Стихотворение "Си Инжыджышхуэ" "Мой аул Инжичишхо"
Опубликовано 30.01.2016 - 20:06 - Мижаева Маргарита Германбиевна
Стихотворение посвящено аулу Инжичишхо"Аул Береслановский"
Скачать:
Вложение | Размер |
---|---|
si_inzhydzhyshhue.docx | 16.74 КБ |
Предварительный просмотр:
Си Инжыджышхуэ
Беслъэныкъуэм и къуажэу, си Инжыджышхуэ,
Гъагъэ,щ1эращ1э,щ1эблэр гъэбжыф1э.
Сызыщалъхуа къуажэу, сызэрыгушхуэ,
Хэхъуэ,бзэрабзэ,хъерым дэгуф1э!
Гъатхэ щ1эращ1эм ещхьщ уи теплъэгъуэр
Си гум ихунуи сэ слъэмык1ыну.
Гъащ1э гъэдахэу къуажэ гуф1эгъуэр
Макъамэ къабзэу си гум къик1ыну.
Нэхъыжьи, нэхъыщ1и я хабзэм тетыжхэ,
Пщ1эрэ нэмысрэ къуажэм и плъап1эр.
Гугъуехьми гуф1эгъуэми лъэпкъым хуэпэжхэ,
Унэ жьэгу маф1эрщ си къуажэм и псэр.
Инжыджыпс псыхъуэрщ псэуп1эу уи1эр,
Хьэщ1эу къеблагъэм къретыр къару.
Тхыдэм ещ1эжыр Хьэмид и псынащхьэр,
Зэманым ек1уу, мэхъур жьгъыру.
Мыжей М.Г.
Инжыджышхуэ къуажэ
2014 гъэ