Республиканский семинар-практикум "Практический опыт внедрения полилингвальной модели полингвального образования".Интегрированная НОД "Соты" на кабардино-черкесском языке
«Безынэ»
Мурадхэр:
1.Сабийхэм къегъэпщытэжын гъудэ-бадзэхэр.
2.Бжьэм и сэбэпынагъыр, фо?
3.Псалъэщ1э егъэщ1эн: безынэ,нэрынэ
4.Ц1ык1ухэм я бзэм зегъэужьын.
5.Упщ1эм жэуап иратыфу егъэсэн.
Узыншагъэм епха технологияхэр къэзгъэсэбэпащ:
1.Зыгъэбауэ технология
2.Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.
3. 1эпхъуамбэм зезыгъэужь технология
Гъэсак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ!
Сабийхэр: Уи махуэ ф1ыуэ!
Гъэсак1уэ:Ц1ык1ухэ, нобэ дэ хьэщ1э лъап1э къытхуэк1уахэщ. Сэлам гуапэ едвгъэхыт ди хьэщ1эхэм. Сабийхэр: Фи махуэ ф1ыуэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ!
Гъэсак1уэ: Ц1ык1ухэ,дэ нобэ гъудэ-бадзэхэм дытепсэлъыхьынущ.
Гъудэ-бадзэ зэмыл1эужьыгъуэ куэд щы1эщ. Феплыт, ц1ык1ухэ зыгуэр къэфц1ыхужу пэрэ? Феда1уэт макъ гуэр зыхызох (муз. жужжание пчёл)
Бжьэ ц1ык1у къыщ1олатэ (ребенок в костюме пчелки)
Бжьэ ц1ык1у: Фи махуэ ф1ыуэ ц1ык1ухэ!
Сабийхэр: Уи махуэ ф1ыуэ, бжьэ ц1ык1у!
Бжьэ ц1ык1у: 1эуэлъауэ макъ зыхэсхати сыкъэлъэтащ
Гъэсак1уэ: Бжьэ ц1ык1у,сыту у дахэ,уэ птеухуауэ уэрэд ц1ык1у дощ1э
Бжьэ ц1ык1у: Сефгъэда1уэт
Зыгъэпсэхугъэ дэкъикъэ: «Бжьэ»
Бжьэ дахэ ц1ык1ур уэращ
Жу-жу-жу-жу-жу
Уи ныбэ кусэри мэву
Жу-жу-жу-жу-жу
Бжьэ матэр уэ уи унэщ
Удз гъэгъахэр уи т1ысыпэщ
Жу-жу-жу-жу-жу
Уи щхьэ ц1ык1ур богъэхъей
Уи к1э ц1ык1ур богъэт1ей
Жу-жу-жу-жу-жу
Бжьэ ц1ык1у: Сыту уэрэд дахэ, ауэ сэ сылъэтэжын хуещ. Узыншэу ц1ык1ухэ.
Сабийхэр: Узыншэу
Гъэсак1уэ: Бжьэ ц1ык1ухэм уак1элъыплъыну хьэлэмэтыщэщ. Щ1ымахуэ мазэхэм ахэр щ1ым и хуабагъэм къуэп1ыщ1ык1ыркъым (не холодно). Щ1ымахуэр йок1ыри, епэрымэр зыгуэш гъатхэр аргуэру къосыж. Бжьэ ц1ык1ухэр зыхуэзэша удз гъэгъахэм я деж зэрохь (пчелы мчатся).
Щоджэн Леонид и усэм Аланэ къытхуеджэнщ:
«Бжьэхэр»
Удз гъэгъам и к1уэц1ым
Фо ц1ынэ ирещ1э,
Ар зэры1эф1ыщэр
Бжьэхэм пасэу къащ1э.
Бжьэхэр емызэшу
Матэм фор из къащ1,
Абы щхьэк1э, дауи бжьэхэм
Пщ1э лей хуащ1.
Гъэсак1уэ: Афэрым Алана! Дахэ дыдэу укъытхеджащ.
Щоджэнц1ык1у 1эдэм и усэм щыщ пычыгуэ къытхуеджэнщ: Дамир
«Мэшэрашэ бжьэхэр…»
Мэшэрашэ бжьэхэр,
Зэрошажьэ жьыуэ,
Унэ,жьэгу жамы1эу,
Йожьэ зэщ1эжьыуэу
Гъэсак1уэ: Афэрым,Дамир! Ф1ы дыдэу укъытхеджащ. Адк1э док1уэ
Бжьэхэр щыпсэу унэ ц1ык1ум зэреджэр Бжьэ матэщ.
