"Гъатхэ"
презентация к уроку (4 класс)

Презентация по кабардинской литературе на тему "Гъатхэ"

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл vesna_0_-_kopiya.ppsx2.99 МБ

Предварительный просмотр:


Подписи к слайдам:

Слайд 1

Ф1ыуэ феджауэ п1эрэ?

Слайд 2

Сыт хуэдэ тхыгъэм щыщ мы сатырхэр? Йок1уэт уаер папщэ-щатэу, Гъатхэ щ1ылъэр къызэщоу. Дунейжьым зэрыщыту Вагъэбдзумэм и мэ щоу.

Слайд 3

Мы сатырхэр Тхьэгъэзит Зубер и «Гъэрэ щ1ырэ» усэм и зы пычыгъуэщ. Абы и тхыгъэм дахэу къыщыгъэлъэгъуащ гъатхэм и теплъэгъуэхэр.

Слайд 4

2.Сыту п1эрэ мартыр гъатхэм и пщэдджыжьу ц1ыхухэм щ1ыжа1эр?

Слайд 5

Гъатхэр дунейм и щ1эрэщ1эгъуэщ. Къуалэбзу макъыф1эхэр къолъэтэж. Псыхьэлц1ык1ухэм уэрэдищэ ыгъуэ кърашу бгым и дыгъафэ лъэныкъуэмк1э къежэхын щ1адзэ. Дуней псом къуэлэн дахэу зехуапэ. Зэщымыщу гъэгъа удз дахэхэр губгъуэм къыщотэдж.

Слайд 6

Март мазэм гъатхэ щ1ылъэр къызэщоури, абы къыхэк1к1э гъатхэм и пщэдджыжьу къалъытэ.

Слайд 7

3. Гъатхэм деж сыт хуэдэ лэжьыгъэхэр щек1уэк1рэ губгъуэм, хадэхэм, жыг хадэхэм?

Слайд 8

Гъатхэм деж мэкъумэшыщ1эхэр губгъуэхэм, хадэхэм, жых хадэхэм елэжьу щ1адзэ.

Слайд 10

Щ1ыр мыгъущ щ1ык1э ц1ыхухэм вэн-сэныр зэф1агъэк1.

Слайд 11

4. Къафщ1эт мы пычыгъуэр къызыхэхар? «Гъупщ, ят1э хуэдэхэр кърахьэл1эурэ,абыхэм псэуп1э зэрагъэпэщ,къауц щабэк1э зэлъы1уахыжри я шырхэр къраш.»

Слайд 12

Къуалэбзухэр къолъэтэжри псэуп1эхэр зэрагъэпэщу щ1адзэ. Ар дахэу къыщыгъэлъэгъуащ Нало Заур и тхыгъэм: «Гъупщ, ят1э хуэдэхэр кърахьэл1эурэ,абыхэм псэуп1э зэрагъэпэщ,къауц щабэк1э зэлъы1уахыжри я шырхэр къраш.»

Слайд 13

Сытк1э сэбэп хъурэ къуалэбзухэр?

Слайд 14

Бзухэм сэбэпынагъ куэд зэрахьэ. Абыхэм жылэхэр зэбгырах, жыгхэр ягъэкъабзэ, я уэрэд дахэхэм дыщ1агъэдэ1у.

Слайд 15

5. Гъатхэ рассказым жьэры1уатэу сурэт хуэфщ1

Слайд 16

6. Гъатхэм теухуа сыт хуэдэ псалъэжьхэр фщ1эрэ?

Слайд 17

Дэ ди1эщ гъатхэм теухуа псалъэжь куэд. Псалъэм папщ1э: «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ», «Гъатхэ унэ гъуанэщ»

Слайд 18

«Гъатхэ махуэм гъэ егъашхэ» псалъэжьыр дахэу къыщыхьащ Хьэкъун Исуф и «Гъатхэ махуэ» усэм «Гъатхэ махуэм гъэ егъашхэ»,- Ар адыгэм ди псалъэжьщ. Тщымыгъупщэ дэ ар зэик1, Ди гум илъу щ1ым долэжь.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Гъатхэ къытхуеблагъэ!

Презентация к уроку какбардинской литературы на тему "Гъатхэ къытхуеблагъэ! 4 класс...