1э, яже1эпхъэщ усэм къызэреджэн хуейр, лэжьыгъэ ядригъэк1уэк1ыпхъэщ ф1ыуэ къеджэф хъун папщ1э. Усэ зэпкърыхынымк1э, ягу ираубыдэнымк1э, пычыгъуэм ф1ыуэ къеджэф хъунымк1э зэблэк1ыу лэжьыгъэ егъэк1уэк1ыным зэман куэд ехь. Ауэ а лэжьыгъэращ сабийхэм я акъылымрэ бзэмрэ нэхъыф1у зезыгъэужьыр. Псалъэмакъыр иухын хуейщ езы егъэджак1уэр усэм къахуеджэу. Сабийхэр усэм дихьэхын, емызэшу едэ1уэфын папщ1э, джэгук1э зэмыл1эужьыгъуэхэр къэбгъэсэбэп хъунущ. Блэк1а материалхэр к1эщ1-к1эщ1урэ къэпщытэжын хуейщ. Ахэр къыупщытэж хъунущ: литературнэ викторинэ ебгъэк1уэк1ыурэ, фызэджа тхылъхэр бгъэлъагъуэурэ, упщ1э зэмыл1эужьыгъуэхэр къэбгъэсэбэпурэ: Сыт хуэдэ таурыхъ фщ1эрэ? Сыт хуэдэ таурыхъыра нэхъ фигу ирихьар? НэхъыфІ дыдэу флъагъу усэ ц1ык1ум фыкъысхуеджэт. ИлъэсиплІ-тху зи ныбжь сабийхэм адыгэ литературэр ф1ыуэ ялъагъу, яжеп1э псори зэхащ1ык1, езыхэри зыщыгъуазэ куэдым топсэлъыхь, куэди къагупсыс, я гупсысэри и к1эм нагъэсыф. А ныбжьым ит сабийхэм я литературнэ репертуарыр нэхъ гъэщ1эгъуэну зэхэлъщ. Нэхъ щ1ып1э куэд зыубыдхэм ящыщщ Іуэры1уатэр, езыхэр зыщыгъуазэ тхыгъэхэм дэщ1ыгъущ къебжэк1хэр, псынщ1эрыпсалъэхэр, къуажэхьхэр.

Ильэсым кьриубыдэу егьэк1уэк1ыпхьэ дерсхэр

Программэм  къигъэув къалэнхэр

Дерс егъэк1уэк1ыпхъэхэм

я бжыгъэр

I кв

II кв

Ш кв

Дыкъэзыухъуреихь дунейм щыгъуазэ щ1ыныр:

1

1

1

къэзыухъуреихь предметхэр

1

1

1

природэр

1

1

1

Бзэм зегъэужьыныр:

псалъалъэм хэгъэхъуэныр, бзэм и грамматическэ ухуэк1эр

1

1

1

бзэм  и макъхэр

3

2

2

бзэр зэрызэпыщ1ар

2

2

3

Адыгэ художественнэ тхыгъэхэм щыгъуазэ щ1ын:

яже1эжыпхъэ, къызыхуеджапхъэ

3

5

5

гук1э зэрагъэщ1апхъэхэр

3

2

3

Илъэс
Бжыгъэр

Д ерсхэр зэрек1уэк1ыну
зэманыр
(дакъикъэр)

Тхьэмахуэ зэхуакум
къриубыдэу
егъэк1уэк1ыпхъэ
дерсхэр

Зы илъэсым
къриубыдэу
егъэк1уэк1ыпхъэ
сыхьэт бжыгьэр

4-5

15-20

2

72



Предварительный просмотр:

Адыгэбзэр

ику ит группэм зэраджын

махуэрыбжэ план

№№

Темэр

Мурадыр

Щек1уэк1ыпхъэр

Сентябрь

1

Сэлам зэрызэрах псалъэхэр къэпщытэжын.

1. Сабийхэр езыр – езыру зэрыгъэц1ыхун, зэгъэсэн,зэдэгъэджэгун.

