Къэхутэныгъэр зытеухуар: Нало Заур и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ.
Мурадхэр:
Вложение | Размер |
---|---|
proektne_lezhyge_nalo_zaur.docx | 557.32 КБ |
Проектнэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ
"Нало Заур тхак1уэщ, усак1уэщ "
Къэрэгъэш курыт еджап1э № 1
Бэшорэ Хьэмид и ц1эр зезыхьэм
и епл1анэ классым щеджэ
Тамазэ Алинэ
Къэхутэныгъэр зытеухуар: Нало Заур и гъащ1эмрэ и творчествэмрэ.
Мурадхэр:
Темэр актуальнэу (ди зэманым къезэгъыу) щ1ыщытыр:
Дэ псомк1и гуры1уэгъуэу щытын хуейщ бзэ зимы1э лъэпкъым гъащ1э зэримы1энур, зэрык1уэдыжынур. Лъэныкъуэ псомк1и еджа, гъэса дыхъун папщ1э, ди адэ-анэр зэрыпсалъэ бзэр япэ идгъэщу, ди гупсысэхэр кърит1уэтэфу щытын хуейщ. Дэтхэнэрей цIыхури и лъэпIкъым и лIыкIуэщ, и напэщ, и акъылщ. Тщ1экъым, дэри къытхэк1ынк1э хъунщ бзэм хуэлэжьа ди щ1эныгъэл1хэм хуэдэ зы.
Мы темэр къыщ1ыхэсхар: Дэтхэнэри ц1ык1ухук1э и бзэм дегъэхьэхын хуейщ. Дэ ди бзэр анэдэлъхубзэщ. Нало Заур ди бзэк1э итхащ хъыбархэр, усэхэр. Иджырей зэманым сабийхэм урысыбзэр нэхъ тыншу къащыхъуауэ адыгэбзэк1э мащ1эущ зэрыпсалъэр, языныкъуэхэри псалъэххэкъым, къагуры1уэми. Нало Заур и тхыгъэхэм сэ сыдехьэх. Мы лэжьыгъэмк1э ц1ык1ухэм къагурызгъэ1уэну сыхуейщ адыгэхэм усак1уэ, тхак1уэ куэд дызэри1эр. Абыхэм ящыщ зыщ Нало Заур. Ахэр ф1ыуэ тлъагъун, я тхыгъэхэм деджэн хуейщ.
Нало Заур, Мыхьэмэт и къуэ - адыгэ тхакӀуэ, усакӀуэ, еджагъэшхуэ, жылагъуэ лэжьакӀуэ. Филологие щӀэныгъэхэм я кандидат, «КъБР-м щӀэныгъэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ», «Абхъаз Республикэм культурэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ» цӀэ лъапӀэхэр зиӀэ, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэу щытащ.
1928гъ – Старэ Урыху къуажэм къыщалъхуащ.
1948гъ – къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къеух, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмрэ и отделенэм щ1от1ысхьэ.
1952гъ – пединститутыр къеух, институтым егъэджак1уэу лэжьэн щ1едзэ.
1954гъ – Къэбэрдей – Балъкъэр щ1эныгъэ – къэхутак1уэ институтым щылэжьэн щ1едзэ ик1и, нобэр къыздэсым, Нало Заур абы щолажьэ.
1955гъ – къыщыщ1эдзауэ дунейм къытохьэ Налом и тхыгъэхэр, сабийхэм папщ1э усэхэр, рассказхэр, новеллэхэр.
2.Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ»
Лъэпкъ сабий литературэр зэрызэфIэувар, абы къикIуа гъуэгуанэр, лъэхъэнэ
зэхуэмыдэхэм сабийхэм псэемыблэжу хуэлэжьа тхакIуэ пажэхэр ящыщщ Нало Заур.
Дахагъэр, анэдэлъхубзэм и IэфIыр ныбжьыщIэм зыхегъэщIэным хуэгъэпсауэ иужь илъэсхэм къыдэкIа сабий тхылъхэр ящыщщ Нало З. и тхылъыр «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ».
Нало Заур сабий тхакIуэу лъэпкъ литературэм къыхыхьащ, а къалэным япэ иригъэщи щыIакъым. Абы щыхьэт тохъуэ «нанэ и псэ дахэмрэ дадэ и бзэ дахэмкIэ» Нало-тхакIуэм къигъэщIа художественнэ тхыгъэ телъыджэхэр,
Нало-щIэныгъэл1ым и сабий щэнгъасэ лэжьыгъэхэр.
Дэ дджащ Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ»-р 3 классым. Ди школым сабий щеджэхэм упщ1эу ястат:
- Фщ1эжу п1эрэ гук1э Нало Заур и усэ «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» жыхуи1эр?
Сызэупщ1ахэм нэхъыбэм ящ1эжт, т1эк1у къыщыуэми.
3.К1эух псалъэ.
Нало Заур и тхылъ щэныкъуэм нэблагъэ (щIэныгъэ лэжьыгъэми, художественнэ тхыгъэ ярытми) къыдэкIащ. Зыри кIэрымыхуу, лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къыдекIуэкI фIыгъуэр къэхутэн, зэуIу щIын, дяпэкIи егъэфIэкIуэн – аращ Нало Заур и гъащIэр зытриухуауэ щытар. ИкIи а лэжьыгъэ щхьэпэм псэемыблэжу бгъэдэтащ – удзгъэкI гумызагъэм и гъэфIэн цIыкIухэр сакъыу зэрызэрихьэм ещхьу – елIалIэу, егугъупэу, зыщымысхьыжу.
Я блэк1аи я къэк1уэни ц1ыхухэм тхыгъэхэр къагъэсэбэпк1эрэ къагъэлъэгъуэф. Абыхэм щ1ып1эшхуэ щаубыд ц1ыху гъащ1эмрэ тхыдэмрэ. Тхыгъэхэм я ф1ыгъэк1э ц1ыхухэм яф1эмык1уэду я хабзи, я 1уэхущ1афи, я зэф1эк1и, я щ1эныгъи ди зэманым къэсыфащ.
« ЕкIуу псалъэ нэхъыбэ пщIэхункIэ уи бзэри нэхъ йофIакIуэр».- жи1ауэ щытащ Нало Заур.
Сыхуейт си лэжьыгъэр къагъэсэбэпк1эрэ ди тхак1уэ усак1уэ Нало Заур ц1ыхум я гум илъыну, и тхыгъэхэр щ1аджык1ыну.
Анатолий Кузнецов. Как мы с Сашкой закалялись
Ледяная внучка
Вокруг света за 80 дней
Никто меня не любит
Снежная книга