Сочинение
Вложение | Размер |
---|---|
kuliev.docx | 27.84 КБ |
МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ «ГИМНАЗИЯ №29» г. о. НАЛЬЧИК
Сочиненэ
«Лъэпкъым и вагъуэ»
ЗыгъэзэщIар
Налшык къалэ дэт
29 - нэ гимназием
9 –нэ «Г» классым щеджэ
Шэрэдж Камиллэщ.
ЕгъэджакIуэр - Ефэнды Маринэщ.
Налшык, 2021гъ
«Зы лэгъупыкъум и кIапитIыр
Дэ тIум тIэщIэлъу дыкъэхъуащ.
Ди Шэджэмыпсым и IуфитIыр
Адэ унапIэ дэ тхуэхъуат».
(КIыщокъуэ Алим «Кулиев Къайсын»)
УсакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ Кавказыр зэрыгушхуэ, зыгъэбжьыфIэ цIыху щэджащэхэм ящыщт. Зытет дунейр ягъэдахэу, цIыхум гурэ псэкIэ яхуэгуапэу, гъащIэм дэрэжэгъуэ ин хуаIэу, хэкум, лъэпкъым хуэщхьэпэу псэут ахэр. АрщхьэкIэ 1941 гъэм къэхъея Хэку зауэшхуэм къызэпеуд абыхэм я гуращэ инхэр. Къалэмыпэри лэжьыгъэри къагъанэри, ахэр яхохьэ зи Хэкумрэ зи хуитыныгъэмрэ фашизмэм щызыхъумэу Iэщэр къэзыщтахэм. Абыхэм щIэх дыдэу къагуроIуэ къалэмри бийм узэрезэуэн Iэщэ лъэщу зэрыщытыр. А лъэхъэнэ гуащIэм щыгъуэ Алимрэ Къайсынрэ я къалэмыпэм къыщокI лъыпскIэ ятха фIэкIа умыщIэу усэ куэд. ГъэщIэгъуэныракъэ, КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ щызэхуэзам зыр илъэс тIощIрэ бгъурэ, адрейр илъэс тIощIрэ хырэ хъухэрт. Зауэм и пэ къихуэу а тIур зэрыцIыхуу щытакъым, ауэ тIуми усэ ятхырти , зым адрейм и цIэр зэхихат.
Къайсын зэритхыжымкIэ, 1942 гъэм, тхущIрэ езанэ дзэм ямыщIэххэу щызэхуэзахэщ ахэр. Апхуэдэ зэман бзаджэм, хьэлъэм, уи хэкум, Шэджэм къикIа лъахэгъу, ныбжьэгъу уигъусэныр ехъулIэныгъэшхуэт. Зэман кIыхькIэ зэкIэрымыкIыу зауэм и щIакхъуэ гъурыр зэдашхащ, щIытIхэм зэдилъащ.
КIыщокъуэ Алим зыхуигъазэурэ Кулиев Къайсын итхырт:
А щIылъэм дыщызэбгъурыту, си къуэш Алим,
Зы зауэлI щIакIуэ зэтедубгъуэрт уэрэ сэрэ,
ГущIэгъу зыхэмылъ мафIэм зыщиубгъукIэ,
Абы зыфIэдгъэпщкIуну дигу къэмыкIыу.
Зауэм здыIутым, Къайсын уIэгъэ хъуат, ар и плIэм телъу къихьыжауэ щытащ Алим. СфIэхьэлэмэту сыкъеджащ ар езы Кулиевым зэрыжиIэжа щIыкIэм: «Сэлэтым уIэгъэ хьэлъэ хъуа ныбжьэгъур илъэфырт. СыкъыумылъэфэкIыу уи закъуэ кIуэ, уэ езыр ухэкIуэдэнкIи хъунущ. Уэрэ сэрэ ди насыпыр зыми зэхуэдэу игуэшакъым. Сыкъэгъанэ!» - къыжриIэрт. АрщхьэкIэ абы ныбжьэгъур хыфIидзакъым, щIыр ишхащ, ауэ къуэшыр къригъэлащ.
Дэ зы уэрэдым и дамитIу,
Зы фоч зэгуэту дызэкъуэтщ.
Зы къамэ закъуэм дыридзитIу
Дэ лIыгъи щIыхьи дымыгуэш. КIыщокъуэ Алим.
Хэку зауэшхуэм ахэр зэныбжьэгъу ищIам къыщымынэу, къуэш пэлъытэ зэхуищIащ.
КIыщокъуэ Алим езым и гъащIэм тритхыкIыжа «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ, романым щетх: «Кулиев Къайсын сыхуэзэну си насып кърихьэкIащ. Абырэ сэрэ дызэгъусэу дыщыIащ Донбасс, Кърым, Сиваш».
Псоми дощIэр 1944 гъэм балъкъэр лъэпкъыр Хэкум зэрырашауэ щытар, илъэс 13 - кIэ Ику ит Азием зэрыщыIар. И лъэпкъым дэщIыгъужт зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуауэ щыта Къайсын Кулиевыр.
ДэнэкIэ замыгъэзами, зыр зым ягу къэкIыу, зэхуэтхэу къекIуэкIахэщ КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ. Пруссием щыIэу КIыщокъуэм зэхихащ гъунэгъу лъэпкыр Хэкум зэрырашыр. И ныбжьэгъум хуэпэжу, Кулиевым Къыргъызым письмо къритхыкIащ: «УкIуэж хъумэ, ди къуршхэм сэлам схуехыж. Нартхэм я псым ефэ. Сосрыкъуи псы ефэу щытащ зауэм къикIыжа нэужь».
Зэныбжьэгъухэр 1957 гъэм Мэзкуу Къэбэрдей - Балъкъэрым и махуэхэр щекIуэкIым щызэхуэзэжахэщ. ДауикI, абыхэм псэуху а махуэр ягу икIакъым.
Зауэр иуха нэужь абыхэм лэжьыгъэ куэди зэгъусэу зэдалэжьащ. Абыхэм я тхыгъэхэр ди республикэм щынэмыщIауэ хамэ къэралхэми нобэр къыздэсым щыщIаджыкI.
МыкIуэдыжынщ КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ къагъэна лъэужьыр.
Что общего у травы и собаки?
За еду птицы готовы собирать мусор
Машенька - ветреные косы
Ласточка
Никто меня не любит