2.   «Хэтми къащ1э» джэгук1эмк1э гъэджэгун

2

Бжьыхьэм теухуауэ гуры1уэныгъэ етын.

Бжьыхьэм зэхъуэк1ыныгьэ ялъагьухэр жегъэ1эн, я псалъалъэм хэгъэхъуэн, бжьыхьэ лэжьыгъэхэм щыгъуазэ щ1ын.

2.   «Гъатхэм жеяр бжьыхьэм магъыж» -псалъэжьырегъэщ1эн.

3

Къармокъуэ Хь. «Бажэмрэ Щыхьымрэ»

1. Таурыхъым къахуеджэн, едэ1уэфу егъэсэн;

2. Зэхах бзэр къазэрыгуры1уэр къэхутэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын, купщ1 энэхъыщхьэр  къыхахыфу егъэсэн.

3.   Таурыхъым хэт персонажхэм тегъэпсэлъыхьын, я бзэрнэхъ къулей щ1ын.

4

Пхъащхьэмыщхьэхэр

Къэ1уэтэныгъэ (описательный) рассказ зэхегъэлъхьэн.

2.   Рассказыр къызэра1уатэ планым тету къа1уэтэжыфу егъэсэн.

3.   «Сэ къыщ1эздзэнщ, фэ пыфщэ» джэгук1эмк1э гъэджэгун.

5

Тоз Ф. «Топ»

Усэр гук 1 э егъэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.   Усэр ягу ираубыдэфу, гъэхуауэ жа1эжыфу егъэсэн.

6

Макъ «б» - «п» - р.

1. Макь «б», «п» къапсэлъыфу егъэсэн.

2.А макъхэр хэту псалъэ къагупсысын (бажэ,бабыщ, къэб; пыл,дапщэ,дэп).

3.    «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.

7

Щ1акхъуэр- псом ящхьэщ

1.Щ1акхъуэр махуэ къэс къэдгъэсэбэп шхыныгъуэу зэрыщытыр ягу къэгъэк1ыжын,.

2.Щ1акхъуэ зэмыл1ужьыгъуэу хьэжыгъэм къыхащ1ык1хэм яхутепсэлъыхьын.

3 . Щ1акхъуэр зэращ1ым щыгъуазэ щ1ын.

8

«Е1уси къащ1э»,  

«И 1эф1агък1э къащ1э»,

«Я тепсэлъыхьык1эмк1э къащ1э»

дидактическэ джэгук1эхэмк1э гъэджэгун.

Пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэк1хэмрэ теухуауэ ящ1эр къэпщытэжын.

Октябрь

1

Плъыфэхэр егъэц1ыхуным пыщэн

1. Плъыжь, гьуэжь, удзыфэ, хужь плъыфэхэр зэхагъэк1ыфу егъэсэн.

 2.   «Сыт хуэдэ плъыфэ?» джэгук1эмк1э гъэджэгун.

2

Къабзагъэр узыншагьэщ

1.Сурэтымк1э рассказ к1эщ1 ц1ык1у зэхегъэлъхьэн.

2.   Езыхэр я узыншагьэм зэрык1элъыплъыр жегъэ1эн.

 3.   Я бзэм зиужьын папщ1эк1э нэхъыбэрэ зэгъэпсэлъыл1эн.

4.   «Дохутыр» сюжетно - ролевой джэгук1эмк1э гъэджэгун.

3

К1эщт М. «Шырэ» усэр

1.Усэм къахуеджэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.Макъ нэхъ къатехьэлъэхэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

4

1уэры1уатэ «Пц1ащхъуэ ц1ык1у» таурыхъыр

1.Таурыхъым къахуеджэн, купщ 1 э нэхъыщхьэр къагурыгъэ1уэн.

2.   Псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

3.   Я бзэм зиужьын папщ1э, нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

4.   Таурыхъым ехьэл1а псалъэжь егьэщ1эн: «Ф1ым ф1ы къыпок1уэри, 1ейм 1ей пок!уэ»

5

Макъ «б» - «п» - рэ егъэбыдыл1эжын.

1. Макъхэр псалъэми, пычыгьуэми къыщегъэгъуэтын.

