Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей
классный час (4 класс)
Предварительный просмотр:
Темэр: «Нэхъыжьым хуэфащэщ пщ1э лей».
(классщ1ыб лэжьыгъэ 2-4 класс)
Мурадыр:
1. Пэщ1эдзэ классхэм щеджэ ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
2. Сабийхэр щыгъуазэ щ1ын ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадэгъуэгурык1уа хабзэ гъуэзэджэхэм.
3. «Сыт хуэдэ зэхущытык1э дэлъын хуей сабийхэмрэ балигъхэмрэ я зэхуакум?» упщ1эм жэуап тэмэм етын.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, нэхъыжьхэм хуэфащэ пщ1э хуащ1ыфу.
5. Адыгэ хабзэм мыхьэнэшхуэ балигъхэми сабийхэми я дежк1э зэри1эр ц1ык1ухэм ягурыгъэ1уэн.
6. Еджак1уэ ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын хабзэр зымыгъэзащ1эхэр щытык1э гугъухэм зэриувэр къэзыгъэлъагъуэ усэхэм, псалъэжьхэм.
(Уэрэд «Жьым фымыщ1 и жагъуэ»)
Еджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ!
Фыкъеблагъэ ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Сэлам гуапэ фыдох!
Егъэджак1уэ: Ди адыгэ хабзэм и фащэ нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ, адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр. Абы къызэщ1еубыдэ ц1ыхум и щ1ыхьыр зэримыгъэпудыныр, пэжыгъэр, ук1ытэр, гулъытэр, нэхъы-жьым пщ1э хуэщ1ыныр бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, гъэсэныгъэ хэлъхьэныр.
Мы зи гугъу сщ1а 1уэхугъуэ псоми ухэплъэжмэ, гуры1уэгъуэ мэхъу адыгэ унагъуэм сабийм щигъуэтым хуей гъэсэныгъэм и куууагъыр.
Къэтщтэнщ нобэ нэхъ дызыгъэгузавэ зы 1уэхугъуэ: нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ яку дэлъ зэхущытык1эр. Аращ ди псалъэмакъри зытеухуауэ щытынур.
Тхыдэм уриплъэж нэужьк1э, лъэпкъ куэдым я деж ущрохьэл1э ц1ыхухэм жьы хъуахэр яук1ыжу, бгым щ1адзу, щ1ып1э пхыдзам яшэрэ къагъанэу зэрыщытар. Апхуэдэ хъыбар хэтщ ди адыгэ 1уэры1уатэми.
Дедэ1уэнщ Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ым теухуа хъыбарым.
Еджак1уэ: Бэдынокъуэ и адэ Бэдын ишат бгым щидзыну, ауэ гу щ1эгъур къытек1уэри абы и адэр иук1акъым. Мэзым щигъэпщк1ури къэк1уэжащ.
Гъей щыхъум, л1ыжьым и чэнджэщхэмк1э гъавэр къахуэк1ыу, 1эщхэр яхуэбагъуэу щ1идзэжащ.
Мы хъыбырым къыщежьэу жып1э хъунущ нэхъыжьым хуэщ1ын хуей гулъытэр, пщ1эр. Къарук1э пэмылъэщыжми, жьы хъуа ц1ыхум 1эзагъ, 1ущагъ ин гъащ1эм къыхихауэ и1эщ.
Егъэджак1уэ: Нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур адыгэхэм
ялъытэу щытакъым.
«Нэхъыжь зымыгъэлъап1э щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым» же1э адыгэ псалъэжьым.
Нэхъыжьым и унафэм къару щимы1э унагъуэм ноби «хабзэмыщ1э унагъуэщ» хужа1э.
Ат1э сыт хуэдэ хабзэ нэхъыжьым ехъэл1ауэ бгъэзэщ1эн хуейуэ адыгагъэм къигъэуврэ?
Дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм абы теухуауэ ящ1эм.
1. Нэхъыжь ухуэзамэ, ар ц1ыхухъуми ц1ыхубзми, уэ нэхъапэ ф1эхъус епхын хуейщ. Ауэ ф1эхъус щепхк1э уэ нэхъапэ уи 1эр умыший, и 1эр къып1эщ1илъхьэну хуитыр езы нэхъыжьырщ.
2. Нэхъыжь и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым. Ар нэмысыншагъэщ. Укъэувы1эу къак1уэр блэк1ыху уежьэн хуейщ.
3. Нэхъыжь гъуэгум къыщыпхуэзамэ, зэрызек1уэ хабзэ гуэрым уисмэ, ибгъэт1ысхьэу здэк1уэм нэс пшэныр уи адыгэ къалэнщ.
4. Нэхъыжь щытмэ, нэхъыщ1эр нэмысыф1эу щытыпхъэщ. «Хэтхэ, ей а ц1ыху мыгъасэр?» къыпхужамы1эн папщ1э.
