1-нэ еджэгьуэ Яджынур: Макъ «д» - «т» - хэр.
план-конспект занятия (средняя группа) на тему
Адыгэбзэр ильэсипл1-тху зи ныбжь сабийхэм зэраджыным и план-конспект
Скачать:
Вложение | Размер |
---|---|
1-edzhegue.docx | 19.71 КБ |
2_edzhegue_si_kuazhe.docx | 16.66 КБ |
Предварительный просмотр:
Щек1уэк1ыпхъэр_____________________
1-нэ еджэгьуэ
Яджынур: Макъ «д» - «т» - хэр.
Мурадыр: 1. Макъ «д» - «т» - хэр зэхэщ1ык1ыгъуэу къапсэлъыфу егъэсэн: ду, уадэ, шыд; танэ, шатэ,шэнт. 2. «Псалъэрыджэгу» гъэджэгун
Зэраджыну щ1ык1эр:
1.Хуэзыгъэхьэзыр лъэхъэнэ:
Уэс Дадэ хьэщ1эу кьэгьэк1уэн.
Гьэсак1уэм: Сэ нобэ сыкьыщык1уэм мы Уэс Дадэм сыхуэзащ. Ар хуабжьэу кьызэльэ1уащ сабий садым кьыздэсшэу фэ ц1ык1ухэр фыкьильагьуну. Сэ абы хьэуэ схуже1акьым. И1эт, ц1ык1ухэ, кьедывгьэблагьэт Дадэ!
Ц1ык1ухэм: Кьеблагьэ, Уэс Дадэ!
Уэс Дадэ: Дауэ фыщыт, ц1ык1ухэ! Хэт дауэ ильэсыщ1эр кьригьэхьа? Дауэ зывгьэпсэхуа? Сэ куэд мыщ1эу сык1уэжынути фэ ц1ык1ухэм салам фэзмыхыжу сык1уэжыфакьым.
Гьэсак1уэм: Кьак1уэ , Дадэ т1ыс! Дэ нобэ ди ц1ык1ухэм я зэф1эк1ым уедгьэпльынщ.
2. Сурэтхэм тегьэпсэльыхын, макьыщ1эхэм гу льегьэтэн
Девгьэплыт, ц1ык1ухэ мы сурэтхэм ярытхэм
ДУ (Сыт дур зищ1ысыр?)
УАДЭ (сыт уадэк1э ящ1эр?)
УЭС ДАДЭ (хэт Уэс Дадэк1э зэджэр?)
ДЫГЬУЖЬ (Ар сыт хуэдэ псэущхьэ зыхиубыдэр? Дэнэ здэпсэур?)
- Сыт хуэдэ макь нэхъыбэрэ зэхэтхыр (макь Д)
- Мыпхуэдэу вгьэ1ут а макьыр – ддд
- Мы усэ ц1ык1ум хэту п1эрэ псальэ, макь Д кьыхэ1ук1ыу?
- Дыгьужь ди джэгум ухэтын?
Дыгьужьым же1э: «Сышхэфынщ!»
-Ди гьусэу пшынэм уеда1уэн?
Дыгьужьым же1э: «Седзэкьэнщ»
- Хэтыт дэ нобэ ди хьэщ1эр? (Уэс Дадэ)
- Хэту п1эрэ абы макь Д-р
Девгьэплыт адэк1э сурэтхэм. Сыт абы щытльагьухэр ?
ТАНЭ (Сыт танэк1э дызэджэр?)
ШАТЭ (Дэнэ шатэр кьыздик1ыр?)
ШЭНТ ( Сыт шэнтыр кьызихэщ1ык1ар?)
3. «Псальэрыджэгу» гьэджэгун
Гьэсак1уэм: И1эт, иджы ц1ык1ухэ, нобэ зы гугьу тщ1а макьхэр хэту Дадэ девгьэпсальэт, Жедвгьы1эт абы дэ Ильэсыщ1эр кьызэридгьэхьар! Хэт нэхьыбэ жимы1эрэ!
Псальэм папщ1э:
- Сэ дахэу усэ ц1ык1у ди дадэ сыкьыхуеджащ. Дыгьужьыр, Бажэр, Тхьэк1мэк1ыхьхэр хэту сэ таурыхъ гьэщ1эгьуэн сепльащ. Дэ псей ц1ык1ур дахэу дгьэщ1эрэщ1ащ.
Уэс Дадэ: Хуабжьэу, сигу фэ ц1ык1ухэр ирихьащ. Сигуми фыпык1кьым. Ауэ сэ си ежьэжыгьуэ кьэсащ, ет1энэгьэ Ильэсыщ1эм нэхъ ини фыхъуауэ, нэхъыби кьэфщ1ауэ дызэхуэзэну согугьэ, Узыншэу фыщыт!