2. Макъхэр хэту усэ е псынш1эрыпсалъэ егъэщ1эн.

6

Теп1энщ1элъынхэр

1.Теп1энщ1элъынхэр егъэц1ыхун: уэншэку, шхы1эн, щхьэнтэ, н.къ.

2. Теп1энщ1элъыныр къызыхэщ1ык1а материалым щыгъэгъуэзэн

7

Аф1эунэ Л. «Ди 1эуа» усэр

1.Усэр гук1э егъэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.Макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын.

3.   «1эбэдзыуэ» къебжэк1  ц1ык1умк1э

гъэджэгун.

8

1уэры1уатэ «Пц1ащхъуэ ц1ык1у»

1.Таурыхъыр къэ1уэтэжын, я бзэм зэрызиужьам к1элъыпльын, зэ зэхахар ягу зэрыраубыдар къэхутэн, егъэф1эк1уэн.

9

Пхыт1ык1 Ю. «Джэджьей шхэк1э» усэ

1. Усэм къахуеджэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.   Я бзэм зегъэужьын.

3.   Макъ нэхъ къехьэлъэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

Ноябрь

1

КъэрмокъуэХь. «Хьэмрэ Мыщэмрэ» таурыхъыр

1.Таурыхъыр яже1эжын, едэ1уэфу, жа1эжыфу егъэсэн, къагурымы1уэ псалъэхэм елэжьын, нэхъ  ягу ирихьа пычыгъуэхэм къытегъэзэжын,  я бзэм зегъэужьын.  

2.   Таурыхъыр инсценировкэ  егъэщ1ын

2

Макъ «в» - «ф» - р псалъэхэм щызэхац1ыхук1ыфу егъэсэн.

1 .   А макъхэр псалъэм и пэм, и кум, и к1эм, (вынд,дващ,ц1ыв; фащэ,тафэ,хьэрф)  хэту къагупсысыфу, къагъуэтыжыфу, ягъэ1уфу егъэсэн.

2.   «Псалъэрыджэгу» гьэджэгун

3

«Къуалэбзухэр»

1 .   Сурэтымк 1 э гъэлэжьэн, рассказ

к1эщ1  ц1ык1у зэхегъэлъхьэн, я бзэм зегъэужьын.

2.   Щ1ымахуэр ди щ1ып1эм щизых бзухэр егъэц1ыхун : къуаргъ, тхьэрыкъуэ,  бзугъуабжэ, н.

4

Пхыт1ык1 Ю. «Сыт джэдыр щ1экъакъэр?» усэр

1 .   Усэр гьэхуауэ гук 1 э къеджэфу егьэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2. Я бзэм зиужьын папщ1э, усэр упщ1эк1э зэпкърахыфу егъэсэн.

3. Макъ нэхъ къехьэлъэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

5

КъармокъуэХь. «Хьэмрэ Мыщэмрэ»

1 .   Таурыхъыр къэпщытэжын, езыр - езыру къегъэ1уэтэжын, я псалъэухар зэраухуэм к1элъыплъын.

2.   Я псалъалъэм хэхъуар къэхутэн, егъэф1эк1уэн.

Декабрь

1

Унэлъащ1эхэр егъэц1ыхуным пыщэн

1 .   Шэнт, ст1ол, диван, гъуэлъып1э, н. 2.    «Сыт къызыхэщ1ык1ар?» джэгук1эмк1э гьэджэгун

2

«Унагьуэ псэущхьэхэр» сурэтыр

1.   Сурэтымк 1э гъэлэжьэн, щалъагъу псори жегъэ1эн, щапхъэ ирагъэлъэгъуам тету рассказ ц1ык1у зэхегъэлъхьэн, япсалъэмакъым к1элъыгъэплъын, я бзэмзегъэужьын.

2.   Къапык 1 хъерым щыгъэгъуэзэн

3

Уэрэзей А. «Бжэк1э зызогъасэ» усэр

1 .   Усэм къахуеджэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын, упщ1эк1э зэпкърегъэхын, я бзэм зегъэужьын.