5. Нэхъыжьым къыбжи1эм и к1эм нэс уедэ1уапхъэщ, а жи1эр уигу иримыхьми. Къыбжи1эр е лъэ1ур бгъэзэщ1апхъэщ. Упсэумэ, а нэхъыжьым и п1эм уэри узэриувэнур зэи зыщумыгъэгъупщэ. Нобэ уэ нэхъыжьым пщ1эуэ хуэпщ1ыр, пщэдей уэ къыпхуащ1ыжынщ.
6. Нэхъыжь блэк1ыу ину упсэлъэныр, е ину удыхьэшхыныр емык1ущ, а блэк1ым утепсэлъыхь е ук1элыдыхьэшх къыф1эщ1ынщ.
7. Нэхъыжьым и пащхьэ ущитк1э зып1уант1эу, зыпшант1эу уи 1эхэр уи жыпым илъу, тутын уефэу, зыбгъэлъэгъуэныр емык1ущ.
8. 1энэ ущыпэрыт1ысхьэк1э, гуп ухэтмэ, пхуэмыфащэ т1ысып1э умыт1ыс. Адыгэ 1энэм хабзэшхуэ щызок1уэ. «Жьант1ак1уэу ущымыт, узэрыщытыр ялъагъунщ» же1э адыгэ псалъэжьым.
9. Нэхъыжь уи гъусэу ук1уэмэ, ижьырабгъур абы ейщ. Зыщ1ып1э ущ1ыхьэнумэ, япэ щ1ык1э бжэр 1убохри нэхъыжьыр щ1ыбогъэхьэ, ит1анэ уэ ущ1охьэ.
10. Нэхъыжьым ирифыну зыгуэр щептк1э, кружкэр лъащ1эмк1э уи 1эгум иту и къур зэптым хуэгъэзауэ етын хуейщ. Нэхъыжьыр псы щефэк1э утэджын хуейщ. «Уи хьэлэлщ» жы1эн хуейщ.
11. Нэхъыжьым зыщихуапэк1э дэ1эпыкъу, и щыгъыным ху-к1элъыплъ, и вакъэр хуэгъэкъабзэ.
12. Жьы хъуам псалъэмакъышхуэрэ 1эуэлъауэшхуэрэ яф1эф1-къым. Нэхъыжьым сыт и лъэныкъуэк1и хуэсакъын хуейщ.
13. Уэрам тет1ысхьэп1эм утесу нэхъыжь блэк1мэ, укъэтэджын хуейщ. Блэк1ыр ц1ыхубзми, ц1ыхухъуми ущысыныр нэмысыншагъэщ.
14. Нэхъыжь щыту нэхъыщ1э т1ысыркъым, абы и гъуэлъып1э ит1ысхьэркъым, и т1ысып1э хэхам деж т1ысыркъым.
15. Нэхъыжьым нэщхъыдзэу, пхъашэу епсалъэркъым, абы зыпа-щ1ыжу псалъэркъым.
16. Нэхъыжьыр хьэщ1эмэ, и закъуэу бгъэшхэныр хабзэм къе- мык1ущ. Абы шхыным и нэхъыф1ыр хуагъэфащэ.
17. Адэм, анэм е нэгъуэщ1 нэхъыжь гуэрым нэмэз ищ1ыну зи-гъэхьэзырмэ, абы до1эпыкъу.
18. Нэхъыжьым пщ1э хуэпщ1мэ, пщ1э хубощ1 адыгагъэм, уи лъэпкъым и къежьап1эм.
19. Хабзэм узэрыхущытым хуэдэущ гъащ1эри къызэрыпхущытыжынур.
Егъэджак1уэ: Ц1ыхухэм яку дэлъ пщ1эр, нэмысыр, гулъытэрщ гу-къыдэж къайзытыр. Адыгэм ауэ сытми жи1эркъым: «Ц1ыху ц1ыху щыжщ» жи1эу. Гуапэу сэлам къозыхым, къыпщ1эупщ1эм, гулъытэ къыпхуэзы-щ1ым къару къыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ, гъащ1эм ущегъэгуф1ык1. Аращ гуапагъэмрэ нэщхъыф1агъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ щ1ыхуэхъури.
Ц1ыхум узэрыхуэгуэпэн 1эмалхэм щ1эи гъуни я1экъым. Ауэ, псом нэхърэ нэхъ 1ейр арщи, ц1ыхум уегуэуэнми зы мащ1э дыдэщ узыхуейр.
Зэрызэхэтхащи, псоми адыгэ хабзэр дощ1э. Ауэ, 1эмал имы1эу а хабзэ псори гъащ1эм къыщыдгъэсэбэпын, ар ди хьэл-щэным къыхэщу щытын хуейщ. Ди жагъуэ зарыхъунщи, языныкъуэ ц1ык1ухэм хабзэр щащыгъупщэж щы1эщ. Дедэ1уэнщ таурыхъ зи1э адыгэ псалъэжьым. «Шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа?».
Еджак1уэ: Хьэсэн тет1ысхьэп1эм тест, сэхуран и1унщ1у, и лъа-къуэхэр зэтедзауэ. Л1ыжь сымаджэр, хуэм дыдэу, баш и1ыгъыу къэк1уэжырт. Ар щилъагъум Хьэсэн абы егуэуащ, ауан ищ1у:
- Уа, тхьэмадэ, шабзэкъур сытк1э къэпщэхуа? – жи1эри.
