Красочная презентация к уроку внеклассного чтения "Здравствуй, осень!"
Вложение | Размер |
---|---|
keblage_bzhyhe.pptx | 2.98 МБ |
Слайд 1
Къеблагъэ , бжьыхьэ ! Зыгъэхьэзырар : 5 «а» классым и еджак1уэ Магомедова Самира Егъэджак1уэр – Тхьэщыгъуей АринэСлайд 2
Къеблагъэ , бжьыхьэ ! Къанкъул Феня сентябрь 2012гъ. Си Нальчик къалэ хуэмурэ къоушыр . Ленин уэрамым сэ сытетщ Уэрамхэр захуэщ , жыгхэр дахэщ , Къыдоплъэр къалэм Кавказ къурш . Уафэгур къабзэщ , нэжэгужэщ , Нэщхъыф I эу дыгъэри къыкъуок I. И нурхэр месыр тепы I эншэу Жыгыщхьэм ислъэмей щоджэгу . Пщ I ащэ къуэлэнхэр къытехьащи , 1ущащэу уджыр ирашэк I. Алэрыбгъу дахэу зэуфэбгъуащи , Бжьыхьэм джэгушхуэр иращ I эк I. Месыр гъэмахуэр къэтэджауэ Ирегъэблагъэ жьант I эм ар, Бжьыхьэри пащ I эм щ I эгуф I ык I ыу Унафэ щ I ыныр зэ I эпах .
Слайд 3
Бжьыхьэм и дахагьыр . Уэрэд « Бжьыхьэ » пс . Гъэунэ Борисщ . Уарэ жыг къудамэр Щыхьыбжьэм ещхь хъуаи ! Тхьэмпэ цIыкIу пытахэр Зы къэмынэу гъуаи ! Ауэ мэхъу си фIэщ сэ Гъатхэр къэсыжынщ Бзу цIыкIухэр бзэрабзэу Дунейр гъэгъэжынщ . 2 раза А жыг цIыкIум и пкъыр ПIыщIэу мэкIэзыз . Мэхъур ар си жагъуэ Тхьэмпэр щIылъэм щызщ .
Слайд 5
Бжьыхьэм теухуауэ усэ куэд щы1эщ. Бжэндэхъу абгъуэхэр нэщI хъуащ Бгыхэм уздхэр щыгъэгъэжкъым . Ди Инжыджи нэхъ щэху хъуащ Дыгъэм щIыр хуэгъэхуэбэжкъым Сыт а псоми къыщыщIар ? Я дахагъэр щIагъэпщкIуар ? Ди жыг хади , Бэчбиикъуи ПцIанэ дыдэ зыщIащIар ? Бжьыхьэ мазэр къытхуихьащи , Пшагъуэр щIыгум къытехьащи , Къуалэбзухэр мэлъэтэж , ЩIыпIэ хуабэхэм мэкIуэж . Бжьыхьэр ущу къолъэбакъуэ Хедзэ хадэм данэ тхъугъэ . Махэ хъуащи дыгъэ лъакъуэр , Нызэпхехур щIыIэу жьыбгъэ . Тхьэмпэ бзахэр джэрэзыжу ПолъеикIыр гъуаплъэ щайуэ . ЗэхекIухьыр зигъэзыжу Колхоз бжьыхьэм сыткIи бейуэ . Iэдиихуу нартыху хъуахэр Къыдачыжыр дыжьын гъуру Зэхьэзэхуэу къэрал гуэным ИрашалIэ гъавэр чырэу .
Слайд 8
Бжьыхьэм дунейм зэрызихъуэжыр . Бжьыхьэр къихьащ , дунейр щ1ы1э хъуащ . Жыгхэм тхьэмпэхэр къыпощэщыж , къуалэбзухэр щ1ып1э хуабэхэм мэлъэтэж . Ц1ыхухэм гъавэр къырахьэл1эж, щ1ымахуэм зыхуагъэхьэзыр . Уэлбанэрилэ хъуащ . К1асэу нэху мэщ , пасэу к1ыф1 мэхъу . Бжъыхьэм еджак1уэхэр еджап1эм щ1от1ысхьэж. Жэщхэр нэхъ к1ыхь мэхъу . Мэзым щхъуэк1эплъык1эу зихъуэжащ , тхьэмпэхэр гъуэжь , плъыжь хъуащ .
Слайд 9
Нальшык къалэм дэт паркыр дахэ дыдэ мэхъу бжыхьэм .
Слайд 10
Си шыпхъумрэ сэрэ . Бжьыхьэм дунейр дыщафэу ец1алэ. Сэ сф1эф1щ, тхьэмпэ къэсщыпыну , жыгхэм я дахагъэм сеплъыну .
Слайд 11
Дунейр дапщэщи дахэщ . Дэ дыхуэсакъын хуейщ дунейм , къабзэу зедвгъахьэ ди къалэр .
Слайд 12
Бжьыхьэм и пэ махуэм . Бжъыхьэм и япэ махуэм дэ еджэн щ1ыдодзэж.
Глупый мальчишка
Как Снегурочке раскатать тесто?
Фокус-покус! Раз, два,три!
А теперь — мультфильм
О чем поет Шотландская волынка?