Адакъэмрэ абы и унагъуэмрэ
план-конспект занятия (средняя группа) на тему
Предварительный просмотр:
Дуней къэзыухъурейхьым нэIуасэ хуэщlын
Темэ : «Адакъэмрэ абы и унагъуэмрэ.»
Гъэсак1уэ: Дыщэк1 Ф.А.
Сабий сад «Сэтэней»
2017г
Темэ : «Адакъэмрэ абы и унагъуэмрэ.»
МУРАДХЭР: - Ц1ык1ухэм джэдкъазхэм теухуауэ ящ!эм зегъэужьын;
- Я нэ!э тедзэн ахэм я щытык!э хэхахэм;
- Джэдкъазхэм хуэсакъыу як1элъыплъу гъэсэн.
Къэгъэсэбэпхэр: адакъэм, джэдым, джэджьейхэм я сурэт, картинэ, магитная доска, маскэхэр.
КЪУЭЖЫХЬ -ДЫЩЭ ЩХЬЭМАЖЬЭЩ ,БЖЫХЬЫМ ТЕСЩ, 1У-1У -1УУУ –ЖИ1ЭУ УЭРЭД ЖЕ1Э, УНАГЪУЭР КЪЕГЪЭУШ
- Ц1ЫК1УХЭ ХЭТ АР?
-АР АДАКЪЭЩ.
-Ц1ЫК1УХЭ,АДАКЪЭМ И УЭРЭДЫР ЖЫФ1ЭТ—1У-1У-1УУУ
-ДЖЭДЫМ И УЭРЭДЫР ЩЭ?-КЪЭ-КЪЭ-КЪЭ-КЪА-А-А=АКЪЭ
-СЫТ ДЖЭДЫМРЭ АДАКЪЭМРЭ ЗЭРЫЗЭЩХЬЫР ?
-Т1УМИ Я1ЭЩ ЩХЬЭ , НЭ ПЭ ДАМИТЬ ,ЛЪАКЪУИТЬ,
-СЫТК1Э ЗЭЩХЬЭЩЫК1РЭ АХЭР?
АДАКЪЭМ И ЩХЬЭМ СЫДЖЫШХУЭ ТЕТЩ, И ПЩЭР К1ЫХЬЩ .Ж1АК1Э ТЕТЩ.
-ДЖЭДЫР МЭКЪАКЪЭ ,ДЖЭДЫК1Э КЪЕК1ЭЦ!,ДЖЭДЖЬЕЙ Ц!ЫК!УХЭР КЪРЕШ,АХЭР ЕП! АДАКЪЭР АБЫ ДО!ЭПЫКЪУ.АХЭР ЗЫ УНАГЪУЭЩ.
1ЭПЭ ГИМНАСТИКЭ: МЫР ДАДЭЩ , МЫР НАНЭЩ, МЫР ПАПЭЩ ,МЫР МАМЭЩ ,МЫР СЭРАЩ….АР СИ УНАГЪУЭРАЩ.
-АР АДАКЪЭМ И УНАГЪУЭРАЩ.
-СЫТ ДЖЭДЫР Щ!ЭКЪАКЪЭР?
КЪЭ-КЪЭ-КЪА-А-А-А=КЪЭ!
ЖИ!ЭУ ДЖЭДЫР МЭКЪАКЪЭ,
СЫТ АР Щ!ЭКЪАКЪЭР?...
ПЩ!ЭРКЪЭ Щ!ЭКЪАКЪЭР?
-ИНРЭ ИНЫШХУЭУ , ХУЖЬРЭ –ХУЖЬЫШХУЭУ
КЪИК1ЭЦ1АЩИ ЗЫ КЪАКЪЭ ,ЗИГЪЭЩ1АГЪУЭУ МЭКЪАКЪЭ.