2.  Бзэм и макъ нэхъ къехьэлъэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын .

4

КъармокъуэХь. «1эмалищэрэ зырэ» таурыхъыр

1.  Таурыхъыр яже1эжын, едэ1уэфу егъэсэн; егъэлеиныгъэ хэлъхэм яхутепсэлъыхьын, нэхъ ягу ирихьа пычыгьуэм тегъэпсэлъыхьыжын, я бзэм зегъэужьын.

2.   Таурыхъым хэт персонажхэм оценкэ ирегьэтын

5

Макъ «в» - «ф» - хэрегъэбыдыл 1 эжын

1 .Зэхэщ1ык1ыгъуэу псалъэхэм щагъэ1уфу, ахэр хэту псалъэ къагупсысыфу егъэсэн.

2.   А макъхэр зыхэт псынщ1эрыпсалъэ егъэщ1эн.

6

Мэз псэущхьэхэр

1.Мэз псэущхьэхэр егъэц1ыхуным пыщэн: бажэ,дыгъужь,мыщэ, н.

 2.   Щ1ымахуэм зэрызыхуагъэхьэзырым яхутепсэлъыхьын .

7

Къэжэр П. «Илъэсыщ1э» усэр

1.   Усэр гъэхуауэ гук1э къыбжа1эфу егъэщ1эн.

2.  Макъ нэхъ къегугьуэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

8

Къармокъуэ Хь. «1эмалищэрэ зырэ» таурыхъыр

1 .  Таурыхъыр къэпщытэжын, езыр - езыру къегъэ1уэтэжын, я бзэм зэрызиужьам к1элъыплъын, зэ жа1ам къытрамыгъэзэжу, бзэ щ1эращ1эк1э псалъэфу егъэсэн.

Январь

1

Макъ «д» - «т» - хэр

1.   Макъ «д» - «т» - хэр зэхэщ1ык1ыгъуэу къапсэлъыфу егъэсэн: ду,уадэ,шыд; танэ, шатэ,шэнт.

2.   «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун.

2

«Си къуажэр»

1 .Щыпсэу къуажэм, зытес уэрамым я ц1эр егъэщ1эн.

2.  Къыщалъхуа  щ1ып1эр ф1ыуэ ялъагъуу, пщ1э хуащ1у къэгъэтэджын .

3

1ут1ыж Б. «Кхъы1э, и1э» усэр

1 .   Усэр джэгум хэтурэ егъэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын, макъ нэхъ къатехьэлъэхэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

2 . « Дыгъужьыжь» джэгук1эмк1э гъэджэгун

4

Хьэц1ык1у Хьэсэн «Дыгъужьыжьымрэ Хъыджэбз ц1ык1умрэ» таурыхъыр

1 .   Таурыхъым къахуеджэн, купщ1э нэхъыщхьэр къыхахыфу, зэ жа1ам къытрамыгьэзэжу, езыр – езыру таурыхъым тепсэлъыхьыжыфу егъэсэн. 2.   Хъыджэбз ц1ык1ум и хьэл – щэным гу лъегъэтэн, тегъэпсэлъыхьын.

Февраль

1

Щ1ымахуэ щыгъынхэр

1 .   Щ1ымахуэ щыгъынхэр егъэц1ыхун: зыщат1агъэ, зыщхьэрат1агъэ, зылъат1агъэ псалъэхэр я бзэм къыщагьэсэбэпыфу егъэсэн.

2 . Щыгъыныр къызыхэщ1ык1а  щэк1ым яхутепсэлъыхьын .

2

«Динэ ц1ык1ур ди хьэщ1эщ» рассказ ц1ык1у

1 .   Псалъащхьэм щ1эту рассказ ц1ык1у зэхегъэлъхьэн.

2 .Хьэщ1эр къегъэблэгьэн, шэнт етын,гъэшхэн,гьэжеин.

3. Нало 3. «Ло,ло,ло» гущэкъу уэрэдыр къэпщытэжын, гъэджэгун.

3

«Адакъэ хахуэ» таурыхъыр

1.   Таурыхъым  еда1уэу, зытеухуар къыбжа1эфу егъэсэн.

