"Адыгэ фащэ"
план-конспект занятия (средняя группа)

Ираида Дышекова

Къэлэн: Нэ1уасэ адыгэ фащэм хуэщ1ын, абы и дахагъым, и тыншагъым; фащэр зэрагъэдахэ тхыпхъэхэм.

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл adyge_fashche_2.docx21.2 КБ

Предварительный просмотр:

#1075;.

«Адыгэ фащэ»

Къэлэн: Нэ1уасэ адыгэ фащэм хуэщ1ын, абы и дахагъым, и тыншагъым; фащэр зэрагъэдахэ тхыпхъэхэм.

(Адыгэ уэрэд къоуэ. Ц1ык1ухэр къыщ1охьэхэр)

Фи махуэ ф1ыуэ, ц1ык1ухэ!

Сэлам гуапэ зэдывгьэхыт, дэри ди хьэщ1эхэми.

Уи махуэ ф1ыуэ, дыгъэ ц1ык1у!

Уи махуэ ф1ыуэ, уафэ!

Уи махуэ ф1ыуэ, псы уэршэрхэр!

Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!

(Адыгэ уэрэд къоуэ. Ц1ык1ухэр къыщ1охьэхэр)

Къафэ «Адыгэ джэгу»

В: Ц1ык1ухэ, фэ фщ1эрэ ди республикэм зэреджэр? И нэхъыщхьэ къалэм?

-Дощ1эр, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэ. Нахъыщхьэ къалэр Черкесскщ.

В: Ди республикэр щ1ыналъэ дахэщ ик1и инщ. Абы лъэпкъ зыбжанэ щопсэу. Сыт хуэдэ лъэпкъхэ, къызжеф1эт?

-Ди республикэм щопсэу: Адыгэ, Абазэ, Нэгъуей, Къэрэшей, Урыс лъэпкъхэр.

В: Тэмэмщ, тхьэ фигъэпсэухэ. Мис а лъэпкъхэм псоми езым я хабзэ, я тхыдэ я бзэ, я фащэ я1эжщ.

Сэ нобэ сыхуейщ нобэ адыгэ фащэм дырипсэлъэну. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гупыжк1э. Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей – Шэрджэс Респуб-ликэхэм, хамэ къэралым щыпсоу адыгэхэми ягъэлъап1эр Фок1адэм и 28-м адыгэ лъэпкъ фащэм и махуэр. Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщу къек1уэк1ащ адыгэ фащэр. . Мис апхуэдэ фащэ дахэхэр ящыгъуу, адыгэ щ1алэхэр хъыджэбзхэр хьагъуэл1ыгъуэхэм (свадьба) к1уэхэт.

В:Ц1ык1ухэ,дэри нобэ къытхуихуащ апхуэдэ махуэ. Адыгэ фащэ дыщыгъуу,

дыкъэфэну.

Къафэ «Адыгэ джэгу»

Ц1ыхухъу фащэр зэпхьэну апхуэдизк1э тыншти ики дахэти, Кавказым лъэпкъыу ис куэдым фащэ яхуэхъуащ.

#1059;мар Дауров: Ди лъэпкъ нагъыщэу, адыгэ фащэ:

Цей, хьэзыр, сэшхуэ, пы1э, къэптал…

Ди лъэпкъыр псоми къахэзыгъэщу

Л1ыгъэм хуезыджэу ф1ыр зи уэчыл.

Лъэпкъ зэхуэмыдэу исхэм Кавказым

Зыр адрейм пеуэу, уэ укъащтащ.

Зэф1эк1ыу я1эр ягъэлъэгъуэну

Ежьэм и фащэу къищтэр уэращ.

В:Ц1ыхухъу фащэм цейк1э йоджэр, абы хыхьэ 1ыхьэхэм дытевгъэпсэлъыхьыт иджы. Фц1ыхуу п1эрэ фэ ахэр? ( къыдогъэлъагъуэ)

В: Цейр, къапщтэмэ, Iэпкъ- лъэпкъым хуэфIу да теубгъуэнщ Ар бгым деж Iузэ дыдэ щохъу, и гупэри и щIыбри псоуэ къыхах. И тыншагъым и мызакъуэу, абы цIыхухъу Iэпкълъэпкъым фэ къытригъауэрт, ар уэмыкIумэ, дахагъэм и мардэхэр пIэщIэкIауэ ябжу.

Мухаммад: Цейм и лъабжьэ щIэлъ джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу щытщ

В: Хьэзырылъэхэр цейм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу.

Тимур: Цейм и бгым щ1элъщ бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэ.

Эмир Борсов: Бащлыкъыр зауэл1хэмрэ гъуэгу техьа л1ыхэмрэ здащтэт. Абык1э уэшхми, уэсми, жьыбгъэми зыщахъумэрт.

Ислам Кемов: Щ1ак1уэр щ1ызэрахьэр теп1эн – щ1элъын папщ1эт. Абы уэшхи псыи пхырык1ыртэкъым,гъудэ – бадзи езэгъыртэкъым.

Салман: Шырыкъухэм,упщ1элъейхэм шым урытесыну тыншт, хуабэт,гъущэт.

Ринат Дауров: Мэлыфэм къыхэщ1ык1а хъурыфэ пы1эм уэшхми,уэсми, жьыбгъэми, хуабэми л1ыхэм я щхьэр щихъумэт.