--НАНЭ И ХЪЫБАР:
НАНЭ И ДЖЭД ГЪУЭБЖЭ Ц!ЫК!УР ИГЪУЭТЫЖКЪЫМ.ХАДЭМ ЛЪЫХЪУАЩ.МЭКЪУМ И ДЕЖ ПЛЪАЩ. ЗЫМИ ДЕЖ ЩИГЪУЭТАКЪЫМ. АПХУЭДЭУРЭ ЗЫ МАЗЭ ДЭК!АУЭ КЪЕЛЪАГЪУР НАНЭ:
АДАКЪЭР И ПЭМ ИТУ,ДЖЭД КЪУРТЫМ И ДЖЭДЖЬЕЙ Ц!ЫК!УХЭР И УЖЬЫМ ИТУ КЪОК!УЭ.НАНЭ КЪОГУФ!ЭЖ:
МИМЭ.МИМЭ.,МИМЭ И АНЭР МЭЛЪА!УЭ,
АР Щ!ЭЛЪА!УЭР ДЖЭДКЪУРТЩ,ДЖЭД КЪУРТЫЖЬЫР МЭГЪУАЛЪХЬЭ ,
ВАГЪУЭМ ПЭБЖУ КЪРЕШ,УДЗЫМ ПЭБЖУ ИРЕШАЖЬЭ.
ДАДЭ МАК!УЭРИ ИГЪУЭТКЪЫМ ,НАНЭ МАК!УЭРИ ИГЪУЭТКЪЫМ,
АДЭКЪЭЖЬЫР МАК!УЭРИ КЪЕШЭЖ.
--ФИЗ.—МИНУТКЭ:АДАКЪЭР ДАУЭ ЗЕК1УЭРЭ?.....ДЖЭДЫР ДАУЭ ЗЕК1УЭРЭ? (САБИЙХЭМ КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ)
(КАРТИНЭМ КЪЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫН )
-ЕШКЪЫМ И ЖЬЭР ДЖЭДКЪУРТЫЖЬЫМ, ИДЖЭДЖЬЕЙХЭР ЕУЩИЙ :
--ФИТ СИ УЖЬЫМ ,
ФИТ СИ УЖЬЫМ. ,ФИТ СИ УЖЬЫМ ФЫМЫФИЙ!
КЪЭШЫРГЪЭЖЬЫР КЪЫТЩХЬЭЩЫХЬЭМ
СИ ДАМИТ!ЫР ФИ ТЕП!ЭНЩ.
ЛЪАГЪУЭ Ц1ЫК1УМ ФЫНЫТЕХЬЭМ ЗЭРЫЗЫХЭУ ФИПХЪУЭТЭНЩ.
ДЖЭГУК1Э: «КЪУАРГЪЫЖЬЫМРЭ ДЖЭДЖЬЕЙХЭМРЭ»
--ИТОГ :ДЖЭДЫМРЭ АДАКЪЭМРЭ СЫТ ХУЭДЭ?
--ИНХЭЩ.
-ДЖЭДЖЬЕЙР СЫТ ХУЭДЭ?
-Ц1ЫК1УНИТ!ЭХЭЩ.
СЫТ АХЭМ ЯШХЫР ?—ХУГУ,НЭРТЫХУ ЗЭТЕУДА. ХЬЭМБЛУ.
СЫТ ИЩ1ЭР ДЖЭДКЪУРТЫМ УЭШХ КЪЫЩЕШХК1Э?—И ДАМЭМ К1ЭЩ1ЕГЪЭТ1ЫСХЬЭ.
--АДАКЪЭМ И УНАГЪУЭМ ХЭТ ХЭТХЭР?—(АДАКЪЭР., КЪУРТЫР ,ДЖЭДЖЬЕЙ Ц1ЫК1УХЭР)
--Ц1ЫК1УХЭ, ДАУЭ ДАХУЭЩЫТЫН ХУЕЙ ДЖЭДКЪАЗХЭМ?—АХЭМ ДАХУЭСЭКЪЫН ХУЕЙЩ.ДАК1ЭЛЪЫПЛЪЫН ХУЕЙЩ!