2.   Таурыхъым хэт персонажхэм тегъэпсэлъыхьын.

3.Я  бзэм зегъэужьын.

4

Хьэх С. «Си Сабинэ» усэр

1.   Усэм къахуеджэн, едэ1уэфу егъэсэн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.   Макъ нэхъ къегугьуэк1хэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын .

5

Макъ «д» - «т» -хэр егьэбыдыл1эжын.

1 .   А макъхэр хэту псалъэ къегъэгупсысын, зэхамыгъэзырыхьу псалъэхэм къащегъэгъуэтын, щегъэгъэ1ун.

2. Макъхэр хэту псынщ1эрыпсалъэ егъэщ1эн, жегъэ1эн.

6

Щ1ымахуэ ик1ым к1элъыгъэплъын .

1.   Зэхъуэк1ыныгъэхэм  к1элъыплъын, егъэф1эк1уэн.

2.   «Ди уэс дадэр дэнэ к1уа?» сабийхэр гъэпсэлъэн, гьэджэгун.

7

Хьэх С. «Уэс къос» усэр

1.   Усэр гук1э егьэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.   Макъхэр къызэрапсэлъым к1элъышгъын, егъэф1эк1уэн.

8

«Адакъэ хахуэ» таурыхъыр

1 .   Таурыхъыр езыр - езыру къызэрапщытэжыфым к1элъыплъын, я бзэм зэрызиужьар къэхутэн, егъэф1эк1уэн.

2. Таурыхъыр инсценировкэ егъэщ1ын.

3. Я бзэм зегъэужьын, я псалъалъэм хэгъэхъуэн

Март

1

Мартым и 8 - р Ц1ыхубзхэм я махуэщ.

1 .   Абы теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын.

2.   Макъ Жылау А., пс. Къэзан Ф. «Мамэ»

2

Пощтзехьэ 1эщ1агъэм щыгъуазэ щ1ын.

1 .   Пощтзехьэм и къалэным хыхьэхэр яжегъэ1эн.

2.   Я псалъалъэм хэгъэхъуэн.

3.   «Пощтэ» сюжетно - ролевой джэгук1эмк1э гъэджэгун

3

Аф1эунэ Л. «Уат1э ц1ык1у» усэр

1 .Усэм къахуеджэн.

2. Псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын, упщ1эк1э зэпкърегьэхын .

3.   Макъхэр къызэрапсэлъым к1элъыплъын.

4.   Нэхъ къатехьэлъэ макъхэр нэхъыбэрэ къегъэпсэлъын.

4

К1эрашэ Т., Акъсырэ 3. «Адакъэ къэрабгьэ» таурыхъыр

1.   Таурыхъым къахуеджэн, едэ1уэфу егъэсэн.

2. Нэхъ ягу ирихьа пычыгъуэхэм тегъэпсэлъыхьыжын .

3 . «Бгъэжьымрэ Адакъэмрэ» джэгук1эмк1э  гъэджэгун.

5

Макъ «Ж» - «Ш» - хэр

1.   Макъ «Ж» - «Ш» - хэр зэхэщ1ык1ыгъуэу псалъэм щызэхахыу егъэсэн.

2.   Псалъэм и пэм, и кум, и к1эм, (жэщ, мажэ, гъубж; шэ, уэшх, анэш) къыщагъуэтыфу, щагьэ1уфу егъэсэн.

3.   «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун

6

Адыгэ шхыныгъуэхэр

1 .   Адыгэ шхыныгъуэхэр егъэц1ыхун:джэдлыбжьэ, п1астэ, лэкъум, дэлэн, псыхьэлывэ, хьэнтхъупс.н.

2.   «Пщэф1ап1э» джэгук1 эмк 1э гъэджэгун.

Апрель

1

Хьэкъущыкъухэр егъэц1ыхуным пыщэн

1.   Фалъэ,тепщэч.шейщ1эт, бжэмышх, шейнык, н.