Вед.: Дунейм лъэпкъыу тетым я фащэхэр зэбгъапщэмэ, адыгэ фащэм нэхъ дахэ, ц1ыхум и 1эпкълъэпкъым и дахагъэр къыщ1эзыгъэщ, удэзыхьэх щ1агъуэ бгъуэтынкъым. Ик1и аращ адыгэ фащэр Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдми я лъэпкъ фащэ щ1эхъуар.

Щ1элэц1ык1у джэгу

В: Адыгэ пщащэ, адыгэ фащэ,

Мы дунейм теткъым фэр нэхъ дахащэ.

Адыгэ пщащэ, адыгэ фащэ,

Сыту фэ т1ури фызэхуэфащэ!

Иджы бзылъхугъэ фащэм дыкъытепсэлъыхьынщ. Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр, и пагагъэр, и щэныф1агъэр, къызыхэк1а лъэпкъыр кърагъэлъагъуэт адыгэ фащэм.

Раяна: Бостейр нэхъыбэу данэмрэ къэдабэмрэ къыхащ1ык1т. Бостейм 1эщхьэ к1ыхь пытщ. Я теплъэк1э ахэр ф1ыц1афэу, дыщафэу щытхэт.

Дарина: Бгъэ1улъхэр мыщ1эхэмк1э, дыщэпск1э гъэщ1эрэщ1ат ик1и бостейм ек1упст.

Амира Х.: Бгырыпххэр тхыпхъэщыпхъэ, мыщ1э ц1ык1ухэмк1э гъэщ1эрэщ1ат.Бгырыппхэр дыжьыныфэхэт, ф1ыц1афэхэт. Бзылъхугъэ щ1алэм и бгырыпхыр нэхъ бгъузэт , нэхъ гъэфэрыщ1ат. Унагъуэм ихьам ейр нэхъ бгъуэт, и быжри нэхъ инт, апхуэдэ дыдэуи гъэфэрыщ1атэкъым.

В: Адыгэ бзылъхугъэхэм зэрахьэ 1элъэщ1хэр тхыпхъэщ1ыпхъэк1э гъэщ1эрэщ1ат, удз дахэхэр хэщ1ыхьат. Ахэм зэрахъэт кхъуак1э зы1ут шылэхъар хужьхэр, лоданхэр, гумлэдынхэр. Сабий зыгъуэта анэм зэи пы1э щхьэрит1эгъэжтэкъым,телъыр 1элъэщ1рэ щхьэф1эпхык1рэт.

В: Бзылъхугъэхэм я фащэм хохьэр дыщэ пы1эри. Абы узыф1эмык1ыжыну пщащэхэр дахэ щ1эхъук1т. Ар хадык1т дыщэ, дыжьын 1уданэк1э. ар бостейм ек1уу щытт. Хъыджэбзым и дыщэ пы1э щыгур папц1эщ, нысащ1эм ейр щхьэгуэщ.

В: Iэгъуапэ фIэлъхьэр кIыхьыу къелэлэхыу, хуабжьу къулейуэ гъэдэхауэ щытщ, дыщэ IуданэкIэ хэдыкIауэ

В: Адыгэ пщащэхэм я дахагъэр нэхъри къыщ1эзыгъэщыр я зыхуэпэк1эрт. Ахэм щыгъыныпхъэхэр къыхахырти ек1уу ядыжырт. Махуэ къэс зэрахьэ щыгъынхэр щхьэхуэхэт,хьэгъуэл1ыгъуэм, хьэщ1ап1эм зэрык1уэхэр нэгъуэщ1хэт

Хъыджэбз ц1ык1у джэгу

Вед: Адыгэ фащэм жыуегъэ1э, сыту ф1ыщэт мы псор зи 1эрык1 лъэпкъым сызэрыщыщыр!

. Умар Джужуев: Лъэпкъ зэхуэмыдэу исхэм Кавказым

Зыр адрейм пеуэу, уэ укъащтащ.

Зэф1эк1ыу я1эр ягъэлъэгъуэну

Ежьэм и фащэу къищтэр уэращ.

Вед: Маржэ, дымыгъэк1уэдыжу зедывгъахьэ, зылъэгъуам телъыджэ ящыхъуа фащэ гъэщ1эгъуэныщэр!

Тхьэм фигъэпсоухэ,гъащ1э к1ыхь фыхъу!

Къек1уэл1ахэми ину берэчэт бесын.

МБДОУ «Детский сад «Сэтэней»а. Хабез.

«Адыгэ фащэ»

(ко дню черкесской национальной одежды)

Воспитатель:

Дышекова И.Ю.

Сентябрь,2024г.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

" Адыгэ джэгу"

" Адыгэ джэгу"...

Советскэ Союзым и Л1ыхъужъ адыгэ к1алэхэр (Герой Советского Союза)

Проект на тему "Герой Советского Союза" Андрухаев Хусен Борежевич...

"День черкесского флага" (Адыгэ ныпым и махуэм)

Каждый народ имеет свои корни. Это язык, культура,история, традиции и обычаи, свою символику.Черкесы имеют свой флаг. И мы знакомим детей с историей созданией черкесского флага....

Адыгэ ныпым и махуэ

Адыгэ ныпым и махуэ...

Конспект НОД по Краеведению "Адыгэ фащэм и махуэ"

Занятие направленно на формирование у детей региональной культуры....