Сценарий праздника 8 марта на кабардино- черкесском языке
материал (подготовительная группа)

 

Сценарий праздника

8 марта

в подготовительной группе

на кабардино- черкесском языке

Скачать:

ВложениеРазмер
Файл 8_marta_na_kab._yaz.docx32.59 КБ

Предварительный просмотр:

Сценарий

8 марта

в подготовительной группе

на кабардино- черкесском языке

Ст. воспитатель Клишева Т.Х.

Фи махуэ ф1ыуэ ди хьэщ1э лъап1эхэ.

Мартым и 8-р къэралым и махуэ лъап1эхэм ящыщ зыщ.Апхуэдэу щ1ыщытри гуры1уэгъуэщ:ар зытеухуари ди анэхэращ,ди нанэхэращ, ди шыпхъу ц1ык1ухэращ. Нобэрей ди зэ1ущ1эри зыхуэгъэзар ахэращ.

Фи махуэ лъап1эмк1э нобэ

Тыгъэу уэрэд ныфхудощ1.

Гъащ1эу къэвгъащ1эм и ф1ыгъуэм

Фыщымыщ1эну къытф1ощ1.

Анэм и уэрэд

Вед. «Анэ»-сабийм псалъэн щыщIидзэм деж япэ дыдэу жиIэ псалъэр «мамэщ».Абы къегъэлъагъуэ анэм нэхърэ нэхъапэ,нэхъ лъапIэ дэтхэнэ цIыхум дежкIи зэрыщымыIэр.

1. Хэт псом нэхърэ нэхъ бзэ 1эф1ыр.

Нэхъ бзэ 1эф1у щы1эр

Къопсаллъэми и бзэр 1эф1у, псэ хьэлэу щы1эр

Ар си мамэщ, мамэ дыщэщ

Нэхъ бзэ 1эф1у щы1эр

2. Сф1ощ1 си мамэ сэ схуэгъагъэу

Гъэгъа дахэу щы1эр, псом нэхъ дахэу

Нэхъ гумащ1эу, нэхъ бзэ 1эф1у щы1эр

Ар си мамэщ, ар си мамэщ

Схурепсэу си мамэ!

3 Жа1эр мамэ и 1эм дыщэ къыпыщэщу

Сак1элъоплъыр ахэм сэ зыщызмыгъэнщ1у

Ауэ си ф1эщ хъуркъым сэ абы зезгъащхьым

Си 1э ц1ык1ухэр мамэ и 1эхэм щымыщу.

4 Уи дахагъэм папщ1э, мамэ!

Уи 1эф1агъэм папщ1э, мамэ!

Зы щымы1э пхуэмыфащэу

Удолъагъур псоми ф1ыщэу!

Къафэ

Вед. «Анэ»-а псалъэм сыту купщ1эшхуэ хэлъ.

И дахагъэм папщIэ, МАМА псалъэр щыжыпIэкIэ гущIэр егъэпIейтей.

Анэ зимыIэм гуIэр и махуэщ, ауэ жиIакъым ар пасэрейм. А псалъэм урагъэгупсыс Iэщабэ-Iущабэу хуэсакъыу анэхэр хъумэн зэрыхуейри.

  1. «Анэ»-мы псалъэм сыту хуэбагъэ куэд бгъэдэлъ быным щхьэкIэ, сыту лъагъуныгъэшхуэ ябгъэдэлъ.
  2. Анэхэр сыт щыгъуи бвыным щхьэкIэ хыхьэфынущ мафIэм.
  3. Анэхэращ зы жейрэ зи ныбэрэ зыгъэныкъуэфынур.
  4. Жеяуэ хэллъ быным гурэ псэк1э едэхащIэу, жейр къызытемыкIуэ и нэхэмкIэ едэхащIэу щысыфынущ анэр.
  5. Анэм къыпхуимыщIэр къыпхуэзыщIэфын мы дунейм теткъым.
  6. Быным ишхыр фIэмащIэрэ ищIэр фIэкуэды щыIэр –ар анэращ.
  7. Бын папщIэ, лIым я нэхъ бланэм лъэмыкIыныр лъокIыр анэм.
  8. БынкIэ насыпыфIэ хъуа анэм нэхърэ нэхъ хъуэпсэгъуэ щыIэу пIэрэ?
  9. Бын жыIэщIэ зиIэ анэм щыхьым хуэдэу щIокIыр и лъэр.