- Ей, си щ1алэ, си щ1алэ, тхьэм ф1ык1э унигъэс. Уэри си ныбжь унэсмэ, зыри иумыту къуатынщ башыр – жи1ащ л1ыжьым.
Егъэджак1уэ: (Сыт хуэдэ щыуагъэхэр ищ1а Хьэсэн?).
Ат1э иджы дедэ1уэнщ. Джаурджий Хь. итха рассказ к1эщ1 ц1ы-
к1ум.
Еджак1уэ: Еджэн яухри школым къыщ1эк1ыжауэ Аслъэнрэ Муратрэ унэм къэк1уэжырт. Абыхэм къалъэгъуащ тыкуэным къыщ1эк1ыжа нанэр. Абы къищэхуахэр илъу чы матэ хьэлъэ и1ыгът. Аслъэн тхылъылъэр Мурат иритри нанэ матэр къы1ихащ. Абы нанэр унэм нигъэсыжри къи-гъэзэжащ. Мурат къеупщ1ащ:
- Хэт а зи матэр зыхуэпхьыжар?
- Нанэщ, – жи1ащ Аслъэн.
Уэ уи нанэу ара? – Урикъуэрылъху, хьэмэ урипхъурылъху?
- Хьэуэ, си нанэкъым.
- Ат1э фи гъунэгъу?
Хьэуэ ди гъунэгъукъым.
- Ат1э, уи сыт, дэнэ щыпц1ыхурэ?
- Си зырик1щ, сц1ыхуркъым.
- Ауэ нанэщ.
(Сыт хуэдэу къыхэщрэ Хьэсэн мы дыкъызэджа рассказым?)
Егъэджак1уэ: Иджы ди хьэщ1эхэм зедгъэгъэпсэхунщ, уэрэд, усэ едгъэдэ1уэнщ.
(Уэрэд «Жьы хъуа ц1ыхухэр ф1ыуэ флъагъу»).
Еджак1уэ:
«Псалъэ жагъуэ».
Зэгуэрым семыгупсысу
Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.
Ар мамэ и гущ1эм нэсри,
И нэпсыр къыщ1игъэк1ат.
К1иякъым мамэ. Схуэшхыдэу,
Зы псалъи къызжимы1ат.
И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу
И нэпсыр к1уэц1игъэпщк1уат.
А нап1эзып1эм си псалъэм
Сык1элъыпхъуэнут, слъэк1ам.
Ауэ, шэм хуэдэкъэ псалъэр,
Къимыгъэзэж п1эщ1эк1ам.
Сымыщ1эу сщ1эныр сыхэплъэу
Сэ махуэ псор есхьэк1ат.
Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ
Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1ат?
Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу
Жэщ к1ыхьыр езгъэк1уэк1ат,
Си псэм щыщ хъуауэ къысхэлъым
Сэ, дауэ сегуэуэк1ат?
Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,
Нэхъ махэ умыгъуэтын.
Зы мыхьэнэншэу къыпщыхъури,
Яхуохъур ахэм удын.
Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу
Анэхэм дахуэвгъэсакъ.
Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ,
Зезгъэ1этауэ си макъ
Тенауэ, къупщхьэ къысф1эщ1у,
Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.
Мыкъуэжь Анатолэ.
Егъэджак1уэ: Псоми зэрытщ1эщи, 1уэры1уатэм мыхьэнэшхуэ и1эщ щ1эблэр гъэсэнымк1э. Лъэпкъым и гупсысэр, и дуней еплъык1эр, и акъылыр на1уэу къыхощ псалъэжьхэм. Ахэр 1уэхугъуэ куэдым епхами, жып1э хъунущ, абы я къэлъэн нэхъыщхьэр гъэсэныгъэрауэ. Сыт хуэдэу къыхэщу п1эрэ зэик1 жьы мыхъу псалъэжьхэм нэхъыжьым хуэщ1ын хуей пщ1эмрэ нэмысымрэ?
Еджак1уэ: (зэпеуэ)
1. Нэхъыжьыр гъэлъап1и (уи щхьэ лъап1э хъунщ).
2. Зи нэхъыжь еда1уэ (и 1уэху мэк1уатэ).
3. Жьым еубзи (щ1эр гъэгушхуэ).
4. Нэхъыжьым жьэ ет, (нэхъыщ1эм гъуэгу ет).
5. Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр, (щхьэ лъап1эгъуэ ихуэркъым.)
6. Нэхъыжь к1элъыджэркъым - (к1элъок1уэ);
7. Щ1алэ къагъапц1э щхьэк1э, (л1ыжь пц1ы хуаупсрэ?).
8. Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, (щ1э зэрымысым насып илъкъым).
9. Жьант1эм ущ1эмыкъу (пхуэфащэмэ къыплъысынщ).
10. Нэхъыжьыф1 зи1э (нэхъыщ1эф1и и1эщ).
11. Жьыр щхьэукъуэреймэ, (щ1алэр джэгурейщ).
12. Л1ыжьыр жьэгум мак1уэ, (щ1алэр джэгум мак1уэ).