Феплыт ц1ык1ухэ, мы бжьэ матэм и плъыфэр сыт хуэдэ ?
Сабийхэр: Бжьэ матэм и плъыфэр щ1ыху.
Гъэсак1у: Пэжщ. И щытык1эр-щэ ?
Сабийхэр: Зэпэпл1имэщ
Гъэсак1у: Пэжщ
Бжьэ матэм и к1уэц1ым илъщ безынэхэр (сотовая ячейкэ). Безынэм и нэрынэ ц1ык1ухэм фо иралъхэ бжьэхьэм.
Хьэту Петр и усэм щыщ пычыгуэ къытхуеджэнщ: Ясминэ
«Фо лъахъэ»
Къулъкъужын бгы щыгухэм гъэгъа куэд къыщок1.
Фом хуэпабгъэу дигухэр,бжьа1уэм дэ дыдок1.
Бжьахъуэм дегъэхьэщ1э: 1энэм фо шынакъ
Тетщи, «Фигухэр, -же1э, -къиу1энщ, фысакъ…»
Гъэсак1уэ:Бжьахъум дегъэхьэщ1э ц1ык1ухэ, девгъэплыт фом и 1эф1агъэр,ди гур къиу1энуп1эрэ?
Сабийхэм: 1эф1щ, ф1ыдыдэщ…
Гъэсак1уэ:Ц1ык1ухэ фигу ирихьа фор?
Сабийхэм: Нт1э
Гъэсак1уэ: Ат1э иджы, столымк1э финык1уэц1ырик1,фет1ысэх. Дэ нобэ безынэ тщ1ынущ.
Феплыт, ц1ык1ухэ сэ си безынэм зыри илъкъым.
Тхылъымп1эпсыр къызощтэри краскэ гъуэжь щызохуэ, псори щ1ыхъумэу. Абы иужьк1э безынэм тызолъхэ, дахэ ц1ык1уу 1ыт1к1э сытолъэщ1ыхь. Тхылъмпэпсыр къытозыхыж. Иджы ди безынэхэр хьэзыр хъухук1э, ди 1эпхъуамбэ ц1ык1ухэр дгъэджэгунщ.
1эпхъуамбэм зезыгъэужь технология:
Зы,т1у,щы,пл1ы,тху
1эпэ ц1ык1ухэр дгъэджэгунщ.
Мы 1эпхъуамбэр-нэхъ ин дыдэщ
Мы 1эпхъуамбэр-зыгъэлъагъуэщ,
И кум итыр нэхъ к1ыхь дыдэщ
Ц1э имы1уэр-ар мыращ
Нэхъ ц1ык1у дыдэрщ-къэнэжар.
1эпэ ц1ык1ухэр дгъэджэгуащ.
(муз.жужжание пчел,приклеиваем пчелок,сюрприз для детей)
Ди безынэр хьэзыр хъуащ,феплъыт,си 1ущ ц1ык1ухэр,ди бжьэ ц1ык1ухэр зыщ1эвууэ къэлъэтэжащ,к1эрывгъапщ1э безынэм. Афэрым,си дахэхэ , ф1ы дыдэу фылэжащ.
Гъэсак1уэ: Ц1ык1ухэ бжьэ ц1ык1ум ди 1э дэтлъэу дерсим ди гу ирыхар, щ1эу къэтщ1ар жыт1энщ.
Къызэщ1экъуэжын (подвести итог):
1. Сыт ц1ык1ухэ, нобэ дызытепсэлъыхьар? (Гъудэ-бадзэхэм…)
2.Хэт къызжи1эн нобэ хьэщ1эу къытхуэкуар?(Бжьэ ц1ык1у)
3.Нобэ псалъэщ1э зыгуэр къэфщ1а?(Безынэ,фо,бжэ).
4.Бжьэ ц1ык1ухэм дыдэ1эпыкъуфа?
Ди бжьахъуэ Андемиркъан хует зи псалъэк1э ди хьэщ1эхэм зэхугъэзэну:Ди бжьэ ц1ык1ухэм ящ1а фом щыщ дыхуейт ф1удгъэхуэну и 1эф1агъэри
къафщ1эну.
Комментарии
Фатимат
Интегрированное занятие для средней группы на кабардино-черкесском языке "Соты".