#1040;нэ зыщхьэщытым сыт хуэдэ ныбжьым ар имытми ирехьэк1 и гъащ1эр сабийгъуэу.

Вед. Ялъэкам быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым,

дэкIамэ къыдэмыхьэжын къафIощ1, жьы къепщамэ ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу. НэгъущIу жыпIэмэ анэм и гур сытым дежи быным игъусэщ, аращ анэр нэм щыхуагъадэри.

Псалъэжьхэр

  1. Анэр нэм хуэдэщ,адэр дэм хуэдэщ
  2. Бжэгъу закъуэ хэси цIыхубзыфIым уигъэунэнщ ,
  3. Насыпыр цIыхубзым къыдокIуэ
  4. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри цIыхубзыращ
  5. Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ
  6. И анэ епълъи ипхъу къашэ

Вед. Мы дунейм теткъым анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ нэхъ гумащIэ, нэхъ псэ хьлэл.

Мамэ!

Сэ си анэ дахэ,

Сэ си анэ дыщэ!

Псом нэхърэ нэхъыф1у

Слъагъур сэ уэращ,

Дуней псом тет ц1ыхухэм

Я нэхъ щабэр уэрщ,

Дуней псом тет ц1ыхухэм

Я нэхъ 1ущыр уэрщ

Сыт щыгъуи угуф1эу

Сыт щыгъуи угушхуэу,

Бынхэм удгъэгуф1эу

Дэ уэ удгъэгушхуэу-

Уэ узыншэу куэдрэ,

Тхьэм утхуигъэпсэу!

Анэ

Си анэ дыщэу псом нэхъ лъап!э

Сэ уэ ф1ыуэ узолъагъу

Уи бзэ дахэм, уи макъ щабэм

Махуэ псок1э содэ1уэф

Псалъэ дахэ къыщызжеп1эм

Занщ1эу дамэ сэ къысток1э

Гугъуехь псоми собэкъуэф.

Си анэ дыщэу, псом нэхъ дахэ

Уэ узинэщ, уэ узипсэщ

Узитыгъэщ, мамэ, уэ

Бын гуф1эгъуэри зэхэпщ1эу

Куэдрэ тхьэм утхуигъэпсэу

Си мамэ дыщэ, си нэм и нэху

1эпл1э къысхуэпщ1мэ си гур мэпсэху

Укъызэплъыхук1э си гур мэгуф1э

Сэ уэ узы1эщи сынасыпыф1эщ.

Вед: Щы1ащ-псэуащ зыл1рэ зы фызрэ. Я1эт абыхэм зы къуэ ц1ык1у. Ар апхуэдизк1э ц1ык1ут ик1и къуийти Шыкъумц1ий ф1ащат. Зэгуэрым я гъунэгъу щ1алэ ц1ык1ухэр мэзым дэ щыпэ к1уэну загъэхьэзыру къыщищ1эм, Шыкъумц1ий и анэм елъэ1уащ.

Шыкъумц1ий: Кхьы1э мамэ щ1алэ ц1ык1ухэм я гьусэу дэ щыпэ сыгъак1уэ.

Мамэ: Хьунщ узгьэк1уэнщ.

-Фэ, ц1ык1ухэм, сыныволъэ1у мы си Шыкъумц1ий ц1ык1у дэ щыпэ фыздэк1уэм фыхуэсакъыу къыздефшэк1ыну, фымыгъэгъуэщэну, дахэ ц1ык1ууи къыздэфшэжыну.

ВЕДУЩИЙ: Ц1ык1ухэр мэзым дэ щыпэ к1уэну ежьащ. Гъуэгум тету зыкъомрэ к1уа нэужьк1э, Шыкъумц1ий зыкътригъэхуащ.

  1. Щ1алэ ц1ык1у - Сыт мы къыпщыщ1ар Шыкъуц1ийм, щхьэ мыпхуэдэу зыкъытебгъэхуа.