4.Еджэгъуэм щащ1ам пхрыплъыжын.
- Хэт дэ нобэ ди хьэщ1эр?
- Сыт хуэдэ макь зи гугьу тщ1ахэр?
- Усэ ц1ык1ур хэтыт зытеухуар?
- Сыт нобэрей еджэгьуэм щыщу нэхъ фигу ирихьар?
Предварительный просмотр:
Щек1уэк1ыпхъэр_____________________
2-нэ еджэгьуэ
Яджынур: «Си къуажэр»
Мурадыр: 1 .Щыпсэу къуажэм, зытес уэрамым я ц1эр егъэщ1эн.
2. Къыщалъхуа щ1ып1эр ф1ыуэ ялъагъуу, пщ1э хуащ1у къэгъэтэджын .
Зэраджыну щ1ык1эр:
1.Хуэзыгъэхьэзыр лъэхъэнэ:
Пощтзехьэр хьэщ1ап1э кьэгьэк1уэн
Гьэсак1уэм: Хэту п1эрэ а бжэм кьытеу1уэр! Девгьэплыт! (Кьыщ1ешэ)
Хэт мыр, ц1ык1ухэ? Фц1ыхуу п1эрэ?
Мыр пощтзехьэщ! Абы газетхэр, письмохэр, ф1ыуэ тльэгьу усэ ц1ык1ухэмрэ, таурыхь гьэщ1эгьуэнхэмрэ зэрыт журнал хьэлэмэтхэр кьытхуехь.
- Кьеблагьэ? Сытым укьытхуихьа?
Пощтзехьэм: Сэ письмор зэстынур згьутттэкьыми, фэ ц1ык1ухэр фыкьыздэ1эпыкьуну сывэльэ1уну сыкьэк1уащ. Мы письмор здэсхьыну кьуажэри, уэрамым и ц1эри теткьым, зейми езмытыжу хъунукьым, ауэ ар кьритщ1эну сэ тепльэгьуэ к1эщ1 ц1ык1 кьызатащи девгьэпльыт. Кьэтц1ыхуну п1эрэ?
2. Презентацэм сабиийхэр егьэпльын, Псоми епльа иужьк1э слайдхэм тепсэльыхьын.
Гьэсак1уэм - Фэ фщ1эуэ п1эрэ ц1ык1ухэ, ди кьуажэм зэреджэр. Кьуажэм и ц1эр Малкэщ. Адыгэбзэк1э Ашэбей. Ди кьуажэр инщ ик1и дахэщ. Малкэ школу -3, сабий саду – 3, сымаджэщу -1, пощту -2, администрацэу -1 дэтщ. Дэ ди1эщ псыхъуэ дахи, джэбэ льаги. Гьэмахуэм деж дэ псым тф1эф1у док1уэри зыдогьэпск1, дыщоджэгу. Щ1ымахуэм ди бгышхуэхэм 1эжьэк1э дыкьожэх. Ди кьужэр уэрам уэрамк1э угуэшащ. Уарам кьэси езым и ф1эщыгьэц1э и1эжщ. Псальэм папщ1э ди сабий садыр Леным и ц1эр зезыхьэ уэрамым тетщ.
Кьуажэм и ц1эр зэгьусэу кьтрагьэзэжурэ жегьэ1эн
Пощтзехьэм: Хуабжьэу сигу ирихьащ фи кьуажэр! Ауэ мы письмор зэстынур иджыри кьэсщ1акьым. Сэ сыкьыщык1уэм кьызжа1ащ мы тепльэгьуэр зытеухуа кьуажэм письмор ейуэ, абы хэт сурэтым итхэм ястыжын хуейуэ.
3. Сурэтым кьытегьэзэжауэ егьэплыжын, сабий садым и щ1ыхьэп1эр кьегьэц1ыхун.
- Девгьэплыт , ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ кьужэ письмор здихьын хуейр? (Малкэ)
- Хэт зритын хуейр? (Сабий садым)
-Сыт хуэдэ уэрамыра ди сабий садыр зытетыр?
Пощтзехьэм: Хуабжьэу, сывгьэк1уф1ащ ик1ы фыкьыздэ1эпыкьуащ, ц1ык1ухэ! Ину берычэт бесын! Узыншэу фыщыт!
4.Еджэгъуэм щащ1ам пхрыплъыжын.
- Хэт нобэ хьэщ1ап1э кьытхуэк1ар?
- Сытыт ар зыльыхъуэр?
- Сыт ди кьуажэм зэреджэр?