2.  «Сыт къызыхэщ1ык1ар?» джэгук1эмк1э гьэджэгуэн

2

Тыкуэнтет 1эщ1агъэм щыгьуазэ щ1ын.

Хьэпшып, ахъшэ, тыкуэн, тыкуэнтет -
псалъэхэм къик1 мыхьэнэр егъэщ1эн, я
псалъалъэм хэгъэхъуэн.
«Хьэпшып щащэ тыкуэн» сюжетно -
ролевой джэгук1эмк1э гъэджэгун.

3

Нало 3. «Гъэрэ щ1ырэ зэхок1ыр» усэр.

Усэр гук1э егьэщ1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм  елэжьын.

Гъэм и зэманхэм къызэрыгуэк1 дыдэу щыгъэгьуэзэн.

3.«Щ1ымахуэ хьэмэрэ гъатхэ?» джэгук1эмк1э гъэджэгун.

4

Хьэц1ык1у Хь. Дыгъужьыжьымрэ Хъыджэбз ц 1 ык1умрэ» таурыхъыр къэпщытэжын.

Таурыхъыр къэпщытэжын

2.Купщ1 нэхъыщхьэр къегьэгъуэтын,  л1ыхъужьхэм оценкэ ирегъэтын.

3.Таурыхъым хэт персонажхэм
тегъэпсэлъыхьын, я бзэм зегъэужьын

5

Гъатхэм теухуа псалъэмакъ сабийхэм ядегъэк1уэк1ын

1.Ихъуреягьк 1 э щхъуант1э зэрыхъуам  тегъэпсэлъыхьын,  я бзэм зегъэужьын.

2.Япэ къэгъагъэ – къэт1эп1 жыгхэр

егъэц1ыхун балией, хуэрэджей, пхъэгулъей

6

Къэрэмырзэ Ю. «Жьынду» усэр

Усэр гук1э егьэщ 1эн, псалъэ нэхъ гугъухэм елэжьын.

2.«Жьынду» джэгук1эмк1э гъэджэгун

7

Хьэц1ык1у Хь. «Дыгъужьыжьымрэ Хъыджэбз ц1ык1умрэ» таурыхъыр

1. Таурыхъыр къегъэпщытэжын, я псалъалъэм хагъэхъуаркъэхутэн, егъэф1эк1уэн.

2.   Нэхъ ягу ирихьа пычыгъуэхэм тегъэпсэлъыхьыжын.

3.  Я бзэм зегъэужьын.

Май

1

Бзэм и макъ зэрагъэщ1ахэр

1.  Бзэм и макъ зэрагъэщ1ахэр къэпщытыжын: б - п, в - ф, ж - ш, з - с. 2.  Псалъэрыджэгу гъэджэгун.

2

Усэхэр, таурыхъхэр къэпщытэжын

1 .   Я псалъалъэм хагъэхъуар къэхутэн, егьэф1эк1уэн.

2.   Бзэм и макъхэр къызэрапсэлъым, я псалъэухуар зэраухуэм к1элъыплъын.

3

Сабийхэм я зэф1эк1ыр къызэрапщытэ диагностикэ егъэк1уэк1ын.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Рабочая программа кружка башкирского языка в подготовительной группе на 2018-2019 учебный год

Программа направлена на развитие устойчивого интереса к башкирскому языку, на развитие речевой активности детей....

Рабочая программа по английскому языку в подготовительной группе группе

Иностранный язык сегодня становится в большой мере средством жизнеобеспечения общества. Роль иностранного языка возрастает в связи развитием экономических связей, с интернационализацией народной дипло...

Рабочая программа по бурятскому языку для старшей группы

Рабочая программа по бурятскому языку для старшей группы...

Рабочая программа по английскому языку для средней группы

Рабочая программа предназначена для детей средней группы....

Рабочая программа по английскому языку для старшей группы

Данная рабочая программа предназначена для детей старшей группы в детском саду....

рабочая программа по башкирскому языку в старшей группе детского сада

Основной целью программы является обучение дошкольников башкирскому языку, развитие речи, развитие языковой способности детей, ознакомление их с другим языком как средством общения и с культурой ...