Шыкъумц1ий - Си анэр сэр щхьэк1э къывэлэ1уащ фыкъысхуэсэкъыну, мис иджы сыкъэф1эти сыфхь. (чэзууэ я щ1ыбым ирагьэт1ысхьэурэ яхь) ( муз )

  1. Щ1алэ ц1ык1у - Фыплъэт фыплъэт сыту дэ куэд щылъ и1э къэдвгъэщып. (мажэхэри кьащып Шыкьумц1ий щытщ)

Мыр сыт шыкъумц1ий уэ тхьэ къомыщыпрэ.

Шыкъумц1ий - Дыкъыщежьэм щыгъуэ си анэр къывэлъэ1уащ си дэ 1ыхьэр къысхуэфщыпыну. Мис иджы къысхуэфщып.(кьыхуащып) (муз)

3 Щ1алэ ц1ык1у - Куэдщ къэтщыпар фынык1уэ дывгъэк1уэж ( Шыкъумц1ий идэр щытщ)

Ведущий - Щ1алэ ц1ык1ухэр къежьэжащ ауэ Шыкъумц1ий зимыгъэхъеу щыст.

4 Щ1алэ ц1ык1у - Мыр л1о Шыкъумц1ий тхьэ уи дэ 1ыхьэр къапщту унэмык1уэжрэ.

Шыкъумц1ий - Си анэр фыкъысхуэсэкъыну къывэлъэ1уащи мис иджы си дэ 1ыхьэр нысхуэфхьыж

ВЕДУЩИЙ:Ц1ык1ухэм шыкьмц1ий идэ 1ыхьэри кьыздащтэри гьуэгу кьытеувэжащ,кьыздэк1уэжым жэщ кьатехьуащ (муз)

5 Щ1алэ ц1ык1у Модэ зы наф1э ц1у гуэр солъагъу фынак1уэ дык1уэнщ.(унэ щытщ,ст1ол щ1этщ)

Уд Фызыжь – Фыкъеблагъэ фыкъеблагъэ ц1ык1ухэ фыкъыщ1ыхьэ. (заходят за круглым столом садятся)

Уд фызыжьыр кьы1уок1уэтри же1эр

Сыту 1ейуэ сехьул1а, сыту сабий пшэр ц1ык1у,сабий 1эф1 ц1ык1у куэд кьыс1эрыхьа

Фышха, фытхьа фынак1уи иджы, т1эк1у фыгьуэльи зывгьэпсэху пщэдджыжь фежьэжынщ (псори егьэгьуэль)

Псори згьэгьуэльащ иджы си дзэр сльынщ,ооооо (и ныбэм тольэщ1ыхь) сытхьэжынущ(кьеп1эстхь макь кьо1у)

Сыт шыкьумц1ий ущ1эмыжейр

Шыкъумц1ий – Сэ сыщыжеинум деж си анэм уэрэд дахэ сырегьэда1уэ

Уд фызыжь: Ар 1уоху т1э сэри иджыпсту уезгьэдэ1уэнкьэ

Чабэ дий чабэ дис чабэ сымэ фыкьызэхуэс

Уэрэд «Анэ»

Уд фызыжь: Пльэгьуащ уедэу1ащ гьуэльи жей.

УУУУ жея хьунщ сыпльэнщ(мак1уэри шыкьумц1ий кьоп1эстхь.

Уд фызыжь: Сыт шыкьумц1ий ущ1эмыжейр ,Сыт ухуей?

Ш-й: Сэ иджы хуэдэм деж мамэ кьафэ дахэ сырегьэпль

Уд фызыжь: Ар 1уоху т1э сэри иджыпсту уезгьэпльынкьэ

Чабэ дий чабэ дис чабэ сымэ фыкьызэхуэс

«Адыгэ кьафэ»

Уд фызыжь: Пльэгьуащ гьуэльи жей, зыгьэпсэху.

Мыр жеямэ сытхьэжынут (мак1уэри шыкьумц1ий кьоп1эстхь.

Уд фызыжь: Сыт шыкьумц1ий ущ1эмыжейр ,Сыт ухуей?

Ш-й: Сэ иджы хуэдэм деж мамэ джэгук1э дахэ сегьэджэгу.

Уд фызыжь: Ар 1уоху т1э сэри иджыпсту узгьэджэгункьэ

Чабэ дий чабэ дис чабэ сымэ фыкьызэхуэс

Пы1 э кьуэдзэ (мальчики)

Уд фызыжь: Пльэгьуащ гьуэльи жей,зыгьэпсэху.

Мыр жеямэ сытхьэжынут (мак1уэри шыкьумц1ий кьоп1эстхь.

Уд фызыжь: Сыт шыкьумц1ий ущ1эмыжейр ,Сыт ухуей?

Шыкъумц1ий:

Си анэм иджы хуэдм деж кхъузанэк1э псы къысхуихьырти сыригьафэрт

Уд Фызыжь: Ат1э ар 1уоху сэри кьыпхуэсхьыфкьэ (кхъузанэ къищтэри псыхьэ к1уащ,псыр къыригьахъуэм ижыжурэ щысыху)

Шыкъумц1ий:

-Ц1ык1ухэ, псынщ1эу фыкъэтэджи дыщ1эвгъэц1ывэж, армыхъуам, Уд фызыжь ц1ык1ур къэсыжым, дишхынущ!

ВЕД: Щ1алэ ц1ык1ухэр къыщылъэтщ, зызэщ1акъуэщ, я дэхэри къащтэри жэрыгъэк1э щ1эпхъуэжащ.

Уд фызыжь ц1ык1ур кхъузанэм псы къригъахъуэм ижыжурэ псыхъуэм здыдэсым нэху къытещхьащ. Апхуэдэу нэху щыху псыхъуэм дэсауэ, псыи кхъузанэк1э къыхуэмыхьу Уд фызыжь ц1ык1ум унэм къигъэзэжащ. Щ1алэц1ык1ухэр унэм щ1элъу къыщримыхьл1эжым, Уд фызыжь ц1ык1ум ихъуреягъыр псори къызэхижыхьащ, арщхьэк1э щ1алэ ц1ык1ухэр къыхуэгъуэтыжакьым.

Къафэ удз гъэгъахэр

Вед.

Нанэ

Сыт сыхуейми нанэ сэ къысхуехь,

Зыми ямыгъуэтри къысхуегъуэт

Сыжеями ар сэ къысщхьэщытщ

Ф1ыуэ щы1эм сыхуишну хэтщ.

Си нанэ!

Дахагъэу щы1эм уеф1эк1ыу

Благъи, ныбжьэгъуи къохъуэхъу.

Насып мыухыр уикуэду.

Уи гъащ1эр дахэ ирехъу.

Жьант1эм къыдэс нэхъыжьыф1хэм

Нанэ и хъуэхъу зэпадзыж.

Махуэр щ1эращ1эу пхуэгуф1эу.

Къоплъри нащхьэ пхуещ1ыж.

ПЕСНЯ «Нанэ»

Нобэрей махуэр дгъэлъап1эу.

Фэр щхьэк1э дызэхуэсащ.

Вжет1эну псоми ди гуапэу.

Хъуэхъуф1хэр зэхуэтхьэсащ.

Фигур здэплъэм фи лъэр лъырес.

Хъуэхъуу фхужа1эр фэ къыфлъырес.

Дэрэжэгъуэм фыщымыщ1эу.

Фи жьы хъугъуэр зэхэвмыщ1эу.

Илъэс мин фи ныбжьыр нырырес.

Узыншагъэм фыщымыщ1эу тхьэм фытхуигьэпсэу.

Нэхъыжьыф1хэр къыфщхьэщыту куэдрэ фигъэпсэу.

Фи пщ1эр лъагэу, дыригушхуэу, дуней дахэм дыщыгушхуэу.

Куэдрэ псоми тхьэм фытхуигъэпсэу.


По теме: методические разработки, презентации и конспекты

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке «Гъэм и зэманхэр»...

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"

Конспект занятия на кабардино - черкесском языке "Бжьыхьэр идогъэжьэж"...

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам

Рабочая программа по изучению кабардино - черкесского языка по всем возрастным группам...